Шы лъэмакъыр сыту дахэ, Ар макъамэу зэхызох…
2015-11-11
- Адыгэм и тхыдэр а псэущхьэ дахэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар зэрытщIэм и мызакъуэу, ди шы лъэпкъым и бэшэчагъымрэ абы хуаIэ лъагъуны-гъэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм къыщагъэлъэгъуащ тхакIуэ, усакIуэ куэдми. Ди тхыгъэм псалъащ-хьэ хуэтщIа сатыритIыр зи усэм къыхэтха Iэдакъэ къыщIэкIа Лыкъуэжь Нелли а гупсысэм дыхешэ.
- Адыгэшыр ныбжьэгъу пэжу зэпымыууэ щытащ, абы тесыр губгъуэм къринэу и щхьэ закъуэ унэм ирихьэлIэжу зэи къэхъуакъым. Апхуэдэу ар и лъэпкъым бгъурытащ Хэку зауэшхуэм и зэман нэхъ гуащIэхэми. Ди лIыхъужьхэр, ди блэкIар, лъэпкъым къыдекIуэкI фIыгъуэхэр тщыгъупщэ зэрымыхъунур ди зэманым жаIэ зэпытщ икIи абы ехьэлIауэ IуэхуфIхэр къызэрагъэпэщу хуежьащ.
- «Кавказым — мамырыгъэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ, «Звезда» урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм, Урысейм адыгэш щызыгъэхъухэм я зэгухьэныгъэм, Аникеевым и цIэр зезыхьэ, ады-гэшхэр заводым къыхалъхьэри, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 зэрырикъуам траухуат иджыблагъэ Краснодар крайм и Баговскэ жылэм щегъэжьауэ Фыщт Iуащхьэм (Сочэ) нэс къызэрагъэпэща зекIуэр. Шууейхэм ТекIуэныгъэм и бэракъыр абдежым щаIэтащ.
- Iуэхур зэрекIуэкIам дыщегъэгъуазэ абы хэта адыгэ щIалэ, «1 КъБР» телерадиокомпанием и лэжьакIуэ Щоджэн Мурат: — «КъызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкIыу ди республикэм и Iэтащхьэм деж письмо къэкIуащ, а Iуэхум хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрырагъэблагъэр иту. Мэкъумэш хозяйствэмкIэ министерствэм унафэр зэфIэхыныр и пщэ иралъхьэри, абы кIуэну щIалэхэм яхуэзащ, шууейуэ 8 дызэхуашэсащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм, Адыгэш зыгъэхъухэм я зэгухьэныгъэм къабгъэдэкIыу удз гъэгъахэр фэеплъым тетлъхьэну здэтшащ. Пщэдджыжьым Баговскэм деж пэкIу щекIуэкIащ. Ди республикэм къищынэмыщIауэ, а Iуэхум хэтащ Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар крайм, Москва, Санкт-Петербург щыщ шууей 40-м нэблагъэ. Псори адыгэш тесащ, лъэпкъ фащэ ящыгъащ. Ари мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхугъуэ хьэлэмэтт. Махуищым зэпытча гъуэгуанэм дызэдыхэ-тащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр. Мы зекIуэр къызэзыгъэпэщахэм цIыхухэм я деж нахьэсыну я мурадар лъэпкъхэр зэгурыIуэу, залымыгъэм щыхъумауэ, къэралым зэхущытыкIэ дахэ илъу псэуным и мыхьэнэр ирагъэлъагъунырт. Илъэс 70-кIэ узэIэбэкIыжмэ, а ТекIуэныгъэр лъэпкъхэм зэгъусэу къызэрахьам, а зауэм зэкъуэту зэрызэдыхэтам, зэрызэгурыIуам я щапхъэр щIалэгъуалэм егъэлъагъупхъэщ. Баговскэм дынэса иужь пэкIу екIуэкIащ, Мостовской районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Ласунов Сергей къытIущIащ. Удз гъэгъахэр дгъэтIылъа нэужь, ди гъуэгум пытщащ. Лэгъонакъ щIыпIэ дахэр тлъэгъуащ, абы дикIри, текIуэныгъэм и ныпыр Фыщт Iуащхьэм щытIэтащ.
- Я нэхъыжь дыдэм и ныбжьыр илъэс 70 хъу шу зекIуэм гуапэу къащыIущIащ Адыгэ Республикэм. Абыи пэкIу щрагъэкIуэкIащ. Къызэхуэсахэм жаIэнрэ зэхуаIуэтэнрэ яIэт.
