ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2016-01-30

  • ХъуэкIуэн Антисэ
  • ХъуэкIуэн Антисэ 1957 гъэм Къуэжьыкъуей (Шэрэдж Ищхъэрэ) къуажэм къыщалъхуащ. ЕджапIэм щыщIэса лъандэрэ усэ етх.
  •  
  • ГущIэгъу  хуэщI
  •  
  • ЩыщIэнатэм гум уэздыгъэ,
  • Къиплъэгъуэнт абы щыушэр,
  • Нэхэм ятхыфатэм тхыгъэ,
  • Ар къыбгурыIуэнт псалъэншэу.
  • УэсхьэлIэнущ гурэ псэкIэ
  • Лъагъуныгъэр, идзу нур,
  • Ныпхуэсхьынущ дыгъэ бзийкIэ
  • Лъагъуныгъэм и къарур.
  • Уилъэгъуащи фIыуэ си псэм,
  • СфIумыгъэкIуэдыж гугъапIэр,
  • Си гъащIэм ухуэхъуащи гъусэ,
  • КъыщIыумыгъэкIыж
  • ар пщIыхьэпIэу.
  • НитIыр щыгъкIэ къащIэж нэпсыр
  • ТIэкIу зыхэщIи, хуэщI гущIэгъу.
  • Ар къыпожри гущIэм лъыпсу,
  • Гум и къуэпсыр умыгъэгъу.
  •  
  • Адыгэ  щIалэм  и  гурыгъухэр
  •  
  • Мамырыжами жэщыр,
  • Гупсысэм сыкъимыгъанэ,
  • Ужьыхыжами даущыр,
  • Жейр къысхуемыкIуэ си нэм.
  •  
  • Согупсыс защIэу си гъащIэр,
  • Нэгум ущIэту йокIуэкI,
  • Мы дуней псор щIэщIэращIэр
  • Уэра си гугъэурэ блокI.
  •  
  • Услъагъумэ жыжьэу ублэкIыу,
  • Зехъуэжыр гум и къеуэкIэм.
  • Уи гъуэгум сыщыпIууамэ,
  • Уожьэжыр уи щхьэр щIэIуауэ.
  •  
  • Си гухэлъ щэхум щыгъуазэр
  • Мазэгъуэ дахэу фIэрафIэрщ.
  • Псэр зыхуэпабгъэу и гъуазэр
  • УхыхьэжакIэщ жей IэфIым.
  •  
  • Уэ умыщIэххэу уи пщIыхьым
  • МазэщIэу сыныхыхьэнщ,
  • Гум и IункIыбзэр здэпхьыр
  • КъэсщIэнщи, къыпфIэздыгъунщ.
  •  
  • КъызжиIэ псори уи плъэкIэм
  • Щэхуу зыхызощIыкIыр.
  • Гухэлъым мурад игъэшыр
  • КъозгъэщIэфынущ псалъэншэу.
  •  
  • Си гъащIэм ухэтщи дыгъэу,
  • Жэщхэри кIыфI къысщымыхъу.
  • Уи гъуэгум си лъагъуныгъэр
  • Махуэ хуэхъуну сохъуэхъу.
  •  
  • Уэзгъэщхьыфыну бзылъхугъэ
  • Щалъхуакъым мы дуней псом,
  • Си лъагъуныгъэм и лыгъэм
  • ИщIащ насыпыфIэ псэр.
  •  
  • ХьэпцIэ Аннэ
  • ХьэпцIэ (КIунтIыщ) Аннэ зыхуеджа IэщIагъэр юристщ, технологщ. Ауэ бзэм, тхэным дихьэхырти, журналист Iуэхум зритыжауэ, илъэс 20 мэхъури, ди къэрал телевиденэм адыгэбзэмкIэ и редакцэм щолажьэ, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ.
  • Аннэ куэд щIауэ усэхэм дахьэх. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ адэжь лъахэм, анэм, лъагъуныгъэм, нэгъуэщIIуэхугъуэ куэдми ятеухуа усэхэр.
