ДиIэщ дэри псэ
2015-12-29
- Жылокъуэ Мухьэмэд Мысост и къуэр 1939 гъэм Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ. Школыр къиухыу Баку дзэм къулыкъу щищIа нэужь, Налшык дэт технологие техникумым щеджащ. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, гъэшхэкIхэм щелэжь комбинатым илъэс куэдкIэ щыIащ.
- Сабий дыдэу, 4-нэ классым щIэсу, усэ кIэщI цIыкIухэр итхын щIидзащ Мухьэмэд. КъинэмыщIауэ, адыгэ макъамэм хуабжьу дехьэх нэхъыжьыфIыр, уеблэмэ езым и усэхэм макъамэ щIегъэувэж.
- Сабийхэм я гъыбзэ
- Адрей сабийхэми яхуэдэу,
- Дыкъалъхуахэт дэри адэ-анэм
- Ауэ, гуфIэгъуэ дамыгъэлъагъуу,
- ЗэбгъэдокIыжхэр, я гур къытщIэмыгъуу.
- Сыти ди лажьэт, сыти фэтщIат
- ЕкIуэлIапIэншэ зэхэзедзэну,
- Зеиншэ къабзэу дыкъэвгъэнэну,
- Ар дауэ фи гум тевгъэхуэфа?
- Насып фимыIэр къыщыфлъыхъуэну
- Фызытехьари сыт хуэдэ лъагъуэ,
- Фемыгупсысу дэ ди къэкIуэнум,
- Сабий насыпым и псыпэр вгъэгъуу.
- Фи псалъэ гуапэт дызыхуэныкъуэр,
- Дыхуейт къэфщIэну ди гур щIэныкъуэр,
- ЗыщыдмыгъэнщIу дыщIэплъэу и нэм,
- Тыншу дилъыну и IэплIэм анэм.
- Ауэ дыфщIри пэIэщIэ а псоми,
- ФлъэкIащ дефтыну сабийхэм я унэм,
- Мыбы тыншыпIэ щимыхуэу ди псэр,
- Дохъуапсэ бгъэдэсым я адэ-анэм.
- Дыкъэзылъхуауэ ди адэ-анэ,
- Фи дежи къэсынущ зэгуэр зэманыр —
- ФызэриIахэр бын къэфщIэжауэ,
- Дыкъэфлъыхъуэну фыкъежэжьэнущ.
- ЗэвгъащIэ быдэу, псэ дэри диIэщ,
- Ауэ фхуэхъуащ ар мыл кIанэ щIыIэ,
- Хэдмыгъуэтэжу хуабэ фэр щхьэкIэ —
- Сыт хэкIэсауэ тобэ къэпхьыжкIи?!
- ЦIыхугъэ зиIэм гущIэгъу къыфхуащIмэ,
- Жьыхэр щапI унэм фратыжынщ,
- Абы щывгъакIуэ нэужь фи гъащIэр —
- ГъащIэр зищIысыр къывгурыIуэнщ.
- Сыныппоплъэ
- Пшапэр хуэмурэ зэхоуэ,
- Гъатхэ махуэр йотIысэх.
- Ди лэжьыгъэхэр духауэ,
- Хъыджэбз цIыкIухэр тIэкIу дешауэ,
- Унэм дызэбгрокIыж.
- Сэри пэшым сыщIохьэж.
- Си гур пэшым щIэмызагъэ —
- ФIыуэ слъагъур къыкъуэмыкI,
- Сыпежьэну сыкъыщIокI,
- ЩтэIэщтаблэурэ зысплъыхьу,
- Хуэму хадэмкIэ сынохьэ —
- Си губампIэр згъэтIысыну
- Хьэуа къабзэ жьэдэсшэну.
- Жьыбгъэм жыгхэр егъэхъей,
- Жыг къудамэм зыкъагъэщхъ,
- СагъэудэIуну хэт нэхъей,
- ПщIащэ цIыкIухэр къысхуощхъыщхъ.
- ЗыхащIауэ си гум илъыр,
- СфIощIыр ахэр къызэпсалъэу:
- ТIэкIу пэплъэж,
- Къэсынщ уи щауэр,
- ИкъукIэ уэ къыпхуэзэшауэ,
- УщIигъэдэIунщ и псалъэм,
- КъуиIуэтылIэу и гухэлъыр.
- Къуитыжынщи псэ тыншыгъуэ,
- ГъащIэр пхуищIыжынщ щIэщыгъуэ.
- Хадэм жьыбгъэр йожыжыр,
- ПщIащэхэм я щхъыщхъыр зыдихьыжу.
- Ауэ сыщIыхьэжкъым унэм —
- Сожьэр щауэр къыщыкIуэнум,
- Зэ нэхъ мыхъуми сыIуплъэну,
- Жэщым тыншу сыжеину.
- ЖЫЛОКЪУЭ Мухьэмэд.