ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди бжэр псоми яхузэIухащ

2014-03-05

  • «2013 гъэм КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр
  • Республикэм и жылагъуэ щытыкIэмрэ я IуэхукIэ» республикэм и Жылагъуэ палатэм и
  • етIуанэ хэхыгъуэм и етхуанэ пленар зэIущIэм Тау Пщыкъан къыщипсэлъар
  •  
  • ПщIэ зыхуэсщI Ануар Ахъмэт и къуэ!
  • ПщIэ зыхуэсщI Алексей Иван и къуэ!
  • Жылагъуэ палатэм хэтхэу, хьэщIэ­хэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Иджырей Урысейм щыIэ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ граждан жылагъуэмрэ къэрал властым и органхэмрэ тэмэму зэрызэдэлэжьэну Iэмалхэр зэтегъэувэныр, цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэр къэлъытауэ, социальнэ, экономикэ, къинэмыщI къалэнхэр щыубзыхуа унафэхэр гъэ­хьэзырыныр. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуи­гъэзам къыщыгъэлъэгъуащ демократием и иджырей лъэхъэнэм политикэ лэжьыгъэр Правительствэм пымыщIа зэгухьэныгъэхэр хэмыту, абыхэм я Iуэху еплъыкIэр къэмы­лъытауэ ебгъэкIуэкIыну уи нэгу къызэрыпхущIэмыгъэхьэнур. Президентыр зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ граждан жылагъуэм куэд зэрелъытам икIи иужьрейуэ абы Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзар япэрейхэм абыкIэ къащхьэщокI. Путиным зэрыжиIамкIэ, жылагъуэ палатэхэр цIыху гуп псоми я гупсысэхэр къы­щаIуатэ утыку хъун хуейщ. «Иджы­рей Урысейм жылагъуэ зэ­псэ­­лъэныгъэхэр зыубгъуауэ щегъэ­кIуэ­кIыпхъэщ икIи абыхэм Iуэху тэмэмхэр къарикIуэу, абыхэм япкъ иткIэ, жылагъуэ жэрдэмхэр къэрал политикэм щыщ Iыхьэу уву, ахэр гъэ­зэщIа зэрыхъум жылагъуэр кIэлъы­плъу щытыпхъэщ», — къигъэ­лъэ­гъуащ абы.
  • АдэкIэ Президентым къыхигъэщхьэхукIащ сыт хуэдэ законопроектми, къэрал унафэ нэхъыщхьэхэми, стратегие мыхьэнэ зиIэ планхэми япэщIыкIэ сатум пымыщIа зэгухьэныгъэхэр, адрей граждан IуэхущIа­пIэхэр хэту хэплъапхъэу къызэри­лъы­тэр. Мыхьэнэшхуэ яIэщ жылагъуэ советхэм, «ауэ ахэр ауэ сытми фащэм щхьэкIэ къамыгъэсэбэпу, экспертхэм я къалэнхэр ягъэзэщIэн, хуей щыхъум деж, пыухыкIауэ ведомствэхэм еныкъуэкъун, коррупцэм пэщIэтынымкIэ системэм жы­джэру хэлэжьыхьын хуейщ».
  • Граждан жылагъуэ лэжьыгъэр апхуэдэу зэтеувэн папщIэ закон лъабжьэхэр щыIэн хуейщ, абы къы­хэкIыу Жылагъуэ палатэр, ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ советыр, адрей жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэмрэ цIыхум и хуитыныгъэхэм къащхьэщыж организацэхэмрэ «Жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм и IуэхукIэ» законым и проектыр гъэхьэзырыным жыджэру хэлэжьыхьыну Президентым пщэрылъ ящищIащ.
