ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2016-02-20

  • Псалъэ пэжхэр
  • Къуажэ  дэз  Iыхьлы  нэхърэ жылэ  и  зырыз  благъэ
  • ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ.
  • Iуэхум я нэхъ быдэр гухэлъ пэжщ.
  • Бажэр ущу ежьэмэ, мэщакIуэ.
  • Iэнэр зыхуаухуэр лъагъуныгъэщ.
  • Хуарэр зыгъэIэдэжыр зекIуэлIщ.
  • Ириуэнуи ирищтэнуи гу кIуэцIылъкъым.
  • Къуажэ дэз Iыхьлы нэхърэ жылэ и зырыз благъэ.
  • Нэм псэр зыщIешэ, гум гур къреджэ.
  • Уи благъэ уемыпэгэкI —  уи бийм благъэ хуэхъунщ.
  • Уипхъу зэрысрэ уи нысэ и дыщрэ.
  •  
  • Нэгузыужь
  • «Артек» зыгъэпсэхупIэм теухуа гукъэкIыжхэр
  • 2014 гъэм и гъатхэм XXI лIэщIыгъуэм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэхугъуэ къэхъуащ. ИрагъэкIуэкIа референдумым иужькIэ, Кърым Республикэм и Правительствэм гъатхэпэм и 17-м щIыналъэ щхьэхуиту зыкъилъытэжащ икIи УФ-м и властхэм зыхуагъэзащ ди къэралым къыгухьэну щIэлъэIуу.
  •  
  • ДАУИ, а Iуэхугъуэм цIыху мин бжыгъэхэм я гъащIэм лъэужь гуэр къыщигъэнащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ сабий пщIы бжыгъэхэри хэту. Ар пыщIащ «Артек» дунейпсо сабий центрым и лэжьыгъэр зэрызэтраублэжам. Абы сыщыIэну си насып къихьащ икIи а зыгъэпсэхупIэм щекIуэкI гъащIэм фыхэзгъэгъуэзэну си гуапэщ.
  • КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къипсэлъыкIри, «Артек» сызэрагъэкIуэнум теухуа хъыбар гуапэр къызжаIащ.Дыщежьэнур шыщхьэуIу мазэрат.
  • Къысхуэмыгъэсу мазитIкIэ абы сыпэплъащ. Сытми зэманыр къыщыблагъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуэ гуп Минводы кхъухьлъатапIэм дыкIуащ. Япэу кхъухьлъатэм ущитIысхьэкIэ, абы нэхъ шынагъуэ щымыIэу къыпщохъу. Абдежым зыхэпщIэ гурыщIэр псалъэкIи къыпхуэIуэтэнутэкъым. Иджыпсту ар сигу къэкIыжмэ, сфIэдыхьэшхэнщ. СыкъыщыкIуэжым кхъухьлъатэр шынагъуэу къысщыхъужыртэкъым.
  • «Артек» сабий центрыр здэщыIэ Гурфуз щIыпIэм автобускIэ дашащ. Гъуэгу дыздытетым гу лъыстащ Кърымыр и теплъэкIэ ди республикэм зэрыпэгъунэгъум, куэдкIэ зэрынэхъ хуабэмрэ тенджыз зэрыщыIэмрэ къомылъытэмэ. Бгылъэ щIыпIэу зэрыщытрагъэнт, языныкъуэхэм ди щIыпIэм сыщыIэжу къысщыхъужырт.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ «Артек» центрыр зыгъэпсэхупIэ зыбжанэу зэрызэхэтыр. Сэ сыщыщыIа зэманым къриубыдэу абы и зэгухьэныгъипщIым щыщу тхурат лажьэр: «Морская», «Янтарная», «Речная», «Хрустальная», «Лазурная». «Морская» зэгухьэныгъэр, лагерь щхьэхуэу щымытми, адрейхэм къыхэгъэщхьэхукIат. «Артек» центрым и «Морская» лагерыр нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ. Ар къызэрагъэпэщащ «Артек» зыгъэпсэхупIэр щаухуам. 1925 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м къыщIедзэ лагерым и тхыдэ дахэм.
