Олимп чемпион Къаплъэн (КIыкIэ) Хьэмид
2013-11-19
- Ипхъу Неджларэ и къуэ Аттилэрэ я гукъэкIыжхэм щыщщ
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №223-м итщ)
- — СэркIэ зэрагъэхь щыIэкъым, сызэбэнынум идэмэ.
- ЩIалитIым дагъэ къызрагъэжэхыжри, зэрыубыдын ялъэмыкIыу зэбэнахэщ, ауэ аргуэру текIуар Хьэмидщ.
- Саугъэтхэр ята нэужь, Уэсмэным Хьэмид зыкъыхуигъазэри, и щIыб къыдэт пщIэгъуалэр къригъэлъэгъуащ:
-
-
-
-
-
-
-
-
-
- — Мис мы зыгъуэгум къэбгъэхъар, Хьэмид. Япэ увыпIэр къэзыхьым мырат хуэдгъэувар.
- ПщIэгъуалэр и Iэдэжу къишэжу унэм къыщыкIуэжым, унагъуэм, быныщIэ къахэхъуа хуэдэ, гуфIэгъуэ лей къащыхъуащ.
- Хьэмид хэт ебэнми текIуэрти, и щIэщыгъуэжтэкъым IэплIэзэбэнри дагъэзэбэнри. Ахэри зыгуэрт, ауэ дунейм щызекIуэр нэгъуэщIт. Къэралыгъуэхэм я бэнакIуэшхуэхэм япэщIэувэмэ дауэ хъуну пIэрэт? Иджы арат Хьэмид и хъуэпсапIэр.
- Сымаджэм дохутыр къыхуозэ
- 1952 гъэм и вэгъуэ мазэт. Хьэмид, зэрихабзэу, жьыуэ къэтэджащ. Ауэ и гур зыгуэрым зэрихуэрт. Гузэвэгъуэ иIэ хуэдэу и къуэр зэрышхэм гу лъитэри, анэм жиIащ:
- — Сыт къэхъуар, си щIалэ, урахужьа хуэдэ? Хадэр тэ-джу щIэпхъуэнкIэ ушынэу ара хьэмэрэ ноби бэнакIуэ укIуэну?
- — Хьэуэ, ар тхьэмахуэкIэращ щыщыIэр. Ауэ, пэжу, сщIэркъым къысщыщIар.
- — Нобэ Адыл пелуаныр къызэрыкIуэнур уи гум къридзауэ арагъэнщ.
- Хьэмид зэуэ шхэн щигъэтри къыщылъэтащ. И нэгум щIэплъагъуэ гуфIэгъуэр пхуэIуэтэнтэкъым.
- Джандемыр Адыл (Гугъэв) Хьэмид и анэмкIэ и благъэт: и анэмрэ абырэ зэпхъурылъхуэгъу хуэдэт, сытми, и анэшу жыпIэ хъунут. Адыл Iэгъуэблагъэр дэнэ къэна, Тыркуми и мызакъуэу, дуней псом къыщацIыхурт. Хьэмид и плъапIэт абы е Яшар Догу хуэдэ хъуну, дунейпсо зэпеуэхэм, олимпиадэхэм тырку бэнакIуэ фащэр щыгъыу щатекIуэну, медалхэр къафIихьыну, цIыхубэр игъэгуфIэну, игъэгушхуэну. Абы и гъуэгур къыхузэIузыхыфынур Джандемыр Адылт, ари пщэдей къэкIуэнут. Куэдрэ узыщIэлъэIур къыбдохъу щIыжаIэр арагъэнщ.
- Ерагъыу нэху игъэщащ Хьэмид. Иужьрей махуэм къэмысыжыныр къызыхуэкIуа автобусыр аркъэнкIэ къилъэфым хуэдэт щыпэплъэм. Къызэрилъагъуу бгъэдыхьэри:
- — ФIэхъус апщий, си егъэджакIуэ, — жиIэурэ зиухуэри и IэщI ищтащ (и Iэм ебэури и натIэм нигъэсащ), щIыхьышхуэ зэрыхуищIыр къыхэщу. Адыли къедэхэщIащ.
