Гум и фэбжь
2016-01-30
- НафIэдз Мухьэмэд
- Рассказ
- ГъатхэкIэм и япэ махуэщ. Зауррэ Азрэтрэ Уэлий ялъагъуну къэкIуащ. Зыгъэпсэхугъуэ къудейуэ фIэкIа кърамыдзэж но-бэрей махуэр лIыжьым дежкIэ гуфIэгъуэщ. Абы IэщIыб хуэщIыркъым зэрыцIыкIу лъандэрэ зыщIапIыкIа, лъэлъэжа совет къэралыгъуэм и Iэужьу цIыхухэм Iумпэм ящIыжа хабзэхэр. Ар иджыри мэгугъэ зэманыфI диIам зэгуэр къигъэзэжыну. Совет властыр яубу телевизорым къыщитIысхьэIам деж, и гур зэгуоуд. ЦIыхухэр абы игъэунэхъуауэ, Iей защIэ фIэ-кIа къахуимыхьауэ жызыIэхэр и гум хутегъахуэркъым. ФIы дыдэу къыгуроIуэ: лей зезыхьэхэр щыIащ. Ауэ зэрыкъэралу щхьэ убын хуей?! Езыр зыщIапIыкIар коммунизм ухуэнырт, цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынырт. Иджы, «рыночнэ экономикэм, демократием зегъэужьын», — аращ къулыкъущIэхэм жаIэу зэхэпхыр. Уэлий фIы дыдэу къыгуроIуэ инми цIыкIуми зэпадзыж «демократие» псалъэр ди къэралым къызэрыщемызэгъыр. ЕщIэ Америкэм зебгъэщхькIэ, абы хуэдэ узэрымыхъунур. Дэ ди цIыхухэр а щхьэхуитыныгъэм есакъыми, зэманыр кIуэтэху, лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэр абы зэкъуичынкIэ хъунущ. Идеологие лъэщ зимыIэ къэралыр зыхуэкIуэнур къэщIэгъуейкъым. Уэлий зэрибжымкIэ, илъэс зыбжанэ и пэкIэ екIуэкIа шэшэн зауэми щIэдзапIэ хуэхъуар лъэпкъ зэхэгъэжырщ, цIыхубэр зэрызэкъуэмытырщ. Уи щхьэ ухуитыжынри хъарзынэщ, ауэ ар щхьэзыфIэфIагъым хуэкIуэмэ, абы фIым ухуишэнукъым. ЦIыхум шынэ, укIытэ хэлъын, властым фIэлIыкIын, абы акъылэгъу дэхъуу щытын хуейщ. Арыншамэ, хабзэ щызекIуэ къэрал нэсу ущытыфынукъым.
- Апхуэдэ гупсысэхэр и щхьэм щызэрызехьэу жэм лъхуагъащIэр зыщIэт бэкхъыр къитхъурт Уэлий. Иджыри зекIуэкIэ зымыщIэ, зэфIэскъыскъэу, ерагъыу щытыф шкIащIэр къыщIигъэкIауэ пщIантIэм дэтт. Бэкхъыр къэтхъун иухауэ, IэщIэлъыныр щIиудэжырт, щIалэхэр къыщыбгъэдыхьам.
- — Фыкъеблагъэ, фыкъеблагъэ, си щIалэхэ!
- — Дынохъуэхъу, дадэ! — зыкъыхуагъэзащ Уэлий и пхъурылъху Азрэтрэ абы къыдеджэ и ныбжьэгъу Зауррэ. Ахэр щIэх-щIэхыурэ къакIуэрт лIыжьым деж. Заур иIыгъ зэкIуэцIылъыр нэхъыжьым хуишиящ.
- — Хъуэхъуу щыIэм я нэхъыфIыр тхьэм къыфлъигъэс! Фыхэтын хуеякъым мыбыхэми, — фIыщIэ къахуещI щIалэхэм. — ФынакIуэ унэмкIэ, фызыжьым и гуапэ хъунщ.
- ЗдыщIыхьам, Данагъуэ пIэм хэлъти, бгъэдыхьэхэри и Iэр яубыдащ. ЗигъэIыхьшыхьурэ, ар гъуэлъыпIэм къеувэхащ. Унэм къыпыт пщэфIапIэмкIэ иунэтIщ, мыгувэу къигъэзэжри, щIалитIыр абыкIэ щIишащ. Iэнэ хъурей цIыкIум тетт бахъэ пщтыр къызыщхьэщих къалмыкъ шеймрэ адыгэ щIакхъуэрэ, шэ щIэмыху кхъуей упщIэтар ящIыгъужу.
- — Зэвмыусыгъуэджэу федзакъэ, си псэр зэзгъэшхынхэ. ЗэкIэ тIэкIу фызэIурыумэ, сыфхуэпщэфIэнщи, фызгъэтхъэжынкъэ.
- — Нанэ, дадэ къыщIыхьэжмэ, дышхэнщ, — жиIащ Азрэт.
- — Ар къыщIыхьэжыхукIэ фыпэплъэмэ, ерыскъыр диижынщ. Фемыжьэ, куэд щIакъым абы пщэдджыжьышхэ зэрезгъэщIрэ.
- Заур мы пщэфIапIэм къыщIыхьэху, и нэр темынэу къанэртэкъым хьэкъущыкъухэр здагъэувэ шкафым къыдэщ сурэтым. Иджыри арат. Сурэтым къищ щIалэр езым и ныбжьынт. Ауэ и теплъэкIэ Уэлий ещхь куэд хэлът…
- Уэлий и къуэ закъуэм пэп-лъэрт илъэсипщIым щIигъуауэ. И фIэщ хуэщIыртэкъым ар мыпсэужу. Минрэ щибгъурэ бгъущIрэ тIум, Куржы-абхъаз зауэр къыщыхъеям, мафIэ лы-гъэм хыхьа щIалэм и хъыбару къыIэрыхьар ар хъыбарыншэу зэрыкIуэдарат. ЩIэблэ гуэр къыщIэнауэ щытамэ, апхуэдэ дыдэу я гуауэр къатемыхьэлъэнкIи хъунт, ауэ хунэса мыгъуэкъым… «Хъыбарыншэу кIуэдащ», жыхуаIахэм ящыщу сыт хуэдиз къыкъуэкIыжрэ? Ара-щи, адэр мэгугъэ и къуэпсыр адэкIэ зыгъэкIуэтэну зыщыгугъ и къуэ закъуэр гува-щIэхами мы жылэм къыдыхьэжыну. Унэм щыщIэсым, бжэ Iух макъ зэхихамэ, къыщIыхьэж фIэщIу мэпсэу…
- Сэдэкъэ зэрыхуищIыжрэ зэман дэкIами, зи щIалэгъуэ, зи псэугъуэ дахэр щымыIэжу и фIэщ ищIыну хуейкъым Уэлий. Игу къокIыж сэдэкъэ махуэр… Адэм ар къызэрилъытэр и къуэм тхьэлъэIу хуищIут. Зэщхьэгъусэхэм псэкIэ ягъэвыр цIыхухэми къагурыIуати, зыри жамыIэу хуэщIапхъэр зэфIагъэкIри, зэбгрыкIыжат.
