ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ пшынэм и псэр зыхъумэ

2014-02-08

  •   Хьэжыкъуэ къуажэм щыщ, илъэс 60 зи ныбжь пшынауэ Iэзэ КIэкIыхъу Дамир цIыхубэм фIыуэ ялъэ­гъуащ.
  •   
  • Адыгэ щэнхабзэм фIыуэ щыгъуазэхэм, абы пщIэ хуэ­­-­зы­щI­хэм къалъытэ шапсыгъ макъамэм и щэхухэр КIэ­кIы­хъум фIы дыдэу ищIэу икIи щIэблэм абыкIэ ядэгуашэу.
  •  Абы къыхуиухат музыкант хъуну. Тенджыз Iуфэм Iус дэтхэнэ зы шапсыгъ къуажэми пшынауэ цIэрыIуэхэр яIэщ, ауэ Дамир хуэдэхэр зырызыххэщ. Абы къыдалъхуауэ зэчий бгъэ­дэлъщ — тхьэкIумафIэщ, дэтхэнэ зы макъамэри кIуэ­ры­кIуэм тету къыхуоубыд, имыцIыху тхыгъэм кIэух хуе­щIыф.
  •  — Лъэпкъ макъамэмрэ къафэмрэ сыщIапIыкIащ, — игу къе­гъэкIыж КIэкIыхъу Дамир. — Иджы нэгузегъэужьыпIэ куэд къэунэхуащ, цIыхухэр уэршэрыну нэхъ мащIэрэ зэхуэс ­хъуащ. Ди сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ я зэманым псори нэ­гъуэщIт: дэтхэнэ зы къэхъукъащIэри — хьэгъуэлIыгъуэ е илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа пшыхьхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэну щIалэхэр щрагъажьэхэр, кхъуей­плъыжь­кIэрыщIэхэр — къуажэ псом я гуфIэгъуэт. Пшынэ хэ­мыту сыт хуэдэ гуфIэгъуэ? ЩIалэжь цIыкIухэм, дауи, зи хэ­куэгъухэр зэрыгушхуэ пшынауэ цIэрыIуэ е Шапсыгъ псор зыщыгъуазэ къэфакIуэ Iэзэ хъуну хуэмей зыри къытхэту къы­щIэкIынтэкъым. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм щагъэзащIэ лъэпкъ макъамэхэр нотэкIэ зэдгъэщIат, дэтхэнэ зы пшынауэри и пшынэ еуэкIэмкIэ къэтцIыхуфырт, абыхэм я зэ­фIэ­кIхэм­рэ къаймыхъулIэхэмрэ дытепсэлъыхьырт.
  •  Дамир къэфакIуэ хъуну хущIэкъуакъым, ауэ адыгэ пшынэр Iэпэгъу хуэхъуным теухуауэ иIа хъуэпсапIэр къехъулIащ. НэгъуэщI къуажэхэм щыпсэу и пшынауэгъухэми хуэдэу, абы музыкэмкIэ щIэныгъэ иIэкъым. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 60-80 гъэхэм еджапIэхэм пшынэ еуэным щыхуагъасэу щыта­къым, сэбэп къыхуэхъуар къыдалъхуа зэчиймрэ лэ­жьы­гъэр­ фIыуэ зэрилъагъумрэщ. ЗэрыцIыкIурэ зыщыгъуа­з­э макъамэхэм щIалэр сыхьэт бжыгъэкIэ еуэурэ езым и пшы­нэ гъэбзэрэбзэкIэ къигъуэтыжащ. Макъамэ Iэмэ­псы­мэ­жьым зэ­реуэ­ну щIыкIэм ерыщу зыщыхуигъасэм, КIэ­кIы­хъур Сочэ, ТIуапсы районым хыхьэ къуажэ зэхуэмыдэхэм щыпсэу музы­кант нэхъыжьхэм епсалъэрт, ахэр пшынэ зэреуэм еда­Iуэрт, тхыгъэ щыIэхэм зыщигъэгъуазэрт. Псом хуэ­мыдэу ар дэплъеящ куэдым яцIыху, Къалэжь къуажэм щыщ Шэгудж Мыхьмуд. Шэгъуджыр зи пашэ музыкант гупыр а зэманым Краснодар крайм и мызакъуэу, Совет Союз псом щыцIэрыIуэт: Москва зыкъыщагъэлъагъуэрт, республикэхэмрэ къа­лэхэмрэ концерт щатырт, фестивалхэм хэтт, адыгэ лъэпкъ макъамэхэр пластинкэхэм трагъатхэрт.