  • А псори щыхьэт тохъуэ Жылагъуэ палатэм и мыхьэнэм зэпымыууэ зэрыхэхъуэм. Президентым къызэрилъытэмкIэ, «ар IэщIагъэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм ирилажьэ, социальнэ гуп зэхуэмыдэхэм хыхьэ цIыхухэм, ассоциацэхэм, союзхэм я сэбэп зыхэлъхэр щызэхуаIуатэ къэпсэлъапIэу щытын хуейщ. Абы зи IэщIагъэм ­хуэIэкIуэлъакIуэхэр нэхъыбэу хэтыпхъэщ. КъызэрыслъытэмкIэ, Президентым къыбгъэдэкIыу Жылагъуэ палатэм хагъэхьэхэм я зэхуэдитIым нэхърэ мынэхъ мащIэр апхуэдэ союзхэм я лIыкIуэу къыхэхын хуейщ. Апхуэдэ къызэгъэпэщыкIэр сэбэп хъунущ социальнэ, профессиональнэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм я сэбэп зыхэлъхэр зэблэгъэкIынымкIэ, ахэр нэхъ зытегузэвыхь гугъуехьхэр нэсу къэлъытэнымкIэ». Абы къы­дэкIуэу, УФ-м и Жылагъуэ палатэм субъект псоми я лIыкIуэхэр хэтыпхъэщ. Абы Iэмал къитынущ дэнэ щIыпIи граждан жыджэрагъыр къыщыIэтыным­кIэ, Урысейм и дэтхэнэ щIыналъэми и цIэкIэ властым и органхэм епсэ­лъэнымкIэ.
  • Апхуэдэ зэпсэлъэныгъэхэм ­иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым зэкIэлъыкIуэу зыщаужь икIи а Iуэхур егъэфIэкIуэным Жылагъуэ палатэри хэтщ. Мы зэманым абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэм нэрылъагъу къи­щIащ граждан жылагъуэм и сэбэп зыхэлъхэр утыку къизылъхьэфын, цIыхум, гражданиным и хуитыны­гъэ­хэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ, властымрэ жылагъуэмрэ зэпсэ­лъэным­кIэ хэкIыпIэ тэмэмхэм ящыщ зыр -законхэр къыдэгъэкIынымкIэ Iуэхум хэлэжьыхьыныр — къигъэсэбэпурэ, къащхьэщыжыфын жылагъуэ IуэхущIапIэ зэтегъэувэнымкIэ лэжьыгъэ­шхуэ республикэм зэрыщекIуэкIыр.
  • ЗэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм къихьа зэраныгъэхэри къэплъытэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ, зэрыщыту къапщтэмэ, коммерцэм химыубыдэ IэнатIэм зимыужьыщами, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ IэнатIэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ­хэм я лэжьэкIэм ныкъусаныгъэ пыухыкIахэр хэлъми, Къэбэрдей-Балъкъэрым граждан жылагъуэр тэмэму зэрыщызэтеувэр.
  • Республикэм и граждан жыла­гъуэр нэхъ жыджэру лэжьыгъэм къыхэша хъун папщIэ нэхъ зэгу­гъупхъэхэм ящыщщ:
  • — къэрал орган псори зэIухауэ, цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэхэр къа­лъытэу я IэнатIэм пэрытыныр;
  • — граждан жылагъуэм и Iыхьэ нэхъ жыджэрыр республикэ, муниципальнэ, къалэ IэнатIэхэм хиубыдэу зэдэлэжьэнымрэ зэпсэлъэнымрэ къыхэшэныр;
  • — правительствэм пымыщIа организацэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, абыхэм ящыщу егъэджэныгъэм, узын­шагъэр хъумэным, спортым, щIа­­лэгъуалэм зэрызагъэпсэхум ехьэ­лIахэм зэпымыууэ тегъэгуш­хуэныр;
  • — демократием и хабзэхэр, законыр ди гъащIэм щынэхъыщхьэу зэрыщытыр гъэбыдэныр, цIыхум и хуи­тыныгъэхэр хъумэныр, унафэ къыщащтэкIэ граждан жылагъуэр хэтыныр икIи а унафэхэр зэрагъэ­защIэм хуэгъэза жылагъуэ кIэ­лъып­лъыныгъэ зэтегъэувэныр.
  • АтIэ сыт пыухыкIауэ зэман гъунэ­гъум къриубыдэу зэфIэгъэкIып­хъэр граждан жылагъуэм адэкIи зиу­жьы­нымкIэ, республикэм щыпсэухэм я со­циальнэ жыджэрагъыр къэIэ­ты­нымкIэ Iэмалхэр зэтеувэн папщIэ?
  • 1. Псом япэу, къэрал Iуэхухэр зехьэным цIыхухэр зэрыхэтыр зэблэ­зы­гъэкI хабзэ мардэхэр егъэфIэ­кIуэн хуейщ.