- Псом хуэмыдэу гуауэр нэхъ зытехьэлъар Данагъуэт. Нэп-сым ирифат фызыжьым и нэхэр.
- УлIэмэ, уи кхъаблэм щIэувэн щIэблэ уимыIэныр Iейщ. Алыхьым къуимытамэ, зыгуэрурэ пшэчынщ, ауэ уиIар пфIэкIуэдыныр егъэлеяуэ хьэлъэщ. Пхъур сыт?! Пхъур, зэрыжаIэу, хамэ унэщ. ЛъэкIынуращи, уигъеинщ, унэм тIэкIу щыIэбэнщи, зэрыхьа унагъуэм яхыхьэжынщ.
- ЛIыжьыр зэпымыууэ зэгупсысыр зыщ: «Мы щIалэм къимыгъэзэжмэ, си лъапсэр хэкIуэдэжауэ аракъэ? Шынэхъыжьым къызиIуэкI зэпытт: «Зы къуэр уимыIэ пэлъытэщ, зэкъуэшитIрэ дзитI зыIут къамэрэ, жаIэ игъащIэми». Ауэ седэIуакъым и чэзум, бетэмал».
- И нэпс къыщыфIекIуи къохъу Уэлий. ЦIыхухэм къалъагъуу и гур къызэфIэзэрыхьми, емыкIуи къащIыркъым, езыми зиIыгъыну хэтщ. Куэд щIакъым къэкIуэжауэ пщIантIэм дэт хуэдэу пщIыхьэпIэу зэрилъагъурэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, илъэс пщыкIутху щрикъуам къыхуищэхуауэ щыта джанэ хужьыр щыгъ хуэдэт. Ар абы хуэцIыкIу зэрыхъурэ куэд щIами, иджы хуэину щыгът. Псом хуэмыдэу нэм къыфIэнэр и орденхэмрэ медалхэмрэт. Дыгъэ бзийм пэлыдми ярейуэ, зэщIэлыдэрт ахэр. «СыкъэкIуэжащ, ди адэ», — къыжриIэ хуэдэт. Уэлий къыхэщ-тыкIри къызэфIэтIысхьат. Ауэ, илъэгъуар зэрыпщIыхьэпIэр и гум ешыкъылIауэ, хуэмурэ зигъэукIуриижат.
- Арами, а пщIыхьэпIэм Уэлий гугъэ гуэрхэр иригъэщIыжри къару гуэрхэри къыхилъхьэжат. «Пэжу, къэкIуэжу гъуэгу тету пIэрэ?» — зэупщIыжырт ар, и псэм нэхъ пэгъунэгъу хъуэпса-пIэхэр къыфIеблыжу.
- И гум щIэх-щIэхыурэ къокIыж и пхъумрэ и малъхъэмрэ къыжраIауэ щытахэри…
- — Папэ, мамэ, гугъу фызэрехьри, хьэзабу фтелъри фIы дыдэу къыдгуроIуэ… — къищIидзат я пхъум, ауэ малъхъэм абы и псалъэр Iэпиудри, езым пищат:
- — ФэркIи дэркIи нэхъ тынш хъунут ди деж фынэIэпхъуэжамэ.
- Данагъуэ щэхуу заулрэ щыта нэужь, абыхэм захуигъэзащ:
- — Унэри лъапсэри хыфIэддзэу, фи деж дынэIэпхъуэжмэ, дауэ хъуну зыгуэркIэ щIалэм къигъэзэжмэ? Ди жьыщхьэ ар дауэ ди напэм едгъэзэгъын?
- — Темыр къигъэзэжыну Алыхьым къыхуиуха мыгъуэу къыщIэкIынкъым… Ар зэрыжысIэм щхьэкIэ фи гум сеуэну сыхуейуэ аракъым… Линэ сэрэ тфIэзахуэт, унэ-лъапсэр фщэжрэ, фынэкIуамэ. Фэ фызыхуей псори ди деж щывгъуэтынущ. Уэри, ди адэ, махуэ къэс къалэм укIуэ-укъэкIуэжу хъумакIуэу уолажьэ. Ар тыншкъым. «Хьэуэ» жыфIэрэ, мы лъапсэр фымыщэу къэвгъанэ. АбыкIи зыри къыфпэрыуэркъым. Дэ зи Iуэху зетхуэр фэ фызэрытыншынщ, ди нэIэ нэхъ зэрыфтедгъэтынщ. Фыарэзымэ, фызэтшэлIэжынут.
- — ЖыфIэну псори фуха? — щIэупщIащ Уэлий, хэкъузауэ.
- «НтIэ», жыхуаIэу, я щхьэр ящIащ тIуми.
- — АтIэ, зызэщIэфкъуи, фыкIуэж!
- — Папэ, уэ зыгуэру къыбгурыIуами…
- — Сэ жысIэнур жысIакIэщ! — зэпиудащ и пхъум и псалъэр.
- Уэлий и пхъумрэ и малъхъэмрэ гузэрыдзэ ящIри, мазитI-щыкIэ къалъихьакъым. Ауэ иужькIэ псори и пIэ иувэжащ. Зи гугъу ящIа псалъэмакъми афIэкIа къытрагъэзэжакъым.
- Уэлий къыпхуидэнти гугъэу иIэ закъуэр къыIэщIэпхыу! Уи бын дыдэри къоплъыжынукъым. Лъапсэр дыгъэщэж, жызыIэу уи пащхьэм къиувэжам сыт узэрыщыгугъынур? Пщэдей уэрамыщхьэм укъытранэнри зыхуэIуа щыIэкъым. Ауэ Уэлий, псэууэ дунейм тетыху, апхуэдэ къигъэхъунукъым.
- Иужьрей зэманым Данагъуэ и узыншагъэм тегузэвыхь зэпытщ. И гум къыхигъэзыхьрей хъуащи, жэщкIэ бэуапIэ имыгъуэту щIыбым щыдэс куэдрэ къохъу. Зымахуэ къытехуэри, ерагъкIэ зыкърагъэщIэжауэ аращ. Абы щыгъуэ Уэлий псом хуэмыдэу къэзыгъэгумэщIар я щIалэм и цIэр жиIэу, Iуэщхъуу фызыжьыр заулрэ щытыкIэ гугъу зэритарщ.
