ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкупсэм былымкIэ насып иумытын

2013-10-22

  • Анэ бгъафэм къыщIача сабийм и гъа­щIэр зеиншэу, къэзылъхуам и хуабагъ хуэ­ныкъуэу ехь. Апхуэдэщ зи хэку имысыжхэри. ХамэщIыр залымыгъэкIэ псэупIэ зыхуащIа ди лъахэгъухэр зыхэхуахэм яхэзагъэу псэу хъуами, адэжь хэкум зэ нэхъ мыхъуми Iуплъэну, абы и хьэуам загъэнщIу ирибэуэну щIэмыхъуэпсыр мащIэщ.
  •  
  • Мэлыщ Яффэрэ Щомахуэ Залинэрэ щысхэщ. Щытхэр: (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ) Щхьэгъум Хьэсэн, Гъышхэ Хьишамрэ Сэмиррэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Хъуажь Фахъри, Ташло Алий.

  • Зи къуэпсыр жыжьэ къыщежьэ лъэпкъым и тхыдэр хуэбгъадэ хъунущ и хъу­гъуэм ирихьэлIэу жьыбгъэм зи жылэхэр IэщIихыу зэрыщIыналъэу трипхъа удз хущхъуэм. Жылэ псоми хуэдэу, абы нади купщIаби къыхэкIащ. Жылапхъэ хъуахэм я сэбэпыр лъэпкъ гъащIэм къыпащэу лIэ­щIыгъуэхэм къапхоIукI.
  • Адыгэ лъэпкъым и къудамэ бгъуфIэ абазэхэхэм къахэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым иджыблагъэ къытхуеблэгъахэр. Ахэр Израилым хыхьэ, адыгэ нэхъыбэ зыдэс Рихьэние къуажэм къыщалъхуащ.
  • Гупым я нэхъыжь Гъыш Сэмир и ныбжьыр хэкIуэтэху полицэм къулыкъу щи­щIащ, иджыпсту Рихьэние къуажэм и тхьэмадэ къулыкъур зэрехьэ. Абы и щхьэгъусэ Мэлыщ Яффэ Израилым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщIщ. Сэмир и къуэш нэ­хъыщIэ Гъишам Бостон дэт хъыбарегъа­щIэ центрым и Iэтащхьэщ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэхэр зэзыгъэлъагъуну хунэса хьэщIэхэм ягъэ­щIагъуэ пэтми яухтэкъым ди щIыналъэм и дахагъымрэ ди псэукIэмрэ. Хьэлэмэткъэ, абыхэм ялъэгъуа псом щыщу гукъинэж ящыхъуар ди бэзэрырат. Яффэ хуэIуэтэжтэкъым абы адыгэ нанэ зэрыщрихьэлIар. «Зыгуэр къэтщэхуну ауэ щыс нанэм дыщепсалъэм, адыгэбзэкIэ жэуап къыдитащ -игъащIэм срихьэлIатэкъым апхуэдэ. Ауэ дыщытхъэжа дэ бэзэрым! Абы адыгэбзэу щызэхэтхар пхужыIэнкъым, ди тхьэкIу­мэхэмрэ ди псэмрэ загъэнщIыжат», — къыддогуашэ бзылъхугъэр.
  • — Хабзэжь хэкужь кърамынэри пэжщ, Рихьэние дэсхэм Iэмал зэриIэкIэ ди бзэри, хабзэри, псэукIэри зэрызетхьэным дыхущокъу, ауэ псы къежьапIэр ежэхым нэхърэ куэдкIэ нэхъ къабзэщ, IэфIщ, — жеIэ Сэмир.
  • Псибл къикIыу къытхуэкIуа хьэщIэхэм япэу дазэреупщIар къыздикIахэм я щыIэкIэ-псэукIэрщ.
  • 1880 гъэм тIыса Рихьэние къуажэ цIыкIум нобэкIэ цIыху 1420-рэ дэсщ. Зэманыр кIуэтэху, цIыхухэм я псэукIэри гъащIэри нэхъ йофIакIуэ. ­Адыгэ унагъуэу къуажэм дэсыр 300-м щIегъу. Рихьэние зыхыхьэ куейр адэкIэ унафэщI нэхъыщхьэхэм япыщIэжащи, гукъеуэ яIэмэ, абыхэми зы­къыдагъащIэ. Къыхэгъэщып­хъэщ ди цIыхухэм заужьыну, еджэну мурад яIэмэ, я къулыкъукIэ дэкIуеину хуеймэ, журтхэр зыкIи зэран къызэрытхуэмы­хъур — абы и щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ. ИлъэсиплI къэс къуа­жэ унафэщIыр щIэ­рыщIэу хахыж.
  • Компьютерыр ди зэманым куэду къызэрыхыхьам, цIыху гъащIэм япэ иту абы зэрызиужьым, арыншауэ зы IуэхущIапIи зэрымылажьэм къыхэкIыу къытщIэхъуэ щIэблэр нэхъыбэу щеджэр абы пыщIа еджапIэхэрщ.
