ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НэпкъитIыр зэроубыдыж, е Илъэс куэдкIэ зыпэплъа лъэмыж

2014-04-16

  • Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей-Балъ­къэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Юрий Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ищхьэрэ къуажэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту мэлыжьыхьым и 14-м автомобиль лъэ­мы­жы­щIэ къыщызэIуихащ. Абы теухуа зэIущIэ гуапэм хэтащ республикэм и Правительствэм щыщхэр, куей администрацэм и унафэщIхэр, къуажэдэсхэр.
  •  
  • Мы махуэр жылэм и тхыдэм Iуэху дахэу хыхьэнущ. Сыту жыпIэмэ, ар илъэс 32-кIэ зыпэплъа ухуэныгъэщIэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1982 гъэм къуажэкум деж псым лъэмыжыр щытрихри, унагъуэ 60-м щIигъу щхьэхуэ хъуауэ щытащ. Я къарукIэ тралъхьэжыну хэтами, абы пэмылъэщурэ, нобэм къэсащ. Мы гъэм мазаем и 13-м КIуэкIуэ Юрий лэжьыгъэ Iуэ­хукIэ щахуэ-          кIуам къулъкъужындэсхэм я гукъеуэр къы­хуаIуэтащ. Абы щыгъуэ куэдым я фIэщ ­хъуакъым мазитI нэхъ дэмыкIыу апхуэдиз илъэскIэ зэжьа лъэмыжым теухуа гуфIэ­гъуэкIэ жылэр зэхыхьэну. «Ай Би Си Промстрой» компаниер а Iуэхум яужь ихьэ­ри, махуи 10-15-м къриубыдэу нэпкъитIыр зэпащIэжащ.
  • Илъэси 100-м щIигъуа, Хэку зауэш­хуэм и ветеран къуажэдэс нэхъы­жьыфI Пщы­хьэщIэ Нащир жылэм дэс­хэм къабгъэ­дэ-кIыу КIуэкIуэ Юрий фIыщIэ хуищIащ, республикэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэ­фIэкIуэным гулъытэшхуэ зэ­ры­­­хуи­щIыр гуапэ зэращыхъур къыхигъэщащ.
  • — ЛъэмыжыщIэм пыщIа Iуэху псори зэфIэзыгъэкIар «Ай Би Си Промстрой» компаниерщ. Ар инкъым, ауэ къуажэдэсхэм я дежкIэ абы и мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэным хуэ­дизщ. Зэман кIыхькIэ ухуэныгъэщIэм пэплъахэм гупсэхугъуэ зэрагъуэтыжынум шэч хэлъкъым. Нобэ ди нэгу щIэкIыр къэ­рал-уней зэдэлэжьэныгъэм и фIыгъэщ. А щапхъэфIыр республикэм ­нэхъ тегушхуауэ къыщагъэсэбэпыну сыщогугъ, — къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зы­гъэ­защIэм. — Бизнесыр дакъузэу жаIэу зэ­хыдох. Абы пэж гуэрхэр хэлъми, езыхэми щрагъэлей, щхьэхуещагъэр къащытекIуэ щыIэщ. Арами, Iуэхур зэIубзу, пэжу зезыхьэхэр, республикэм и сэбэп зыхэлъхэм хьэлэлу телажьэхэр, цIыхухэм я зэIузэпэщ псэукIэр зы­фIэлъапIэхэр мащIэкъым. Къулъкъужын Ищхъэрэ, Къулъкъужын Ипщэ къуажэхэм я гъуэгу нэхъыщхьэхэм щыщу километр 20-м нэблагъэм асфальт зэрытралъхьари къэрал-уней зэдэлэжьэныгъэм тещIыхьа программэхэм тетущ. Ари Iуэхушхуэу къызолъытэ. Иджыри зэ къытезгъэзэжынщи, метр 30 хъу лъэ­мыжыр мыинми, абы зыдэвузэщIыну, гуфIэгъуэ куэд къыфхудэкIуэну сынывохъуэхъу, — захуигъэзащ КIуэкIуэ Юрий къызэхуэсахэм.
  • Данэ лентI плъыжьыр зэпаупщIу ухуэныгъэр къызэIуаха нэужь, бысымхэм ящIыгъуу, хьэщIэхэри лъэмыжыщIэм ирикIуащ, и щытыкIэм еплъащ, ухуакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ.
  • «Ай Би Си Промстрой» компанием и лIыкIуэ Попович Виктор къигъэлъэ­гъуащ я лэжьыгъэм фейдэуэ къыпэ­кIуэм и процент 20-м нэблагъэр социальнэ Iуэхухэм, цIыху­хэм защIэгъэкъуэным зэрыхалъхьэр, республикэм и унафэщIхэм къагъэув къалэнхэр гъэзэщIэным ухуэныгъэ бизнесыр дяпэкIи хэтыну зэрыхьэзырыр.
  • Апхуэдэу КIуэкIуэ Юрий и гуапэу хэтащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэу дэт гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэр къызэрызэIуахрэ илъэси 10 зэрырикъум хуагъэхьэзыра гуфIэгъуэ Iуэхухэм. Абы и пэ къихуэу, спорт комплек­сым щыIащ, а махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм еплъащ.
  • КIуэкIуэ Юрий сабий еджапIэм и щыпэ­кIуэ­къым. Япэу щыщыIа мазае лъандэрэ абы къыщыхъуа зэхъуэ­кIы­ны­гъэхэм зыхи­гъэ­гъуэзащ, дяпэкIэ зы­хуей-зыхуэфIхэр зри­гъэщIащ, ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр зри­гъэлъэ­гъуащ. ИужькIэ, къуажэдэсхэм я гъусэу, школым и пщIантIэ хуитым щы­зэ­хаша концертым еплъащ, зэхуэсахэм я  гуфIэгъуэр ядиIыгъащ.
  • — Сабий 300-м нэблагъэ щагъасэ фи еджа­пIэм «зихуэдэ щыIэкъым» хужы­пIэ хъу­нущ. Ар ныбжьыщIэхэм я творчествэм, я къэухьымрэ я гупсысэмрэ зы­щиужь хэщIапIэщ, гъуазджэм и фIыпIэм, абы и «щэху-хэм» я къигъэхъуапIэщ, гъащIэм и IэфIымрэ и лъапIэныгъэмрэ сабийхэм я нэкIэ къыщагъэщI «дунейщ». Фи гъэсэн цIыкIухэм дрогушхуэ. ЕджапIэр нобэ илъэсипщI ирокъу. Ар бжыгъэ дахэщи, фи юбилейм хуэдэ куэд Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдгъэлъэпIэну ди гуапэщ. Школым и IэпщIэлъапщIэхэр республикэ, урысей зэпеуэхэм жыджэру зэрыхэтым,  увыпIэ лъагэхэр къызэрыщахьым дрогушхуэри, дяпэкIи я зэфIэкIым хагъэхъуэну дыщогугъ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Юрий.
  • Къежьэжын и пэ къихуэу, республикэм и Iэтащхьэм еджапIэм и уна­фэщI, къызэгъэпэщакIуэ емы­зэш КIуж Рити, Нал­шык нэс икIыурэ сабийхэм ядэлажьэ гъэсакIуэхэми, школым и Iуэхур дэзыгъэкIхэми фIы­щIэ лей яхуищIащ, дапщэщи зэрызащIигъэкъуэнур яжриIащ, санитар къабзагъэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ нэхъ пасэу ищIа пщэрылъхэр зэрагъэзащIэр къипщытащ.
  • ХЬЭЖЫКЪАРЭ Алик.