ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УзэщIакIуэ

2014-01-30

  •  ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэ щыпкъэ, узэщIакIуэ, нэхъыжь Iумахуэ Багъы Хьэмидбий Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэ псом къыщацIыху. Ешрэ къикIуэтрэ имыщIэу, гумызагъэу, гурэ псэкIэ и лэжьыгъэм бгъэдэтурэ, абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуи­щIащ къуажэм дэт 4-нэ школым зиужьыным. ЕгъэджакIуэхэм я нэхъыбэм зы предмет-предметитI фIэкIа сабийхэм ирамыгъэджыфмэ, Хьэмидбий ныбжьыщIэхэм ябгъэдилъхьащ биологиери, зоологиери, химиери.
  •  
  • Хьэмидбий 1936 гъэм Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. Хэку зауэшхуэм зи сабиигъуэр хиубыда щIа­лэм игъэващ а зэман хьэ­лъэри, абы къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэ гугъури. А гугъуехьхэм иращIыкIа­къым щIалэщIэр, уеблэмэ лэжьыгъэ хьэлъэм ипсыхьауэ, Iуэхугъуэ куэдми Iущ хуэхъуауэ къызэри­нэ­кIащ а лъэхъэнэр.
  • Курыт школыр къиуха нэужь 1956 — 1957 гъэхэм ар машинисту щылэжьащ Тырныауз къалэм щыIа «Молибден» рудникым. КъыкIэлъыкIуэ илъэс­хэм Хьэмидбий Севастополь къалэм къулыкъу щищIащ, абы щыIэ дзэ-тенджыз флотым хэту. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ а къулыкъум ипсыхьа щIалэщIэр 1961 гъэм щIэныгъэм хыхьащ. Ар щеджащ КъБКъУ-м и химико-биологие факультетым икIи, илъэситху дэкI­ри, ехъулIэныгъэхэр иIэу ар къиухащ.
  • Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №4-м лэжьэн щыщIидзащ Хьэмидбий, химиер, биологиер, зоологиер сабийхэм яригъэджу. Илъэс 46-кIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытащ ар, ешрэ щхьэхрэ имы­щIэу. Къэхъуащ ар пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху шко­лым щыщIэсаи, ап­хуэ­дизу и IэщIагъэм езыри и гъэсэнхэри дахьэхырти.
  • — Зэманыр зэрыкIуар сымыщIэу дерс нэужьхэми школым сыщыщыгувэ куэдрэ къэхъурт, си еджа­кIуэхэри си гъусэу, — игу къегъэкIыж Хьэмидбий. — Дэтхэнэ сабийри биологием дехьэх. Абы и щыхьэтщ цIыкIухэм япэ дыдэу ящI сурэтхэр щхъуан­тIагъэхэм, удз гъэгъахэм, унагъуэ псэущхьэхэм ятеухуауэ зэрыщытыр. Сурэт щIыным    и фIыгъэкIэ, сабийхэр хуэм-хуэмурэ пэгъунэгъу мэхъу биологие щIэны­гъэм. Сабийр къуажэдэсмэ, ар зоологиеми дехьэх. ГъащIэмрэ щIэныгъэмрэ зэрызэпэгъунэгъу дыдэр къэзыщIэ сабийхэм уп­щIэ­хэр я куэдти, сэри сызыщыгъуазэ псомкIи абыхэм сфIэфIу садэгуашэрт.
  • Хьэмидбий хущIэкъурт и дерсхэр гъэщIэгъуэну зэрызэхигъэувэным, махуэ къэс щIэщыгъуэ гуэр абы зэрыхилъхьэным. ЕгъэджакIуэ Iущым и фIыгъэкIэ, къуажэ школым къыщызэIуахат предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щIэныгъэ куу къозыт гупжьейхэр. Дунейр щыуэфIхэм деж абы школ пщIантIэм, абы и жыг хадэм биологиемкIэ дерсхэр щригъэкIуэкIырт. Езы егъэджакIуэри яхэту, ныбжьыщIэ цIыкIухэм хасэрт удз гъагъэ зэмы­лIэужьыгъуэхэр, къэ­кIы­гъэ гъэщIэгъуэн­хэр. Зы илъэси къанэртэкъым школ хадэм жыгыщIэ цIыкIухэр щыхамысэу. Курыт еджапIэм пэмыжыжьэу Къулъкъужын псы цIыкIур ежэхырти, ари сабийхэр биологием щы­гъэгъуэзэнымкIэ Iэма­лыфI хуэхъурт егъэджа­кIуэм. Псыхъуэр ягъэ­къабзэрти, нэри псэри зытхьэкъу удз гъагъэ щIэ­­щыгъуэ цIыкIухэр хасэрт. Апхуэдэу Хьэмидбийрэ абы и еджакIуэ цIыкIухэмрэ я нэIэм щIэтт школым къедза уэ­рамхэри.