  • 2. КъыкIэлъыкIуэ къалэнщ сатум пымыщIа зэгухьэныгъэхэм я лэжьы­гъэр къагъэщIэрэщIэжыныр. Абы папщIэ сатум пымыщIа организацэхэм я лэжьэкIэр езыгъэфIэкIуэн зыхуэфащэ инфраструктурэ зэтегъэувапхъэщ. Псалъэм папщIэ, Урысейм и щIыналъэ нэхъ пашэхэм я щапхъэм тету къызэбгъэпэщ хъунущ сатум пымыщIа организацэхэм я пашэхэм я клуб. Абы хиубыдэу жылагъуэ лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэхэр зэхуаIуатэфынущ, сэбэпынагъ къэзыхьыну жэрдэмхэри даIыгъыфынущ.
  • 3. Сэбэпынагъ къыпэкIуэнущ нэхъ зэфIэкI ябгъэдэлъу зыкъэзыгъэлъэ­гъуа апхуэдэ организацэхэм фи­нансхэмкIэ ядэIэпыкъунми. Абы къикIыркъым зэгухьэныгъэу зэры­зрагъэтха къудейм щхьэкIэ псоми къекIуэкIыу ахъшэ яхуэгуэшыпхъэу. Сатум пымыщIа организацэхэм я лэжьыгъэр хуаунэтIын хуейщ республикэм и дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ гугъуехьхэр дэгъэ­кIыным.
  • 4. Сатум пымыщIа организацэхэм социальнэ проектхэр ягъэзэщIэныр япэ лъэбакъуэу аркъудейщ. АдэкIэ абыхэм къапэщытщ къэралым и со­ци­альнэ заказхэмкIэ системэ зэ­тра­гъэ­увэну. Республикэм и «ещанэ Iэ­на­­тIэм» зегъэужьыным къыдэ­кIуэу абы бюджет ахъшэр зэгъэзэхуа­уэ къэгъэсэбэпынри къызэригъэпэщынущ.
  • 5. Сатум пымыщIа организацэхэм грантхэмкIэ щIадэIэпыкъупхъэ къыкIэлъыкIуэ Iуэхущ цIыхухэм правовой щIэныгъэ егъэгъуэтыныр, ахэр граждан щытыкIэм щыгъуазэ щIыныр. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, аращ цIыхухэм граждан жыджэрагъ яхэзылъхьэнур, езыхэм я конституцэ хуитыныгъэхэм щыгъуазэ зы­щIы­нур, къэралым и пащхьэ щахь жэ­уаплыныгъэм хуезыгъэджэнур.
  • 6. Грантхэр тэмэму къэгъэсэбэ­пы­нымкIэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм хиу­быдэн хуейщ IэнатIэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм сатум пымыщIа органи­зацэщIэхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ проектхэри. Къапщтэмэ, Жылагъуэ палатэм къыIэрыхьэ тхьэусыхафэхэм уащыхэплъэкIэ гурыIуэгъуэ къып­щохъу цIыхухэр щыпсэу щIы­пIэхэм зэпымыууэ лажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр къыщызэгъэпэщын зэрыхуейр.
  • 7. Апхуэдэ дыдэу фIэкIыпIэ зи­мыIэщ зы IэщIагъэм ирилажьэхэм я зэгухьэныгъэхэри зэрыщыIэпхъэр. Социальнэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэ тэмэмхэр щебгъэкIуэкIыфынукъым егъэджакIуэхэм, дохутырхэм, еджа­пIэ нэхъыщхьэхэм щезыгъаджэхэм я зэгухьэныгъэхэр къыхэмыхьэу. Ауэ, цIыху щхьэхуэхэм я гугъу умыщIмэ, республикэм зэкIэ щIагъуэу щызы­хэпщIэркъым вузхэмрэ школхэмрэ я егъэджакIуэхэм, медицинэм и лэ­жьа­кIуэхэм я граждан Iуэху еплъы­кIэмрэ жылагъуэ жыджэрагъымрэ.
  • 8. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэну къызо­лъытэ дызыхуэкIуэ илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым Граждан зэхыхьэшхуэ щегъэкIуэкIыным. Ар граждан жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ сэбэп хъунущ икIи абы а IэнатIэм щыIэ гугъуехь нэхъыщхьэхэр наIуэ къищIынущ.