  • Ди гупыр дызэкIэщIамычыну тедгъэчыныхьами, щхьэхуэ дыхъуащ. Турист, журналист, къызэрыгуэкI зэгухьэныгъэхэм дыщыхагъадэри, гуп щхьэхуэу дагуэшащ. Журналистхэм я гупыр къыхэсхри, зыгъэпсэхупIэм щыдгъэкIуэну гъащIэм щIидзащ.
  • «Артек» щыIэхэм я махуэр гъэщIэгъуэну ухуат. Пщэдджыжьым псори дыкъэушырт, ди жейр къызэпызыуда гъэсакIуэхэм зэгъусэу «хущIэттхъуэу», ди Iэпкълъэпкъым зедгъэукъуэдийрт, пщэдджыжьышхэ тщIырти, тенджызым е зыплъыхьакIуэ дыкIуэрт. Абы иужькIэ ди щхьэм тедгъэкIуэдэну зэман тIэкIу къытхудэхуэрт, итIанэ шэджагъуашхэ тщIырти, журналистикэмкIэ лекцэм дыкIуэрт. КъыкIэлъыкIуэу тIэкIу дедзакъэрти, шэджагъуэ жей тщIырт, тенджызым дыкIуэрт, ди щхьэм тедгъэкIуэдэну зэман абдежи къыщытхудэхуэрт, пщыхьэщхьэшхэ тщIырти дыгъуэлъыжырт. Пэжщ, а ди махуэ убзыхуам зэрымыщIэкIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэд къыщыхэхуэ къэхъурт: гуп щхьэхуэхэм къызэрагъэпэща спорт зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэхэр, концертхэр. ЗыгъэпсэхупIэм и шхапIэм щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ. Ар гупитI («Хрустальная», «Янтарная») зэгъусэу щагъашхэ, къатитI хъу ухуэныгъэшхуэщ. Интернетыр щылажьэри арат, ауэ уи пощтым уеплъыну е зыгуэрым тхыгъэ хуебгъэхьыну Iэмал щыIэтэкъым. Сабий, ныбжьыщIэ гупым зэуэ ар къызэрагъэсэбэпым папщIэ, абы и лэжьыгъэр къызэпыудырт. Интернетым димысын папщIэ, ныбжьыщIэхэр лъэщыгъэкIэ дызрагъэпсэлъауэ жыпIэ хъунущ.
  • ГъэсакIуэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр ди къэралым и гуманитар еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студент нэхъыфIхэм ящыщт. Гуп къэс апхуэдэу щы яхэтт. Ахэр психолог, социальнэ лэжьа-кIуэ, филолог, егъэджакIуэ          IэщIагъэхэм хуеджэхэрт. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди гъэсакIуэхэм ящыщ зыр Псыхуабэ бзэщIэныгъэхэмкIэ и къэрал университетым и ещанэ курсым щIэст. Дэтхэнэри гулъытэ, псэ хьэлэл зиIэ цIыхухэт. Нэхъыщхьэращи, абыхэм сабийхэм бгъэдыхьэкIэ хуаIэт…
  • «Артек» дэтхэнэ зыми дэзыхьэх и лъэныкъуэкIэ щищIэн щигъуэтырт. ЗэфIэкI зыбгъэдэлъхэм ар наIуэ къащIыну Iэмал яIэт. Апхуэдэхэм папщIэ зэпеуэхэр, зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщырт. Къапщтэмэ, сурэт щIынымкIэ ирагъэкIуэкIам сэ етIуанэ увыпIэр къыщысхьащ.
  • ЗыгъэпсэхупIэм щыслъэгъуахэр, щызыхэсщIахэр къызэщIэскъуэжын папщIэ напэкIуэцI зыбжанэ сыхуейщ. Массандровскэ, Ливадийскэ уардэунэхэм, КосмонавтикэмкIэ музейм, тенджызым, нэгъуэщI куэдым щхьэхуэу я гугъу сщIыну сыхуейт…
  • Псом хуэмыдэу нэхъ си жагъуэ хъуар дыкъыщежьэжыну пIалъэр псынщIэу къызэрыблэгъарщ. Кърымым сыщыIэху щIыналъэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыщхэр цIыхугъэ, ныбжьэгъу къысхуэхъуащ. Ар сэркIэ лъапIэщ. Ди зэщхьэщыкIыныгъэхэми емылъытауэ куэдкIэ дызэрызэщхьым гу лъыстащ. Дэ псори «Артек»-м дызэришэлIащ!
