Жьапщэшхуэм и зэранкIэ
2014-03-26
- Ди нэгу зэрыщIэкIащи, мы махуэ зэкIэлъыкIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм жьышхуэ къыщепщащ. Ар IэубыдыпIэншэт, ущигъэгулэзи щыIэу, щIэфиихьыжу бгылъи тафи зэщIигъэхьэрт, псэуалъэхэмрэ ухуэныгъэхэмрэ къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэрт, «схузэфIэкIым фыкъеплъ» жыхуиIэ щIыкIэу, зыхуэзэ псори ирищIыкIыну хьэзырт.
- Апхуэдэ къызэрымыкIуэ щытыкIэ зэрыщыIэнум теухуа хъыбарыр республикэм и МЧС-м пасэу зэбгригъэхами, дунейм и къэхъукъащIэхэм зэрапэщIэтыгъуейр аргуэру мы махуэхэм дгъэунэхуащ. Жьапщэм и зэранкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и куейхэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Къапщтэмэ, Аруан щIыналъэм и жылагъуэхэм ящыщу ар нэхъ гуащIэу, щысхьыншэу зылъэIэсар Джэрмэншык къуажэрщ. Унагъуэ щхьэхуэхэм я псэупIэхэмрэ я псэуалъэхэмрэ я щхьэхэр трихащ. Нарткъалэ дэт курыт еджапIихми, поликлиникэ №1-ми, «Налмэс» сабий гъэсапIэми, Аруан, Къэхъун, Старэ Шэрэдж, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэ еджапIэхэм я унащхьэхэми зэранышхуэ хуэхъуащ, уней теплицэхэр зэтрихащ, нэгъуэщI хэщIыныгъэ инхэри къишащ.
- Республикэм и щыхьэрми жьыр хуиту «щыджэгуащ», зы плIанэпи дурэши къимыгъанэу зэрыхуейуэ «щIипщыкIащ». Абы и хьэл хъыжьэр зыхуэдэр Печатым и унэм щылажьэхэми дгъэунэхуащ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIкIэ гъатхэ пасэмрэ щIымахуэ кIасэмрэ бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэту зэрызэныкъуэкъум дыкIэлъагъэплъащ. Жьапщэшхуэм лъэужьыншэ зищIакъым — блэкIри къыблэкIыжри, щIыхьэри щIэкIри иригушхуэу ди бжэIупэм Iута псей бжьыфIэ екIур, и лъабжьэр дэкIуэу, къыхичри, щхьэхьу ежьэжащ.
- Мы зэманым щIыпIэ комиссэхэм хэщIыныгъэхэр зыхуэдэр къапщытэ, зыдэIэпыкъун хуейхэр ягъэбелджылы, дунейм и къэхъукъащIэм и лъэужьхэр зэрагъэкIуэдыжыну щIыкIэр яубзыху.
- Аруан Алий.