  • 9. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир куэд мыщIауэ Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыхигъэщхьэхукIащ: «ЦIыху­бэ зэкъуэтыныгъэмрэ дэ псори дызэкъуэзыгъэувэ гупсысэхэмрэ зыужьыныгъэмкIэ яIэ мыхьэнэр зыкIи нэхъ мащIэркъым политикэ, экономикэ зэпIэзэрытыныгъэм я мыхьэнэм нэхърэ». Пэж дыдэу, нобэ дэ къытпэщыт Iуэху нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ цIыхугъэмрэ зэхэщIы­кIымрэ къэIэтыжыныр, цIыхухэм хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэныр. А къа­лэнхэр дэ псори дызэкъуэту, къэралри цIыхубэри зэщIыгъуу егугъуу дгъэзэщIэн хуейщ.
  • 10. ГъащIэм хэлъ фIыгъуэ нэ­хъыщхьэ куэдым ящыщу мыхьэнэ хэха яIэщ унагъуэмрэ унагъуэ гъа­щIэмрэ. Сэ шэч къытесхьэркъым унагъуэм и пщIэр къэIэтыжыныр, абы и статусыр гъэбыдэныр граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм, абыхэм дин зэгухьэныгъэхэм я деж къыщегъэжьауэ профсоюз организацэхэм я деж щиухыжу яхэту, я къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытым.
  • 11. Унагъуэм, унагъуэ псэукIэм пыщIа Iуэхухэм я гугъу щыпщIкIэ гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым жылагъуэр зи ныбжь хэкIуэтахэм, ветеранхэм, ныкъуэдыкъуэхэм зэрахущытри. Зи гуащIэкIэ къэралми Къэбэрдей-Балъкъэрми фIыгъуэхэр къахузэзыгъэпэща а цIыхухэр зэ­хъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэ гу­гъум дэхуэха хъуащ, зыхэпсэукIыни къызыкъуэгушхукIыни ямыIэжу. Нэхъыжьхэм жылагъуэм хуищIу щыта пщIэр зэтегъэувэжыныр, абыхэм дэ иджыри дазэрыхуейр зыхе­гъэщIэныр адрей къалэнхэм япэб­дзых мыхъун Iуэхущ.
  • 12. Абыхэм къадэкIуэу дэ къыдэ­кIуэтей щIэблэри гулъытэншэу къэдгъанэ хъунукъым. ЦIыхушхуэхэм ящыщ зым жиIауэ щытащ: «Цивилизацэм и зэфIэкIыр къызэрыплъытэнур къулеягъымрэ щIэныгъэмрэ, къалэхэм я инагъымрэ гъавэм и бэвагъымрэкъым, атIэ къэралым игъа­сэ цIыхур зыхуэдэрщ». Дэ дыхуейщ щIэблэр гъэсэныгъэ яхэлъу, гъащIэм гъуазэ тэмэм щаIэу, хэкур фIыуэ ялъагъуу къэтэджыну, ауэ языны­къуэхэм деж тщогъупщэ хэкур фIы­уэ лъагъуныр псалъэ тарэфарэхэр арауэ зэрыщымытыр, ар цIыхухэр, дыщыпсэу щIыпIэр зыхуей хуэгъэзэным ятещIыхьа Iуэху пыухыкIахэм нэхъ зэрелъытар.
  • 13. ЗэкIэлъыкIуэу зэлэжьыпхъэ къыкIэлъыкIуэ Iуэхущ граждан жылагъуэм зэфIигъэкIхэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм, абыхэм электрон хъыбарегъащIэ Iуэху­щIапIэхэри яхэту, зыубгъуауэ къыщыгъэлъэгъуэныр. Апхуэдэ лэжьы­гъэ гуэрхэр иджыпсту йокIуэкI, ауэ дэ псори дызэщIыгъуу дегупсысыпхъэщ а Iуэхур дяпэкIэ егъэфIэкIуа зэрыхъунум.
  • 14. Сыт хуэдэ унэтIыныгъэм темылажьэми, дэтхэнэ зы жылагъуэ зэгухьэныгъэми зэкIэ нэгъэсауэ къимыгъэсэбэп хэкIыпIэ инхэр иIэщ, абы республикэм исхэр къызэры­хуэ­­ныкъуэр наIуэ къищIын папщIэ. Зи гугъу сщIыр ахэр къэрал социальнэ, щэнхабзэ политикэм и унэ­­тIыныгъэ нэхъыщхьэхэр гъэзэщIэ­ным жыджэру хэтынырщ.
