Куэдым хэзагъэ ЗекIуэрей Борис
2016-07-13
- Къармэхьэблэ къуажэм щыщ ЗекIуэрей Борис «Каменномост» мэл совхозым илъэс тIощIым щIигъукIэ лэгъупэжьу щылэжьащ.
-
Абы зызэфIихыну, зигъэпсэхуну зэман куэд иIакъым, совхоз гуартэр хъумэным, ар бэгъуэным зэпымыууэ яужь итащ. ЛэжьакIуэ гумызагъэр гъэми щIыми къущхьэхъу жыжьэм щыIащ. Зы илъэс дэкIакъым Борис мэлищэ къэс щынэу 100-120-рэ къыщIимыгъахъуэу, цыуэ килограммищ-плIы мэлым къытримыщыкIыу…
- Совхозыр лъэлъэжа иужькIи ЗекIуэрейр Iуэхуншэ хъуакъым, и къуэ Мухьэмэд и гъусэу фермер лэжьыгъэм зритащ. Iэщым хъер къыпихын папщIэ абы и лэжьыгъэ мытыншыр илъэскIи илъэситIкIи зэфIыхьакъым.
- «Узэгугъур къогугъуж» , жыхуаIэрати, Борис иджы, Тхьэм и фIыщIэкIэ, иIуэтэжащ. Адэмрэ къуэмрэ я гуащIэдэкIым къыпыкI хъерым хэпщIыкIыу хэхъуащ. Мы зэманым а тIум яIэщ IэщIэвыщIэу 230-рэ, шыуэ 300, мэл-бжэну 150-рэ…
- Борис нэхъыжьыфIщ, нэжэгужэщ. ЩIэнэщхъеинури сыт — и лэжьыгъэр хъарзынэу йокIуэкI, къуэрылъху-пхъурылъхухэм щаIуплъэкIэ и гур хохъуэ.
- — Ди гъащIэм ямылейуэ зыри хэслъагъуэркъым — адрейхэми хуэдэу долажьэ, допсэу, — жеIэ Борис.
- И гъащIэм и IыхьэфIыр мэлым яхэту къущхьэхъу щызыгъэкIуа лIы гумызагъэм лэжьыгъэр ноби IэщIыб ищIакъым, езым къызэригъэпэщыжа «ЗекIуэрей» фермер хозяйствэм и унафэщIщ. Дохъуэхъу и мурад дахэхэр Тхьэм адэкIи къригъэхъулIэну!
- Къардэн Мухьэмэд.