Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и псалъэ
2014-03-12
- Украинэм иужь зэманым щекIуэкIхэм темыгузэвыхьынкIэ, зэгуимыгъэпынкIэ, ахэр я жагъуэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым тэмэму гупсысэ цIыху псори. Дэ сыт и лъэныкъуэкIи ди гъу-нэгъу къэралым конституцэм тету щыхаха унафIэщIхэр я IэнатIэм IэщэкIэ зэщIэузэдауэ цIыхухэм традзри, тетыгъуэр яубыдащ лъэпкъ зэхэгъэж зыщI бзаджэнаджэхэм. Абыхэм «я тетыгъуэр яублащ» залымыгъэ ткIийм и хабзэр ягъэувынымкIэ. Лъыгъажэ зэхаублащ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хаутащ. Украинэм куэду щыпсэу урысхэр урысыбзэкIэ псалъэ мыхъуну ягъэуващ, оппозицэм щыIэ политикэ партхэр зэбграхуащ, Iуэхум нэгъуэщIу егупсысхэр зэхэзехуэн ящI.
- Украинэм и щIыналъэ куэдым, псом хуэмыдэу абы и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэхэм, захуагъэ хэлъу къалъытэркъым властыщIэр хабзэм тету, икIи езыхэм я цIыхухэр бзаджэнаджэхэм щахъумэн папщIэ властым и щIыпIэ къудамэхэр къызэрагъэпэщ. Абыхэм УФ-м и Iэтащхьэхэм зыкъыхуагъэзащ мамырыгъэр, хабзэр, зэпIэзэрытыгъэр зэфIагъэувэжынымкIэ ядэIэпыкъуну, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщыну къелъэIуу. ЗэфIэува щытыкIэм куууэ хэплъэщ, зэпэщIэтыныгъэр зэрыщIэхуабжьэм, лъагъумыхъуныгъэр зэрызэщIэплъэм зэи пхуэмыгъэзэкIуэжыну Iуэху хьэлъэхэр къашэнкIэ зэрыхъунур зэпилъытри, гъатхэпэм и 1-м Урысейм ФедерацэмкIэ и Советым зэдэарэзыуэ Урысей Федерацэм и Президентыр хуит ищIащ Украинэм и щIыналъэм жылагъуэ-политикэ щытыкIэр щагъэтэмэмыжын папщIэ УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къигъэсэбэпыну.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, къанэ щымыIэу, деIыгъ Украинэм и щIыналъэм жылагъуэ-политикэ, экономикэ зэпIэзэрытыгъэр щызэфIэгъэувэжыным, къэралыр мыгъэлъэлъэжыным икIи ар конституцэм и мардэхэм щIэгъэувэжыным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм и унафэщIхэм ялэжьхэр. Абы къыдэкIуэу Жылагъуэ палатэм игу техуэркъым США-мрэ Евросоюзымрэ фэрыщIыгъэ хэлъу икIи укIытэншэу ирагъэкIуэкI политикэр. Демократиемрэ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ, ди гур зыбгъэдэкIа къухьэпIэ лъапIэныгъэхэм щIэбэн хуэдэу фэ зэтрагъауэурэ, абыхэм зэрахуэр езыхэм я сэбэп зыхэлъхэрщ икIи даIыгъ экстремистхэмрэ неонацистхэмрэ я Iуэ- хур.
- Мы зэманым УФ-м и щIыналъэ псоми пэкIухэмрэ зэхыхьэхэмрэ щокIуэкI Украинэм и цIыхухэм зэрыкъуэтыр жаIэу, Кърымымрэ Украинэм и щIыналъэхэу ди гъунапкъэхэм пэгъунэгъухэмрэ ахъшэкIэ, псапащIэ IуэхухэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ ядэIэпыкъуным теухуа Iуэхухэр ирагъэжьащ. Ди къуэш Украинэм и цIыхубэм дазэрыкъуэтыр жытIэу икIи абы и къэкIуэнум дыхуэгузавэу дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху псори къыхудоджэ пщIэрэ фIыщIэрэ зыхэлъ мы Iуэхум хыхьэну.