Бэрбэч ХьэтIутIэ и фэеплъ мыкIуэдыж
2016-02-25
- Нобэ, мазаем и 25-м, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iэтауэ щагъэлъапIэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и къызэгъэпэщакIуэ, абы и япэ ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэм и фэеплъ махуэр. Псэужамэ, абы и ныбжьыр илъэси 100 ирикъунут.
- Университетым и егъэджакIуэхэр, студентхэр, хьэщIэ лъапIэ куэд къызрихьэлIэ зэхыхьэшхуэм шэджагъуэм щIидзэнущ. Абы къыщызэIуахынущ Бэрбэч ХьэтIутIэ и фэеплъ. Тхыдэмрэ филологиемкIэ институтым щылэжьэнущ япэ ректорым гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ къызыхэщыж гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэ. ИужькIэ еджапIэ нэхъыщхьэм щекIуэкIынущ Бэрбэч ХьэтIутIэ и щIыхькIэ зэхашэ щIэныгъэ зэхуэс ин.
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и фэеплъ махуэшхуэм хуэгъэпса концерт къыщызэрагъэпэщ Сокуров Александр и творческэ мастерскойм. Абы хэтынущ республикэм и артист цIэрыIуэхэр, КъБКъУ-м и творческэ гупхэр, еджакIуэхэр.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.