Хэт зи пIалъэ ягъэIэпхъуэну хуитыр?
2013-09-25
- Бжьыхьэм дзэм еджэным жэпуэгъуэм и 1-м щIедзэ. Абы къыхэкIыу УФ-м цIыхум и хуи- хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Лукин Владимир ныбжьыщIэ, абыхэм я унагъуэхэм щыщ куэдым зыхуагъазэ, дзэм щраджэну пIалъэр зыхуагъэIэпхъуэнур хэт сымэми ягуригъэIуэну елъэIуу.
- Дзэм къулыкъу щащIэну зи къалэнхэм абы щраджэну пIалъэр хуагъэIэпхъуэ хабзэщ я унагъуэ Iуэхухэм я щытыкIэм, еджапIэ зэрыщIэсым, къэрал IэнатIэ зэрыпэрытым, къулыкъу ящIэну я узыншагъэм пIалъэкIэ зэремызэгъым, нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэм ятещIыхьауэ. Абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ хуитыныгъэхэр нэхъ куууэ щыубзыхуар УФ-м «Дзэм къулыкъу щащIэным и IуэхукIэ» и Федеральнэ законырщ. А законым ипкъ иткIэ, пIалъэр хуагъэIэпхъуэ:
- — я узыншагъэм и щытыкIэм къыхэкIыу пIалъэкIэ дзэм къулыкъу щрахьэкI мыхъуну къалъытахэм — зы илъэсым нэскIэ;
- — адэр, анэр, щхьэгъусэр, и къуэшхэр е и шыпхъухэр, адэшхуэр, анэшхуэр е бын зыщIар зэпымыууэ зезыхьэн хуейхэм-абыхэм хабзэкIэ ахэр зрахьэну зи пщэ къыдэхуэ нэгъуэщI цIыхухэр ямыIэмэ, апхуэдэу ахэр нэсу зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къэралым къызэримыгъэпэщмэ;
- — балигъ мыхъуа и къуэшым е балигъ мыхъуа и шыпхъум и опекуну е попечителу щытым — абыхэм якIэлъыплъыну зи пщэ къыдэхуэ нэгъуэщI цIыхухэр щымыIэмэ;
- — анэншэу къэхъу сабий зиIэхэм;
- — сабиитI, сабиитI нэхърэ нэхъыбэ зиIэхэм;
- — зи ныбжьыр илъэсищым нэмыса сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэхэм;
- — сабийрэ уэндэгъугъэ зэригъуэтрэ тхьэмахуэ зэхуаку 26-рэ нэхърэ нэхъ мащIэ дэмыкIа щхьэгъусэ зиIэхэмрэ.
- Апхуэдэу языныкъуэхэм деж пIалъэхэр хуагъэIэпхъуэ къулыкъу зыщIэхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, къэрал кIуэцI органхэм къулыкъу щызыщIэхэм, апхуэдэу къэрал властым и органхэм я депутатхэу хахахэм (я полномочиехэр иухыхукIэ) е Iэ IэткIэ зыхах къулыкъухэм ягъэувыну къагъэлъэгъуа кандидату ятхахэм.
- Дзэм щраджэну пIалъэр хуагъэIэпхъуэнымкIэ хуитыныгъэ яIэщ къэрал аккредитацэр зиIэ еджапIэхэм махуэрыеджэу щIэсхэм:
- — псоми я зэхуэдэ курыт щIэныгъэ (щIэныгъэ ирикъу) зэзыгъэгъуэтыну школакIуэхэм (я ныбжьыр илъэс 20-м нэ- сыху);
- — класс 11 мыхъуу классибгъу къаухауэ колледжым (техникумым) щеджэ студентхэм — я ныбжьыр илъэс 20-м нэсыху;
- — ВУЗ-хэм я студентхэм (абыхэм пIалъэр хуагъэIэпхъуэнымкIэ яIэ хуитыныгъэр нэхъапэм къамыгъэсэбэпамэ (школым щыщIэса зэманыр хэмыту) я ныбжьыр илъэс 18-м нэсыху) мыпхуэдэ программэхэмкIэ: бакалавриатым — абыхэм бакалаврым, IэщIагъэлIым е магистрым и диплом ямыIэмэ;
- IэщIагъэлI ягъэхьэзырыным теухуа программэмкIэ — абыхэм бакалаврым, IэщIагъэлIым е магистрым и диплом ямыIэмэ;
- — магистратурэмкIэ — абыхэм IэщIагъэлIым и диплом икIи магистрым и диплом ямыIэмэ, икIи ахэр а еджапIэм «бакалавр» цIэ къыщыфIаща гъэм щIэтIысхьамэ;
- — ВУЗ-м иужькIэ IэщIагъэ щрат еджапIэ нэхъыщхьэхэм, апхуэдэу лейуэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм, зыхуэфащэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм щеджэ аспирантхэм;
- — УФ-м и Президентым и указхэр я лъабжьэу дзэм щраджэну пIалъэр хуагъэIэпхъуэну хуитыныгъэ зиIэ цIыхухэм.
- «Дзэм къулыкъу щащIэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ щхьэхуэхэм нэхъ куууэ щыубзыхуащ щеджэ зэманми, академие отпуск къыщыIахкIи, зыщIэс еджапIэр щахъуэжкIи, а еджапIэм щыщIагъэтIысхьэжкIи, нэгъуэщI щIыкIэкIи дзэ къулыкъур щрахьэкIыну пIалъэр зэрыхуагъэIэпхъуэ хабзэхэр. Чэнджэщ фызот а хабзэм куууэ щыгъуазэ зыхуэфщIыну.