Лъэпкъыр зыхъумэр и хабзэрщ
2015-11-11
- Лъэпкъ Iуэхум гурэ псэкIэ бгъэдэтщ Израилым хыхьэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм щыпсэу, абы дэт Адыгэ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьейр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ ди хьэщIэм къыджиIахэм.
- — Зухьейр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и X Конгрессым ухэтащ. Сыт хуэдэ гупсысэ къыхэпха абы?
- — Израилым щыпсэу адыгэхэр илъэсибгъу хъуауэ хэттэкъым ДАХ-м. Адыгэ Хасэм зэман кIыхькIэ дызэрыхэмытар зэран къытхуэхъуащ, езы Хасэми абы и зэран екIащ.
- Сэ жаIэу зэхэсха къудейуэ аращ Дунейпсо Адыгэ Хасэр дапхуэдэу лэжьами, сыт хуэдэ мардэхэм тетами. Иджы къызэрысщIамкIэ, ар мыхьэнэшхуэ зиIэ, лэжьыгъэ щхьэпэ щызэфIагъэкI зэгухьэныгъэщ. Дэнэ щIыпIэ щыпсэу адыгэхэри дызэхуэзащ. Мыарэзы гуэрхэри щыIащ хэхыныгъэ махуэм, апхуэдэ гуэр зыхэмыт Iуэхушхуэ пхуегъэкIуэкIынуи къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, Адыгэ Хасэм къеныкъуэкъу цIыхухэми дагурыIуэн, яхудэтчыхын хуейщ. Абыи Iэмал гуэр иIэу къыщIэкIынущ. ДАХ-м и IуэхущIафэхэр цIыхухэм ялъагъуну Iэмал етыпхъэщ. Демократие щыIэн хуейщ жыхуэсIэщ. Пэжщ, а псалъэр цIыхухэм зэхъуэкIауэ къащыгурыIуэ урохьэлIэ. Демократием къикIыркъым умыгупсысэу уи щхьэм къищхьэрыуэр жыпIэну, зыгуэрым гуемыIу еппэсыну, и жагъуэ пщIыну.
- — Хэкум уи щыпэ къакIуэкъым, зэбгъэцIыхуну ухунэсауэ къыщIэкIынщ…
- — Налшык куэдрэ сыкъэкIуащ, ауэ мы иужьрейуэ сыкъыщеблэгъэжам нэхъыбэ слъагъуну, куэдым гу лъыстэну Iэмал хъарзынэ сиIащ, адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIыр нэсу зыхэсщIащ. ЗэIущIи сыхэтащ, джэгуи сыхэплъащ, сыкъэфащ, ерыскъы IэфIи зэдэтшхащ. Сигу къинащ Бахъсэн щIыналъэм зэрызыщыдагъэплъыхьар. СыкъытеувыIэнут Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий ды- зэрыIущIам. Дэтхэнэми ди гупсысэм къедэIуащ, жэуап къыдитащ, къэтIэта Iуэхугъуэхэм гулъытэ зэрагъуэтынур къыджиIащ. Дауи, адыгэ Iуэхущ нэхъыбэу дызытепсэлъыхьар. Къызэрыдгъэлъэгъуащи, иджыпсту псом нэхъапэ игъэщыпхъэр Сирием ис ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхуращ. Абыхэм къатепсыха гуауэр дэри къыдэхьэлIащ. Сэ Iыхьлы сиIэщ Сирием щыпсэууэ — си анэ шыпхъум и къуэхэр абы щыIэщ. Дауэ абы я гукъеуэр зэрызыхэзмыщIэнур?! Сабий псэ хейхэр гуузу щыкIуэдкIэ, дауэ абыхэм уазэрыщIэмыгупсысынур?! «Зыгуэр фщIэ, кхъыIэ» — жаIэу мэлъаIуэ Сирием щыIэхэр. МэлъаIуэ, хэкIыпIэншэ хъуащи. Кфар-Камэ дэс адыгэхэм псапащIэ фонд диIэщ илъэси 4 хъуауэ. Ахъшэ зэхалъхьэри Иорданием ирагъэхь. Иорданием йокIри, езым я гъуэгукIэ Сирием ирагъэхьыж ар.
- Сирием щекIуэкIыр мыхъуамэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж дыщеблэгъам дызытепсэлъыхьын куэду щыIэт: бзэр, фащэр, ди щэнхабзэр, нэгъуэщI куэди. Гупсысэ нэхъыщхьэу мы Iуэхугъуэхэм узыхуашэр зыщ — хэкум ис адыгэхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIа-уэ, зэлъэIэсу, зэкIэлъыгъуазэу щытын хуейщ.
- — Зухьейр, Кфар-Камэ дэт Адыгэ музейм и гугъу къытхуэщI.