  • Къандур Iэдэм,
  • Налшык къалэ дэт
  • гимназие №29-м  и 11-нэ классым и еджакIуэ.
  •  
  • ГъэщIэгъуэнщ
  • Мыщэ хужьракъым нэхъ  иныр
  • «ТИТАНИК» кхъухь абрагъуэр 1911 гъэм Инджылызым щаухуауэ щытащ. Абы и хьэлъагът тонн 46.300-рэ, метр 269-рэ и кIыхьагът, метр 28,2-рэ и бгъуагът, метр 26-рэ и лъагагът. ЩыщIилъэфа махуэм абы цIыху 2.224-рэ исащ. Абыхэм ящыщу цIыху 1513-рэ хэкIуэдащ.
  •  
  • *  *  *
  • Инджылызым щыщ Кенмун Джон 1989 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м дакъикъиплIым къриубыдэу маркэ 328-рэ бзэгукIэ псыф ищIурэ письмоилъэм тригъэуат.
  •  
  • *  *  *
  • Индием щыщ Таммлиад Джейрам 1988 гъэм мазаем и 12-м щIидзэри, сыхьэт 58-рэ дакъикъэ 19-кIэ Iэгу еуат.
  •  
  • *  *  *
  • Инджылызым япэ автомобилыр щащIам щыгъуэ, абы и пэ иту зыгуэр жэрт, машинэ къызэрыкIуэр цIыхухэм яжриIэу, ахэр гъуэгум тригъэкIыу, сакъын зэрыхуейр ягуригъаIуэу.
  •  
  • *  *  *
  • Куэдым я гугъэщ мыщэ хужьым нэхъ ин псэущхьэхэм яхэмыту. Ауэ 1987 гъэм Аляскэм къыщаубыдат мыщэхъу гъуабжэшхуэ. Ар щашэчам килограмм 680-рэ и хьэлъагът. Мыщэ хужьхэм я нэхъ иныр зэрыхъур килограмм 450-рэщ. Апхуэдэ мыщэм и плIэ  лъакъуэмкIэ зэ уэгъуэм гуум я нэхъ иныр къеукIыф. Зэвгъапщэт: аслъэн нэхъ ин дыдэм и хьэлъагъыр килограмм 230-рэщ, къаплъэным — килограмм 270-рэщ. ЩIым щызекIуэ псэущхьэхэм ящыщу а мыщэ гъуабжэм нэхърэ нэхъ ину щыIэр пылым и закъуэщ.
  •  
  • *  *  *
  • Пингвинхэм нэхъ бэшэч щыIэкъым. Император пингвиныхъум мышхэу мазэ бжыгъэ ирехьэкIыф. Ар тенджызым къыхокIри, пингвин анэр щыкIэцI щIыпIэм макIуэ, махуэ 62 — 65-кIэ джэдыкIэхэм тесщ, аргуэру апхуэдизкIэ шырхэр егъэхуабэ, анэм ахэр игъашхэурэ закъригъэужьыху. ИтIанэщ псым щигъэзэжыр, шхэни щыщIидзэжыр. Псори зэхэту махуи 130 — 135-кIэ мышхэн хузэфIокI.
  • Шыпш Даянэ.