  • Палатэр зэрылэжьа илъэсиплIым къриубыдэу зэхъуэкIыныгъэ куэд къэхъуащ. Республикэм и Жылагъуэ палатэр цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм ящIыгъуу «балигъ хъу» зэпытщ. Ди лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я дежкIэ нэхъ нэры­лъагъу зэрыхъум, абы къыхуащI пщIэм зэрыхэхъуэм къыдэкIуэу, сэбэпынагъыу зэфIэдгъэкIхэри зэпымыууэ мэбагъуэ. Къызэдгъэпэщ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр нэхъыбэ мэхъу, абыхэм дихьэххэми къахохъуэ, жылагъуэ лIыкIуэхэм я деж къыщегъэжьауэ къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэм я деж щиу­хыжу хэту. Отчёт лъэхъэнэм къриу­быдэу КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэу 120-м щIигъу иригъэкIуэкIащ икIи абыхэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэр, УФ-м и Жылагъуэ палатэм щыщхэр, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, КъБР-м и Правительствэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лэжьакIуэхэр, муниципальнэ щIыналъэхэм, профсоюз зэгухьэныгъэхэм, ведомствэ зэмылIэужьыгъуэхэм, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм, сатум пымыщIа организацэхэм я лIыкIуэхэр, щIалэгъуа­лэр. Зэ еплъыгъуэкIэ а псори къызэрыгуэкI статистикэу жыпIэ хъунущ, ауэ абы къегъэлъагъуэ Жылагъуэ палатэм и лэжьыгъэм къы­хуащI пщIэр. Нэхъыщхьэращи — Жы­лагъуэ палатэр зыхэплъэ Iуэхухэм социальнэ мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи абыхэм ятеухуауэ къащтэ унафэхэм сэбэпынагъ къахь.
  • Палатэм и лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щеубыд пленар зэIущIэхэр егъэкIуэ­кIыным. Ахэр сэбэп мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и иджырей зыужьыныгъэм кърикIуэхэмрэ абы хэлъ ныкъусаныгъэхэмрэ куууэ зэпкърыхынымкIэ, ахэр къызэры­зэранэкIыну хэкIыпIэхэр цIыхубэмрэ властымрэ зэщIыгъуу яубзыху­ным­кIэ, республикэми социально-экономикэ зыужьыныгъэр нэхъри щIэгъэхуэбжьэнымкIэ.
  • Нэгъабэ Жылагъуэ палатэм и Советым и лэжьыгъэри нэхъ жыджэру къызэригъэпэщащ. Абы иригъэ­кIуэкIа зэIущIэ 14-м цIыхубэр нэхъ зыгъэпIейтей ныкъусаныгъэхэм щыхэплъащ, апхуэдэу палатэм нэхъ япэкIэ къищтауэ щыта чэнджэщхэмрэ унафэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъур къыщапщытэжащ.
  • Палатэм и зэфIэкIыр куэдкIэ елъы­­тащ абы и комиссэхэм я лэжьэкIэм. Адрей щIыналъэхэм щыIэ жылагъуэ палатэхэм я Iуэху зехьэкIэм нэры­лъагъу къыпщещI лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр комиссэхэм зэрызэ­фIагъэкIыр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди комиссэхэр зэкIэ иджыри абы нэсакъыми, лэжьыгъэ псори я пщэ далъхьэжын яхузэфIэкIыркъым. Апхуэдэу ахэр цIыхубэми нэсу япы­щIауэ, сату Iуэхум хэмыт зэгухьэныгъэхэм ящIыгъуу жыджэру лажьэу пхужыIэнукъым. ИтIани, къэ­гъэлъэгъуапхъэщ комиссэхэм Iуэ­хуфI куэди зэрызэфIагъэкIыр. Абыхэм ящыщу зыбжанэ къыхэд­гъэ­щхьэхукIынщ.
  • Псалъэм папщIэ, лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэмрэ дин IуэхухэмкIэ комиссэр япэу районхэм, къуажэхэм кIуэуэрэ граждан жылагъуэм зе­гъэужьыным, къуажэ жылагъуэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм я деж щыIэ жылагъуэ советхэм ялэ­жьэкIэм, курыт еджапIэхэм диным и лъабжьэхэмрэ цIыхухэм я зэху­щытыкIэхэмрэ ехьэлIа зэIущIэхэр иригъэкIуэкIыу щIидзащ.
