Хабзэ нэхъыщхьэм щIалэгъуалэр зэреплъыр
2013-12-12
- Урысейм и иджырей Конституцэр етхуанэщ, а тхум ящыщу цIыхубэр япэу арэзы зытехъуари аращ.
- Ди къэралым и Конституцэр 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м къащтащ. Абы лъандэрэ а махуэр ягъэлъапIэ.
- Налшык ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Конституцэр илъэс 20 зэрырикъум теухуауэ «Тхыдэ фэеплъ» проектым къриубыдэ студент конференц. ЗэIущIэм хэтащ ГъуазджэхэмкIэ институтым и ректор Рахаев Анатолий, КъБР-м и Конституционнэ судым и унафэщIым и къуэдзэ Хьэкъул Мурат, институтым и егъэджакIуэ Ахъуэхъу Светланэ, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ сымэ. Конференцым хэтащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс студентхэр.
- Ахъуэхъу Светланэ ныбжьыщIэхэм яжриIащ УФ-м и Конституцэр къэралым и цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр ефIэкIуэным хуэунэтIауэ зэрылажьэр икIи абы къигъэув мардэхэр зэрагъэзащIэм куэд зэрелъытар.
- Канунниковэ Татьянэ конференцым хэт ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ яIэну, гупсысэ щIэщыгъуэхэр къагъэнэIуэну.
- Студентхэм къагъэлъэгъуащ къэралым и Хабзэ нэхъыщхьэм теухуауэ яIэ щIэныгъэр, фIагъыу, щыщIэныгъэу абы хэту къалъытэхэр. Псалъэм папщIэ, Конституцэм и мыхьэнэм, абы зэрызегъэужьыпхъэм я гугъу ищIащ КъБКъУ-м и студент Будаев Казбек.
- — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Конституцэми щыщIэныгъэхэр хэлъщ. Абы къигъэув мардэхэр псоми зэхуэдэу зэрамыгъэзащIэми дыщыгъуазэщ. Къэтщтэнщ Iулъхьэм, къулыкъур я щхьэ IуэхукIэ къагъэсэбэпыным мыхъумыщIагъэу пыщIар. Ар икIэщIыпIэкIэ къызэрыдгъэувыIэн Iэмал къэдгъуэтын хуейщ. Арэзы укъищIыркъым къэралым сабий ахъшэу ит сом бжыгъэ мащIэми. Ар цIыхухэм я гукъеуэхэм ящыщщ.
- Конституцэм и щхьэу къызолъытэ цIыхум хэлъын хуей гъэсэныгъэр, гущIэгъур, дуней тетыкIэр. Сыту жыпIэмэ, ахэр зыхэлъым къыгурыIуэнущ хабзэм ебакъуэ зэрымыхъунури, — жиIащ Казбек.
- ЗэIущIэм къеблэгъахэм къыхагъэщащ Конституцэм и мардэхэм къэралым къару щаIэныр зи щIалэгъуэм куэдкIэ зэрелъытар.
- Гугъуэт Заремэ.