- Хьэмид и фIэщу гу зылъригъэтэну и мурадт и егъэджакIуэ Адыл, ауэ иджыри зэрищIынур хуэубзыхуатэкъым. Зыри къыжримыIа щхьэкIэ, езы Адыли Хьэмид игъэхъахэр зэхимыхауэ щыттэкъым…
- Хьэмид хадэм лажьэу иту, зэ зыкъыщиIэтым, Адылрэ Хьайдаррэ блэкIыу къилъэгъуащ. Жыжьэу сэлам кърахащ:
- — Дэ псыхъуэм щиху пыдупщIыну докIуэ, ухуеймэ, уэри накIуэ.
- Къуажэдэсхэм я Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщт щиху хэсэныр, гъэкIыныр, пыупщIыныр, щэныр. ХадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр абы щыгъуэ зэрызэрахьэр щихум къыхэщIыкIа ашыкт. Хьэмид абыхэм я гъусэн щхьэкIэ, щиху пиупщIын дэнэ къэна, здэмыкIуэн щыIэтэкъым. И Iуэхухэр псынщIэу зэфIиудри, якIэлъыкIуащ щIалитIым. Щынэсам, а тIур жыг пыупщI хыхьахэт. Хьэмид джыдэ къаIихри, и къару емыблэжу ядэлэжьэн щIидзащ.
- Джандемыр Адыл бэнакIуэ Iэзэт, щIалэщIэ куэд игъэсат. Иджыри, и шхулъэ къупщхьэр къыхузэпамыудатэмэ, Тхьэм ещIэ, жыжьэ нэсыфынт. Арати, ар фIы дыдэу щыгъуазэт бэнакIуэр зэрыщытын хуейм. Псалъэм папщIэ, гуащIэшхуэ хэлъыпхъэт бэнакIуэм, и къарур зэрыхуейм хуэдэу зэпишыфу, тIэкIу-тIэкIуурэ къигъэсэбэпу. Хьэмид щIалэшхуэт, пIащэт икIи гуащIафIэт, ауэ а хьэлыр хэлъу пIэрэ?
- Псым хыхьэри, зэдэгушыIэ хуэдэурэ, зэбэну щIадзащ Адылрэ Хьэмидрэ. Псым ухэту убэнэныр нэхъ гугъужщ.
- — Дауэ къыпщыхъуа ди пелуаныр, тхьэмадэ? — щIэупщIащ Хьайдар, тэлай дэкIри.
- Джандемыр Адыл икIи адыгэ тхьэмадэт, икIи бэнакIуэгъасэт. Хьэмид икIи и благъэти, бэлэрыгъауэ псалъэ хъунутэкъым:
- — Хьэмид, уэ Iэпкълъэпкъ дэгъуэ уиIэщ, гуащIэшхуэ пхэлъщ, щыхуейм деж ущысхьу, игъуэм уемыблэу Iэзэу къыбогъэсэбэп, бэнэни пфIэфIщ. Къэнэжращи, сэ фIыуэ укъызэдэIуэнщ. УкъызэдаIуэмэ, сщIэуэ хъуар уэзгъэщIэнущ, зэрыслъэкIкIэ сыбдэIэпыкъунущ, ауэ уэри узыхуэсакъыжынщ, уемышу улэжьэнщ, укъикIуэтынкъым. УтекIуэмэ, зыбгъэпагэнкъым, укъыхагъащIэмэ, уигу бгъэкIуэд хъунукъым…
- Адыл-егъэджакIуэм лъэтэн хуейуэ къыхуигъэувами, «Ар дауэ хъун?» — жиIэу щIэупщIэнутэкъым Хьэмид, зэзэмызэ а ущиехэр зэригъэпэжынур и фIэщ ищIын и гугъэу къыхэуэ-къыхэпкIэми.
- Пщыхьэщхьэу, унагъуэр зэхуэсыжауэ Iуэхур къаIэтри, псоми зэхахыу, и адэ-анэм я пащхьэ ису Хьэмид псалъэ быдэ къыIахащ бэнэнми Джандемыри хуэ-пэжу зэрыщытынумкIэ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм хьэщIэм Анкара игъэзэжащ, Пелуаныр игу зэгъауэ къигъанэри. Хъужыну сымаджэм дохутыр къыхуозэ жыхуаIэм хуэдэт ар.
