ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхьэщыгугъыр куэдым щогугъ

2013-12-31

  • Ди газетым мазэ зыбжанэ и пэкIэ тетащ «Что? Где? Почём?» газетым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэщыгугъ Эллэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэфIым теухуа тхыгъэ кIэщI. Адыгэ бзылъхугъэр хэтат Урысейм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым къызэригъэпэщауэ Новгород Ищхъэрэ къалэм щекIуэкIа «XXI лIэщIыгъуэм и бзылъхугъэ пашэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм икIи текIуэныгъэр къыщихьат. Абы къыкIэ­лъыкIуа хъыбар гуапэщ нобэрей си тхыгъэр зытеухуар.
  • Европарламентым и бжэIупэм деж. Тхьэщыгугъ Эллэ ижьымкIэ етIуанэу щытщ.

    ДИ КЪЭРАЛЫМ и щIына­лъэ 16-м икIахэр хэтат а зэхьэзэхуэми, гъащIэм хуиIэ еплъыкIэхэр жы­джэру, IупщIу къызэр­и­гъэ­лъэгъуам папщIэ, лэжьы­гъэ купщIафIэхэр зэрызэфIихым щхьэкIэ нэхъыфIу къалъытат Эллэ. Урысейм и лIыкIуэхэмрэ къыхаха цIыхубз унафэщI нэхъыфIхэмрэ ирагъэблагъэри, иджы ахэр хэтащ Европарламентымрэ Европэм и Советымрэ ще­кIуэкIа зэIущIэхэм. Ахэр яхуэзащ Европарламентым и депутатхэу Джерзи Бузекрэ (промыш­леннос­тым тепсэлъы­хьащ) Норикэ Николайрэ (цIы­­хуб­зхэм я хуитыны­гъэм и гугъу ищIащ), Урысейм дэлэжьэнымкIэ директоратым и лIыкIуэхэм, Европэм и Советым ЩIыналъэхэмкIэ и палатэм зэ­­­дэ­лэжьэнымкIэ, адми­нис­т­ра­цэмрэ лъэпкъ ­зэ­пыщIэныгъэхэмкIэ и ­къудамэм и унафэщI Хубер Денисрэ абы и къуэ­дзэ Кардайле Джампаулорэ (Франджы, Страсбург), нэ­гъуэщI­хэми.