- — Ар къызэIутхат илъэсибгъу ипэкIэ. Тхьэухъуэ Закарие адыгэм къыдекIуэкI хьэпшыпхэр зэхуэхьэсын щIидзат. Куэдым къамыгъэсэбэпыж хьэпшыпхэр хыфIа-дзэжырти, лъэпкъым дежкIэ ахэр зэрылъапIэр къызыгурыIуэ щIалэм ахэр ихъумэрт. Закарие зэхуихьэса хьэпшыпхэр куэд хъуащ, илъэс зыбжанэкIи ахэр щигъэлъащ «Хэкум тхьыжынщ» жиIэу. Хьэпшыпхэр куэд щыхъум, музей къызэIутхыным дригъэхъуэпсащ. Аращ щхьэусыгъуэ хуэхъуар абы. Бэджэнду унэ цIыкIу къатщтэри, абдеж хьэпшыпхэр я пIэ щидгъэзэгъащ. Мазэ зыбжанэ дэкIри, музейм цIыху куэд къекIуалIэ хъуащ, илъэс дэкIри, туристхэр мин бжыгъэкIэ къытхуебла-гъэу щIадзащ. Арати, музейми зиубгъуащ. Иджы ар «Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым» хэтщ. Абдеж тхыдэр къызыхэ- щыж кинохэр щагъэлъагъуэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр щапщэфI шхапIэ хэтщ, адыгэ къафэми гулъытэ хуащI. Мы Iуэхум папщIэ дэ сэбэп къытхуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен. Музейм зыгъэпсэхугъуэ махуэ имыIэу догъэлажьэ. КъекIуалIэу хъуар (сыт хуэдэ лъэпкъри) къыдогъэблагъэ, ди чэнджэщ, ди дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэм сэбэп дыхуохъу. ЗыщIыпIэ адыгэм теухуауэ хьэпшып къыщытлъагъумэ, зыIэрыдогъэхьэ. Псом хуэмыдэу, тхылъхэр сфIэфIщ. Хэкум сыкъэкIуэжыху, адыгэбзэкIэ тхауэ тхылъ куэду здызохь — ахэр ди музейм и гъэтIылъыгъэшхуэщ. Адыгэм ди щэнхабзэр телъыджэщ, нэгъуэщI лъэпкъхэр щIызыIэпишэри аращ. Уеблэмэ музейм къыщIыхьэ хьэрыпхэмрэ журтхэмрэ адыгэм теухуауэ проектхэр ящI. Адыгэ бзылъхугъэм, къафэм теухуауэ проект ягъэхьэзыращ журтхэм. Адыгэ макъамэм теухуауи журт университетым кърагъэхьащ апхуэдэ зы лэжьыгъэ. Рихьэниеми музей дэтщ. Ар нэхъ цIыкIущ, ауэ нэхъапэ къызэIуа-хащ. Абыи дыдолажьэ. Му-зейм хьэрычэт иритщIыркъым, абыкIэ лъэпкъ Iуэху зетхуэу аращ.
- — Я щыIэкIэ-псэукIэкIэ, хабзэ, бзэ я лъэныкъуэкIэ сыт я шыфэлIыфэ къуажитIым — Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ?
- — Рихьэниерэ Кфар-Камэ- рэ муниципальнэ Хасэ дэтщ. Рихьэнием Гъыш Самир, Кфар-Камэм Нэпсо Закарие я тхьэмадэщ. Иджы Хасэшхуэ щIын хуейщ. Илъэс нэблэгъауэ абы дытолажьэ. Рихьэнием унагъуэ 1014-рэ дэсщ, Кфар-Камэм — 3300-рэ. Пэжщ, Рихьэнием хьэрыпу 300 хуэдиз щопсэу, къэралым къахигъэтIысхьауэ. Рихьэние дэсхэр абэзэхщ, Кфар-Камэ щыщхэр шапсыгъщ. КъуажитIми адыгэ хабзэр хъарзынэу щызокIуэ, гуфIэгъуэ е гуауэ ирехъуи. Адыгэм и хабзэкъым уи Iыхь-лы е гъунэгъу дыдэ къэпшэ-ныр. Кфар-Камэ дэс щIалэхэм Рихьэние щыщ хъыджэбзхэр къашэ, щIалэхэми ди къуажэ пщащэхэр яшэ. Къэбэрдейм щыщ малъхъэхэр, нысэхэр диIэщ. Абы и IуэхукIэ Интернетыр сэбэп хъууэ си гугъэщ — хъарзынэу зэрегъэцIыху. КъуажитIми дэлъыр адыгэбзэщ. Сабийхэр шко- лым мыкIуауэ нэгъуэщIыбзэ къащIэркъым. ЕтIуанэ классым щегъэжьауэ хьэрыпыбзэрэ журтыбзэрэ ирагъащIэ, етхуанэ классым нэса нэужь, инджылызыбзэр ирагъэдж. Къуажэхэм я уэрамхэми, тыкуэнхэми, сымаджэщхэми, нэгъуэщI IуэхущIапэхэми щызэхэпхыр адыгэбзэщ. Уэрамхэм я цIэхэр бзищкIэ (адыгэбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, журтыбзэкIэ) тетхащ. Я фIэщыгъэхэр адыгэщ. Налшык, Шапсыгъ, Къэбэрдей уэрамхэр диIэщ. Хэкум никIыу накIуэхэр а фIэщыгъэхэр зытетхам деж увхэурэ сурэт зытрагъэх. Апхуэдэщ Израилым дэс адыгэхэм я хъыбарыр.
- — Уэрамхэм адыгэцIэхэр тетхащ, щIэблэ къыфхэхъуэмэ, адыгэцIэ фIэфщрэ?
- — Сэ сызэрыцIыкIурэ сро-бампIэ Зухьейр къызэрысфIащам, си анэми куэдрэ жызоIэ ар. Нэхъапэхэм муслъымэныцIэ жаIэрти, дызыхэс лъэпкъым я цIэхэр фIащырт куэду. Иджыпсту лъэпкъ гупсысэр нэхъ къэушыжауэ жыпIэ хъунущ, адыгэцIэхэр фIыдощ. Сэ си хъыджэбзым Саещ (фащэ) и цIэр. Пщащэхэм Нэхунэ, Гупсэ, IэфIынэ, нэгъуэщIхэри фIащ, щIалэ цIыкIухэм — Сосрыкъуэ, Аслъэн хуэдэхэр.
- Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.