  • Законодательствэр егъэфIэкIуэ­ным­кIэ, властым иригъэкIуэкI лэ­жьыгъэм жылагъуэ кIэлъыплъы­ныгъэ хуэгъэувынымкIэ, шына­гъуэншагъэмрэ хабзэмкIэ комиссэм мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ ири­гъэжьащ цIыхухэм правовой щIэны­гъэ егъэгъуэтыным, абыхэм правовой дэIэпыкъуныгъэ етыным (юридическэ чэнджэщхэр, лъэIу, тхьэусыхафэ тхылъхэр гъэхьэзырыным ятеухуа дэIэпыкъуныгъэ) теухуауэ.
  • Лэжьыгъэ Iуэхухэмрэ социальнэ политикэмкIэ комиссэр, Интернетым къигъэсэбэпурэ, жыджэру хэтщ УФ-м и Жылагъуэ палатэм иригъэ­кIуэкI зэIущIэхэм, жылагъуэ едэIуэ­ныгъэхэм. Апхуэдэ зэIущIэхэм щыхэтым и деж абы жылагъуэ лэжьа­кIуэ нэхъ жыджэрхэр, сатум пы­мы­щIа организацэхэм я лIыкIуэхэр, Нэ­хъыжьхэм я советым, ЩIалэгъуалэ советым хэтхэр кърегъэблагъэ.
  • Экономикэ зыужьыныгъэмрэ хьэрычэтыщIэхэм ядэIэпыкъунымкIэ комиссэм блэкIа илъэсым гулъытэ хэха хуищIащ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэм жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ къыщызэгъэпэщыным. ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэм щрагъэкIуэкI жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм зе­гъэужьынымкIэ къэрал политикэр пхагъэкIын, КъБР-м исхэр псэупIэм ехьэлIа законодательствэм нэхъ нэсу щыгъуазэ ящIын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ «Зыужьыныгъэ» сатум пымыщIа зэгухьэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэху нэхъыщхьэ­хэм хиубыдэу республикэм и Жылагъуэ палатэм къыщызэIуахащ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэм жылагъуэ кIэлъыплъы­ны­гъэ щегъэкIуэкIынымкIэ щIыналъэ центр.
  •  Щэнхабзэмрэ цIыхубэ хъыбар­егъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ комиссэм щIидзауэ семинар зэмылIэужьы­гъуэхэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм папщIэ ирегъэкIуэкI. Ахэр сэбэп мэхъу журналистхэм я зэфIэкIым хагъэхъуэнымкIэ, властым и IэнатIэхэмрэ граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ информацэм и IэнатIэм зэрыщызэдэлажьэм зегъэужьынымкIэ. Апхуэдэу а ко­мис­сэм псапащIэ Iуэху зэмылIэу­жьыгъуэхэр уголовно-гъэзэщIакIуэ системэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм, республикэм и адрей социальнэ IуэхущIапIэ куэдым къыщызэрегъэпэщ.
  •  ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэм­кIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, спортымкIэ комиссэри блэкIа илъэ­сым республикэм и еджапIэ куэдым щыIащ икIи пэщIэдзэ, курыт щIэны­гъэ зэрырагъэгъуэт щIыкIэм, властым и органхэр жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм, цIыхубэ хъыбар­егъащIэ IуэхущIапIэхэм зэрадэла­жьэм, щIалэгъуалэр зэрагъасэм теу­хуа лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ.
  • Узыншагъэр хъумэнымкIэ, демографие политикэмкIэ, экологиемкIэ комиссэм и лэжьыгъэр нэхъ тегъэ­щIауэ щытащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм щыIэ ныкъусаныгъэхэр сэтей къэщIыным, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа прог­раммэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъы­плъыным. Апхуэдэу абы и нэIэ тригъэтщ республикэм ис цIыху гуп нэхъ хуэмыщIауэ льготэ зиIэхэр пщIэншэу хущхъуэхэмрэ адрей медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым.
  • Апхуэдэу щыт пэтми, къэгъэлъэ­гъуапхъэщ КъБР-м и Жылагъуэ палатэр зыхунэмысхэри зэрыщыIэр.
