ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И кIэм ноблагъэ

2013-12-13

  •    Урыху къуажэм дэт амбулаторэм иращIэкI ремонт лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Ухуэныгъэр илъэсыщIэм и пэщIэдзэм къанэ щымыIэу зэфIагъэкIыну щогугъ.
  •  
  •    Мы зэманым ирихьэлIэу зэфIаха лэжьы­гъэхэм я гугъу тщIымэ, унащхьэмрэ унэ щIы­бымрэ къагъэщIэрэщIэжащ, электрокъарур зрикIуэ кIапсэхэр яхъуэжащ, лъэгухэр щIэры­щIэу кърагъэжыкIри, пластик щхьэгъубжэхэри халъхьэжащ.
  • ИнвестицэмкIэ рес­пуб­ликэ программэм ипкъ иткIэ, кърахьэжьа мы Iуэхум КъБР-м Ухуэныгъэмрэ архитек­ту­рэмкIэ и министерствэм сом мелуани 3 хухихащ.
  •  
  • Шэрэдж Дисэ.