БлэкIам ирогушхуэ, къэкIуэнур яухуэ
2013-10-22
- Мэрем кIуам Аруан куейм щагъэлъэпIащ щIыпIэм и жылэ нэхъыщхьэр — Нарткъалэ — илъэси 100 зэрырикъуар. И махуэшхуэм ирихьэлIэу екIуу «зыкъизыха» жылэм щекIуэкIа зэхыхьэшхуэм жыджэру хэтащ нарткъалэдэсхэм я мызакъуэу, гъунэгъу къуажэхэм, республикэм и къалащхьэм къикIа хьэщIэ куэд. Нарт лъахэм и юбилейм кърихьэлIат КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, республикэм и депутатхэр, министрхэр, Ростов областым и Мартыновскэ районым, гъунэгъу жылэхэм я лIыкIуэхэр, гъунэгъу жылэхэм я лIыкIуэхэр, Аруан куейм и нэхъыжьыфIхэр, нэгъуэщIхэри.
- Адыгэм зэрихабзэу, а хьэщIэ лъапIэхэм бысымхэр пежьащ махъсымэ фалъэрэ шхын тепщэчкIэ. А ерыскъы IэфIхэр зыIуагъэхуа нэужь, Къанокъуэ Арсен зи пашэ хьэщIэ гупышхуэр ирагъэблэгъащ махуэшхуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ пэкIур щекIуэкIыну щIыпIэм. Ар Нарткъалэ и Къэбэрдей уэрамырт. «ПщIэ зыхуэтщIхэу Аруан районымрэ Нарткъалэрэ я цIыхухэ! Ди хьэщIэ лъапIэхэ! НыбжьэгъуфIхэ! Гуми псэми къабгъэдэкIыу дынывохъуэхъу нобэрей махуэшхуэмкIэ. Зи ныбжьыр илъэсищэ ирикъу Нарткъалэ фIэхъус сэлам гуапэ къывех, ди гуфIэгъуэри къызэIудох!» — апхуэдэ псалъэ гуапэхэр щыIурт махуэшхуэм къыхузэрагъэпэща утым. Iэгуауэшхуэ абы хуэзыIэта цIыхухэм, шэч хэмылъу, я гукъыдэжыр нэхъри къэIэта хъуат абы иужькIэ.
- ЦIыхуищэхэр хэтащ махуэшхуэ пэкIум. Ар ирагъэкIуэкIащ Куэшей Хьэчимрэ Рябиковэ Татьянэрэ. ГуфIэгъуэ пэкIум абыхэм япэу кърагъэблэгъащ жылэм и тхыдэм лъабжьэ хуэхъуа Дохъушокъуэ Кушыку пщыр. Ар уэрамышхуэм къытехьащ, шы хужьитI зыщIэщIа и тешанкIэ гъэщIэрэщIам исрэ шыгухур щIыгъуу, Шытхьэлэ къуажэм и «Насып», Аруан жылэм къикIа «Нур-Ет» творческэ гупхэр, пщым зэрыхуэфащэу, къафэрэ джэгуу и лъэныкъуитIымкIэ щыту. ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ сэлам гуапэ яриха нэужь, «пщыр» ипщэрабгъумкIэ къыщыувыIащ, зэрыпагэ и жылэ Iумахуэм адэIуэкIэ къыщыту къахэплъэн хуэдэу.
- Пщым и тешанкIэм иужь иту уэрамым къытехьащ «Докшукино» станцым и «мафIэгумрэ» а IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ. Апхуэдэ мафIэгухэмкIэ 1913 гъэм къыщIидзащ къалэм и тхыдэр, гъэтIылъа хъуащ абы и лъабжьэр. Станцым и лэжьакIуэхэр ноби жыджэру хэтщ Нарткъалэ и гъащIэм. Мы зэманым абыхэм я нэIэм щIэтщ «Докшукино», «Мэртэзей», «Котляревскэ» гъущI гъуэгу станцхэр.