- Зыри пхуещIэнукъым жьыгъэм. ГъущIрэ пэт мэулъий, зэполъэлъри мэкIуэдыж. ЦIыхур къэнэн?! МылIэжыныпсэ яIуту къащыфIэщI къэхъуми, зэман докIри, щIым тобзэхыкIыж. Ауэ, сыт дунейм къытранэфыр? Къытранэфыр е лIэужьщ, е Iэужьщ.
- Уэлий, и гъащIэ гъуэгуанэм ириплъэжрэ Iейри фIыри зэпилъытыжу, хэгупсысыхьауэ куэдрэ щыщыс къохъу. НыбжьыфI зиIэр адэкIэ псэуну зэрыгугъэжышхуи щыIэжкъым. Ауэ абы гъащIэр иужэгъуауэ аракъым, игури иджыри щIалэщ. Зы закъуэщ и ныбжьыр къэзыгъэлъагъуэр: кхъахэ зэрыхъуарщ. Мис иджыпсту, пщIэ къыхуэзыщIу къыхуеблэгъа щIалэхэм здеплъым, Уэлий нэхъ зыхещIэ жьы зэрыхъуар. ЗакъримыгъащIэу йохъуапсэ. Бетэмал, абыхэм я пIэм сыкъиувэжащэрэт! Игу къокIыж езым и щIалэгъуэр. ПщIэрэ, уи щIалэгъуэмэ, уи къару илъыгъуэмэ, сыт хуэдэ гугъуехьми, бэлыхьми уполъэщ. Ауэ зи щIалэгъуэм щыуагъэ къыщыIэщIэщIи къохъу… Уэлий и щыуагъэр игу къимыгъэкIыжмэ нэхъ къещтэ. Нобэр къыздэсми а щIэщхъур и гум дыркъуэу телъу, цIыхухэм ящибзыщIмэ нэхъ къищтэу къекIуэкIащ…
- НыбжьыщIэхэр унэм къыщыщIэкIыжам, Уэлий хадэм итт, жыг ухъуэнщIахуэ къэнахэр зэщIикъуэжу.
- — Дадэ, уи закъуэ щхьэ зыбукIыжрэ, зыгуэр жыпIамэ, дэ дыбдэIэпыкъунтэкъэ? — зыхуигъэзащ абы Азрэт.
- — Абы щхьэкIэ фэ сыту зывэзмыгъэуцIэпIыжрэт, фымыгузавэ, сэ хуэмурэ, си зэш тезгъэу хуэдэурэ, нэзгъэсыжынщ.
- ЗэщIэпкъуэжынышхуи илътэкъым хадэм, ауэ мо гумыза-гъэм лъэкIтэкъым кIэрыхубжьэрыху гуэри къринэн.
- — Хьэуэ, уэ зыгъэпсэху, дэ зэщIэткъуэжынщ, — жаIащ щIалэхэм.
- Инщ Уэлий и щIапIэр. Кхъужьей, балией, пхъэгулъей изу итщ, ауэ и нэхъыбэр мыIэрысейщ. ЛIыжьым и хадэр и напщIэм зэрытелъым гу лъыботэ, уеблэмэ зыщигъэщIагъуи къохъу: «Мыпхуэдиз берычэтыр зэрылъ хадэ уиIэу улIэн?» — жиIэу. Гъэмахуэу дунейм щихуабэгъуэм мыращ и зэш тегъэупIэр. Хадэкум щежэх псыIэрышэ цIыкIум пэгъунэгъуу IэрыщI гъуэлъыпIэ щиухуэнти, абы зыщигъэпсэхуу илъу плъагъунт, е кIэзет къыхуэкIуамэ, еджэу исынт. Лэжьыгъэнши щыхъуртэкъым ар мыбы: псыIэрышэм къыхишынти, жыг лъабжьэ зэхэтIыхьам щIигъэлъэдэнт, ари фIэмащIэ хъумэ, бошкIэхэм ярыт псыр къигъэсэбэпынт.
- Зэм жыг лъэдийр итхъунщIынт, е къудамэ цIыкIу къыдэжахэр, пхъэщхьэмыщхьэм зригъэужьынукъым, жиIэнти, къыпиупщIу щIидзэнт. Жылэм хущхъуэ тракIэмэ, Уэлий апхуэдэ лъэпкъ къигъэсэбэпыртэкъым. Уеблэмэ, уэшх къешха нэужь, бошкIэхэм ярыт псымкIэ жыгхэр игъэпскIыжырт. Псы къигъэжагъащIэри жыгым щIикIэн идэртэкъым, ар махуэкIэ щигъэтт, хлоркэр хэкIын папщIэ.
- Зыщымысхьыжу къаруушхуэ зэрытригъэкIуадэр арагъэнт пхъэщхьэмыщхьэ къабзэ, бэв къыщIехъулIэри. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым апхуэдизым зэрыхунэсри, къалэм нэс кIуэурэ, хъумакIуэу зэрылажьэри.
- ЩIалитIым хадэр зэщIакъуащ къабзэу. Уэлии щысакъым Iуэхуншэу. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу ахэр хадэм къыщикIыжым, Азрэт жеIэ:
- — Дадэ, мэзым дывгъакIуи, тIэкIу зыщыдвгъэплъыхь.
- ЛIыжьыр хэгупсысыхьати, занщIэу зэхихакъым.
- — Хъун, дадэ? — зыхуегъазэ абы Заури.
- — Ы-ы, сыт жыхуэфIэр?
- — Дыпшэн мэзым? — щIоупщIэ Азрэт аргуэру.
- — Ахьай фысшэн! Фыхуеймэ, пщэдджыжь жьыуэ дыкIуэнщ. Куэд щIауэ сыщыIакъым сэри.
- — ДызэгурыIуащ, — я нэгум дэрэжэгъуэ къищу зэдыжаIащ щIалитIым.
- Данагъуэ пщыхьэщхьэшхэ игъэхьэзырати, Iэнэ къахуиухуащ и хьэщIэхэм. Езыри мащIэу едзакъэри, щIалэхэм я пIэр ищIыжыну щIэкIыжащ. ТIэкIурэ псалъэншэхэу щыса нэужь, Азрэт елъэIуащ и адэшхуэм:
- — Уэри зэрыжыпIэщи, дадэ, гъуэгу дытемытми, зэманым пкIэлъей едгъэдзыт.
- — Уэри уэ, ПIытI! Сыт нэхъ узыхуейр зэхэпхыну?
- — Сэ сщIэрэ, нэхъ гъэщIэгъуэну зыгуэр къыджеIэж.
- — Хъунщ, апхуэдэу нэхъ къыщыпщтэкIэ, фхуэсIуэтэжынщ зы хъыбар.