  •  
  • Шхыныгъуэхэр
  • ЩIакхъуэ  зэтеупIэщIыкI
  • Гуэдз хьэжыгъэ хужьыр пIинэу Iэнэм траухуанщIэ, и кур къратхъу. Шхум фошыгъу, шыгъу, содэ, сэхуран дагъэ, джэдыкIэ уда халъхьэри, фошыгъур ткIуху псори зэхагъэзэрыхь, ар хьэжыгъэм хуащIа кумбым иракIэри тхьэвыр япщ. Тхьэвыр кIыхьу ягъэджэрэзри, Iыхьэурэ зэпаупщI, ахэр хупхъэкIэ пIащIэу яху, мм 1,5 — 2 я Iувагъыу. Адрейхэм нэхърэ нэхъ ину зы тхьэв Iыхьэ яху, Iэнэм тхъу щахуэри ар тралъхьэ. Абы тхъу щахуэ, фошыгъуи трагъэщащэ. Тхьэв яхуа псори я зэхуакум тхъу щахуэм, фошыгъу дагъэлъалъэурэ лъагэу зэтралъхьэ. ИтIанэ и лъабжьэ дыдэм щIэлъ тхьэв иным и кIапэхэр къыдрашейри зэтралъхьа псоми я щIыIум джэдыкIэпскIэ щызэкIэрагъапщIэурэ, а псори тхъу зыщыхуа тебэм хуэсакъыу иралъхьэ, и щхьэм шатэ щахуэ, хьэкулъэм ирагъэувэри и щхьэфэр дыщафэ хъуху (дакъикъэ 20 — 25-кIэ) ягъажьэ. Хьэзыр хъуа щIакхъуэ зэтеупIэщIыкIым тебэм зэрилъу и щхьэфэм псы щIыIэ тIэкIу щахуэ, тебащхьэр трапIэжри нэхъ щабэ хъун щхьэкIэ дакъикъи 10 — 12-кIэ щагъэт. ИтIанэ Iыхьэурэ зэпаупщIри Iэнэм трагъэувэ. Шей драф, шху, шатэ дашх. ЩIакхъуэ зэтеупIэщIыкIыр зэращIыр тхъущIэкIэщ. Тхъур жьымэ, абы мэ гурымыхь къыхех.
  • Халъхьэхэр:
  • гуэдз хьэжыгъэу — г 600,
  • шхууэ — г 300,
  • тхьэвым халъхьэ джэдыкIэу — 1,
  • тхьэвым щахуэ джэдыкIэу — 1,
  • шыгъуу — г 2,
  • содэу — г 4,
  • шатэу — г 25-рэ,
  • фошыгъуу, тхъууэ, сэхуран дагъэу — узыхуейм хуэдиз.
  •  
  • Лы  гъэбэкхъа  кIэртIоф  щIэлъу
  • Мы шхыныгъуэр былымылми мэлылми къыхэпщIыкI хъунущ. Лыр тыкъыр цIыкIуурэ, г 30 — 40 хъууэ, яупщIатэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэжэпхъ, шыгъу хадзэри фIыуэ зэIащIэж. Лы шыуар дагъэ къэплъам мыIув дыдэу халъхьэ. МафIэр ин ящIри зэIащIэурэ ягъажьэ, тхъуэплъ хъуху. ИтIанэ абы щIакIэ лэпс е псывэ, зэIащIэри, тебащхьэр тепIауэ, мафIэ мыиным тету ягъэбэкхъ дакъикъэ 20 — 25-рэ хуэдизкIэ. Ар зэрызэфIэкIыу, IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф, щхьэхуэу гъэжьа бжьыныщхьэ халъхьэ, зэIащIэ, тебащхьэр трапIэжри мафIэ цIыкIум тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ. Хьэзыр хъуа шхыныгъуэм джэдгын трагъэщащэри тебащхьэр тепIауэ дакъикъэ зытхухкIэ щагъэт, мэ гуакIуэ къищтэн щхьэкIэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ зэIащIэ. ЗэрызэщIэлъу тепщэчым иралъхьэри пщтыру яшх, пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, мэжаджэ, щIакхъуэ и гъусэу.
  • Халъхьэхэр(зы цIыху Iыхьэ):
  • лыпцIэу — г 200,
  • кIэртIоф укъэбзауэ — г 50,
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 30,
  • щэ гъэткIуауэ — г 60,
  • шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  •  «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • Узыншагъэ
  • Дзэр быдэ  хъун  щхьэкIэ
  • Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти, и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахырт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу ирагъэгъэлъэтэхырт. Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт.
  •  
  • *   *   *
  • ХьэлIамэ кIупIинэм шэ хуабэ, шху дэпшхреймэ, абы Iэпкълъэпкъым хэлъ шлакхэр къыхегъэкI, напIэ зэлъахэри егъэхъуж.
  •  
  • *   *   *
  • Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ гуэдзым къыхэщIыкIа  кIытэ я жьэм жьэдалъхьэ-ри, ягъэныщкIуурэ яхуэ-
  • шэчыху жьэдагъэлъ,  итIанэ къыжьэдадзыж. Апхуэдэурэ илъэсым къриубыдэу тхуэ-хэ ящI.