- Пхъэбгъу пхъуантэ
- Джандемырым дахэу къепсэлъа, и гур къыхуигъэфIа щхьэкIэ, махуэхэри тхьэмахуэри блэкIащ и хъыбар къэмыIуу. Апхуэдэурэ мазитI кIуащ, хуитха тхылъ зытIущми жэуап яIакъым…
- Хьэмид гузавэу щIидзащ. Гъунэгъу къуажэхэм щызэхашэ зэбэныгъуэхэми щIэщыгъуэ яхэлъыжтэкъым. ЗыкъэсIэту къалэм сыкIуэмэ, дауэ хъун жиIэу игу къэкIырт, ауэ Анкара зэи щыIатэкъым. ИтIанэ мо лIышхуэми зэуэ ухуеблагъэмэ къикIынур гурыIуэгъуэкъым. ТIысри аргуэру зы тхыгъэ дэгъуэ хуитхщ, зэкIуэцIишыхьри и жыпым ирилъхьащ, пощтым иритын и мураду. ИтIанэ йогупсыс: мыр пощтым естмэ, щыIэрыхьэнур дапщэщ? Мыри жэуапыншэ хъумэ-щэ?
- Iэнэм здыпэрысхэм и адэ-анэм ечэнджэщащ. Ягу къигъэкIыжащ егъэджакIуэм къызэригъэгугъар, иджы и зэманыр пщIэншэу зэрыкIуэдыр, къалэм кIуэну зэрыфIэигъуэри къыхилъхьащ. Адэр хуэхьэзыртэкъым апхуэдэ унафэм. Анэм идэххакъым:
- — Тхьэм жимыIэкIэ… Уи закъуэ дауэ узэрыкIуэнур, дэнэ уздэкIуэнур, сыт пшхынур?
- — Си анэ, уэ уощIэ, сэ сыбэнэну сыхуейщ, бэнакIуэ алэрыбгъу сытемыхьэу хъунукъым. Абы папщIэ Адыл деж сыкIуэн хуейщ.
- — Зымахуэ Адыл зытепсэлъыхьа Iуэхура жыхуэпIэр? — щIэупщIащ и анэр.
- — Аращ, фыз, аращ. Мы щIалэр абы адэкIэ дэ мыбдеж щытIыгъыжыфынукъым. ИрекIуэ, зыхуейр ирещIэ. Тхьэм нэхъыфIым хуишэ! — къитыжащ адэм жэуап.
- Хьэмид къыщылъэтри и анэм IэплIэ хуищIащ:
- — Умыгузавэ, си анэ дыщэ, жыжьэкъым сыздэкIуэнур, мис, автобусым ситIысхьэмэ сыхьэтих гъуэгу фIэкIа дэлъкъым.
- И щIалэр абгъуэм илъэтыкIыну игъуэ къызэрысар зыхищIэрт и анэм. ГуфIэ-гузавэ нэпсхэр хуэIыгъыжакъым.
- Хьэмид и унагъуэм хуит зыкъригъэщIа щхьэкIэ, дауэ кIуэну Анкара? Къуажэ щыгъынхэмкIэ абы удыхьэну емыкIут, ауэ нэгъуэщIи иIэкъым. ЩIэ къищэхуну и ахъшэ мащIэр хурикъунукъым.