  • Нэхъ япэкIэ зэрыжысIащи, зы илъэ­сым къриубыдэу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху куэд дэгъэкIа хъуащ. Ауэ пыухыкIауэ жыпIэмэ, хэт апхуэдэу жыджэру лажьэр? Апхуэдэ упщIэм и жэуапу цIыху 15 — 25-м я цIэхэр къи­пIуэфыну аращ. Адрей цIыху   ­29-м дунеишхуэр плIэкIэ зэтраIыгъэу къыщIэкIынщ, палатэм иригъэкIуэкI Iуэхухэм къыхыхьэну щахущIэмы­хьэкIэ. Ахэр зыщIэгупсысыжыну, палатэм къыщIыхыхьам, апхуэдэ жылагъуэ лэжьыгъэм щIыпэрыувам и жэуапыр яубзыхуну и чэзу хъуащ, сыту жыпIэмэ, ди республикэм, ди цIыхубэм я сэбэп зыхэлъхэм уателэжьэн папщIэ уи къарум уеблэж хъунукъым.
  • ЗэкIэ сатум пымыщIа организацэхэм я зэфIэкIхэр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным нэсу хузэщIагъэуIуа­уэ пхужыIэнукъым. Псом япэу къэдгъэлъэгъуэнщи, дызэрыщыгугъауэ лажьэркъым сатум пымыщIа организацэхэм я совету Жылагъуэ палатэм и деж къыщызэрагъэпэщар. Абы хузэфIэкIакъым Жылагъуэ палатэм и къэухьым къриубыдэу сатум пымыщIа организацэхэр зэкъуи­гъэувэн. АбыкIэ дэри къуаншагъэ дбгъэдэлъщ, сыту жыпIэмэ, Жылагъуэ палатэм и комиссэхэр сатум пымыщIа организацэхэм нэсу ядэлэжьакъым.
  • Ди палатэр жыджэру зэмылэжьа нэгъуэщI зы унэтIыныгъи щыIэщ. Ар цIыхухэм правовой щIэныгъэ егъэ­гъуэтынырщ. Граждан жылагъуэм и IэнатIэу республикэм щыIэхэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ нэхъ жыджэру хэтыпхъэщ граждан-правовой гъэсэныгъэм и лъабжьэхэр зэте­гъэу­вэным.
  • Жылагъуэ палатэм и комиссэхэм пыщIэныгъэ тэмэм хуаIэркъым Парламентым и комитетхэм, зыхуэфащэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, муниципальнэ щIыналъэхэм. Апхуэдэу ахэр ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр убзыхуным щыхунэмыс, къащта унафэхэр зэрагъэзащIэм щыкIэлъымыплъыж щыIэщ.
  • Палатэм и лэжьыгъэм хэлъ ныкъу­саныгъэхэм ящыщщ Урысейми ди республикэми щекIуэкI Iуэху нэ­хъыщхьэхэм яхуэфэщэн гулъытэ щыхуимыщI къызэрыхъур. Аращ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэ щхьэхуэхэр зэхэгъэкIыным дыкъы­щIыкIэрыхур, граждан жылагъуэ IуэхущIапIэ псори зэгъэуIуауэ щIы­щымытыр. А псоми жылагъуэ зэгухьэныгъэ лъэщым и пщIэр ягъэ­лъахъшэ.
  • Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я зэфIэкIыр къэIэтынымкIэ куэд зэфIагъэкIыфынущ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я деж къыщызэрагъэпэща жылагъуэ советхэм. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ахэр зэкIэ иджыри нэсу зэтеувакъым. Едгъэ­кIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэ­ра­гъэлъэгъуамкIэ, языныкъуэ советхэм ипэжыпIэкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ абыхэм къабгъэдэхуэ къалэнхэмрэ зэтехуэркъым. Советхэм я зэIущIэхэр и чэзум щрамыгъэ­кIуэкI къохъу, жылагъуэ советхэм я полномочиехэр тэмэму икIи нэгъэсауэ къахуэгъэсэбэпыркъым. Къэрал властым и органхэм я деж къыщызэрагъэпэща жылагъуэ советхэр министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэ щегъэ­кIуэкIынымкIэ къару лъэщу зэтеувауэ зэкIэ пхужыIэнукъым.
  • КъыкIэлъыкIуэу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ палатэм хэтхэр нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм нэгъэсауэ зэрапымы­щIар. Ди комиссэхэр Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, ди гъунэгъу субъектхэм я жылагъуэ палатэхэм я лэжьэкIэм щIагъуэу кIэлъы­плъыркъым икIи абыхэм ядэла­жьэркъым. ЩIыналъэ зэхуаку зэпы­щIэныгъэхэм хиубыдэу КъБР-м и Жы­лагъуэ палатэм хэтхэм я жэр­дэмкIэ нобэм къэс зы Iуэхуи зэ­щIыгъуу ялэжьакъым.