- Зы дакъикъэ хуэдэкIэ щыму щысауэ, и бгъэгущталъэм тутыныр кърихщ, пигъанэри, тIэу-щэ екъуа нэужь, Уэлий къригъэжьащ:
- — НтIэ, фэ зи щIалэгъуэхэм гъэщIэгъуэн фщыхъунущ мы фхуэсIуэтэжынури, фыкъедаIуэ. Ауэ иджыпсту зэхэфхыну хъыбарыр япэу си жьэм къыжьэдэкIыу аращ. НтIэ, хьэдрыхэ здыщIэсхьэн?..
- АтIэ, абы щыгъуэ сэ фэ сыфхуэдэнт, хьэуэ, сыщоуэ, тIэкIу сынэхъыщIэнт. СощIэж, ди хьэблэр щыгъэтауэ, ди къуажэ псом зы цIыху дэсу къыщIэкIынтэкъым ди адэр зытес шым хуэдэ иIэу. Езыр къарэ лъакъуэхурэ икIи натIэхуу. И тхьэкIумэхэр дзасэу гъэкIати, жыжьэу плъэгъуами, къыумыцIыхункIэ Iэмал иIэтэкъым. Мо къабзэу зетхьэ псэущхьэ дахэм и цыпэхэр цIуужу дыгъэм пэлыдырт. А адыгэш дахэм имытхьэкъурэ къемыхъуапсэрэ зыри щыIэтэкъым.
- Си ныбжь нэсарэ пэт, дзыхь къысхуищIу, зэзэмызэххэт ди адэм абы сыщигъэшэсыр. Псынэпс къабзэ ди хадэбгъум къыщыщIэжми, сэ ар псыхъуэм нэс псафэ схурт, зризгъэщIагъуэу абы сытесын сфIэфIти. УэрамдэкIхэр зэпызупщIурэ сыздэкIуэм, сызыдыхьэ хьэблэхэм дэс щIалэгъуалэр къызэрызэхъуапсэр слъагъурт. Шым гъэпщкIуауэ къещакIуэхэри щыIэт, ауэ Iэмал хуагъуэтыртэкъым абы бгъэдыхьэну. Хамэ гуэр гъунэгъу къызэрыхуэхъуу, щыщурэ и лъакъуитIыр Iэтауэ зрисэрти, а къекIуэтэлIам еуэну зидзырт. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныжыр — ди адэр фиямэ, дэнэ щымыIами къэкIуэжырти, и пащхьэм къиувэрт. Къыщыхъу щыIэт, сэ зыщIыпIэ срикIуамэ, си адэм къызэрилъыхъуэр псэкIэ ищIэми ярейуэ, къэкIуэжыну къызэныкъуэкъуу. Хуабжьу хуэпэжт ди адэм.
- Зэгуэрым, ди адэм и ныбжьэгъу гуэр къыхуеблэгъауэ здэщысым, мо фIыуэ къэжанам зыкъыхуигъэзат:
- — Къасым, зы мэл гуартэрэ шы уанэ зэтелъу зытхухрэ узот, къызэхъуэж мы уи шыр!
- Ди адэм, нэщхъейуэ къыпыгуфIыкIри, хьэщIэм жриIат:
- — БетIал, уи Iэпкълъэпкъым щыщ мо уи Iэр къыпыупщIи къызэт, дунейм хъугъуэфIыгъуэу телъыр узот, жысIэмэ, къызэптын пхузэфIэкIыну? Сэ си гъащIэр стыфынущ а шым папщIэ, ауэ ар зыми схуетынукъым икIи схуещэнукъым. А шыр сэркIэ мылъкукъым, атIэ си псэщ, си гъащIэщ, си дунейщ.
- Ди адэм и псалъэхэм зыри къыпидзыжатэкъым хьэщIэм.
- Хъыджэбзхэм сеплърей хъуати, ди адэр дэсыну къыщыхуихуэхэм деж, лъакъуэхур къылъызгъэсыжыртэкъым. Ар къызыхэкIри Щэрданхэ я хьэблэжьу щыта лъэныкъуэмкIэ, набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу, зы тхьэIухуд зэрыдэсырт. Хъыджэбзым я унэм зыблезгъэх-зыкъыблезгъэхыжу къэзублат. Абы ирихьэлIэу езыри куэбжэм къыщыдэувыкI щыIэт. Щхьэц фIыцIэ дахэ зытелъ а пщащэ набдзэ къурашэм и нэкъуэлэныр слъагъун папщIэ сымыщIэн щыIэтэкъым. Ауэ, гъуэгу къыдимыту, ди зэхуаку дэлът лъэпкъитIыр зэпэщIэзыгъэувэ лъы щIыхуэ. Аддэ, пасэм, ди адэшхуэхэр джэгу щыIэу я зэхуаку къаугъэ къыщыдэхъуэм, а хъыджэбзым и адэшхуэм и къуэшымрэ си адэшхуэмрэ щIакIуэ кIапэ зэдытеувэн хуей хъуат.
- Ди лъэпкъым лъы уасэр ятыжыну хьэзырми, модрейхэм «лъыр лъыщ зэрытхьэщIыжын хуейр», — жаIэурэ ди зэманым къэсати, тIэкIу нэхъ ящыгъупщэж хуэдэу хъуами, махуэ къэс я хьэблэм шууэ удыхьэу укъыщалъагъукIэ, гужьгъэжь къыпхуамыIэныр Iэмал зимыIэт.
- Пшапэр зэхэуамэ, бгыпэр ди зэхуэзапIэу зэманыр кIуэрт, сэри, дэтхэнэ зи щIалэгъуэми хуэдэу, а пщащэм и лъагъуны-гъэм сихьырт. Ауэ, сытыт фIыуэ слъагъукIэ? Къызэрызамытынур хьэкъыу спхыкIауэ сщIэрт, езыми ар къыгурыIуэрт.
- Арами, гугъэм гъащIэ къыдитырт, фIэщхъуныгъэ гуэри къытхилъхьэрт…
- Нобэми си нэгум щIэтщ ди адэм и шыр…
- ЛIыжьым и хъыбарыр зэпыуащ… КъызэрыгумэщIам гу лъыптэрт. Ар игъэпщкIуну хэту, Уэлий тутыныр пигъэнащ.
- — Хъунщ, фыкIуэ, зывгъэпсэху, пщэдджыжь жьыуэ фыкъэтэджынущ.
- — Дадэ, кхъыIэ, адэкIэ къыпыщэт. Нэхъ дыщыдихьэх дыдэм зэпыбгъэуащ…
- — Хьэуэ, ПIытI, зэкIэ куэдщ ар. Зывгъэпсэху. Абы щыпытщэну зэманри къэсынщ.
- — НэхулъэфI укъикI-тIэ, дадэ, — жаIэри тэджыжащ Азрэтрэ Зауррэ.