  • *   *   *
  • Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ щыгъуэлъыжкIэ бжьыныху къикIыкIа хьэдзэ зы-тIу ягъэныщкIури, яхуэшэчыху жьэдагъэлъ, итIанэ къыжьэдадзыж. Абы и ужькIэ нэху щыху зыгуэр пшхыи, уефи, уи дзэр плъэщIыжи хъунукъым.
  •  
  • *   *   *
  •  Махъсымэ, мэрэмэжьей ящIу къэна кIэрыхубжьэрыхухэри адыгэм къигъэсэбэпу щытащ: къапщтэмэ, ахэр я напэм щахуэрти кIэрагъэлът, дахэ ещI, нэкIу къилъэлъ-сытхэр егъэкIуэд жаIэрт. Абы нэмыщI, псы хуабэкIэ зэIыпхыу зрибгъэпскIынуи сэбэпышхуэщ.
  •  
  • *   *   *
  • Жьэн уз зыпкърытхэм, зи тхьэмбылым щIыIэ хыхьахэм я дежкIэ сэбэпышхуэщ кIытэ защIэкIэ щIа махъсымэ ефэну, абы нэмыщI, нэкIу зэлъахэм зрегъэукъуэдииж, нэхъ гъур уещI, лъыри егъэкъабзэ.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • ФщIэн папщIэ
  • Нарыр  хущхъуэщ
  • Нарыр Азербайджаным, Афганистаным, Азие Курытым, Абхъазым, нэгъуэщI щIыпIэ зыбжанэми къыщыкI жыг цIыкIущ. КъыпыкIэр тIамым (апельсиным) ещхьу хъурейщ, хуэдизи мэхъу, ауэ плъыжьщ. Нарыр хущхъуэшхуэу къыщалъытэ щIыпIэ куэдым. Псом хуэмыдэу ар сэбэп яхуохъу зи лъатэр, кIэтIийхэр узхэм, зи лъыр мащIэ хъуахэм. И кIуэцIым илъым и мызакъуэу, и фэри фIыщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу фупщIатэ, кIэструл лам ифлъхьэ, псы къэкъуалъэ щIэфкIэ, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ мафIэр ешэхауэ вгъавэ. УпщIыIуа нэужь махуэм щэ-плIэ бжэмышхышхуэкIэ фефэ. Фи лъыр мащIэмэ, нарыпс стэкан ныкъуэ-ныкъуэу махуитIым фефэмэ, сэбэп къыфхуэхъун хуейщ.
  •  
  • Эрмитаж
  • Дуней псом къыщацIыху Эрмитаж музейм щIэлъхэм уеплъыным ихьыр зы махуэкъым икIи тхьэмахуэкъым. КъызэрабжымкIэ, пасэ зэманхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпу, сурэту, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм я IэдакъэщIэкIыу абы щызэхуэхьэса мелуани 3-м уеплъын щхьэкIэ, километр 24-рэ къызэхэпкIухьын хуейщ. Эрмитажыр щылажьэ ЩIымахуэ Уардэунэр 1732 — 1735 гъэхэм архитектор Растрелли Франческэ иухуащ. Уардэунэм и инагъыр мыпхуэдэ бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ: метр зэбгъузэнатIэ мин          46-м пэш миным щIигъу щIэтщ; щхьэгъубжэ мини 2 хэлъщ; бжэхэр 1800-рэ мэхъу; дэкIуеипIи 120-рэ иIэщ; унэм къекIуэкI карнизыр километри 2 мэхъу.
  • Дохъушокъуэ  Синэ.
  •  
  • Гупсысэр – псалъэкIэ
  • Лъагъуныгъэ  щхьэрыуа
  • Аргуэру уэращ сызэгупсысыр. Аращ, уэращ. Ар дауэ? Къигъэзэжауи си лъагъуныгъэм? Апхуэдэ къэхъурэ сытми? ЩIэслъхьэжатэкъэ, згъеижатэкъэ, уеблэмэ хуэфэщэн зэманкIи сыхуэщыгъуэжатэкъэ? Зыри гурыIуэгъуэкъым.