- МафIэгум иужь къихутащ илъэсищэ и пэкIэ къалэм япэу къыдыхьауэ щыта автомобилхэр. Апхуэдэхэт Куэшмэн Руслан и «ГАЗ-69»-р, «ЗАЗ-965»-р, ЛIуп Уэлий и «ГАЗ-123 ЗИМ»-р, Иуан Аскэрбийрэ Елчэпар Хьэсэнбийрэ я «Москвич М-400»-мрэ «ГАЗ-20 Победа»-мрэ, нэгъуэщIхэри. ЛIэщIыгъуэ блэкIам ухэзышэж а пасэрей машинэхэр нобэм къэзыхьэсахэм фIыщIэ къалэжь, псом япэрауэ, я блэкIам хуащI пщIэмкIэ.
- ХьэщIэхэр зэрыт трибунэм гъунэгъу къыхуохъу щIыпIэм и нэхъыжьыфIхэр, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр зыхэт гупыр. Ахэращ къалэм и зэфIэувэныгъэм зи гуащIэ куэд, зэфIэкIышхуэ езыхьэлIахэр. Ахэращ жэщ-махуэ ямыIэу зэуапIэ губгъуэм итар, ТекIуэныгъэ Иныр совет цIыхубэм къыхуахьын папщIэ. ПэкIур езыгъэкIуэкIхэм фIыщIэ куэд хуащIащ а нэхъыжьыфIхэм, узыншагъэ, гъащIэ зэпэщ яIэну ехъуэхъуащ.
- Аруан щIыпIэм, Нарткъалэ я цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным махуэ къэс зи нэIэ тет, ар зи къалэн нэхъыщхьэ гупт утыр къыкIэлъыкIуэу хуит зыхуащIар. Ар куеймрэ къалэмрэ я администрацэхэм я IэщIагъэлIхэрт. Абыхэм яужь итт къалэ военкоматым, УФ-м я Суд приставхэм я къулыкъущIапIэм, Налог инспекцэм, Пенсэ фондым, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ куей управленэм, «БТИ»-м, «Ростелеком»-м, ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным, «Урысей пощтым», «Россельхоз», «Сбербанк» хъумапIэ банкхэм Аруан куейм щаIэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэр. А IэнатIэхэм ящыщ дэтхэнэми и лэжьакIуэхэм яхэлъ гудзакъэм, набдзэгубдзаплъагъэм куэдкIэ елъытащ къалэдэсхэм я гъащIэм и зэIузэпэщагъыр.
- АдэкIэ утыкум кърагъэблэгъащ жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ IэнатIэм — егъэджэныгъэм — и лэжьакIуэхэр. Куейм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Жэмыхъуэ Сражудин зи пашэ гупышхуэм хэтт щIыпIэм и егъэджакIуэ пашэхэр, абыхэм я гъэсэн нэхъыфIхэр. Аруан куейм хыхьэ жылэхэм дэтщ курыт школрэ сабий саду 30. Абыхэм щолажьэ IэщIагъэлI мини 2-м щIигъу. Нарткъалэ ирогушхуэ и курыт школи 6-м, гъэсапIи 5-м, программэм и лейуэ ныбжьыщIэхэм щадэлажьэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм я егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм. Абыхэм яхэтщ УФ-м, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэхэр, къэралым, республикэм къабгъэдэкI гулъытэ лъагэ зыгъуэтахэр. Апхуэдэхэщ Аргъэщокъуэ Кулижан, Вдовинэ Галинэ, Гъубжокъуэ Еленэ, Жэмыхъуэ Борис, Къанщыкъуей Риммэ, Нещадимовэ Верэ, Сэралъп Джэрихъан, Шыд Хьэзрит, Щоджэн Щэм- хъаний, Къардэн Женя, Сэбанокъуэ Аллэ, Таз Мадинэ, Токарь Нинэ, Шыпш Марие, Щоджэн Таисие, Иуан Марьянэ, Кукушкинэ Лидие, Хужьокъуэ Зерэ, Тоболь Владимир, Щоджэн Риммэ, Що-джэн Хьэутий, Алборэ Валентинэ, Тхьэгъэлэдж ФатIимэ, Къэмбэчокъуэ ФатIимэ, Къардэн Хуэмей, КъалакIуэ Аллэ, Темрокъуэ Хьэлимэт, Хьэждэгу Антисэ, Третьяк Галинэ, Мэкъуауэ Раисэ, Къалмыкъ Тамарэ, Горбачёвэ Людмилэ, Ивакинэ Татьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Къалэр иропагэ нэхъыжьхэм я щапхъэм тету иджырей щIэблэр нобэ езыгъаджэ Митраковэ Людмилэ, Ахъей Агнессэ, Къэжэр Рустам, Нэгъуей Светланэ, Цирульниковэ Ринэ, Вэрыкъуэ Iэминат, Джаурджий Галинэ, НэкIус ФатIимэ, Гуэбэшы Людмилэ, БитIэ ФатIимэ, Мамыхъу Беслъэн, Маскаевэ Еленэ, Акуловэ Маргаритэ, Луговая Аннэ, Елей Людмилэ, Тэрчокъуэ Жамболэт, Мыд Абрэдж-Заур. Зи лэжьыгъэм я къару емыблэжу пэрыт а егъэджакIуэ пашэхэм я цIэхэр Iэтауэ къыщраIуащ гуфIэгъуэ пэкIум.
- КъытщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ куу етыным, гъэсэныгъэфI яхэлъхьэным хуэгъэпса Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэр зи лэжьыгъэм дапщэщи хэзылъхьэ, зыпэрыт IэнатIэм жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу бгъэдэт, щIэм и лъыхъуакIуэ, творческэ зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэхэм я къару псори ирахьэлIэ щIыпIэм щIэблэ узыншэ къитэджэным. Ябгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, творческэ зэчий зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ абыхэм я гъэсэнхэм ящыщ куэд хъуащ къэралым, республикэм щыцIэрыIуэ. Нарткъалэ и курыт школхэм я нэхъыжьу япэу утыкум кърагъэблэгъа лицей №1-м, Иуан Еленэ зи унафэщIым, мы гъэм егъэлъапIэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. ЗыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм иригушхуэу, фIыуэ ялъагъу къалэм и гуфIэгъуэр гурэ псэкIэ зэрыдаIыгъыр нэрылъагъуу, пэкIум хэтт ныбжьыщIэхэр. Абыхэм яIыгът шар гъэпща зэмыфэгъухэр, удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэр, нып цIыкIу зэмылIэужьыгъуэхэр.
- Гуп щхьэхуэ-щхьэхуэурэ, пэкIум и хьэщIэ лъапIэхэм сэлам гуапэхэр ирахыурэ, утыкум къихьащ къалэм и адрей еджапIэхэри. Апхуэдэхэт 1953 гъэм лэжьэн щIэзыдза Нарткъалэ дэт курыт школ №2-р (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ), егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ илъэс 60-м щIигъуауэ щызэфIах курыт школ №3-р (унафэщIыр Езий Юрэщ), Нарткъалэ дащIыхьа консерв заводым и Iэшэлъашэхэм щыIэ псэупIэ унэхэм ящыщ зым 1947 гъэм лэжьэн щыщIэзыдзауэ щыта курыт школ №4-р (унафэщIыр ЛIыжьыкъуэ Ритэщ), 1974 гъэм фокIадэм и 1-м ЩIэныгъэхэм я махуэм ирихьэлIэу Нарткъалэ къыщызэIуаха курыт школ №5-р (унафэщIыр ШэрыIужь Маргаритэщ), иджырей мардэхэм хуэкIуэу, 1989 гъэм яухуауэ щыта курыт школ №6-р (унафэщIыр Иуаз Ритэщ). ЕджапIэхэр ирогушхуэ, иропагэ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм ахэр къэзыуха, иджы къэралым, республикэм я цIыху цIэрыIуэ къызэрыщIыкIа я гъэсэнхэм, ахэр щIэблэм щапхъэу хуагъэлъагъуэ. Абыхэм я цIэхэри къыщраIуащ гуфIэгъуэ пэкIум. Апхуэдэхэщ Къанокъуэ Арсен, Бозий Натбий, Шондыр Олег, Ерчэнхэ Темболэтрэ Жамболэтрэ, Къанокъуэ Антемыркъан, Мер Владимир, Сокъур Ольгэ, Чым Рашад, Бозий Руслан, ХьэцIыкIухэ Маритэрэ ФатIимэрэ, Тэрчокъуэ Эльмирэ, Теувэ Аслъэн, Атэбий Игорь, Сапрыкинэ Галинэ, Теунэ Джэмал сымэ, нэгъуэщIхэри.
