ЛъагапIэщIэхэр и плъапIэщ
2016-06-28
- илъэс 55-рэ хъуауэ лажьэ сабий IуэхущIапIэм
- Сыт щыгъуи хуэдэу, иджырей зэманми ди къэралым гулъытэш-хуэ щыхуащI щIэблэр гъэсэным. Сабий IуэхущIапIэм и пщэрылъ къалэнхэр дагъуэншэу зэфIихмэ, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ и чэзум къызэгъэпэща хъумэ, апхуэдэм и цIэр зэман кIэщIым къриубыдэу фIыкIэ мэIу, адэ-анэхэм я деж пщIэ щегъуэт, абы и гъэсэн цIыкIухэм я гъащIэкIэ гукъинэ ящохъу. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ къызэрызэрагъэпэщрэ иджыблагъэ илъэс 55-рэ ирикъуа, Налшык къалэ дэт сабий сад №29-нэр.
-
СКЭП заводым и лэжьакIуэхэм я бынхэр щаIыгъын папщIэ 1961 гъэм къызэIуаха сабий IуэхущIа-пIэм абы лъандэрэ къыщIигъэкIа гъэсэн цIыкIухэм я бжыгъэр 2000-м нос. А зэманым къриубыдэу абы и унафэщIхэми, егъэджакIуэ-гъэсакIуэ жыпIэми куэдым захъуэжащ.
- Япэ дыдэу унафэщI IэнатIэр зи пщэ далъхьа Мысостышхуэ Ольгэ гуапэу ягу къагъэкIыж абы къыдэгъуэгурыкIуа, нобэми IэнатIэм, IэщIагъэм хуэпэж Мэкъуауэ Ася, Елтыхъу Тамарэ, Бусевэ Валентинэ сымэ. Илъэс 16 хъуауэ мы IуэхущIапIэм и унафэщIщ Хьэщыкъуей Анжеликэ. Я къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу зэфIахыным, Iуэху зехьэкIэщIэхэр, иджырей гъэсэныгъэ методикэхэр лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпыным, гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ хуеунэтI цIыхубз IэкIуэлъакIуэм. Хьэщыкъуей Анжеликэ зи пашэ IуэхущIапIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр игъуэтащ. УнафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм хузэфIокI ар ефIакIуэу, нобэрей зэманми дэбэкъуэфу щигъэтыныр. Абы къызэрилъытэм-кIэ, IуэхущIапIэм зэфIих лэжьыгъэ псори хуэунэтIащ зэхэщIыкI зиIэ, зыужьыныгъэм хуэпабгъэ щIэблэ узыншэ къэгъэтэджыным.
- Сабий садым и пщIантIэм узэрыдыхьэу таурыхъым укъыщыхутауэ къыпщохъу, апхуэдэу хьэлэмэтщи мыбы щыплъагъу псори. Дэтхэнэ ныбжьми методикэ и лъэныкъуэкIэ зэрыхуэкIуэнум хуэдэу къызэгъэпэщащ щыджэгу, щыжей, щышхэ пэшхэр. ЦIыхум бгъэдэлъ Iэзагъри хьэл-щэнри узыхэмыIэбэфын гуэру щыткъым. Сабийм и акъылым пасэу зегъэужьыным и мыхьэнэр IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм къазэрыгурыIуэр белджылыщ икIи абы и лъэныкъуэкIэ я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр нэгъэсауэ зэрагъэзащIэм и щыхьэтщ мыбы щекIуэкIхэр. Сабийхэр лэжьыгъэм щIапIыкIын мурадкIэ, цIыкIухэр зыдагъэIэпыкъуурэ гъэсакIуэхэм зыхуей хуэзэу зэрахьэ IуэхущIапIэм и пщIантIэм дэт удз гъагъэхэр, нэгъуэщI къэкIыгъэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIи хьэуа къабзэм нэхъыбэрэ хэтыну Iэмал ягъуэт.
