Дэтхэнэми и псэукIэ иIэжщ
2014-03-13
- Евромайданыр Киев щытекIуа иужь гъэщIэгъуэн куэд къыщIэщу хуежьащ: революционерхэр щыгъуазэ хъуащ къулыкъу зыIэщIэлъа языныкъуэхэм я мылъкур къыздрахам. Ар телъыджэщ.
- Доллар мелуан 17 къудей
- Тимошенкэ Юлие иджыпсту власть иIыгъкъым. АрщхьэкIэ псоми ящIэ унафэ зыщIыр хэтми. Юлие иIэщ и «штабыр» зыщIигъэтIысхьэн: езыр щалъхуа Днепропетровск лъапсэ уардищ, Киев и гъунэгъуу апхуэдэ дыдэу тIу. IэщIагъэлIхэм къалъытэ псори зэхэту абыхэм доллар мелуан 17-м (!) нэблагъэ я уасэу.
- ЖытIэнщи, щыуэ зэтет унэхэм ящыщ дэтхэнэми лифт щIэтщ. Иужь зэманым Юлие зыщыпсэуа «унэ цIыкIу» (Киев и гъунэгъуу псы Iуфэм Iутым дыгъэ зегъэупIи щиIэщ) сакъыу яхъумэм зи нэгу зезыгъэужьхэр зэрыс кхъухьхэм я къекIуэлIапIэхэр хэту.
- Кличко
- ЗэратхамкIэ, боксер-политикыр Киев и кум Хмельницкий Богдан и цIэр зезыхьэ уэрамым щопсэу, пащтыхь зэманым яухуа къатих унэм и зэхуэдитIыр ейуэ. Мыбы жеипIэ пэшу 6, зыгъэпскIыпIэу 4, псыунэуи апхуэдиз, зи лъэгур абджыпскIэ къищIыкIа библиотекэ, хьэщIэхэм я пэшитI, кърагъэблэгъахэм щаIущIэ пэшышхуитI. Псори зэхэту апхуэдэ псэуалъэр доллар мелуанищым нэс и уасэу къалъытэ.
- АрщхьэкIэ украин журналистхэм Киев аргуэру фэтэрих къыщахутащ 1971 гъэм къалъхуа Кличко Виталий гуэрым ейуэ. Боксерыр хуеякъым а псэупIэхэр декларацэм иритхэну. Псори зэхэту доллар мелуани 5 и уасэу жаIэ.
- Нэмыцэ прессэм Гамбург къыщигъуэтащ Кличко и «унэжь цIыкIу». Аращ абы и хэщIапIэ нэхъыщхьэуи къыщIэкIынур.КъатиплIу зэтет унэр Гамбург и щIыпIэ нэхъ хэплъыхьахэм ящыщ зым щаухуащ. Ауэ Кличко и лъапсэр псоми йофIэкI. IэщIагъэлIхэм къалъытэ ар еврэ мелуани 2,5-м нэблагъэ и уасэу.
- Янукович и машинэхэр
- Украинэм и президенту щытар щыпсэуа «Межигорье» куэд тражыIыхьащ. Псом хуэмыдэу Киев и гъунэм щиIэ унэм къыщагъуэта дыщэ батоным. А дыщэ килограммитIым доллар мини 100 къыщIэкIынущ. арщхьэкIэ нэхъ телъыджэ ящыхъуар Янукович и автомобилыжьхэрщ. Гаражым бензин игъэхъуапIэ, автомашинэ 31-рэ щIэтщ. Абыхэм яхэтщ 1950-1960 гъэхэм къыщIагъэкIахэу иджы гъуэтыгъуей хъуахэр: «Победа», «Хорьх», «Роллс-Ройс», уеблэмэ СССР-м и Iэтащхьэхэм къызэракIухьу щыта ЗиМ — «Чайкэхэр», мотоцикл зэмылIэужьыгъуэу 8. А псори доллар мелуани 3,5-рэ и уасэу къалъытэ.
- Илъэс 60-кIэ
- Киев и гъунэм щыIэщ прокурор нэхъыщхьэм и унэу метр зэбгъузэнатIэ 500 къызэрыкIыр. Ари телъыджэ ящыхъуащ псоми. Пасэрей тхьэнапэхэр, Инджылхэр щалъэгъуащ езыр щылажьэ пэшым. Блынхэм фIэлъщ сэшхуэхэр, Янукович и гъусэу зытригъэха сурэтыр.
- Риэлторхэм къалъытэ, щIэлъхэр хэмыту, езы унэ къудейр доллар мелуани 3-м нэс и уасэу. Прокурор нэхъыщхьэм и улахуэр зэрымыиныр (декларацэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зы илъэсым доллар мин 50 нэблагъэ), абы а «унэжь цIыкIум» папщIэ ахъшэ илъэс 60-кIэ зэхуихьэсын хуейщ — емышхэу икIи емыфэу, вакъи лъэпэди къимыщэхуу! Пшонкэ и ныбжьыр иджы дыдэ илъэс 60 зэрырикъуар къэплъытэмэ, гъэщIэгъуэнщ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы ахъшэ зэхуихьэсащ къыщалъхуа махуэм къыщыщIэдзауэ.
- * * *
- Къэгъэлъэгъуэн хуейм Украинэм тетыгъуэр щызубыдахэм властыр зыIэрагъэхьэн и пэкIэ я мылъкур зэрызэрагъэпэщар. Кличко и хэхъуэр къыздикIар гурыIуэгъуэщ — ар дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменщ. Ауэ дэнэ Тимошенкэрэ Яценюкрэ а псори къыздрахар? А упщIэм и жэуапыр къэлъыхъуэн хуейщ.
- НЕКРАСОВ Алексей.
- «Комсомольская правда»