  • Бзылъхугъэхэм зыщаплъыхьащ европей къалэ зыбжанэм.
  • УФ-м и журналистхэм я зэгухьэныгъэм, Кавказ Ищхъэрэм и бзылъхугъэ хьэрычэтыщIэхэм я ассоциацэм и лэжьыгъэр ­зыубзыху советым хэт, жы­лагъуэ IуэхухэмкIэ жы­джэр Тхьэщыгугъ Эл­лэ илъэгъуам тедгъэпсэлъыхьащ.
  • — Къыхэгъэщыпхъэщ «XXI лIэщIыгъуэм и бзылъхугъэ пашэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэр Урысей Федерацэм ФедерацэмкIэ и Советым лэ­жьа­кIуэу къищтэнкIэ ­хъунухэм зэ­рыхагъэхьэр, зэпеуэр къы­­зэзыгъэпэщар а Iуэ­ху­­щIапIэращи.
  • Дызыхэта зэIущIэхэм дыщытепсэлъыхьащ псэуным ехьэлIа гугъуехьхэм (къапщтэмэ, ахэр дэни щы­зэхуэдэщ), кризис жы­хуэтIэ гугъусыгъур къызэднэкIа зэрыхъуну Iэ­малхэм, абыкIэ ди зэпыщIэныгъэхэр къы­зэ­ры­сэбэпынум, нэгъуэщI­хэми, — дыщегъэгъуазэ Эллэ. — Псори зэгъусэу ды­зыхэта Iуэхухэм къы­дэкIуэу, сэ нэхъ сфIэгъэ­щIэгъуэн къулыкъу­щIэ­хэми щхьэхуэу сепсэ­лъащ.
  • — Махуэ къэс узыхуэзэ, Iуэху зыдэпщIэ цIыху мыхъуу, нэгъуэщIхэм уащы­IущIэкIэ, Iэмал имы­Iэу гу лъыботэ зыгуэркIэ зэрыдэмыщхьым. Сыт жыпIэфынур абы теухуауэ?
  • — СфIэгъэщIэгъуэнащ зэрыцIыху гуапэхэр. Зы щIэ гуэр, Iуэхум щхьэпэ хуэхъуну яхуэбгъэлъа­гъуэмэ, къыбдэлэжьэну хьэзырхэщ. Сэ сигу ирихьащ щIыпIэ советхэм, административнэ советхэм ядэлэжьэнымкIэ, а зэпы­щIэ­ныгъэхэр гъэбыдэ­нымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къыщагъэлъэгъуа унэ­тIыныгъэр. ЩIыналъэ совет къызэбгъэпэщ хъунущ, абыкIэ европей утыкум уихьэфынущ, къэ-        рал хабзэхэм уемыба­-        къуэу.
  • Сыщымыуэмэ, нэгъабэ къыхалъхьащ Европарламентым хэтхэм я процент 30-м нэхърэ мынэхъ ­ма­щIэр цIыхубзу щытын ­хуейуэ. Унафэ пыухы-   кIа тращIы­хьауэ зэкIэ ­сыщыгъуазэкъым, ауэ цIыхухъухэр щынэхъыбэм деж нэ­хъыщхьэ гуэрхэр зэра­IэщIэкIым гу лъатэу Iуэхур ягъэ­зэкIуэ­жыну мурад зэращIар ­гуапэ сщыхъуащ икIи згъэ­щIэгъуащ. Урысейм икIахэр «XXI лIэ­щIыгъуэм и бзылъхугъэ пашэ» зэ­хьэзэхуэм щыте­кIуахэ­рати, ди дежкIэ ар щIэ­щыгъуэт икIи уасэ зи­мыIэт.
  • — Уэ езым уи щхьэкIэ сыт хуэдэ Iуэху ­гъэ­­­­­- щIэгъуэн абыхэм яхуэб­гъэлъэгъуэфынур?
  • — Сэ иджыпсту сыщылажьэр рекламэрщи, абы ехьэлIауи куэд пхуэ­щIэнущ. Семыжьэ щIыкIэ социальнэ сетхэмкIэ цIыху куэдым запысщIащ, сепсэлъащ, Франджым сынэса иужь абыхэм ящыщ зыбжанэми сахуэзащ. ХьэрычэтыщIэхэр хуейщ я Iуэхутхьэбзэхэр, дэлэл хэмыту, цIыхубэм хуащIэну. Билетхэр щэн, хьэщIэщхэр къахуэгъуэтын Iуэхухэм ахъшэ нэ­хъыбэ къыхэзыхыр цIыху­хэмрэ IуэхущIа­пIэмрэ яку дэт агентствэ дэлэлращ. Абы къыпэпкIу­хьыфы­нущ, псалъэм папщIэ, сызиунафэщI газет дыдэр уи дэIэпыкъуэгъуу. Абы щхьэкIэ справочно-информационнэ IэнатIэм и сайтым, ди газет дыдэм и электроннэ къыдэ­­кIыгъуэри хъунущ, хъы­баре­гъащIэр илъхьэн ­хуейуэ аращ. Тур­аген­т­ст­вэмкIэ лъапIэщ, мыдрейуэ, уи компьюте­рымкIэ сайтыр къыбо­гъуэт, уасэр электроннэ ахъшэкIэ иботри, Iуэхур зэфIэкIащ.
  • — НэгъуэщI щIыпIэ ущыIауэ адэжь щIы­на­лъэм укъекIуэлIэжыныр сыт хуэдэ, Эллэ?
  • — Махуищ дэкIатэкъым Налшык сыхуэзэшу щы­щIэздзам. Дахэми, щэн­хабзэкIэ гъэщIэгъуэнми, ерыскъыхэкIхэмкIэ те­лъы­джэми, ар ууейкъым, псынщIэуи къы­пIэщIоу­жагъуэ. ЖысIэнуращи, уи лэжьапIэ IэнатIэр здэ­щыIэ, фIыуэ укъэзы­лъагъу уи унагъуэр къыщыппэплъэ, ныбжьэгъу пэжхэр къыщыпкъуэт хэкум хуэдэ зыри хъуну­къым. Мис ар зыхэпщIэн щхьэкIэ нэгъуэщI къэрал укIуэу укъэкIуэж хъунущ.
  •  
  • Епсэлъар
  • ИСТЭПАН Залинэщ.