ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IэщIагъэлIхэм дахуэныкъуэщ

2014-03-26

  •   КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щрагъэкIуэ­кIащ зэIущIэ щхьэпэ. Ар теухуат ди республикэр зыхущыщIэ IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зыхуэдэм. Экономикэ зыу­жьыныгъэмрэ хьэрычэтыщIэхэр дэIыгъынымкIэ комиссэм и унафэщI Мэзло Руслан депсэлъылIащ щIалэгъуалэр лэжьыгъэ IэнатIэм къешэлIэн папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэм теухуауэ.
  •  
  • — Ди республикэм Iуэху щхьэпэ куэд щрагъэкIуэкI щхьэзакъуэ лэжьыгъэм зезытахэм папщIэ икIи инвестицэ проектыщIэхэр, шэч хэмылъу, IэщIагъэлIхэм яхуэныкъуэ мэхъу. Дэнэ щыIэ-тIэ абы хуэIэкIуэлъакIуэ лэ­жьакIуэхэр? — жиIащ Мэзло Руслан. — Къыдэлыжу диIэщ экономистхэр, финансистхэр, ауэ, псалъэм папщIэ, къэ­гъуэтыгъуейщ инженер-технологхэр е производствэ IэнатIэм щылэжьэфыну щIалэгъуалэр.
  •  Министерствэм и лэжьакIуэхэми, курыт школхэм я егъэджакIуэхэми, щIыпIэ администрацэхэми, езы лэжьакIуэ дыдэхэми захуэдгъэзащ, зи гугъу тщIы Iуэхум теухуауэ щыIэ хэкIыпIэхэр къэтлъыхъуэу. НэхъыбапIэм жаIэр мыращ: «ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къэбгъэсэбэп къудейкIэ, дызыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр къыпхуешэлIэнукъым, атIэ мы Iуэхум бгъэдэтхэмрэ властым и лэжьакIуэхэмрэ зэгъусэу хэкIыпIэхэр къалъыхъуэн ­хуейщ». ЩIалэгъуалэр инженер-технолог IэщIагъэм хуе­гъэджэным, егъэджакIуэхэми я улахуэм хэгъэхъуэным, ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэм зэрыдебгъэхьэхын Iэмалхэр къэлъыхъуэным, нэгъуэщIхэми егупсысыпхъэщ.
  •  Сабийр цIыкIу щIыкIэ егъэсэн хуейщ лэжьыгъэр фIыуэ илъагъуу. Экономист, юрист, менеджер IэщIагъэхэм хуе­джэхэри лэжьапIэфIрэ улахуэфIрэ занщIэу яIэну зыми къигъэгугъэркъым. Абыхэми яхэтщ зи IэщIагъэм фIыуэ щымыгъуазэхэр. Ауэ, итIани, едгъэкIуэкIа лэжьыгъэм къигъэлъэгъуащ зи гугъу тщIы IэщIагъэхэр щIалэгъуалэм нэхъ къызэращтэр, цIэрэ щхьэрэ нэхъ иIэу къызэралъытэр.
  •  — ХьэрычэтыщIэ Iуэхум зиужьыныр, шэч хэмылъу, уздэщыIэ IуэхущIапIэм и къалэнхэм хегъэхьэ.
  •  — ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным, ди щIыналъэм экономикэм зыщиужьыным, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм я псэуныгъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ Iэмал етыным хуэунэтIауэ сэбэпышхуэ мэхъу бизнес цIыкIумрэ курытымрэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди республикэм щопсэу хьэрычэтыщIэ жыджэрхэр. Ауэ абыхэми куэдым зрагъэужьыфыркъым кърахьэжьа Iуэхум, лъэпощхьэпохэм зэрыIууэм къыхэкIыу.
  •  Ди республикэм IуэхущIапIэу 4000-м щIигъу щагъэлажьэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу щыIэм я бжыгъэр мин 27-м нос. Уеблэмэ бизнес цIыкIум процент 27-м нэс хэхъуэу къыпокIуэ.
  •  — НэгъуэщI сыт хуэдэ Iуэху щIэт фи нэIэм?
  •  — Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ, ФинансхэмкIэ, Промышленностымрэ сатумкIэ, Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министерствэхэм, ЩIы Iуэхухэмрэ мылъкур зехьэнымкIэ, Энергетикэмрэ тарифхэмкIэ и къэрал комитетхэм я Жылагъуэ советхэм хохьэ ди комиссэм щыщхэр. «Дызыпы­щIа министерствэхэр тэмэму тхузэщIэгъэуIуэркъым, жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэр фейдэ пылъу къытхузэ­гъэ­пэ­щыр­къым», — жеIэ Жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщы­къан. А еплъыкIэр сфIэкъабылщ зи гугъу тщIы Iуэхум ехьэ­лIауэ.
  •  Комиссэр пщалъэ-правовой актхэм я проектхэм я къэпщытэныгъэм хэтщ. Къапщтэмэ, и нэIэм щIэтхэм ящыщщ хьэрычэтыщIэ IэнатIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ зэрызаужьыр, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм къыщагъэсэбэп электрокъарум и социальнэ пщалъэр, ЖКХ-м и къэрал хъыбарегъащIэ IэнатIэр, транспортым техьэ налогыр, бюджет политикэр, фэтэр куэд хъу унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным мылъку зэрыхухахыну щIыкIэр, нэгъуэщIхэри.
  •  — ЖКХ-м фызэрыпыщIами нэхъ шэщIауэ тхутепсэлъыхьыт, Руслан.
  •  — УнагъуэщIэхэр, бын куэд зиIэхэр, къэрал къулыкъу­щIэ­хэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэ хэха ди республикэм хуищIыфыркъым. Къапщтэмэ, къат куэд хъу унэхэр къэралым хуэухуэркъым, чэзур къалъысыным ­илъэс куэд щIауэ цIыхухэр пэплъэ пэтми. Индустриальнэ унэщIэхэр ухуэным мыхьэнэшхуэ иIэщ дызэрыт щытыкIэ мытыншым дыкъикIыфын папщIэ. Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ бэджэнду ят унэхэми къахэхъуэмэ, мы Iуэхум зэрызиужьынур.
  •  КъБР-м и Правительствэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ ­иджыблагъэ къыщызэдгъэпэщащ ЖКХ-м жылагъуэ къэпщытэныгъэмкIэ и щIыналъэ центр, абы илэжьыпхъэхэм хохьэ цIыхухэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным и Iуэхур егъэфIэкIуэнри.
  •  Ди комиссэм хэтхэм жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ урысейпсо зэхыхьэхэм, жылагъуэ къэпщытэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIым. Ди гугъэщ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ дэрэ ди лэжьыгъэм дяпэкIи пытщэну. Апхуэдэу еджакIуэхэр псэупIэ-коммунальнэ щытыкIэм щыгъэгъуэзэн хуейуэ къызолъытэ.
  •  Мы гъэми дэ ди мурадщ мэкъумэшым, промышленностымрэ сатумрэ, гъуэгу хозяйствэм, хьэрычэтыщIэ IэнатIэ­хэм я зыужьыныгъэм и Iуэху зетхуэну.
  • ГъукIакъуэ Идар