  • Сыту гугъущэ срагъэхьрэ-тIэ си щхьэм щызеджадэ гупсысэ къомым. Сатхьэлэным хуэдэу къыщIогъуалъхьэ си тэмакъым, щхьэрыутIыпщ ящIа псыдыуэу щIагъэкIуэсыкI си лъыр, си псэм лъэныкъуэ куэдкIэ къыщоIэ, зэпатхъын я мураду…
  • Аргуэрыжьти, къыстегуплIащ си гупсысэр, нэкъыфIэщIымрэ фIэщмыхъуныгъэмрэ зыхэя гупсысэр. ЗигъафIэу къиувэжащ си пащхьэм, къыщIэбэкъуэжащ си пэшым, къыхыхьэжащ си пщIыхьым, къыхэбэкъуэжащ си гъащIэм, къитIысхьэжащ си гущIэм. КъысхуэкIуэжащ гугъусыгъур ебэкIыу.
  • ГъащIэм дыджыпIэу, гузэщыгъауэу хэлъ куэд уи натIэ хъуну иухамэ, Iэмалыншэщ, армыхъуамэ, зи гущIыIу щIы тракIутэжу нэпскIэ иралъэсэхыжам зэгуэр къигъэзэжу хэт игъэунэхуа? Ари уифI лъэпкъ щIэмыхъуэпсрэ хъуапсэнэIуу укъигъэнэн хьэзыру уи пкъым къитIысхьэжу. Жеиншэ жэщу пфIидыгъуар фIэмащIэу, нэпсу щIэбгъэкIамкIэ игу къыптемызэгъауэ, и деж гущIэгъу къыщыбгъуэтыныр къэгъэнауэ, и нэщхъыр пхрыплъыгъуей пшагъуэу къыпщхьэщыт зэпыту йозыгъэхьэкIар уи лъэмбым къиувэжыныр зыкIи хъуэпсэгъуэкъым. Уеблэмэ щIэткIукI-щIэсыкIыр къыпхуэзыгъакIуэу уи жагъуэгъур зыщыгуфIыкIын Iуэхущ.
  • Сыту куэдыщэм къыщалъэтыхьрэ си гупсысэ къызэбгъэрыкIуэжахэм.
  • ЩIапщытыкI си псэм и лъахэр, ирожэ си лъынтхуэхэм — зы IэпапIэ къагъанэркъым зыкърамыгъэщIэжу, зыкърамыгъэцIыхужу. ЗыхэсщIэу сагъэкIэзыз, саудыныщIэ. КъысхуэщIэркъым къысхуеблэгъэжам сызэрыпежьэну щIыкIэр — сыхуэгуфIэнущи, гуныкъуэгъуэу къызитам си нэгур зэлъыIуагъэкIуэтын къысхуадэркъым. СыщIэгубжьэу есхужьэжынущи, сощIэ, зыкIи сызэрыпэмылъэщын къарукIэ къыспэувынущ. ЗэкIэ сыIэмалыншэщ. Моуи согупсыс: къэзыгъэзэжыр сыт жиIэрэ? Мыри гъащIэм и зы тыгъэу арагъэнщи, къэсщтэжынщ, сэр нэхъыфI игъуэту къигъэнауэ зэрыщымытыр къэслъытэнщи.
  • КхъуэIуфэ  Рабия.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:7. Пасэрей фоч. 8. Таурыхъ …, псысэ …. 9. Бейрут къалэр зи щыхьэр къэрал. 10. Шыр къызэрагъэIэсэ кIапсэшхуэ.12. КъурIэн цIыкIу. 14. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ. 16. Узыншагъэр хъумэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и министр Шэт … 18. Адыгэ композитор цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтыр зрата. 21. Курыт Азием хиубыдэ языныкъуэ къэралхэм я тепщэхэм нэхъапэм зэреджэу щыта. 24. Уи бзэгур къэзыс шхыныгъуэ гуэр. 25. … и жапIэр езым къегъуэтыж. 26. Къуапищ, лъэныкъуищ зиIэу ящIа тхылъымпIэ е нэгъуэщI гуэр. 29. …- урым бэнэкIэ. 30. Япэ адыгэ щIэныгъэлIхэм ящыщ, «Адыгэ народым и тхыдэ» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и зы уэрамым. 31. Фадэ гуащIэ. 34. ЩIалэм и щхьэцым … мащIэ хидзащ. 35. Адыгэш къабзэ. 36. Китайм щекIуэкIа дунейпсо олимп зэхьэзэхуэм и чемпион хъуа адыгэ пелуан. 38. Бжэныфэм къыхащIыкI къэп. 39. Сымаджэм лъапIейуэ … кърагъэщэхуащ. 40. Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъ. Ди республикэми абы ящыщу мин зыбжанэ исщ. 41. Къулыкъушхуэ щIэбэн политикым жиIэ псори зи … хъу куэд щыIэщ. 43. УнафэщIышхуэм и IэнатIэр … хэхыпIэ ищIащ. 45. Губгъуэ джэд пIащэ, лъэтэфу. 48. Махъсымэ къызыхащIыкI зэхэгъэва. 49. Пщэдейрей … нэхърэ, нобэрей бзу. 50. Гъыринэ.