  • ГъащIэ
  • Нобэ гуэрым сыту упшагъуафэ,
  • КъыщызжаIэ куэдрэ къохъу.
  • ГъащIэ гъуэгур дощIэ — ар мыджафэ,
  • Гугъуехь куэдым упхымыкIыу мыхъу.
  •  
  • Сэ си хьэлкъым си гурылъхэр сIуатэу,
  • ФIыри Iейри псэкIэ согъэвыж.
  • Зэми игу къысщIогъури зэманыжьыр
  • щатэу,
  • КъыскIэлъоджэ: тIэкIу зыхуэсакъыж !
  •  
  • Хьэуэ, гу узын сэ скIуэцIылъыжкъым,
  • Мывэм хуэдэу быдэ хъуащ.
  • Толъкъунышхуэм пэсщIу щыта нэпсым
  • И къежьапIэр куэд щIауэ гъужащ.
  •  
  • ГъащIэ, сыту уэ угущIэгъуншэ,
  • Я нэхъ мывэ быдэр къогъэчэф.
  • ФIыуэ слъагъухэр сыбогъэщIыр
  • гулъытэншэ,
  • Псэ зыIумыт «гуащэщ» къысхужогъэIэф.
  • 2011 гъэ
  •  
  • Джылахъстэней
  •  Къуршылъэ-бгылъэу фIыгъуалъэ кIадэ,
  • Си адэжь лъахэу Джылахъстэней,
  • Шууей щауэщIэ щIыхьыбэ уардэу
  • Дунейм щогъахъэр, Джылахъстэней.
  •  
  • Уэ уи пшыналъэр щызэрылъэлъкIэ
  • Бзухэр мэфыгъуэр, Джылахъстэней.
  • ГуфIэгъуэ джэгум Iэгухэр дэлъалъэу
  • Лъакъуэр золъатэр, Джылахъстэней.
  •  
  • Псы уэр акъужьхэр лэжьэгъуэ махуэм
  • КъыптолъэщIыхьхэр, Джылахъстэней,
  • Хьэм бэв уи натIэщ, тIэтIэжщ уи Iэщхэр,
  • Щапхъэр уи лIыгъэщ, Джылахъстэней.
  •  
  • Дыгъэр къыщепскIэ, и псэр дохьэхри,
  • Уи деж щогувэ, Джылахъстэней.
  • Вагъуэбэ жэщхэм гущащхьэ дэси
  • ЗыпхуещI Шыхулъагъуэм,
  • Джылахъстэней.
  •  
  • Уи нэхъыжьыфIхэу фIыр зи Iэужьхэр
  • Ди нанэ-дадэщ, Джылахъстэней,
  • ЩIэблэу къыпщIэхъуэр щIэныгъэ
  • бынщи,
  • Угъурлы нэгухэщ, Джылахъстэней.
  •  
  • Нэхьэху-псэхьэхухэу, тхьэIухуд защIэу
  • ЩIыкIафIэщ уипхъухэр,
  • Джылъахъстэней,
  • ПцIащхъуэу зелъатэу утыку гъэбжьыфIэр
  • Уи шууей жэрхэрщ, Джылахъстэней.
  •  
  • Хышхуэр си гъуэгуми, щIыгум сытетми,
  • Ситми уафэгум , Джылахъстэней,
  • Си гур пхуоусэ, си псэм ухэлъщи,
  • Си лъахэ дыщэу Джылахъстэней.
  •  
  • Псалъэ схурикъуркъым
  •  Си гуфIэгъуэщ нобэ, цIыхухэ,
  • Псоми, кхъыIэ, къыздэфIыгъ.
  • Хуиту зокIуэ, феплъыт, мышынэххэ,
  • Зыми си къуэ цIыкIур щымыгугъ.
  •  
  • Япэ лъэбакъуэхэр хечэ гъащIэм
  • ЗегъэщIагъуэ, псори фIэбэлыхьщ.
