ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФIагъымрэ шынагъуэншагъэмрэ къалъытэ

2013-10-12

  •   Илъэс къэс жэпуэгъуэм и 14-м Пща­лъэ­­хэм (стандартхэм) я дунейпсо ма­хуэр­ ягъэлъапIэ. Ар и нэщэнэщ дунейпсо экономикэм зегъэужьыным, промы­шленностымрэ сатумрэ я сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным, я зэфIэкIхэмкIэ зэ­хъуэжэным, технологие пэрытхэр хэIу­щIыIу щIыным пщалъэхэм щагъэзащIэ мы­хьэнэм зэпымыууэ хэгъэхъуэным. Ду­ней псор пщалъэхэм тетщ. Абыхэм ди псэукIэр зыхуэдэр ягъэбелджылы, ­фIэ­щ­­­хъуныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрагъэпэщ, апхуэдэу гъащIэм и лъэ­ныкъуэ псоми ахэр лъабжьэ ­яхуохъу.
  •   
  • Я мыхьэнэр щIагъэбыдэн мурадкIэ, Пщалъэхэм я дунейпсо махуэм папщIэ, илъэс къэс къыхуеджэныгъэщIэ къыхах. Мы гъэм ар ирагъэкIуэкI «Дунейпсо пща­лъэ­хэр зыужьыныгъэм и лъабжьэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту.
  •  СтандартизацэмкIэ Дунейпсо организацэхэм — МЭК-м, ИСО-м, МСЭ-м лъэпкъ, щIы­налъэ пщалъэ куэдыкIейхэр зэпашэч, сату Iуэхум хэлъ лъэпощхьэпохэр зэ­фIах, социально-экономикэ зыужьыны­гъэм­ зэуIуу сэбэп яхуохъу, ардыдэмкIи дунейпсо Iуэху зехьэкIэ пэрытхэр зэкIэ­лъа­гъа­кIуэ.
  •  ЗыщIыпIэ дыпсэлъэну дыхуеймэ, телефон станцым занщIэу зэрызыпытщIэфынур дощIэ, сымаджэ дыхъумэ, иджырей ме­дицинэ IэмэпсымэкIэ къыдэIэзэну дыщогугъ, автомашинэм дисмэ, рулри, гулъэф­ри хэту, абы и щытыкIэр тэмэму къыт­щохъу, дызыхуей хъыбархэр Ин­тер­неткIэ псынщIэ дыдэу къэдгъуэтыну къытфIощI. А фIэщхъуныгъэ псори дунейпсо пща­лъэхэм къытхалъхьэ, продукцэхэм, Iуэху­тхьэбзэхэм я фIагъыр, къыдэгъэхуэ­ныгъэр, шынагъуэншагъэр, дзыхьымрэ зэ­дэлэжьэныгъэмрэ абыхэм къызэрагъэ­пэщ, зэдэрэгъуу я IэдакъэщIэкIхэр дуней­псо рынокым щыпхагъэкIыным трагъэгушхуэ. Пщалъэхэм я фIыгъэкIэ дуней псом я зэфIэкIхэмкIэ щызохъуажэ, апхуэ­дэу бизнесым, правительствэхэм, жыла­гъуэ­хэм я зэдэлэжьэныгъэм лъабжьэ бы­дэ яхуохъу. Экономикэм жыджэру зезы­гъэужь Iэмалхэр къагъэсэбэп, продукцэ­хэм­рэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ нэхъ тыншу яIэрыхьэн папщIэ, зи Iэпкълъэпкъым сэ­къат иIэхэм щытыкIэфI къыхузэрагъэпэщ.
  •  «Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦСМ» ФБУ-р документхэмрэ нэгъуэщI тхылъхэмкIэ къулейщ. Апхуэдэщ лъэпкъ, дунейпсо пща­лъэхэм, техникэ регламентхэм теу­хуа­хэр, щIэныгъэ-техникэ, экономикэ жур­налхэр, зэрыгъуазэ методикэхэр, урысейпсо классификаторхэр, нэгъуэщI куэд­хэри.
