ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пхъумэныр нэхъ пудщ

2016-06-16

  • Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм уэм хэщIыныгъэшхуэ яритащ. А къэхъукъащIэ шынагъуэм зыщыпхъумэнымкIэ Iэмалхэр щыIэ?
  • — ЩыIэщ, — жеIэ уэр радиоло-кацэ IэмэпсымэхэмкIэ къэхутэным икIи къемыгъэхыным елэжьхэм ящыщ, дунейм щыцIэрыIуэ IэщIагъэлI, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Бгы лъагэ геофизикэ институтым (Налшык къалэ) и щIэныгъэ IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Абшаев Магомет.
  •  
  • Дэнэ  къыщагъэсэбэпыр?
  •  
  • — Уэ къэбгупсысащ уэм пэщIэтынымкIэ иджырей технологие. Ар къагъэсэбэпрэ?
  • — Ауэ сытми! Урысейм, СНГ-м и къэралхэм, Аргентинэм, Македонием… Уэм пэщIэтыф Iэмэпсымэхэр щагъэува щIыпIэхэм а къэхъукъащIэм зэраныгъэу къишэр процент 80 — 90-кIэ нэхъ мащIэ щохъу. Ди институтым и еджагъэшхуэхэм къагупсыса Iэмалыр хуабжьу сэ-      бэпщ, ар гъащIэм къегъэлъагъуэ. КИФЩI-м мы IэнатIэм егъэщIылIа IуэхущIапIищ щолажьэ. Абыхэм ахъшэ къахуэзыутIыпщыр федеральнэ бюджетырщ. ЩIыналъэхэм я къалэныр мы Iуэхум хуэщIа топу зрикъун къащэхунырщ. АрщхьэкIэ ахъшэр къомэщIэкI.
  • IэщIагъэлIхэр жэщми махуэми хьэзырщ, абыхэм уэ зыхэт пшэр пасэу къахутэ. Ауэ и нэхъыбэм деж зэрыдэуеин яIэкъым! ГурыIуэ-гъуэщ: щIыналъэхэр хущIокъу ахъшэ къыдагъэхуэным. Ауэ мис зы щапхъэ — Ставрополь крайм мы IэнатIэм ахъшэ къыхуаутIыпщащ мэкъуауэгъуэм 30 пщIондэ икIи къыщыдагъэхуащ сом мелуан 57-рэ. Ауэ шыщхьэуIум и 15-м къеха уэм хэщIыныгъэу сом мелуан 787-рэ къишащ. Апхуэдэу Iуэхур щыгъэувар Ставропольем и закъуэкъым.
  •  
  • Сыт  нэхъ  лъапIэр?
  •  
  • — Мы гъэм и накъыгъэми уэр къыттеуащ…
  • — уэм ракетэхэмкIэ пэщIэтыным теухуауэ Урысейм къыщагупсыса Iэмалыр дунейм нэхъыфIу къыщалъытащ. АрщхьэкIэ ахэр къыщагъэсэбэп хъуркъым къалэшхуэхэм я щыгум, аэропорт инхэм, химзаводхэм, къэрал гъунапкъэхэм я гъунэгъуу. Абы къыхэкIыу пшэхэр зэкIэщIаху авиацэкIи. А Iэмалыр Москва хъарзынэу къыщагъэсэбэп цIыху куэд зыхэт гуфIэгъуэ Iуэхухэр щыщекIуэкI махуэхэм. Кхъухьлъатэр зы сыхьэт уэгум итамэ, сом мини 150 — 200 птын хуейщ. ЩIыналъэ бюджетхэм я дежкIэ ар хьэлъэIуэщ.
  • — Ауэ уэм къишэ хэщIыныгъэхэр хуэдипщIхэмкIэ, хэбгъэзыхьмэ, хуэдищэхэмкIэ нэхъыбэжщ…
  • — МЧС-м къызэритымкIэ, къэхъукъащIэхэм ди къэралым и экономикэм хэщIыныгъэхэу сом мелард 200-м щIигъу илъэс къэс кърат. Абы и Iыхьэ щанэм нэсыр КИФЩI-м къыхуозэ. Дэ къыдолъытэ уэм илъэс къэс Кавказ Ищхъэрэм ику иту гектар мини 142-рэ щихьу.
  • АхъшэкIэ къыубжмэ, ар сом меларди 6-м щIегъу. Ар уэм щахъумэн папщIэ зыхуеинум нэхърэ хуэдипщI зыкъомкIэ нэхъыбэщ. Апхуэдиз мылъку мэкIуэщI экономикэ кризисым дыщыхэт, ерыскъы езым къэдлэжьыжыным дыщыхуэкIуэ зэманым.