-
ЦIыкIухэм я узыншагъэм сабий садым щыкIэлъоплъ абы и медицинэ лэжьакIуэ Гуринэ Иннэ, а унэтIыныгъэмкIэ зыхуеину псори къызэригъэпэщу. Абы хуэгъэпсащ хьэуа къабзэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI физкультурэ дерсхэри. ФизкультурэмкIэ инструкторым гулъытэшхуэ хуещI сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм хэгъэхъуэным, абыкIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрегъэхьэ Фролковэ Светланэ. ГъэсапIэм екIуалIэ сабийхэр къэуат зыщIэлъ ерыскъы къабзэкIэ ягъашхэ, абыхэм я Iэпкълъэпкъым тэмэму зиужьын папщIэ зыхуеину псори къалъытэу. А Iуэхум йогугъу Эльтуховэ Тамарэрэ ГъущIо Светланэрэ. Макъамэр псэкIэ зыхащIэу щытыным хуэунэтIауэ цIыкIухэм ядолажьэ ПщыхьэщIэ Жаннэ.
- — Сабий гъэсапIэм мы лъэхъэ-нэм ущылэжьэныр гугъуехьрэ жэуаплыныгъэшхуэрэ зыпылъ къалэнщ, — жеIэ сабий садым и унафэщI Хьэщыкъуей Анжеликэ. — Ар сабийм и хьэл-щэныр, зэхэщIыкIыр щызэтеувэ, игъуэтыпхъэ зэфIэкIым, щIэныгъэм я лъаб-жьэр щагъэтIылъ зэманщ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къыхыхьэ мардэщIэхэм ятепщIыхьмэ, школым ипэ къихуэ а илъэс-хэм игъуэт зыужьыныгъэрщ ар иужькIэ гъащIэм зэрыхыхьэфынури, абы щызригъэгъуэтыну увыпIэр куэдкIэ зэлъытари. Мы IэнатIэ мытыншым гумызагъэу пэрытщ лэжьыгъэ купщIафIэ зэфIэзых гъэсакIуэ-егъэджакIуэхэр, абыхэм я дэIэпыкъуэгъу псори. Апхуэдэщ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Дыкъынэ Маринэ, гъэсакIуэхэу Дадышевэ Алия, Емыш Маринэ, Михно Наталье, Мэш Майе, Мэсей Мадинэ, Шыбзыхъуэ Маринэ, Желдашевэ Оксанэ, Хьэжы Камиллэ, ЛIыхъурей Оксанэ, Хьэбылэ Радимэ, ДыщэкI Татьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри. ФIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэу я IэнатIэм пэрытщ гъэсакIуэхэм я дэIэпыкъуэгъухэри.
-
«Березка» цIэр зезыхьэ мы сабий садыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 55-рэ зэрырикъум теухуауэ зэхаубла махуэшхуэм къахуеблэгъат хьэщIэ лъапIэ куэд. Апхуэдэт КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэхэм языхэзым и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Iэмырбий, КъБР-м и Парламентым щIэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Азычэ Светланэ, Налшык къалэ егъэджэ-ныгъэмкIэ и департаментым и Iэтащхьэ Нэгъуей Риммэ, КъБКъУ-м и педколледжым и унафэщI Байчекуевэ Нинэ, Налшык къалэ и ЦIыхубзхэм я советым и Iэтащхьэ Дыджэш Лидие, 31-нэ курыт школым и директор Егъуэжь Анзор сымэ, школхэм, сабий садхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри. ХьэщIэ лъапIэхэр ирагъэблэгъащ IуэхущIапIэм и актовэ пэшышхуэм. Абыхэм я пащхьэ щагъэлъэгъуащ лэжьакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэн цIыкIухэмрэ я зэфIэкIхэр. Сабий садым и тхыдэм теухуа гукъэкIыжхэмрэ иджырей зэманым и IуэхущIафэхэр къызыхэщ хъыбархэм-рэ хэухуэнат сабийхэм ягъэзащIэ къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ.
