Сабийхэм я узыншагъэм щIытегузэвыхьын щыIэжкъым
2014-03-22
- Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм и курыт школым къыщыхъуа Iуэхугъуэм, еджакIуэхэр сымаджэ щIэхъуам и щхьэусыгъуэм, иджыпсту абыхэм я Iуэху зыIутым теухуауэ пресс-конференц щекIуэкIащ УФ-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэмрэ зэпэщыныгъэмрэ кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и хэщIапIэм. Абы хэтащ КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бэракъ Ринат, республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и штатым хэмыт токсиколог нэхъыщхьэ Щауэ Маринэ, Психоневрологие диспансерым и медицинэ психолог Каргиновэ Галинэ сымэ.
- —Мазаем и 21 — 23 махуэхэм Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым ныбжьыщIэ 76-рэ къашащ, абыхэм ящыщу 11-р занщIэу реанимацэ къудамэм щIагъэгъуэлъхьащ, — жиIащ Щауэ Маринэ. — А махуэ дыдэм реанимацэм къыщIагъэкIыжащ абыхэм ящыщу 10-р. Сымаджэщым къаша ныбжьыщIэхэм я щытыкIэр къапщытащ педиатрым, токсикологым, реаниматологым, хирургым, неврологым, офтальмологым, психологым. Лабораторэ къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «Инвитро» клиникэм и лэжьакIуэхэри я гъусэу. Абы кърикIуахэм япкъ иткIэ, сабийхэм я узыншагъэмкIэ шынагъуэ щымыIэу къалъытащ. Ещанэ махуэм еджакIуэхэр сымаджэщым щIатхыкIыжын щIадзащ, адэкIэ я щытыкIэм къуажэ амбулаторэм щыкIэлъагъэплъыну чэнджэщ иратурэ. Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм педиатр зэрамыIэм къыхэкIыу, адэ-анэхэм я гур нэхъ зэгъауэ щытын папщIэ сабий 27-м Аруан район сымаджэщым я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъащ. Мы зэманым сабийхэм я узыншагъэм ущIытегузэвыхьын щхьэусыгъуэшхуа, абы къытригъэзэжынкIэ е узыфэ гуэрхэр къыдэхъеинкIэ хъуну псалъэмакъ щхьэхуэхэр щIебгъэкIуэкIыни щыIэкъым.
- НэхъапэкIэ екIуэкIа псалъэмакъхэм, хъыбархэм къызэрыхэщамкIэ, еджакIуэхэм я узыншагъэм зэран хуэхъуар хлорым къыпкърыкIа гъуэзырщ. ИпэжыпIэкIэ Iуэхур зыIутым тепсэлъыхьащ Бэракъ Ринат.
- — Школым и пэшхэр щызэлъыIуахым санитар хабзэхэр къызэрызэпаудар наIуэ къащIащ ди IэщIагъэлIхэм, — жиIащ Бэракъым. — Апхуэдэу еджэн щIамыдзэ щIыкIи ар екIуэкIыуи щхьэгъуэбжэхэр хуэщIауэ хлорыр къагъэсэбэпурэ пэшхэр ягъэкъэбзащ. Апхуэдэу щытми, школым и пэшхэм щIэт хьэуар къапщытэу ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къабзагъэмкIэ щыIэ жыпхъэм щхьэпрыкIыркъым. АдэкIэ ирагъэкIуэкIа лабораторэ къэхутэныгъэхэм наIуэ къащIащ формальдегидым и гъуэзыр школ пэшхэм егъэлеяуэ зэрыщIэтыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, а къэхъукъащIэм ипэ махуэм, мазаем и 20-м, еджапIэм классхэмрэ шхапIэмрэ щIагъэувэн стIолхэр къыхуашэжащ. А хьэпшыпхэм, я фIагъым, шынагъуэншагъэм щыхьэт техъуэ тхылъхэр ягъусакъым. Лабораторэ къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, хьэуам хэт формальдегидым и гъуэзхэр къапкърокI шхапIэм щIэт стIолхэм. А хьэпшыпхэр еджапIэм къыщIедгъэшыжащ, къуаншэхэм жэуап яхьынущ, Аруан районым егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм унафэ ткIий яIэрыхьащ школхэм къащэху продукцэхэм я фIагъыр зыхуэдэр тэмэму зэхагъэкIыну. ЗэхуащIауэ щыта школым лэжьэн щIидзэжын ипэ, абы и пэшхэм щIэт хьэуар къапщытащ, ар санитариемрэ эпидемиологиемрэ къагъэув жыпхъэхэм хуокIуэ.
- Шэч хэлъкъым, апхуэдэ къэхъукъащIэм сабийхэри абыхэм я адэ-анэхэри зэригъэгужьеям. Апхуэдэ щытыкIэм къихутахэр зыхуэныкъуэ психологие дэIэпыкъуныгъэхэм я гугъу щищIым, Каргиновэ Галинэ псом япэу къыхигъэщащ ахэр я благъэ-Iыхьлыхэм я гулъытэ зэрыхуейр, адэ-анэхэм чэнджэщ ярет я сабийхэм я узыншагъэр зэрызэтеувэжу нэхъапэкIэ яIа щыIэкIэ-псэукIэм хашэжыну.
- — Сабийхэр нэхъыбэрэ жеину Iэмал етын хуейщ, — жиIащ психологым, — апхуэдэу нэху егъэлеям, макъышхуэм щыхъумапхъэщ. КъищынэмыщIауэ, сабийм а къэхъукъащIэм теухуа и Iуэху еплъыкIэр жегъэIэн хуейщ, ар и закъуэу къэбгъанэ хъунукъым, школым мыкIуэн Iуэху къыхигъэщмэ, ар хуэбгъэдэхэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сабийм лей къытехьащ жыпIэу гущIэгъу хуэпщI нэхърэ нэхъыфIщ, а щытыкIэм лIыгъэ хэлъу къызэрикIыфар зыхебгъащIэмэ.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.