  • Мыпхуэдэ нэгъуэщI зы Iуэхуми гу лъытапхъэщ. Ар палатэм и лэжьы­гъэм зегъэубгъунырщ. Палатэм хэтхэр республикэм и районхэм щы­кIуэр, абыхэм щыпсэу цIыхухэм щаIу­щIэр зэзэмызэщ. Iуэхум а и унэтIы­ныгъэм зегъэужьыныр палатэм и етIуанэ хэхыгъуэм хэтхэм къапэщыт къалэн нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ.
  • Апхуэдэу куэдрэ урихьэлIэркъым Жылагъуэ палатэм хэтхэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр, телевиденэр къагъэсэбэпурэ, ди псэу­кIэр, республикэм щекIуэкI Iуэхухэр къазэрыщыхъур утыку къралъхьэу. Апхуэдэ емыгугъуныгъэм ди палатэри абы хэтхэри игъэдахэркъым.
  • Апхуэдэу кIэщIу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейт граждан жылагъуэ IэнатIэм и адрей IуэхущIапIэхэм — щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ Iэна­тIэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ — щыIэ ныкъусаны­гъэ зыбжанэ.
  • Ди жагъуэ зэрыхъущи, зэкIэ ­иджыри пхужыIэнукъым цIыхухэм я псэукIэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэхэр езыхэм нэгъэсауэ зэра­гъэкIуэфу. Абы къыхэкIыу языныкъуэхэм деж щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ властым куэдкIэ нэхъ екIуэлIэгъуейщ къэрал властым и IэнатIэхэм нэхърэ. Мыбы и лъэныкъуэкIэ сэбэп хъун хуейщ властым и органхэм я деж къыщызэрагъэпэщ жылагъуэ советхэр. Абыхэм цIыхухэмрэ властымрэ муниципальнэ IэнатIэм щызэдэлэжьэныр зэтрагъэувэфынущ.
  • Республикэм зыхуеину Iэмал псори къыщызэрагъэпэщащ зыми IэщIэмылъ хъыбарегъащIэ Iуэху­щIапIэхэри властым пеуэ хъыбар­егъащIэ IуэхущIапIэхэри хуиту лэ­жьэн папщIэ. ИкIи цIыхубэ хъыбар­егъащIэ IуэхущIапIэхэм я нэхъы­бапIэм апхуэдэ Iэмалхэр къагъэсэбэп. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, языныкъуэ хъыбарегъащIэ Iуэху­щIапIэхэм цIыхухэм я жылагъуэ жы­джэрагъыр къэIэтыным гулъытэ нэс хуащIыркъым. Абыхэм Iуэхум и щытыкIэр нэсу щызэпкърамых, республикэм и социально-экономикэ, жылагъуэ IэнатIэхэм щыIэ ехъулIэ­ныгъэхэр зэхьэкIауэ къыщагъэ­лъагъуэ урохьэлIэ. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и лэжьыгъэм теухуа тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхы­нымкIэ къызэрагъэпэщауэ щыта конкурсым зыри кърикIуакъым, сыту жыпIэмэ, зэпеуэр зэрыра­гъэкIуэкIыпхъэм къезэгъыу зы тхыгъи къытIэрыхьакъым.
  • Жылагъуэ палатэр IуэхущIапIэ зэIухащ. Ар сыт хуэдэ Iуэхуми теухуауэ къехьэкI-нехьэкI хэмылъу ущызэпсалъэ хъуну щIыпIэщ. Апхуэ­дэ псалъэмакъ зэIухарщ ди лэжьы­гъэр дэзыгъэкIынури. Жылагъуэм и IэнатIэ псори зэрыIыгъыу икIи зэ­къуэту зэдэлажьэмэ, дэ республикэм и граждан жылагъуэм лъэщу зедгъэужьыфынущ. Псом япэу абы зи фейдэ хэлъыр ди цIыхухэрщ. Апхуэдэу ар шэсыпIэ нэсщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэпIэзэрыту зиужьынымкIэ икIи зэпымыууэ япэкIэ кIуэтэнымкIэ.