ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ
2013-10-12
- Бахъсэн районым щагъэлъэпIащ ЕгъэджакIуэм и махуэр. ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэнрэ егъэджэныгъэмкIэ куей IэнатIэм и IэщIагъэлIхэмрэ я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща концертым ирагъэблэгъащ школ лэжьакIуэ нэхъыфIхэр.
- ЩIыпIэ пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Алокъуэ Аринэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, зэхуэсыр къызэIузыха Сыжажэ Хьэсэн егъэджакIуэхэм я махуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ. «Фэ, ди егъэджакIуэхэ, фи IэнатIэр ивохьэкI, зэманым къытхуигъэув къалэныщIэхэр зыхэфщIэу, лэжьэкIэм къыхыхьэ мардэщIэхэм фыхуэIэижьу. Егъэджэныгъэм жылагъуэм щиIэ пщIэр фи псэ хьэлэл лэжьыгъэмкIэ къэфIэту, фи IэщIагъэм фыхуэпэжу, къару, зэфIэкI куэд ивохьэлIэ къытщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ екIурэ яхэлъу къэгъэтэджыным. ФIыщIэ ин фхудощI апхуэдэ фи Iуэху зехьэкIэ пэрытым щхьэкIэ», — къыхигъэщащ Сыжажэм и къэпсэлъэныгъэм.
- Апхуэдэ псалъэ гуапэ куэд щыжаIащ гуфIэгъуэ зэхуэсым, зи гуащIэр щIэблэм яхуэгъэпса егъэджакIуэхэр ягъэлъапIэу. Хабзэ зэрыхъуащи, псом япэ я цIэ къраIуащ егъэджэныгъэм и ветеранхэм. Абыхэм иратащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр. Бахъсэн районым и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм и лэжьакIуэ КъуэщIысокъуэ Бэллэ, Ислъэмей дэт курыт школ №1-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Шапсыгъ Анжеликэ, Крем-Константиновкэ дэт курыт школым инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Василенкэ Татьянэ сымэ.
- Зэхуэсым щагъэлъэпIащ «Школ кабинет нэхъыфI» зэпеуэм щытекIуахэр. А зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Къулъкъужын Ипщэм дэт курыт школ №1-м химиемкIэ и кабинетым. Абы къыкIэлъыкIуахэщ Къубэ-Тэбэ дэт езанэ курыт школым биологиемкIэ и кабинетымрэ ХьэтIохъущыкъуей и езанэ курыт еджапIэм математикэмкIэ и кабинетымрэ. ТекIуахэм фIыщIэ тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ иратащ.
- ЕгъэджакIуэхэм я щIыпIэ профсоюзми гулъытэ яхуищIащ школ лэжьакIуэхэм. ЩIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмкIэ абы нэхъыфIхэр игъэпэжащ .
- ГуфIэгъуэ зэхыхьэр я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ ягъэдэхащ республикэмрэ куеймрэ я артист цIэрыIуэхэм.
- КЪАРДЭН Маритэ.