ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гулъытэ зыхэлъым гулъытэ егъуэтыж

2013-12-13

  • «Жьэгум мафIэр щыблэхун» — апхуэдэ фIэ­щы­гъэ иIэу иджыблагъэ дунейм къытехьащ тхылъ гъэщIэгъуэн, балъкъэр усакIуэ Отаров Керим и усэхэр адыгэбзэкIэ иту. Ахэр зэзыдзэкIари тхы­лъыр зэхэзыгъэувари уса­кIуэ цIэрыIуэ Уэрэзей Афликщ.
  •  
  • УсакIуэ, Кашгарский Мыхь­муд и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтым и лау­реат Беппаев МутIалип тхы­лъым хуищIа пэублэ пса­­лъэм къыщыгъэлъэ­гъуащ Отаров Керимрэ Мечиев Казымрэ я творчествэр ­з­э­ры­зэпыщIар. Тхы­гъэм къы­­­зэрыщыгъэ­лъэ­гъуам­кIэ, Казым и гуащIэм иIэ мыхьэнэм литераторхэм ящыщу япэ дыдэу гу лъызытар Отаровырщ, ха­мэщI щы­щIалъхьа уса­кIуэм и хьэдэм иджы хэкур увыIэпIэ зэрыхуэхъужар зи фIыщIэ мыухыжри абы и гъукIэгъэсэну щыта Керимщ. «Хэкум ирахуны­гъэмрэ Керимрэ», «Ота­ров Керимрэ Хэкумрэ» Iы­хьэ­хэми къахощ Отаровым куэд зэрыхузэфIэкIар.
  • «Жьэгум мафIэр щыблэхун» тхылъым итщ Афлик зэридзэкIауэ усэ щитIым щIигъу, дыгъэм, зи щхьэцыр тхъуа анэм, псы Iубы­гъуэм, адэм, бащлъыкъ хужьым ятеухуа балладэхэу тху, «Илъэсхэр», «Къэбэрдей» поэмэхэр. Лэжьы­гъэм и кIэм къыщыхьащ Отаров Керим и тхыгъэхэу адыгэбзэкIэ традзахэм я цIэр (зытхар Абазэ Албэчщ).
  • ИгъащIэми къогъуэгу­ры­кIуэ уи усэ нэгъуэщIыб­зэ­хэм­кIэ зэрадзэкIыныр пщIэ лейуэ, уи гуащIэм къыхуа­щIа гулъытэшхуэу, уи зэ­фIэ­­кIыр зэрагъэлъапIэ дамыгъэу. АтIэми адыгэм щыщ куэдым я Iэда­къэ­щIэкI­хэр балъкъэрыбзэкIэ, балъкъэрхэм ейр — адыгэб­зэ­кIэ зэрадзэкIыныр хабзэ хъуауэ йокIуэкIри, абы зэрыпащар гуапэщ.
  •  
  • ИСТЭПАН Залинэ.