  • КъэувыIауэ, зэм хуоплъэкI и адэм,
  • Зыбгъэдэлъэдэнур къыхуэмыщIэу
  • бэлыхь телъщ.
  •  
  • И Iэ цIыкIухэр дридзейу къысхуожэ,
  • Дунеишхуэр тIуми тхуримыкъу.
  • Мис аращ насыпыр, маржэ,
  • ФхуэсIуэтэнут, ауэ  псалъэ схуримыкъу.
  • 3.12.1996 гъэ
  •  
  • ЩоджэнцIыкIу Еленэ
  • Адыгэ усакIуэшхуэ ШоджэнцIыкIу Алий и къуэ Лиуан и къуэж Мурат ипхъущ Ленэ. Абы нэгъабэ Налшык дэт Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтыр къиухащ, иджыпсту Москва аспирантурэм щоджэ. Усэ тхыным дехьэх, «Зэхуагъэ здэщыIэ Урысей» партым иригъэкIуэкIа зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. ЩоджэнцIыкIу Ленэ и усэхэр япэу тыдодзэ.
  • УсакIуэ
  •  ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу
  •  УсакIуэр — бегъымбарщ, щIэхъуэпсу,
  • ЩIылъэркъым зыхуеIэр абы и псэр.
  • Уафэ щIэншэрщ зытеплъызэр и нэр,
  • Бгы аузхэм кърахьэх зэм псы
  • толъкъунхэр,
  • Зэм уэсукхъуэкIэ къыщапхъуэ уи нэр.
  •  
  • ЩIалэм и теплъэм удихьэхыу,
  • Пщащэ щэныфIэм напIэр ирихьэхыу,
  • Губжьым къримыпхъуэтыжу къамэр
  • Адыгэ гъащIэр тхыжыныр къалэну
  • И пщэм дилъхьэжат усакIуэм и къалэмым.
  •  
  • Зауэр напэншагъэкIэ гъэнщIащи,
  • ГуIэгъуэ нэпсхэр къыфIожэх
  • щхьэлъащIэм,
  • Уафэ лъащIэ къабзэр зэхиупщIатэу,
  • ЩхьэщолъэтыкI фашистым
  • и кхъухьлъатэр.
  •  
  • Топхэр мэгъуагъуэ, щIопщауэ макъым
  • игъэткIыбжьу джабэр,
  • Шы гужьеяхэм къаIэтыр сабэр.
  • И бийхэм къыщIадза мафIэсым
  • Пхыжынщ усакIуэр, шыбгым ису,
  • ИщIэжу дуней зэрызехьэм
  • ХилъхьэнкIэ зэрыхъунур и щхьэр.
  • Зауэм зыми хуиIэкъым гущIэгъуи:
  • ИреIэхъуэ, ирезауэлI е ирегубгъуэ,
  • Псори, хэх имыIэу и зэхуэдэщ,
  • Залымыгъэм напIэр дэмыхуадэу.
  • Окопым къолыдыкIыр мафIэ лыгъэр,
  • Зауэм и IугъуэкIэ бгыщхьэр мэбауэ.
  • Ауэ и щхьэм хуитыжыным папщIэ,
  • Адыгэр щысхьыжакъым зэи гъащIэм,
  • Хихакъым гугъэр махуэщIэм IущIэным…
  • АрщхьэкIэ нэсакъым усакIуэр
  • а махуэщIэм.
  • Гупсысэр уахътыншэу хэжыхьри
  • зэманым,
  • Игъуэ нэмысу IэщIахами гъащIэр,
  • Къыхуигъэнащ и лъэпкъым акъыл жаныр,
  • Гум и хуабагъэр, псэм и фIыщIэр.
  •  
  • Аннетэ
  •  Псалъэр псэм къыIэщIомащIэ,
  • Апхуэдэу мащIэщ къыдитар дэ гъащIэм,
  • ПщIыхьым дыхэту дахуэжэну
  • лъапцIэрышэу,
  • Къытхуэлъагъужыркъым адэжьхэм
  • я гуращэр.