- — Иджырей зекIуэм нэхъ гугъуу хэлъыр гъуэгу здимыIэ щIыпIэ- хэр зэрызэпыдупщIырщ. БгылъэхэмкIэ, мывэкIэщхъ лъагъуэхэмкIэ, къуацэ-чыцэхэмкIэ дыкIуэцIрокI. Ауэ зы гупсысэм псори тщегъэгъупщэ — ар ди адэжьхэм лIыхъужьыгъэ щызэрахьа щIыпIэхэр дэри зэрызэпытчырщ, — жиIащ «Звезда» урысейпсо жы-лагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Моргунов Алексей.
- Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институ- тым и къудамэм и Iэтащхьэ, адыгэшхэр къэрал тхылъым изытхэ Амщокъуэ Хьэжысмел къыхигъэщащ Iуэхугъуэм и му- рад нэхъыщхьэхэм адыгэшым и гъэсэныгъэмрэ бэшэчагъымрэ ягъэлъэгъуэнри зэращыщыр.
- — Адыгэшым ди зэманми щIэупщIэ иIэщ, ар Европэм и къэрали 9-м щагъэхъу. Шы лъэпкъхэр зэрыттхэ тхылъыр абыхэми щызыдохьэ. БжыгъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэ тхылъым иджыпсту итщ адыгэшу мини 3. СызэреплъымкIэ, абы куэдым гулъытэ къыщIыхуащIыр и бэшэчагъыращ, — жиIащ Амщокъуэм.
- — Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зыр адрейм бгъурыту ди адэжьхэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ. Шэшэн, ингуш хьэ-мэ адыгэ жаIэу зэхагъэкIакъым, нэхъыщхьэр — бийр Хэкум ихужынырт. Ар абыхэм къехъулIащ, зэкъуэтти. Ди япэ итахэм яхуэфэщэну дэри дыпсэун хуейщ, — жиIащ адыгэш ща- гъэхъу заводым и унафэщI Аникеев Сергей.
- — Мыпхуэдэ Iуэхухэм политикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ, лъэпкъхэр зэгъунэгъу щIынымкIэ яхэлъ мыхьэнэм къищынэмыщIауэ, адыгэшым дежкIи ахэр куэд и уасэщ, — пещэ и гупсысэхэм ди псэлъэгъу Щоджэн Мурат. — Къапщтэмэ, адыгэшыр дуней псом къыщацIыху, ауэ бгъэхъу къудей мыхъуу, абы гъэунэхупIэ етын хуейщ. Махуищым къриубыдэу километр 300-м нэблагъэ къэткIуащи, я бэшэчагъыр къыдагъащIэу зекIуэр етхьэкIащ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр дызэхэтащ. Къэзакъхэм: «тфIэдахэу, ди псэм Iэпихыу къэтщтауэ тщыгъ фащэр адыгэм зэрейр къыдгуроIуэ, и къежьапIэр дощIэ. Фащэм и закъуэкъым адыгэм къыдэфтар, щапхъэ Iэджэ фтетхащ», — жаIэу щызэхэтхым ари ди гуапэ хъуащ. Апхуэдэу къытхущыту, ину далъытэу зыщIар дэракъым, лъэпкъхэм я лъагъуныгъэр къэзыхьэхуар ди адэшхуэхэращи, зэман блэкIауэ уи лъэпкъым и фIыщIэр къыщыбжаIэкIэ, гухэхъуэщ, дауи. Ар щапхъэ тхуэхъун хуейщ.
- Щоджэн Мурат и шым тесу мы Iуэхум жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ. Нэхъ ипэкIи километр 500 къызэщIэзыубыда зекIуэм (2008 гъэм) ар хэтащ, 2014 гъэм Франджым километр 1300-рэ къыщызэпычыным траухуа зекIуэми и «ныбжьэгъум» и гъусэу щы- Iащ, мы гъатхэми, ТекIуэныгъэм ирихьэлIэу, Дзэлыкъуэ районым шууей 12 хъууэ, фащэ ящыгъыу дыхьащ.
- — ТекIуэныгъэм и ныпыр тIыгъыу къуажэхэм дыдэтащ: ныбжьыщIэхэм деуэршэрылIэу, нэхъыжьхэм я псалъэ, я чэнджэщ дыщIэдэIуу къэткIухьащ, — жеIэ Мурат. — Адыгэ фащэр лъэпкъым и щэнхабзэ нэхъ ин дыдэщ, адыгэшри аращ. Фащэр, къафэр, адыгэшыр апхуэдиз илъэс бжыгъэм къыддэгъуэгурыкIуащи, ахэр дяпэкIи тхъумэныр ди пщэрылъщ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.