  • Къехыу: 1. И нэм чы … хуэдэ. 2. Абы дыгъужьыр фIэбэлацэщ. 3. Бжьэхэм фо къызыпах, зи пхъэр щабэ жыг. 4. Набдзэ … 5. … тригъэIэбащ («игъэгузэващ» жыхуиIэщ). 6. А цIэр зэрахьэ псыежэхым, къалэм, районым. 11. Сабийр … хъуащи, жэщым дигъэжейркъым. 13. ЛIыжьым и ущием … къыхихащ щIалэщIэм. 15. Нэхъапэм пщIантIэхэм дагъэувэу щыта, фIэдзапIэ куэд зиIэ пкъо. 17. Къуаншагъэ зылэжьа цIыху. 19. БалигъыпIэ иува щIалэм и … кIуэгъуэщ. 20. Дзэхупс … хуэдэ. 22. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, абы и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ. 23. КIыщокъуэ Алим и адэцIэр. 27. Зимыхьэпшып щэхуу зыгъэкIуасэ. 28. Къуацэ-чыцэ. 32. Мэлбахъуэ Тимборэ и уэлиигъуэм ди республикэм и правительствэм и Iэтащхьэу щыта. Абы и цIэр фIащащ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. 33. Адыгэ псалъэжьым жиIэм тепщIыхьмэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 37. Зи пхъафэр щхъуафэ-фIыцIафэ, псэуалъапхъэ къызыхах жыг, гъэсыныпхъэ хьэлэмэт. 38. Зи нэхэр куууэ ис цIыху. 41. А удзым и гъэгъахэр щхъуэ-хужьыфэщ, гъэмахуэпэм гъэгъэн щIедзэри щхьэмыжым ещхьу Iэрамэу къыпедзэ. Хущхъуэгъуэуи къагъэсэбэп, Iэщми фIыуэ яшх. 42. МафIэ бзий къыдидзу, уафэм къыщоуэ. 43. Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. 44. Ныкъусаныгъэ, сэкъат, … 46. Лэскэн районым щыщ къуажэ. 47. … щхьэнтэ.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз  Ахьмэдщ.
  • Мазаем и 13-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:3. Нэбгъэф. 5. Бжьыныху. 7. Бру. 10. Къашыргъэ. 13. Емуз. 14. Гунэдж. 15. Бу. 17. Шху. 18. Джэд. 20. Къыкъ. 22. Кумб. 23. Хей. 24. Ныш. 25. Гъудэ. 26. Сом. 29. Жыр. 31. Ущ. 32. Сэ. 34. Хъыжьэ. 36. Бгъэр. 38. Телефон. 41. Шыд. 42. Чэщанэ. 43. Къихьэмэ.
  • Къехыу:1. Хьэщыкъ. 2. Бжьыхьэ. 3. Нэпсей. 4. Куржы. 6. Хуэрэджэ. 8. Пэу. 9. Къан. 11. Амур. 12. Гъашэ. 16. Хьэмидей. 18. Джэлэс. 19. Дахэм. 20. Къэшэж. 21. Къэлэр. 27. Пщае. 28. Осло. 30. ПхъэцIыч. 33. Архъуанэ. 35. Жьей. 37. Гъэр. 38. Теунэ. 39. Ерыщ. 40. Назир.