  • Куэд щIауэ дымылъэгъуами анэр,
  • ДыхуэпIэщIэжыфыркъым ди унэм.
  • Уэшхыр къызэрешхыр тфIэщIэщыгъуэу,
  • Къыщыджыхьыжкъым, зэдутхыжу,
  • псыхьэлыгъуэм,
  • Зэзэмызи зытщIыжу нэджэIуджэ,
  • Зыдгъэбалигъыурэ диплъэжкъым
  • гъуджэм.
  • Мыбдеж кIыфIыгъэщ, къыщытхэуэу
  • минэр,
  • ЗызэтIкъузылIэжрэ, дышынэу.
  • НэхъыфIщ улIэжми умэжалIэу,
  • УIэщIэхуэ нэхърэ фашистым пщылIу.
  • Дэтхэнэ зыми фIыуэ ещIэр:
  • Нэхущыр къэсмэ, пшэкIэплъ къещIыр.
  • ЩIыр хьэрэкIытIэу къигъэнэхуу.
  • Ди нэри щоужыр нэхум
  • Окопэ кIыфIым дисым куэдрэ,
  • Ешами, тIэкIу зимыгъэпсэхуу,
  • Аннетэ мабзэ икIи мадэ.
  • Мэхъур и фIэщ: къэсынущ махуэр,
  • Дыгъэшхуэм щIылъэр къигъэнэхуу.
  • Псэунущ ар иджыри гушхуэу,
  • И щIалэ цIыкIур хъухукIэ лIышхуэ.
  • Зауэм къикIыжынщ щхьэгъусэр.
  • Хадэр дэгъэгъэнщ дыгъэ къытепсэм…
  • Ирихыжыфмэ зы гъатхэ,
  • Уаер кIуэщIыу, ткIужыху уэсыр.
  • Псэм къемэщIэкIыу псалъэ мащIэр
  • Гъатхэр къэсыхукIэ дзыхь
  • къытхуащIыр.
  • Жеинщ пщIыхьэпIэ имылъагъуу
  • Аннетэ, илъэщIыжынщ нэпс лъагъуэр.
  • Дихутэжынурэ ди унэ,
  • Гу ящытхуэжынущ анэм,
  • УIэгъэу къэкIуэжами, адэм
  • ЯхуэтщIыжынущ IэплIэ быдэу.
  • БакIэ щIэдгъэнэнщ ди быныр,
  • Ахэр къинэжынухэщ я унэм.
  • ТекIуэныгъэм и уэрэдыр Iунущ,
  • ХуащIу щIыхь цIыхухъухэм я къалэным.
  • Щхьэрихыжри и пыIэр зауэлIым,
  • Аннетэ дилъхьэжат щхьэцышхуэр и плIэм.
  • Ауэ, илъэс блыщI нэсауэ я ныбжьыр,
  • Хэлъщ акъылым дыпIэ лъэужьхэр,
  • Гум къегъэкIыж Iуданэ кIапэм
  • Зауэ зэманым и окопыр.
  • И дахагъэ псор къысхуигъэнахуэу,
  • Гъэмахуэ акъужь къыщопщэ си
  • щIымахуэм.
  • Бжьыхьэ дыщафэм и хъыбарегъащIэу,
  • Удз хуэлэжхэм я щхьэкIэхэр къыфIощIэ.
  • Жьыбгъэ емышхэрщ, зы къафIэмыIуэхуу,
  • ГуфIэжу губгъуэхэм щызэрызехуэр.
  • Гъатхэ къэкIуэнум и мэ къысIуригъауэу,
  • Си щIымахуэр гъэмахуэмэкIэ мэбауэ,
  • ГъащIэм хузигъэщIу гукъыдэж,
  • Си гукъеуэ псори егъэсыж.