  • — Дэтхэнэ унафэщIми и пщэ къыдохуэ цIыхухэр зэгуригъэIуэн, ахэр зыIууэ лъэпощхьэпохэр ядигъэпсынщIэн хуейуэ. Сыт хуэдэ гугъуехьхэм IущIэрэ къуажэ тхьэмадэр?
  • — Жылэм и узыр къызрахьэлIэри, зэфыкI­ри, а узыр зыгъэхъужри къуажэ тхьэмадэрщ. Я гъащIэр зэпэщ хъун папщIэ сыт хуэдэ IуэхукIи, нэхъ цIыкIу дыдэм деж щегъэжьауэ нэхъ инхэмкIэ иухыжу, зы­къысхуагъазэри, чэнджэщкIэ нэхъ мыхъуми сазэрыдэIэпыкъуным яужь ситщ. IуэрыIуатэм гулъытэшхуэ щыхуащI Рихьэние, уеблэмэ ди гуп диIэжщ. Къуажэм дэс дэтхэнэми и фарзщ лъэпкъыбзэмрэ хабзэмрэ ищIэн хуейуэ. Бзэмрэ псэмрэ зэпыщIащ, уи бзэр пщыгъупщэжмэ, уи лъэпкъыпсэр хэкIауэ аращ. Псом хуэмыдэу щIэблэращ гулъытэ зыхуэтщIыр, а Iуэхум ехьэлIауэ ди нэIэ зытедгъэтыр. Узэгугъур къогугъуж, цIыкIу щIыкIэ бзэр едмыгъащIэмэ, балигъ хъумэ, къыпхуащтэжыххэнукъым. Тхьэмадэу сызэрыхахрэ гулъытэ нэхъыбэ зыхуэс­щIыр къэкIуэнур зей щIэблэрщ. Ар зыгуэрым хуэбгъэсэн, зыгуэр зыхебгъэлъхьэн папщIэ уэ щапхъэ уахуэхъун хуейщ, ар ирехабзэ е иредин.
  • — Анэдэлъхубзэр хэкужьым IэщIыб щызыщIа бзэмыIухэр ди мащIэкъым, Рихьэние дэсхэм я нэхъ сабийм деж щегъэжьауэ бзэр евгъащIэу жыбоIэ. Ар псоми зрагъэщIэну гукъыдэж яIэ хьэмэрэ фи дежи епцIыжакIуэхэр щыкуэд?
  • — Шэч хэмылъу, анэдэлъхубзэм и бийхэр абыкIи щыIэщ, сыт зэрытщIынур, сыткIэ сэбэп къытхуэхъуну ди бзэр жызыIэхэри диIэщ. Ар баштекъузэ къызыхэбгъэкIынкIэ Iэмал зимыIэщ. Ауэ нэхъыбэр здеIэмкIэ нэхъ мащIэри здашэнущ. ИтIанэ, ди щIалэгъуалэм яжетIэ зэпытщ къуажэм дэс хьэрыпхэр зыкIи зытрамы­гъэкIуэну. Ахэр адыгэхэм нэхърэ зыкъомкIэ нэхъ мащIэщ, ауэ унагъуипщI хуэдиз къытхэсщи, абыхэм дэтхэнэми быний-пщIы нэхъ мащIэ яIэкъым. Бын бжыгъэкIи, хабзэ зехьэкIэкIи, бзэкIи хьэрыпхэр зэрызыт­рамыгъэкIуэным, я лъэпкъыщхьэ зэрахъумэжыным щIыдо­пIыкI. Къызэрыхэзгъэщащи, бзэмрэ хабзэмрэ я дыщэ пхъуантэу IуэрыIуатэ гупыр диIэщ. КъищынэмыщIауэ, тхьэмахуэм махуитIкIэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм хабзэм хуэгъэпса дерсхэр дра­гъэкIуэкI, илъэс къэс Рихьэние щызэхэт фестивалым хэкужьым щыщхэри идогъэблагъэ. Тхыдэм и напэ­кIуэцIхэри зэщыд­гъэгъупщэркъым. Абыхэм ящыщщ иужьрей илъэсхэм ягъэлъапIэ, ­адыгэу дунейм тетым я щыгъуэ махуэр.­
  • — Къуажэ тхьэмадэм и пщэ къыдэхуэ къалэнхэм нэхъ хьэлъэу хэлъыр сыт?
  • — Си лэжьыгъэр IыхьитIу бгуэш хъунущ. Япэр, сэ псори дахэу, екIуу, хабзэм къезэгъыу зэзгъэпэщыну сфIэфIщ. Тхьэмадэу сыщыхахам згъэзэщIэн мурад сиIэу Iуэху зыбжанэ зыхуэзгъэувыжащи, ахэр согъэнэхъыщхьэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, къуа­жэ тхьэмадэр псапащIэщ — си лэжьыгъэм улахуэ къыпэкIуэркъым. «ФIы щIэи, псым хэдзэ», — жеIэ адыгэм. Пэжщ, си лэжьы­гъэм си щхьэри унагъуэм исхэм я щхьэри щи­гъэуз куэдрэ къысхуохуэ, полицэм сыщыхэтми иджыри си гумызэгъа­гъэм псэхупIэ къызитыркъым, псори зэпэщ сщIыну, нэхъыжьи нэхъыщIи къысхуэ­арэзыуэ си IэнатIэр зесхьэну сыхущIо­къури, абы гугъу срегъэхь.