  •  Центрым, республикэм и предприятэхэм, организацэхэм я IэщIагъэлIхэр, щхьэ­закъуэ хьэрычэтыщIэхэр, цIыху щхьэ­хуэхэр Iэмал имыIэу зыхуей щIэ­ны­гъэ-техникэ хъыбархэмкIэ, стандартизацэм, метрологием, гъэунэхуныгъэм я пща­лъэ тхылъхэмкIэ къызыдогъэпэщ, ахэр зэпымыууэ зэхудогъакIуэ.
  •  Лэжьыгъэ псоми я нэхъыбэр зы­гъэ­за­щIэр центрым метрологиемкIэ и къудамэхэрщ. Абыхэм къызэрапщ Iэмэ­псы­мэ­хэм я щытыкIэр къапщытэ, фIагъышхуэ яIэу щIэуэ къагупсысахэр хэпщэнымкIэ Iэна­тIэхэм ядоIэпыкъу, къагъэсэбэп псыр, токыр зыхуэдизыр къызэралъытэ, ком­мунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэм къыдэзыгъахуэ иджырей Iэмэпсымэхэм я зехьэкIэм республикэм и цIыхухэр хагъэ­гъуазэ. Ди деж къыщызэIутха участкэм а Iэмэпсымэхэм я щытыкIэм зы махуэм къриубыдэу тыншу щыкIэлъагъэплъыф. Абы папщIэ дызыхуей псори диIэщи, зэ­ры­зэхуагъакIуэ Iэмалхэр нэгъэсауэ къа­гъэ­сэбэп. ЕрыскъыхэкIхэм, щIыдагъэ­хэкI­хэм я фIагъыр къыщапщытэ, электротехникэмрэ радиацэмрэ щыкIэлъыплъ ди лабораторэхэр зэпIэзэрыту мэлажьэ. Техникэ, пщалъэ Iуэхухэр зэхуэгъэкIуэ­ным, зыуэ щыт къэхутэныгъэхэр егъэ­кIуэ­кIыным, продукцэр зыхуэдэмрэ абыхэм я шынагъуэншагъэмрэ къэлъытэным хуэу­нэтIауэ ди IэщIагъэлIхэм куэд зэфIагъэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм, къалэ, район администрацэхэм, Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэм, федеральнэ кIэлъыплъакIуэ IэнатIэхэм куп­щIа­фIэу дадолажьэ.
  •  Продукцэ къыщIэзыгъэкI, лэжьыгъэрэ Iуэхутхьэбзэрэ зыгъэзащIэ республикэм и предприятэхэм, организацэхэм зыща­гъэ­гъупщэн хуейкъым я IэдакъэщIэкIхэр къызэрапщытэ пщалъэхэм мы зэманым мыхьэнэшхуэ зэрагъэзащIэр, абыхэм фIагъым куэдкIэ зэрыхагъахъуэр, фейдэ нэхъыбэ къызэрыпэкIуэр. Сыту жы­пIэ­мэ, щэхуакIуэр псом япэу зэплъыр пща­лъэм къызэритIасэрщ. ГОСТ-м тету ягъэхьэзыра продукцэр нэхъыфIщи, ар тегушхуауэ ящэху.
  •  Стандартизацэм и IэнатIэм пэрыт республикэм и IэщIагъэлI псоми Пщалъэхэм я дунейпсо махуэмкIэ сохъуэхъу. Илъэс куэдкIэ узыншагъэ быдэ фиIэну, фи Iуэху­хэмрэ фи мурадхэмрэ фехъулIэну, фи лэжьыгъэр дяпэкIи нэхъ купщIафIэ хъуну си гуапэщ.
  •  ШУРДЫМ Юрэ,
  •  «КъБР-м стандартизацэмкIэ, метрологиемрэ гъэунэхуныгъэмкIэ и къэрал щIыналъэ центр» ФБУ-м и унафэщI.