- Къызэригъэгугъам тету, къыкIэлъыкIуэ махуэм щIалитIыр зыплъыхьакIуэ мэзым ишащ Уэлий…
- Дахащэщ мы дунейр! Гъатхэм и мэ гуакIуэр дэни къыщыпIуроуэ, удзыпцIэ дахэри псэм и щIэщыгъуэщ, гухэхъуэщ мы щIылъэ щхъуантIэм къыщыпкIухьыну. Жыгхэр дэнэкIи щызэщIэгъэгъами, мэз лъабжьэр, дахэ-дахэу дыгъэ зэрынэмысым къыхэкIыу, къэкIыгъэншэщ, ауэ абы къыщыщIэж псынэпс къабзэм и Iуфэм ущрохьэлIэ щхъуантIагъэ гуэрхэм. ДэнэкIи къудамэ гъуамрэ нэгъабэрей тхьэмпэ щыжамрэ щикъухьащи, жыг щхьэкIэм удэмыплъеймэ, пщIэнкъым бжьыхьэм и зэману фIэкIа. Къуалэбзухэм къраш уэрэдыр хыумыбжэмэ, мэз щIагъыр щымщ.
- — Фыкъеплъыт! — захуигъэзащ ныбжьыщIэхэм Уэлий, щIым телъ хьэкIэкхъуэкIэ лъэужьыр яригъэлъагъуу.
- — Сыт хуэдэ псэущхьэ ар зейр? — къыжьэдэлъэтащ Заур.
- — Мыр кхъуэпIащэм и лъэужьщ, иужьрей зэманым а джаурхэр щыбэгъуащ ди щIыпIэм.
- — Мо жыгыр сыт лъэпкъ, дадэ? — щIэупщIащ Азрэти.
- — Ар пхъэхуей жыхуаIэращ, мы щIыпIэм куэду къыщокI. Фэ абыхэм я цIэр фымыщIэну емыкIущ. Мор тхуейщ, абы пэмыжыжьэу щытым мэзыдэ къыпокIэ, мис мыри мышхумпIей жыг лъэпкъщ. Мобы феплъыт, ПIытI. БжьыхьэкIэ уэ ныпхуэсхь къущхьэмышхыр аращ къызыпыкIэр. Мыр хьэмкIутIейщ, баш къыхэпщIыкIыну уасэ иIэкъым. Мыри мейщ.
- Заур илъагъу псори и щIэщыгъуэщи, нэм къыфIэнэр зэпеплъыхь, ауэ Азрэт апхуэдэкъым. Ар упщIэрейми, фэуэ тетщ мызэ-мытIэу мыбы къызэрыкIуар.
- — Мыщэ щIэскъэ мыбы, дадэ?
- — Нэхъапэхэм щIэсу щытащ, ауэ иужьрей зэманхэм срихьэлIэжакъым. СощIэж си щIалэгъуэу ди гъунэгъу лIымрэ сэрэ мыбы пхъашэ дыкъэкIуауэ зэрыщытар. Жыг пыдупщIыну лъэныкъуэ зырызкIэ дызэбгрыкIат. Мыр хъунщ, жыхуэсIэм хуэдиз пхъэ згъэхьэзырри шыгур здэщыт щIыпIэм сыкъекIуэлIэжмэ, си гъусэр къысIэщIэлъагъуэркъым. Гузэвэгъуэр къыскIэщIэзэрыхьауэ, Iэгъуэблагъэр къызэхэзжыхьу щIызодзэ.
- ЩIыпIэр даущыншэщи, си джэ макъри жэуапыншэщ. Ауэ, зы зэман зэ абы и лъэужьыр къызогъуэтри, дакъикъэ бжыгъэ нэхъыбэ сымыкIуауэ, зы гъуэшхуэ гуэр къызолъагъу. Абы пэмыжыжьэу зы жыги щылъщ иудауэ. Гъуэ ихьэпIэри лъакъуапIэ защIэщ. Сэ ар зыхуэсхьынур къысхуэмыщIэу, гузэвэгъуэм сызэщIиубыдауэ зызоплъыхь, зыгуэр къыстеуэ хъумэ, срипэщIэувэнуи зыри сIыгъкъым. Сытми, апхуэдэу си пIэм сижыхьауэ сыздэщытым, си нэр тенащ Безыр и джы- дэ спэмыжыжьэу щылъым. Къэсщтар Iуэхут, нэхъри сызыгъэгузэвар ар зэрылъы защIэрт. СыздэкIуэнури сыздэжэнури къысхуэмыщIэу сыздэщытым, щэIу макъ къызэхэсхащ. Ауэ, зэуэ увыIэжати, къысфIэщIа си гугъащ. Аргуэру щызэхэсхым, ар къыздиIукI лъэныкъуэмкIэ сунэтIащ. ЛъакъуапIэхэм сригъуазэурэ джабэм сыздехым, къызолъагъу зы псэущхьэ пIащэ. Сыщхьэщыхьэмэ, гъэщIэгъуэныр солъагъу: Безыр и бгырыпхым кIэрыщIауэ къыздрихьэкI и хабзэ и сэмкIэ мыщэр фIигъэжарэ езыри абы теджэлэжауэ щылъщ.
- — Дауэ хъуа-тIэ, зыкъищIэжат? — фIэгъэщIэгъуэну щIэупщIащ Азрэт.
- — НтIэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, гъуэм пэгъунэгъуу щыт жыг итырыгъур къигъэуэну щыхуежьэм, зи шырхэм тегузэвыхь мыщэм зыкърипщытауэ арат. Куэдрэ зэрыфыщIа, къызэрелъэфэкIа нэужь, лIым мыщэм и пщэм зыщIидзэри фIигъэжауэ арат. Безыр Iейуэ зэхэчэтхъат, ауэ, и насыпти, лажьэшхуэ екIатэкъым. Абы ерагъыу зыкъезгъэщIэжащ… ИужькIэ мыщафэр зэгъусэу тетхщ, ди хьэлъэр иридгъэкъури дыкъежьэжащ.
- — Дэри зыгуэркIэ мыщэ дыхуэзэмэ, дауэ дыхъуну? — жи Азрэт.
- — Мыщэр умыгъэгужьеймэ, и гугъу умыщIмэ, игъащIэкIэ къыббгъэдыхьэнукъым, блэри аращ.
- — Дыгъужьыр щыетакъэ мыбы? — щIоупщIэ Заур.
- — Шэшэн зауэр къызэрыхъейрэ, а угъурсызхэр ди лъахэм щыбэгъуащ, ауэ ахэр мэз лъапэм къэсыркъым.