- «КъэкIуэнур зей ди щIэблэщIэ! ЩIэныгъэ куу зэвгъэгъуэтыным, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрывгъэхьэным фыхущIэкъу! Фригушхуэ фи блэкIам, къэкIуэнум и ухуэныгъэми жыджэру фыхэт!» — апхуэдэ къыхуеджэныгъэхэмкIэ ныбжьыщIэхэм зыхуагъазэрт пэкIур езыгъэкIуэкIхэм.
- УФ-м, КъБР-м, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм я бэракъхэр яIыгъыу утыкум къихьащ Нарткъалэ и спортсменхэр зыхэт гупышхуэр. Къалэм дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт еджапIитIым я зыр олимп резервым и школщ. Абы щагъэхьэзыращ дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру цIыхуи 8, спортым и мастеру 22-рэ, и кандидату 120-рэ. Абыхэм къалэдэсхэр щIэх-щIэхыурэ ягъэгуфIэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщахь текIуэныгъэхэмкIэ. Апхуэдэхэщ зи цIэ къраIуа спортсменхэу Уэлджыр Мурат, Ахъей Астемыр, БищIо Тимур, Джэду Iэниуар, ТIахущ Заур, Макаровэ Галинэ, нэгъуэщIхэри.
- Техник ныбжьыщIэхэм я станцым и гъэсэнхэр хуабжьу екIуу хэтащ гуфIэгъуэ пэкIум. Нарткъалэдэсхэмрэ къалэм и хьэщIэхэмрэ абыхэм ирагъэлъэгъуащ езыхэм я IэкIэ зэпкъралъхьа конструкцэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Псоми яфIэхьэлэмэт хъуащ кхъухьлъатэ, ракетэ, кхъухь цIыкIухэр икIи Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ техник ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ апхуэдэ зэфIэкIхэм. Абыхэм ящIыгъуу утыкум къихьащ картингым дихьэх ныбжьыщIэхэр.
- ПщIэшхуэ хуащIу, Iэгуауэ ин хуаIэту утыкум кърагъэблэгъахэм ящыщщ Ар-уан куейм, къалэм я медицинэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм нобэ щолажьэ цIыху минрэ ныкъуэм нэс. Абыхэм ящыщу 200-м нэсыр дохутырщ, 700-м щIигъур курыт медицинэ щIэныгъэ зиIэ лэжьакIуэщ. Дохутырхэм яхэтщ медицинэ щIэныгъэхэм я докторхэр, кандидатхэр, «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэр, узыншагъэр хъумэным и отличникхэр. ЩIыпIэм щыпсэухэм я узыншагъэр хъумэным гулъытэшхуэ хуащI республикэм, куейм, къалэм я унафэщIхэм. Абы и щапхъэщ Диализ центр ин Нарткъалэ иджыблагъэ къызэрыщызэIуахар, куей сымаджэщым и лэжьыгъэм технологие пэрытыр лъабжьэ зэрыхуищIыр, абы къепхауэ лажьэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм», амбулаторэхэм я зэфIэкIхэм зэрыхэхъуэр, нэгъуэщIхэри.
- Унагъуэр хъумэным, цIыхухэм социальнэу ядэIэпыкъуным зи лэжьыгъэр епха гупхэщ къыкIэлъыкIуэу утыкум кърашар. Апхуэдэхэт Унагъуэмрэ сабиймрэ ядэIэпыкъунымкIэ республикэ центру Нарткъалэ дэтымрэ ЦIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ центрымрэ. А IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фIыгъэкIэ унагъуэ куэдым, цIыху щхьэхуэхэм я псэукIэр нэхъ тынш, зэпэщ мэхъу.
