Я мылъку халъхьэ
2013-12-31
- Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВОС) и Тэрч район къудамэм зи нэм имылъагъухэм защIэгъэкъуэным теухуа псапащIэ Iуэху иригъэкIуэкIащ. Ерыскъыгъуэ ягъэхьэзырахэр къуажэ Iэтащхьэхэм трагуашэри, абыхэм зыхуэфащэхэм Iэрагъэхьэжащ.
- ПсапащIэ Iуэхум я мылъку халъхьащ республикэм и предприятэ нэхъ инхэм я унафэщIхэу ЛIэужь Адэлбий, Шыдыгъу Залым, Къудалы Мухьэмэд сымэ. Ягуэшахэм халъхьащ хьэлвэ IупщIэхэр, горох консервхэр, помидор, нащэ гъэфIэIуахэр.
- — ЦIыхуи 150-м далъэIэсащ, псори зэхэту 260-рэ мы Iуэхум къызэщIедгъэубыдэну ди мурадщ, — жиIащ ВОС-м и щIыпIэ къудамэм и унафэщI Бжьыней Арсен.
- КIуантIэ Замирэ.