- «Мис мыпхуэдэ пхъэ гъурхэр къэфщыпурэ ныщIэфх», — жиIэурэ игъэлажьэрт Уэлий щIалэхэр. Шэджагъуашхэр къыщыблагъэм, дадэ Азрэт зыхуигъэзащ:
- — Азрэт, а уи хъуржыныр къызэрыхи, нэхъ щIыпIэ зэгъуэкI дей тхьэрыкъуэф Iэнэ къыщыухуэ, мафIэс къыщымыхъун, мафIэ щыпщI хъун гуэр дей, къыбгурыIуа?
- — НтIэ.
- — ТIури зэгъусэу фыкIуэ, сэри иджыпсту сыныхэкIыжынщ…
- Хьэуар мыбы зэрыщыкъаб-защэ! Зыжьэдишэ пэтми, Заур зигъэнщIыркъым. ЛъэмыкIыу и Iупэр фIызэтож зэзэмызэ. Апхуэдэу щIыщытри езы дыдэм уеупщIми къыбжиIэфынукъым. Дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъым гукъыдэж къузэритыр, къару къызэрыпхилъхьэр иджыщ абы нэсу щызыхищIар. Гуныкъуэгъуэ гуэрхэр иIэми, псори щыгъупщащи, пщIэнкъым нобэ щIэуэ къалъхужауэ фIэкIа. Езым хуэдэу зыхащIэу пIэрэ мы щIыпIэм и дахагъыр Уэлийрэ Азрэтрэ, хьэмэрэ есэжауэ къафIэмыIуэхужрэ?! Заур хьэкъыу пхыкIащ природэм упэгъунэгъумэ, гукIи псэкIи нэхъ къулей узэрыхъур. Iэмал имыIэу, дапщэщми зэ, къытригъэзэнщ мы щIыпIэм…
- ЩIалитIым мафIэр зэщIагъэстыху, Уэлий чы цIынэ тIэкIу иIыгъыу мэзым къыхэкIыжащ.
- — Дадэ, дыгъуэпшыхь зэпыбгъэуа уи хъыбарым, кхъыIэ, хъунумэ, тхупыщэж! — мэлъаIуэ Азрэт.
- — ТIэкIу дедзакъэмэ мынэхъыфIу пIэрэ? ФыкъэмэжэлIакъэ? — жиIащ лIыжьым, зыщхьэдигъэIухмэ, нэхъ къищтэу.
- — Хъун, дадэ?
- — Уа, ПIытI, нэхъ иужьыIуэкIэ… Зэман нэхъ диIэу… Иджыпсту Iэмал имыIэу щыткъым.
- — ИужькIэ дапщэщ дэ мыпхуэдэу хуиту дыщызэрихьэлIэнур? Тщымыгъупщэж щIыкIэ, и кIэм нэгъэсыж, кхъыIэ. А хъыджэбзымрэ уэрэ фи Iуэху дауэ хъуа? ПщIэгъуалэри дэнэ кIуэжа?
- — Тхьэщыхьэ жыхуаIэр мыракъэ, Заур? Абы сыхуэмеямэ, къезгъэжьэнтэкъым а хъыбарыр. Аращ-тIэ, уи жьыщхьэ уи бзэм ущыхуимытыжкIэ.
- — Ар нанэ ищIэрэ?
- — Уэри уэ, щхьэгъавэ! Мыбы фIэкIа шэрей зимыIэм уигъэукIытэну, зыгуэрым ухущIригъэгъуэжыну хэтщ… Ей, зэманыгъуэ, зэманыгъуэ! Дэри зэгуэр щIалэу дыщытащ, дитащ хъыджэбзхэм щакIэлъыплъ а фи ныбжьми. Фэри ди пIэм фыкъихутэнущ. Ауэ зэвгъащIэ: Iэпкълъэпкъыр жьы тфIэхъуами, ди гур иджыри щIалэщ… Хъунщ-тIэ… Дэндейт сыкъыщыувыIар? А-а, къэсщIэжащ… НтIэ, сэри сыерыщти, а хъыджэбзым и ужь сикIыртэкъым. Джэгу дыщыIэмэ, сяпэ зыгуэр къищу ар къезгъэгъэфэнутэкъым.
- ЦIыхум зыри ящыбгъэпщкIуфынукъым. Ди зэхущытыкIэр хъыджэбзым я унагъуэм ялъэIэсыжати, ар пщIантIэм къыдамыгъэкIыж хъуат. МазитIым щIигъуауэ Iэмал згъуэтыртэ-къым, сыхуэзэн дэнэ къэна, гъунэгъуу сыIуплъэну. И адэр зэ-рылIы ткIийм сыщыгъуазэти, нэгум къыщIэгъэхьэгъуейтэкъым хъыджэбзым псэкIэ игъэвыр. БампIэм сихьырт, ауэ хэкIыпIэ гуэри къысхуэгъуэтыртэкъым. Апхуэдэу куэдрэ екIуэкI зэрымыхъунур сщIэрти, Iэмалу щыIэм сегупсысу щIэздзащ.
- Пщыхьэщхьэ гуэрым си ныбжьэгъухэм яхуэсIуэтащ си Iуэху зытетыр, чэнджэщ гуэркIэ сащыгугъыу…
- ЛIыжьым и хъыбарыр зэпигъэури, чы цIынэхэм яфIэлъ лыр зэригъэдзэкIащ, тIэкIурэ ар мафIэм пэригъэлъыжа нэужь, я Iэнэм къытрилъхьащ. Лы гъэжьам и мэ гуакIуэр къазэрыIурыуэу, Зауррэ Азрэтрэ зыхащIащ Iейуэ къызэрымэжэлIар.
- — Фышхэ иджы, си щIалэхэ! — жи-Iэщ, тутыныр пигъанэри, хуэмурэ и псалъэхэм пищэжащ Уэлий.
- Арати, а хъыджэбзым и анэ дэлъхум и къуэу къыщIэкIа, абы щыгъуэ си ныбжьэгъуу слъытэу щыта Мэжид зэуэ зыкъызэкъуипхъуэтри къызэупщIащ:
- — Уэлий, а хъыджэбзыр нобэ уи IэмыщIэ къихуэмэ, си лъэIур къысхуэпщIэн?
- — Си къарум къихь лъэпкъ къэзгъэнэнкъым!
- — Тхьэ быдэу къысхуэпIуэфыну?
- — Узыхуей дыдэмкIэ соIуэ!
- — Уи адэ-анэмкIи пIуэн?
- — Си адэ-анэмкIи соIуэ!
- — Зэхэфхакъэ псоми? Ар цIыхухъу псалъэкъэ?
- — ЛIы и псалъэщ, — жаIэ адрейхэми зыжьэу.