- Губгъуэ хадэм и дэнагъэм трикIутауэ щIэп пыупщIа зыкъом телъти, абыхэм и нэр яфIэнащ. Ахэр зэщIикъуэрэ ищэмэ, ахъшэ тIэкIу къыхущIэкIынут. Ар, япэрауэ, езым къилэжьат. И адэми емыкIуу къилъытэнутэкъым. Апхуэдэу егупсысщ, тегушхуэри щIэп пиупщIа зэтелъыр гум ирилъхьэри бэзэрым ишащ. Абы къыщIэкIа ахъшэр езым бэнэнкIэ къилэжьам хилъхьэжри, зы цей кIэщIрэ гъуэншэджрэ къищэхуащ. Вакъэ къилъыхъуа щхьэкIэ, игъуэтакъым и лъакъуэшхуэр зэрыхуэн. Щыгъын зыдилъхьэн пхъуантэ гуэри имыIэу хъунутэкъым. И ахъшэм къыщIэкI пхъэбгъу пхъуантэ пуд цIыкIу къищэхуащ. Анэри и бын дыщэм къыхуэгумащIэри, щIагъщIэлъти щIыIутелъти, джанэти цыджанэти, лъэпэд-напэIэлъэщIти къыхудилъхьащ. Хьэмид езыр лIы пIащэ абрагъуэт, иIыгъ пхъуантэр сабий зэрыджэгу хьэпшыпу къыпфIэщIу. И адэ-анэр и ижьырабгъуу, и къуэш-и шыпхъуитIыр и щIыбагъ къыдэту, езыр псом нэхърэ нэхъ лъагэу къахэщу, зэрыунагъуэу къыдэкIащ автобус IукIыпIэм нэс.
- — УкъызыхэкIар зыщумыгъэгъупщэ, ди напэр тумых, ди щхьэр идумыгъэхьэх! — къеущиящ и адэр, кIэзызын зымыуха и макъымкIэ.
- Сыту къалэнышхуэт ар, адыгэм и гъащIэ зыхэщIэкIэм и щапхъэт. ЩIылъэ хъуреишхуэр къытеукIурия хуэдэт Хьэмид. Зэзэмызэ игу къигузэвыкIырт: семыпIэщIэкIыу пIэрэ жиIэу.
- Абы хэту и анэми IэплIэ хуищIащ… Хьэмид и нэщIащэм щIэт нэпсхэр хуэмыIыгъыжу къыщиудынкIэ шынэу, и къуэш-и шыпхъухэм ерагъыу IэплIэ яхуищIыжащ. Автобусыр умылъагъуж хъуху Iэ зэхуагъэсысыжащ.
- Щэхуу Тхьэ елъэIурт Хьэмид, тхьэлъэIубзэу ищIэхэр къибжурэ. Пхъэбгъу пхъуантэ иIыгъымрэ хьэфэ вакъэ лъыгъхэмрэ щтэIэщтаблэу зэрызекIуэр хэплъхьэжмэ, «сэ къалэшхуэм си щыпэкъакIуэу сыкъуажэ щIа-лэжьщ» жиIэ хуэдэт щIалэм. И насыпти, бза-джэ къыхуэмызэу Адыл и унэр къигъуэтри бжэм теуIуащ. Бжэр зэIукIри щIэмысынкIэ гузэва щхьэкIэ, езы Адыл и пащхьэм къихутащ…
- КъыкIэлъыкIуэ махуэм, япэрауэ, хьэфэ вакъэм и унафэ щIын хуейт. Вакъэ лъыхъуэ ежьахэщ, арщхьэкIэ Анкара щагъуэтакъым Хьэмид хуэхъун вакъитI. Щамыгъуэтым, вакъащIэ гуэрым деж кIуэхэри хуэфIу зы спорт вакъэ хурагъэщIыну елъэIуахэщ. Ахэр хьэзыр хъуху, зы тхьэмахуэ кIуэцIкIэ Хьэмид бэнакIуэхэм зыщагъасэ залым кIуащ и хьэфэ вакъэхэмкIэ. Пкъыгъасэ (тренировкэ) гъэщIэгъуэнхэр щищIащ абы. Ауэ и егъэджакIуэм и пщэ дэсу псэуфынт? ЕлъэIуащ лэжьыгъэ къыхуигъуэтыну. Пкъыгъасэр иухмэ, лэжьыгъэ къилъыхъуэу къалэм дэтащ мазищкIэ. Ауэ уемыджауэ, IэщIагъэ уимыIэу къалэшхуэм лэжьыгъэ къыщыбгъуэтыну тынштэкъым …
- ЗэзыдзэкIар Хъуажь Фахърищ.