- АдэкIэ уэрамышхуэр яуфэбгъуащ Нарткъалэ и щэнхабзэ, творческэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм. ПэкIум хэтт къалэм щылажьэ библиотекэхэм, макъамэ, художественнэ школхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм я лэжьакIуэхэр, абыхэм екIуалIэ ныбжьыщIэхэр. ГуфIэгъуэр яIэтащ Пэрыт Мухьэдин зи пашэ «Нартхасэ», Хьэщыкъуей Аллэ зи унафэщI «Нартшыр» къэфакIуэ гупхэм, Сэралъп Жаннэ зи пашэ «Вдохновение» классикэ къафэмкIэ ансамблым, Сапрыкинэ Галинэ къызэригъэпэща «Телъыджэм и дуней» сабий театрым. ХьэщIэхэм я пащхьэм къыщызэтеувыIэурэ, абыхэм ягъэзэщIащ лъэпкъ, классикэ къафэхэр.
- Гукъыдэжыр нэхъри къэзыIэт апхуэдэ теплъэгъуэхэм яужькIэ, утыкур хуит хуащIащ Урысей ДОСААФ-м щIыпIэм щиIэ автомобиль школым и лэжьакIуэхэм, куейм и Мэкъумэш управленэм и IэщIагъэлIхэм, къалэм дэт уней IуэхущIапIэхэм. Апхуэдэу гуфIэгъуэ пэкIум хэтащ «Аруангаз», «Водоканал», «Электросеть», «Горхоз» IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- ПэкIу нэужьым гуфIэгъуэм хэт псори ирагъэблэгъащ абы щыпаща Нарткъалэ паркым. Аруан куейм и администрацэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Антемыркъан республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен зи пашэ хьэщIэхэр щыгъуазэ ищIащ ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм и ухуэныгъэр здынэсам. Абы зэрыжиIамкIэ, ар етIанэгъэ къызэIуахынущ. А лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр зрагъэлъэгъуа нэужь, хьэщIэ лъапIэхэр псэлъапIэм драшеящ. Абдеж къалэм, абы и цIыхухэм яхуэгъэза хъуэхъу псалъэ куэд щыжаIащ хьэщIэхэми хэгъэрейхэми. Нарткъалэдэсхэм захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен.
- — Зи илъэси 100-р зыгъэлъапIэ къалэ! Жылэ Iумахуэ! Гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу нобэрей фи махуэшхуэмкIэ, — жиIащ Къанокъуэм. — Нарткъалэ ящыщщ ди республикэм и нэхъ зэпэщ къалэхэм. ГъущI гъуэгу станц цIыкIуу къежьа жылэр нобэ хъуащ къалэ екIу, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьэ, фIым хуэпабгъэ щIыпIэ дахэ. Ар зи фIыщIэр фэращ, абы щыпсэу цIыхухэрщ. Фэ фщыщ дэтхэнэми, шэч хэмылъу, и Iыхьэ хэлъщ къалэм мы зэманым игъуэта зыужьыныгъэм. Нэрылъагъущ фIым фызэрыхуэкIуэр. Абы щыхьэт тохъуэ гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэфIхэр. Сэ сигу къоуэ сыщалъхуа си щIыпIэм гулъытэ хэха зэрыхуэзмыщIыфыр, абы сыщIэхъуэпсми. Республикэм и адрей щIыпIэхэми хуэдэу, къефхьэжьэ Iуэху дахэ псори вдэсIыгъыну сыхьэзырщ. Аращ властым ди къалэн нэхъыщхьэр — цIыхухэм я псэукIэр едгъэфIэкIуэнырщ. Иджыри зэ сынывохъуэхъу илъэсищэ юбилеймкIэ. Мыпхуэдэ Iуэху дахэкIэ иджыри дызэхуэзэну си гуапэщ.
- ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ иужьрей илъэси 6-м Нарткъалэ и унафэщIу лэжьа, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къыбгъэдэкIыу КъБР-м и Парламентым и депутат иджыблагъэ хъуа Мер Владимир, район газетым и редактор нэхъыщхьэ КIасэ Валерэ, къалэм и нэхъыжьыфIхэр. Ахэр гуапэу къалэдэсхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Апхуэдэуи фIыщIэ ин хуащIащ абы зыкърезыгъэхьэлIа хьэщIэ лъапIэхэм.