  • — Сэ зэрысщIэмкIэ, Рихьэние и Iэтащхьэу узэрагъэуврэ илъэс еплIанэ хъуащ. Сыт хуэ­дэ зыужьыныгъэ игъуэта а пIалъэм къриубыдэу къуажэм, сыткIэ защIэбгъэ­къуэфа цIыхухэм?
  • — Къуажэм щызлэжьа, щызэфIэзгъэкIахэм ящыщу си щхьэ сыхуэарэзыжу къызэхъу­лIахэм ящыщщ унагъащIэ адыгэ унагъуэ 71-м щIы Iыхьэ къыхупачу унэ тращIыхьы­нымкIэ сазэры­дэIэпыкъуар.
  • Израилым нэхъ уардэу, бэлыхьу дэт
              ХъыбарегъащIэ центрым и Iэтащхьэ Гъыш Хьишам США-м щыщ бзылъхугъэ щхьэ­гъусэ хуэхъуауэ унагъуэ дахэм щIалищрэ зы пщащэрэ щапI. Адыгэ лъэпкъым и блэкIамрэ нобэмрэ фIыуэ зэрыщыгъуазэм къищынэмы­щIауэ, адыгэ гъащIэм ар жы­джэру кIэ­лъоплъ. Хэкужьым къызэрихьэрэ Сочэ щрагъэкIуэкIыну Олимп Джэгухэм ехьэ­лIауэ псалъэмакъ куэд зэхихам езым и Iуэху еплъыкIэри къыщIигъуащ.
  • — Адыгэхэм я щIыгуу щыта щIыналъэм Олимп Джэгухэр щрагъэкIуэкIыну щытраухуам, я сэкIыр къихауэ, абы арэзы техъуэнкIэ Iэмал имыIэу пэувахэри, нобэр къыздэсым а Iуэхум и бийхэри зэрыщыIэр зэхызох. Пэжщ, гу тегъэхуэгъуафIэкъым ди адэжьхэм ялъ щагъэжа щIыналъэм ухуэныгъэшхуэхэр зэрыщрагъэкIуэкIыр, ауэ лъэпкъым и гупсысэмрэ и зэхэщIыкIымрэ нэхъ жыжьэ нэсын хуейуэ, Iуэхум и щIыбагъымкIэ къыщемыплъу, и гупэри ­ялъагъупхъэу къызолъытэ. Тхыдэм къып­хуегъэгъэзэжынукъым, къигъэзэжми, абы тхухэлъхьэжынуIакъым. Дэ ди къалэныр блэкIар тщIэжу, къэкIуэнур нэхъыфI зэрытщIынум дыхущIэкъунырщ. Лъэпкъым дежкIэ Олимп Джэгухэр IэмалыфIщ, ар адыгэр дунейпсо утыку ихьэнымкIэ, я цIэр лъэпкъ псоми зэхрагъэхынымкIэ. Ар къа­лъытэу зызэтрауIэфIэжыну сфIэи­гъуэт, — жиIащ и псалъэхэм я кIэухыу Гъишам.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыщIэ хуэщIын ямыухыу, республикэм и фIыгъуэр я нэхэм къыщIихыу, я псэкIэ нэхъ дахэ зэрыхъуар къапщIэу я гъуэгуанэм къыпащэу хьэщIэхэр ди къуэш республикэм — Къэрэшей-Шэ­рджэсым — нэс дгъэкIуэтэжащ. АдэкIэ абыхэм я мурадщ Мейкъуапэ, итIанэ Сочэ кIуэуэ, псэупIэ яхуэ­хъуа хамэ щIыгум ягъэ­зэжыну.
  • Зы жьэм жьэдэкIрэ адрейм жьэдыхьэу IуэрыIуатэр лъэпкъым къызэрыдекIуэкIам хуэдэу, хамэщIым исхэм хэкужьым и хъыбарыр кърахьэкI. Дэтхэнэри а фIыгъуэм хуеIэрэ щIэхъуэпсу йокIуэкI.
  • А псор зэпэслъыта, жаIар къызэщIэскъуэ­жа иужь, мы гупсысэм сыкъыхуешэ: «ЩIыгу хейуэ пшахъуэщIым лъэпкъ жылэр ны­хесхьэ. Я унэ щыхамэу, хэхэсыр я гъа­щIэу уи къуэшыр, си шыпхъур, хагъэсми да­нэм, хэкупсэм былымкIэ насып иумытын…».
  •  
  • Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.