- Зи махуэшхуэ зыгъэлъапIэхэм гуапэу ехъуэхъуащ Мэлбахъуэ Iэмырбий. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ — КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Емуз Нинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм зэрызахуигъазэ псалъэм:
- — Мы IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ-хэр ирипагэ хъунущ ар здынэса лъагапIэм. Лэжьыгъэм и ветеранхэм, еш ямыщIэу ехъулIэныгъэ-щIэхэр зи плъапIэ щIалэгъуалэм яхузэфIэкIащ зэман кIыхьым къриубыдэу сабий садыр нэхъыфIхэм хабжэу къекIуэкIыныр.
-
Министерствэм къыбгъэдэкIыу сабий садым и лэжьакIуэхэм ФIыщIэ тхылъ иратащ, зы унагъуэм хуэдэу зэдэлажьэ гупым зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, адэкIи ехъулIэныгъэхэр яIэну ехъуэхъуащ.
- Апхуэдэу сабий садым хъуэхъу псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ Азычэ Светланэ, Нэгъуей Риммэ, Дыджэш Лидие, Байчекуевэ Нинэ, Егъуэжь Анзор сымэ. Сабий садым и лэжьакIуэхэр абыхэм щIыхь тхылъхэмкIэ ягъэлъэпIащ, утыкур зыгъэдэха сабий зэчиифIэхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ фIыщIэ хуащIащ.
- — Финляндием и егъэджэныгъэ системэр дуней псом щынэхъы-фIу къалъытэ. Абы и зэхэлъыкIэм сыщыгъуазэщ икIи абы теухуауэ сэ си гугъэр нэгъуэщIщ: ди къэралым егъэджэныгъэр къызэрыщызэгъэпэщам къытекIуэн щымыIэу, ди егъэджакIуэхэм къагъэсэбэп методикэхэр нэхъыфIу, ди сабийхэм ягъуэт гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ нэхъ быдэу си гугъэщи, нобэ мы IуэхущIапIэм ди нэгу щыщIэкIахэр абы щыхьэт тохъуэ, — жиIащ къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщI Нэгъуей Риммэ.
- ГъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру ди республикэм щыIэ IуэхущIапIэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ педколледжыр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм къеблэгъа, колледжым и унафэщI Байчекуевэ Нинэ и гуапэу къыхигъэщащ абы я еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха ныбжьыщIэ куэд щIэблэм я гъэсакIуэ IэнатIэм зэрыпэрытыр, мы сабий садми абыхэм ящыщ зэрыщылажьэр, икIи я ехъулIэныгъэхэм иригуфIэу зэракIэлъыплъыр.
- Бысымым зэрихабзэу, сабий садым и унафэщI Хьэщыкъуей Анжелики хьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ я гуфIэгъуэр зэрыдаIыгъам папщIэ. Апхуэдэу абы фIыщIэ яхуищIащ я гъэсэн цIыкIухэм я адэ-анэхэм, ахэр мылъкукIи чэнджэщыфIхэмкIи сытым дежи IуэхущIапIэм щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъум папщIэ.
- IуэхущIапIэм ущымыIауэ, я Iуэху зехьэкIэм укIэлъымыплъауэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэркъым лэжьыгъэу зэфIахыр зыхуэдизыр. Сабий садым «IэплIэтесу» жыхуаIэм хуэдэу къахьа, псэлъэкIэ къудейм иджыри хуэмышэрыуэ цIыкIухэр тхэфу, еджэфу, къэфэнри уэрэд жыIэнри фIыуэ къайхъулIэу бгъэсауэ школым бгъэкIуэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Абы зи акъылрэ гуащIэрэ езыхьэлIэм, апхуэдэ IэнатIэ мытыншым пэрыт гупым фIыщIэ ин яхуэфащэщ, адэкIи ехъулIэныгъэфIхэр яIэну ди гуапэщ.
- Тхыгъэри сурэтхэри зейр ЩОДЖЭН Iэминатщ.