- Мэжид апхуэдизу щIытригъэчыныхьыр сэ занщIэу къызгурыIуакъым. Ауэ а пщащэр си хъым къихуэну сщIэ закъуэмэ, схузэфIэкI лъэпкъ къэзгъэнэнутэкъым.
- — НтIэ, псалъэ щыптакIэ, Iуэхум и ужь сохьэ, — жи Мэжид.
- — Сэ сокIуэри, хъыджэбзыр къыдызош, ди анэм ар дыдей щигъэIэну лъэIуауэ жызоIэри. АдэкIэ фэ фи Iуэхужщ. Ауэ мыбы зыгуэркIэ сыхэтауэ иужькIэ сыкъыхэвмыгъэщыж къудей. Сэ, фыкъыздихуари фыкъыз-дикIари сымыщIэу, хъыджэбзыр сфIефхьэжьауэ жысIэнщ.
- ИужькIэ зыкъысхуигъазэри:
- — Уэ дыгъум уахэтауи услъэгъуауи жысIэнукъым. ДызэгурыIуа? Ауэ мыр здепхьэлIэнур къызжеIи, абы дыщызэхуэзэжынщ.
- — Си ныбжьэгъу ХьэматIхэ есхьэлIэнущ.
- Арати, дызэрызэгурыIуам тету Iуэхур зэхуэхъуащ. Пхъэрхэми мыбы ар щыIэу къызэрамыщIэнур фIы дыдэу тщIэрти, бзаджагъэм дыхуекIуэри, нэху щыху зейхэм хъыбар едмыгъэщIэну мурад тщIащ.
- Абдежым Мэжид лъэныкъуэкIэ сыIуешри къызоупщI:
- — ПщIэжрэ псалъэ къызэптар?
- — СощIэж!
- — НтIэ, укъигъэгугъэрэ ар пхуэгъэзэщIэну, уи лIыгъэр абы хурикъуну? — къызоупщI ар.
- — Сэ псалъэ стащ, схузэфIэкI лъэпкъ къэзгъэнэнукъым!
- — Сэ пхузэфIэмыкIын ппэзубыдынукъым, — жи Мэжид.
- — ЖыIэ-тIэ, апхуэдизу кIыхьу къыумыгъэкIуэкIыу.
- — КIуэи, а фи шы гъэфIэныр къысхудэшей! АдэкIи сэ жысIэр пщIэну псалъэ къызэт.
- Шыр зэрищIынур къысхуэмыщIэу Мэжид сыщеплъкIэ, ар къопсалъэ:
- — Сыт, ухущIегъуэжауэ ара?
- — Сэ жысIам зэи сыхущIегъуэжыркъым! Фыкъызэжьэ.
- Ди гъусэхэм ящыщ гуэрым и шыр хьэхуу къыIызох, си зы ныбжьэгъу гъусэ сощIри, сыкъохыж. МодэкIэ къэзгъэна пщащэм и деж си гур щыIэщи, согузавэ, зыгуэркIэ ХьэматI фIыщIашыжмэ, жызоIэри. Ауэ абы и псэр пыту апхуэдэ къызэримыгъэхъунур сощIэри, си гур тосабырэж… Сытми, унэм сы-къыщыблэгъэжым, гу лъызотэ ди уэнжакъыр зэрыIугъуэншэм. Ар и щыхьэтт унагъуэр жей IэфIым зэрыхэтым. ЦIыху жеяхэр хьэ банэ макъым къезмыгъэгъэушыжын щхьэкIэ, хадэ кIуэцIкIэ секIуэлIащ шыр здыщIэтым. Ар хуэмурэ уэрамым къытесшэри, дыкъежьэжащ. ДыздэкIуэм, си ныбжьэгъум зыкъысхуегъазэ:
- — Уэлий, мы Мэжид ущигъэуэну мурад гуэр имыщIауэ пIэрэ?
- — Мы жыпIэр сыт? — хуэздэркъым щIалэм. — ФIыуэ слъэгъуа хъыджэбзыр гъусэ схуэхъунымкIэ сэбэп къысхуэхъуам и зэран къызигъэкIыжынуи?
- — Уэ ар фIыуэ пцIыхуркъым, — къысхуидэркъым абы.
- Гупыр къыздэдгъэна щIыпIэм дыщызэрихьэлIэжащ. Мэжид къызбгъэдохьэри, аркъэныр къысхуишийуэрэ, уи шыр бгъэджэлэфын, жи. Сэри, сыту пIэрэ мыбы и гугъэр, жызоIэри, шы бэлэрыгъам и лъэр щIызоуд… Ар мэукIурий… ЩIалитI къыкъуокIри шым и лъакъуэхэр быдэу кIапсэкIэ зэрапх.
- — Уэ пта псалъэм ухущIегъуэжыну ухуитщ, ауэ абы и ужькIэ зи псалъэ тетыжыф цIыхуу удбжыжынукъым. Уи тхьэрыIуэр бгъэзащIэмэ, уи напэр къабзэу укъонэж. Къыхэх узыхуейр.
- — Сэ си напэр сыт щыгъуи къабзэщ, жысIа псалъэми сызэремыпцIыжынур фIы дыдэу фощIэ. Ауэ мы шыр къэдвгъэгъэтэджыж, гуэныхьщ.
- ИгъащIэм ар апхуэдэу щылъатэкъым, и псэм гузэвэгъуэр телъу. Абы зы етхэуэкIэрэ щыщыкIэрэ иIэти, нобэми си тхьэкIумэм икIыркъым…
- И гур къызэрызэфIэзэрыхьар къапщIэу, тIэкIурэ щыму щыта нэужь, лIыжьым и нэпс къызэпижыхьар илъэщIыжри, адэкIэ пищэжащ:
- — Уи псалъэм и пэжагъыр щыдгъэунэхуну зэманыр къэсащи, къащтэ мыр, — жеIэри, Мэжид къамэ къысхуеший.
- Мэжид и мурадыр къызыгурыIуа гупыр лъэныкъуитIу йоувыкI, зы лъэныкъуэр сэ си телъхьэщ, адрейр — мобы. Iуэхур зыIутыр къызгурыIуащи, си Iэр мэкIэзыз, си Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту мэтхытх… Мы псэущхьэ дахэр си IэкIэ дауэ сукIыжыну? Езыри гущIэгъунэкIэ къызэплъ хуэдэщ. Гу лъызотэ и нэм нэпс къызэрытелъэдам. Абы и нитIыр си нэгум щIэтщ нобэми. Къамэ къысIэщIалъхьар езы Мэжид и гущхьэм хэсIуну мурад сщIа къудейуэ, зыгуэр къопсалъэ: «Къэбгъуэтаи, апхуэдэ лIыгъэ абы хэлъ?» СщIэнур сымыщIэу сыщытщ, сэр сIэщIэлъу. Къыспаубыдыр сымыгъэзащIэмэ, си напэр текIыну къысщохъу. Ауэ зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэ хейм и псэр згъэныну си гум къысхуидэркъым.