  • Уэм зыщыхъумэным теухуа Iэмалхэр къэрал куэдым къыщагъэсэбэп: Франджым, Италием, Швейцарием — щIыщIыIу генераторхэр, США-м, Канадэм, Германием, Алыджым — авиацэр. Ауэ абыхэм нэхъ зыщытрагъащIэр уэм автомобилхэр щахъумэнырщ. Ди къэралми а Iэмалыр къыщагъэсэбэп хъунущ. АрщхьэкIэ ракетэхэр нэхъ къару лъэщщ икIи абыкIэ ди технологиер дунейм щынэхъыфIщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, техникэр жьыщ, ар 90 гъэхэм лъандэрэ къагъэщIэрэщIакъым. Iуэху псори зэфIагъэкIыным егъэщIылIа федеральнэ программэ къащтэн хуейщ.
  • — Абы и гугъу къытхуэщIыт.
  • — Уэм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэхъукъащIэ шынагъуэ псоми защыхъумэным теухуа концепцэм къыщыгъэлъэгъуащ а Iуэхум 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэр къэсыху сом меларди 5,5-нэ нэблагъэ хухахыну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, нэгъабэ и шыщхьэуIум уэм къиша хэщIыныгъэхэр зи уасэм хуэдиз.
  •  
  • Дэнэ  къыздикIыр?
  •  
  • — Сыщымыуэмэ, топсэлъыхь мы IэнатIэр щIыналъэхэм трагуэшэным и Iуэхуми…
  • — Абы къикIыр мы IэнатIэр хэгъэкIуэдэжыпэнырщ. Ракетэхэр къызэращэхун зимыIэ щIыналъэхэм дэнэ къыздрахынур уэм пэщIэтыну IуэхущIапIэхэр зэраIыгъыну ахъшэ? КъэхъукъащIэхэм япэщIэтыныр къэралпсо Iуэхуу увын хуейщ: Ар илъэсипщI Iэджэ хъуауэ жаIэ еджагъэшхуэхэм.
  • — ЩIы хъурейр хуабэ зэрыхъура зыгъэгузавэр?
  • — Климатым зэрызихъуэжам дунейм, абы Кавказ Ищхъэрэри хэту, къэхъукъащIэхэр къэхъунымкIэ щыIэ шынагъуэм илъэс къэс проценти 6 — 7-кIэ зрегъэубгъу. Уэр нэхъыбэрэ бгыхэмрэ бгы лъапэхэмрэ къыщехыу щытамэ, иужь илъэсхэм тафэ щIыпIэхэм къакIуэ хъуащ. США-м зыщесэжа жьапщэшхуэ дыдэхэр ди дежи нэхъыбэрэ къэс хъуащ. Крымскрэ Дагъыстанымрэ, КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ Сыбырымрэ псыдзэхэр къащIэуащ…
  • Мылылъэ щIыпIэхэр нэхъ цIыкIу мэхъу. Ди къуршхэри абы хеубыдэ. Сыт апхуэдизу уэм и гугъу щIэтщIар? Ар къыщедмыгъэхкIэ дэ лъэныкъуэ идогъэз щIэт жьапщэри Iисраф къэзышэ уэшхышхуэри.
  • Апхуэдэу щыщыткIэ, бгыхэри къыгуэщэткъым, мывэрэ ятIэрэ кърахьэхыу. Къэрал 40-м щIигъум щагъэзащIэ псори зэхэту гектар мелуан 96-м нэблагъэм уэ къыщемыгъэхыным хуэгъэза проекту 70-м нэс. Пэжщ, къэрал куэди йолэжь уэгъум иубыд щIыналъэхэм уэшх къызэрыщрагъэшхыну Iэмалми.
  • Ди еджагъэшхуэхэм зэхалъхьа IэмалхэмкIэ бгыхэм уэсхэр кърагъэх. Сочэ и олимп бгы-лыжэ комплексхэр зэрахъумэри дэ ди къэхутэныгъэхэм тетущ. Ахэр куэд мэхъу. ЩIыр щтыныр къызэрамыгъэхъум къэкIыгъэхэр ехъумэ, аэропортхэм я кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэхэм пшагъуэхэр зэрыщытетхум цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрегъэпэщ.
  •  
  • Евдокимовэ  Еленэ.
  • «Аргументы  и  факты»