- Псоми гуапэ ящыхъуа нэгъуэщI Iуэхугъуи щекIуэкIащ къэпсэлъапIэ ут цIыкIум. ЗАГС-м и район IуэхущIапIэм и унафэщI Сэралъп Раисэ абдеж щитхащ Къуэшыкъуей Русланрэ Шорэн Каринэрэ я нэчыхьыр. Унагъуэ зэрыхъуам щыхьэт техъуэ я дэфтэр лъапIэр абыхэм яритыжащ Къанокъуэ Арсен. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар зэрышагъащIэхэм яхуэупсащ фэеплъ тыгъэкIэ. Мендельсон и вальсымрэ ягъэлъэта тхьэрыкъуэ пщэхухэмрэ ягъэдэхащ ныбжьыщIэхэр IэлъынхэмкIэ щызэхъуажэ дакъикъэр.
- АдэкIэ гуфIэгъуэм хэтхэр еплъащ паркым къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтым, щыхьэщIащ абы къыщызэIуаха лъэпкъ пщIантIэхэм. Адыгэ, балъкъэр, урыс, къущхьэ, тырку хьэщIэщхэм ящыщ дэтхэнэми хъуры- мей-жьэрымей гуакIуэр къыдихырт. Лъэпкъ нэщэнэхэр къызэрыщ теплъэгъуэхэмкIэ, сурэтхэмкIэ, анэдэлъхубзэхэмкIэ тха хъуэхъухэмкIэ гъэщIэрэщIа пщIантIэхэм лъэпкъ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзырырт. Абыхэм дэтт лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпа ныбжьыщIэхэр. Ахэр къафэрт, джэгурт, уэрэдхэр жаIэрт. ЦIыхухэр хуабжьу гуапэу къапежьэрт хьэщIэ лъапIэхэм, ягури я псэри зэIухауэ, я Iэнэхэр зэтету. Республикэм и Iэтащхьэр дыхьащ лъэпкъ пщIантIэхэм, дэтхэнэми щетIысэхащ, хъуэхъу псалъэхэр щыжиIащ, япщэфIа шхынхэм ящыщ зыIуигъэхуащ. Балъкъэр пщIантIэм ар щабгъэдыхьащ пщафIэхэм икIи, хупхъэр къищтэри, хъыршын хуным зэрыхуэ- Iэижьри нэрылъагъу ищIащ.
- Паркым щекIуэкIа а Iуэхугъуэ дахэхэм къадэкIуэу, Нарткъалэ и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къафэхэр, джэгухэр щекIуэкIащ, щэнхабзэм и унэм сабий спектакль щагъэлъэгъуащ. «Химик» стадионым спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIащ. Абы футбол щызэдэджэгуащ, картингистхэр щызэхьэзэхуащ, ныбжьыщIэхэр стIолыщхьэ теннисымкIэ, шашкэ, шахмат джэгукIэхэмкIэ щызэпеуащ.
- Къалэ администрацэм и гупэ къит утым пщыхьэщхьэхуэкIуэу щызэхаублащ гуфIэгъуэ концертышхуэ. Абы хэтащ КъБР-м и артист цIэрыIуэхэр, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр, щIыпIэм и творческэ гупхэр. ГуфIэгъуэм и кIэухыу уафэр зэщIагъэблащ хьэрэкIытIэ щхъуэкIэплъыкIэхэм я бзий зэмы- фэгъухэм.
- Къалэм дэт зы IэнатIи къэмынэу, псори жыджэру хэтащ Нарткъалэ и илъэсищэм хуэгъэпса гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм. ПэкIум, абы къыкIэлъыкIуа адрей зэхуэсхэм щыIуа къыхуеджэныгъэхэм IуэхуфIхэм хураущий щIэблэщIэр, абыхэм щыжаIа хъуэхъухэр ялърырес Аруан куейм, Нарткъалэ щыпсэу дэтхэнэ уна-гъуэми.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.