- — Фэ фыгушыIэу ара хъунщ? — жызоIэ, зэрафIэщыр хьэкъыу спхыкIарэ пэт.
- — Псалъэ птащ, хъыджэбзыр уи ныбжьэгъум я деж щыIэщ…
- Сыкъэзылъхуахэм я цIэкIэ тхьэ сIуащ… Тхьэр къыбдэджэгунукъым… Си Iэр кIэзызу, къамэ жан къысIэ-щIалъхьар шым и пщэм хузохь, ауэ сыкъоувыIэжри, къысщхьэщытхэм сахоплъэ. Си телъхьэхэри Мэжид джаурым хуоплъэкI. Аргуэру зыгуэр къопсалъэ:
- — Мэжид, мыбы хузэфIэкIынур уолъагъу. Мы лажьэ зимыIэ шым гущIэгъу хуэпщIынуми и псэр бгъэнынуми уэращ хуитыр. Уи фIэщ хъуакъэ Уэлий и псалъэм зэремыпцIыжынур, тобэ къэхьыж!
- — Сэ жысIам сытекIыу сесакъым, — жи Мэжид.
- Мы дунейм теттэкъым сызэмыгупсыс, ауэ хэкIыпIэу щыIэр е си напэр сщэжынырт, е шым сепцIыжынырт. Мы хъарыпыр къыхызохри, ныбжьэгъухэм дауэ саIуплъэжыну? Иджыпсту къыздэщIхэми къахэкIыжынущ иужькIэ къысхуэпсэлъэжын. Напэр къыхэсхми, си адэм и пащхьэм дауэ сихьэжыну? ФIыуэ слъэгъуа хъыджэбзми къилэжьу пIэрэ абы папщIэ мыпхуэдэ лей блэжьыну? А упщIэхэм я жэуапыр абы щыгъуэ сэркIэ IупщIтэкъым…
- Сэ къыхэсхащ напэр, схъумэжащ си лIыгъэр, апхуэдэу жыпIэ хъунумэ. Мы си IитIым лъыр, а псэущхьэ дахэм и лъыр, кIэрымыкIыжауэ ноби кIэрылъу къысщохъу. СтхьэщI пэтми, къабзэ схуэщIыжыркъым, а тхьэмыщкIэм и хеилъ къабзэр мы си Iэм кIэрызыгъэкъэбзыкIыжыфын сабыни, е нэгъуэщI IэтхьэщI гуэри иджыри къыздэсым къагупсысакъым икIи дунейр къутэжыхуи къахуэгупсысынукъым. IупщI дыдэу си нэгум къыщIохьэж абы и псэр щызгъэна дакъикъэхэр… Етхауэу, кIэзызу и псэр хэкIырт абы. Псом нэхърэ нэхъ гущIыхьэ сщыхъуар и нитIым къыщIэува нэпсым къапхыплъу: «Сыту угущIэгъуншэт уэ! Къуаншагъэу сытыт сэ мы дунеишхуэм щызлэжьар!» — жиIэ хуэдэу ар къызэрысхуеплъэкIыжарат. КIэщIу жыпIэмэ, а дакъикъэм сэ си гум щыщIар зыщIэр Алыхь закъуэращ.
- Къэбэрдей лъэпкъыш гъуэзэджэ абы къыщIэхъуэну зэрыщытам сыщегупсысыжкIэ, си гур мэуз… Ар гум фэбжьу къытенауэ нобэр къыздэ-сым къыздызохьэкI. Ар зыгъэхъужыфыни щыIэкъым…
- Аращ абы щыгъуэ си щIалагъэ-делагъэм, си щхьэпсыншагъэм къысхуихьар. Ди адэми ар къысхуимы-гъэгъуфу дунейм ехыжащ…
- Мэжидыжьым сыхуэзэжат иужь-кIэ. Ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщ. Къэсынщ абыи и чэзур… Сэ къызгурыIуар зыщ: лейр зэи гъуркъым. А шым и гуэныхь къэсхьам сигъэкIуакъым. Ди щхьэщыгу итым си щIалэ закъуэр щIысIихыжар арауэ пIэрэ, жысIэу иужьрей зэманхэм согупсыс. Ауэ, сыт си Iэмал, блэкIам къысхуегъэгъэзэжынукъым…
- ЛIыжьым и хъыбарыр зэриухам и щыхьэту, и нэпсыр щIилъэщIыкIыурэ, хуэму къэтэджащ. Ауэ, къикIукI-никIукIыурэ тIэкIу зызэтриубыдэжа нэужь, щIалэхэм къабгъэдэтIысхьэжащ. Хъыбарыр я гум зэрыщIыхьар къапщIэу, Зауррэ Азрэтрэ хэплъэу щыст, зэми Уэлий ягъэзахуэу, зэми ягъэкъуаншэу. Заул дэкIри, Заур щIэупщIащ:
- — НтIэ, а хъыджэбзым и Iуэхур дауэ хъужа?
- — Дауэ хъун, апхуэдэм деж зэрыхъу хабзэм ещхьу, ар зейхэр лъыхъуэм-лъыхъуэурэ нэху къащытещхьэм, ди лъэныкъуэмкIэ икIри хъыбар ирагъэщIащ. Ауэ сыт ящIэжынт, хамэ щIыпIэ уипхъу нэху къыщекIауэ, къыщIэпшыжынт? Тау-тач жрагъэIэри, тесабырэжахэщ.
- — КъызгурыIуэркъым зыри. НтIэ, дэнэ ар здэкIуэжар, ибгъэкIыжауэ ара?
- — Сыт щхьэкIэ, ди унагъуэм ис фызыжьыр-щэ?
- — Данагъуи?! Си гущхьэ къэкIынтэкъым…
- — Нанэ щхьэкIэ апхуэдиз бэлы- хьым ухэтауэ ара? Сыту гъэщIэгъуэн къыджепIа, дадэ! — жи Азрэт.
- — Сэ мыращ вжесIэнур: «Мы гъащIэр бзаджэщ. ЦIыху псоми жаIэр фи фIэщ фымыщI! ЗыгуэркIэ фылъэпэрапэмэ, къыфщыгуфIыкIын мымащIэу зэрыщыIэр зыщывмыгъэгъупщэ!»
- И щIалэгъуэм къыIэщIэщIа щыуагъэр къытехьэлъэу Уэлий иджыри къэс псэуами, Азрэтрэ Зауррэ яхуиIуэтэжри, и псэр мащIэу тыншы- жат. ЩIалэхэм чэнджэщ щхьэпэ яритати, ари гупсэхугъуэ хуэхъуащ лIыжьым.