  •  — Дунейм зэрехыжрэ илъэс зыбжанэ дэкIами, Шэгудж Мыхьмуд цIыхухэм ящыгъупщакъым. — Нэхъапэхэми хуэдэу, цIыхубэм ар фIыуэ ялъагъу, Шапсыгъым и пшынауэ нэ­хъыфI дыдэхэм хабжэ. Абы и пшынэ еуэкIэр зыми зри­гъэ­­хъулIэфакъым — укъэзыгъэуIэбжь зэчий къызэрымыкIуэ бгъэ­дэлът. Мыхьмуд игъэзащIэ дэтхэнэ пшыналъэри пылъхьэншэу къехъулIэрт, дэтхэнэ зы нотэри и пIэм иригъэувэрт, дэтхэнэ макъ хэIэтыкIари зыхыуигъащIэу. Къищынэ­мыщIауэ, Шэгуджым нэхъыжьхэм жаIэжу зэхиха макъа­мэ­хэр хуэсакъыу зэрызэрихьам и фIыщIэкIэ, кIуэдыжынкIэ зы­­хуэIуа щымыIэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ хъума хъуащ. Абы хузэфIэкIащ щIэблэм папщIэ ахэр итхын. И лэжьыгъэфIхэмкIэ и цIэр тхыдэм къыхинащ, — жеIэ Дамир.
  •  Шапсыгъ макъамэхэм я хъумакIуэ Дамир и ныбжьыр зэ­ры­хэкIуэтам къыхэкIыу хьэгъуэлIыгъуэхэм пшынэ щемыуэжми, цIыхухэр зыхуэныкъуэ музыкант Iэзэу къонэж. Адыгэ щэнхабзэмкIэ Мейкъуапэ щекIуэкIа дунейпсо фестивалым и лауреат хъуащ, тенджыз Iуфэм Iус шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэмрэ Лазаревск адыгэ щэнхабзэмкIэ и Iуэху­­щIа­пIэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща «Бзэрабзэ, адыгэ пшынэ!» фестиваль-зэпеуэми пашэ щыхъуащ. Пшынауэ гъуазджэм япэ лъэбакъуэ хэзычэ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ щхьэпэщ абы и Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ ялъагъун къудейр. Хабзэ хъуауэ, зэман-зэманкIэрэ абы къещтэ фIыуэ илъагъу Iэмэ­псы­мэр. КъедэIуэну хуейхэр дауэ игъэщIэхъун?!
  •  — Дамир цIыху щэныфIэщ, гуапэщ, хуэныкъуэхэм ядо­Iэ­пыкъу, цIыхухэм пщIэ къыхуащI, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэ­ным, абы зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуищIащ, — жеIэ тенджыз Iуфэм Iус шапсыгъ адыгэхэмрэ я Жылагъуэ пар­ла­­ментым и унафэщI КIэкIыхъу Мэжид. — И гъащIэм щыщу Iы­хьэфI абы хухихащ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къа­дэ­гъуэгурыкIуэ макъамэ гъуазджэр хъумэным. Ди Iуэху­щIапIэр дэIэпыкъуурэ, Дамир студием щригъэтхащ аудио­тхыгъэхэр (абы егъэзащIэ пасэрей макъамэрэ пшыналъэу 80-м щIигъу, куэд щIауэ и ныбжьэгъу, и лэжьэгъу пхъэ­цIы­чауэхэу Нэпсохэ Аслъэнрэ Шабанрэ и гъусэу) занщIэу цIыхубэм япхъуэтащ. Ахэр хъуащ адыгэ унагъуэ зыбжанэм хуэсакъыу щахъумэ макъамэ лъапIэ. Интернет сайтхэми абыхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ.
  •  НЫБЭ Анзор.