Лъабжьэ быдэ
2013-10-30
- Курп Ипщэ дэт курыт еджапIэм и музейм мы махуэхэм щекIуэкIащ къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэным теухуа зэIущIэ.
- ШколакIуэхэм къахуеблэгъащ зауэ лъэхъэнэм хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэнымрэ зауэ хуэIухуэщIэхэр зэхуэхьэсыжынымрэ телажьэу Налшык щыIэ къэлъыхъуакIуэ гупым хэтхэр, ФСБ-мрэ МВД-мрэ я район къудамэхэм, егъэджэныгъэмкIэ управленэм я лэжьакIуэхэр, зауэм и ветеранхэм я къуажэ советым и нэхъыжьхэр.
- Мы жылагъуэм ахэр щызэIущIэныр къызыхэкIар, Курп Ипщэ дэт курыт школым и музейм тхыдэ лъабжьэ быдэ зэриIэрщ. Абы къыщыбгъуэтынущ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм драгъэкIуэкIа зауэ гуащIэр къыхэщу къуажэдэсхэм зэхуахьэса хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэу школакIуэхэр пыщIэныгъэ яIэу долажьэ ди республикэм имызакъуэу нэгъуэщI щIыналъэхэми. А псоми я фIыгъэкIэ музейр нобэ ди республикэм щынэхъыфIхэм ящыщ зы хъуащ.
- ЗэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар иджы къэунэхуа гупсысэ шынагъуэхэм дамыхьэхыу, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм хуэгъэпса хэкупсэ гъэсэныгъэ тэмэмым и дерсхэр къыдэкIуэтей щIэблэм къегъэщтэнырщ.
- Налшык икIа къэлъыхъуакIуэхэм музейм тыгъэ хуащIащ, езыхэм къагъуэта хьэпшып зыбжанэ. Апхуэдэу къадэлэжьэну гукъыдэж зыщI еджакIуэхэр я гъусэу гъуэгуанэ зэпачынри игъуэу къалъытащ.
- Къумыкъу Руслан.