  • Гухэхъуэмрэ дэрэжэ­гъуэмрэ я закъуэтэкъым сабийхэм а ягъэзащIэ лэжьыгъэхэм къахудэкIуэр. Iуэху щIэкIэм нэхъыфIу зэрыхэгъуазэм, теориехэр нэхъыфIу къызэращIэм нэмыщI, я Iэпкълъэпкъ цIыкIухэри зэрыубыдырт, псыхьа хъурт. Псом нэхърэ нэхъапэр аращи, ахэр лэжьыгъэм щIэпIыкIа хъурт, егъэджакIуэм зэ­ры­жиIэщи, «щIакхъуэ хуабэм и пщIэр» къагу­рыIуэрт, ар къызэрылэжьыгъуейр зыхащIэрт.
  • — ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лэ­­­жьыгъэм щIапIыкIа сабийм зэраныгъэ ищIэну­къым. Арагъэнт ди курыт школым тутын, аркъэ ефэ щIыдэмытыр, — гъэсэны­гъэм топсэлъыхь Хьэмидбий.
  • ЕгъэджакIуэ Iущым апхуэдэ дыдэу фIыуэ химиеми хищIыкIырт. А дерсхэм ущыщIэскIэ, зэманыр зэрыкIуэр къыпхуэщIэр­тэкъым, апхуэдизу абыхэм узыIэпашэрт, удахьэ­хырти. Химие урокхэм еджакIуэ цIыкIухэм къы­щащIэрт дунейр зэрызэхэлъ Iыхьэхэм я хьэлэмэтагъыр, абыхэм ящыщ дэт­хэнэми зэраныгъэу е сэбэпынагъэу яIэр.
  • Иригъэдж предметищми я тхыдэм, ахэр щIэны­гъэу зэрызэтеувам яхутепсэлъыхьырт Багъыр сабийхэм. Куэдрэ щапхъэу къахуихьырт Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлIхэм биоло­гиемкIэ, зоологиемкIэ, химиемкIэ зэфIах къэхутэныгъэхэр, абыхэм я къа­лэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэм ахэр щыгъуазэ хуищIу. АбыхэмкIэ, нэ­гъуэщI нэрылъагъу посо­биехэмкIэ гъэнщIат егъэ­джакIуэр щылажьэ пэшхэр, лабораторэхэр. Апхуэдэ гулъытэ зыгъуэт сабийхэр емыджэу къэнэнт?! Зы илъэс къэмынэу Хьэмидбий и еджа­кIуэ цIыкIухэр зэпеуэ, олимпиадэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм игъакIуэрт, кIуэ къудей мыхъууи, увыпIэ хъарзынэхэри къыща­хьырт. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм илъэс куэдкIэ хэта нэхъыжьыфIым зэ­ры­жиIэмкIэ, къэралым къыщыхъуа зэхъуэ­кIы­ныгъэщIэхэм IуэхугъуэфI куэди дэкIуэдащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, тхы­лъым пщIэ зэримыIэ­жыр, абы еджэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар.
  • — КъинэмыщIауэ, хуабжьу гущIыхьэ сщохъу къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэу ябгъэдэлъыр зэрымащIэр. Абы и щыхьэтщ дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэным, ар къабзэу зехьэным куэд зэремылIэлIэжыр, — жеIэ Хьэмидбий.
  • НыбжьыщIэхэм къагу­ры­гъэIуэн хуейщ щIыуэп­сым и къабзагъэмрэ ди узын­шагъэмрэ зэпхауэ зэрыщытыр, ар зэтедуцIа­пIэ­мэ, ди щхьэ и зэран зет­хуэжу дызэрыпсэур.
  • Лэжьыгъэ купщIафIэ зи щIыбагъ къыдэлъ Багъым къэрал гулъытэ лъагэхэри игъуэтащ. Ар егъэджэныгъэ лэжьыгъэм и ветеранщ, «Егъэджэныгъэм и отличник» цIэри къыфIа­щащ, и IэщIагъэмкIэ категорие нэхъыщхьэ къыхуагъэфэщауэ щытащ.
  • Унагъуэ дахи иIэщ Хьэмидбий. Абы и щхьэгъусэ Марьям пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу   илъэс куэдкIэ лэжьащ. Хьэмидбийрэ Марьямрэ япхъу нэхъыжь Риммэ КъБКъУ-м и егъэджа­кIуэщ, психологие щIэны­гъэхэм я кандидатщ,   япхъу курыт Ритэ медучилищэр, я къуэ Мухьэ-  мэд КъБКъМА-р (иджы КъБКъАУ) къаухащ. Куэд щIакъым Хьэмидбий иджыри зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн, Iуэхугъуэ щхьэпэ зэрызэфIигъэкIрэ. И ныбжьыр хэкIуэта пэтми, абы хузэфIэкIащ Къур­Iэн лъапIэм къеджэфу, нэмэз ищIыфу зригъэ­сэн. Дин лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зи ныб­жьыр хэкIуэтауэ КъурIэн еджэкIэ зэзыгъэщIэжыф­хэр мащIэ дыдэщ. Абы иджыри зэ къегъэлъагъуэ Хьэмидбий зэрыгуры­хуэр, зэрызэчиифIэр.
  • ЩIэблэм я егъэджа­кIуэ­­фIым дохъуэхъу нэхъ­ри ефIакIуэу, узыншэу куэдрэ псэуну.
  •  
  • ПЩЫХЬЭЩIЭ
  • Хьэмзэт.
  • Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэ.
  • Бахъсэн район