Лиссабони адыгэ щопсэу
2013-09-21
- ЗэрытщIэщи, хамэ къэралхэм адыгэ куэд щопсэу, дэтхэнэри щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэкIэ и щIыналъэ икIауэ. Хэти XIX лIэщIыгъуэм и нэщIэбжьэкIэ нэгъуэщI къэралхэм къыщыхутащ, хэти насып лъыхъуакIуэ е лэжьакIуэ ежьащ.
-
Ди тхыгъэм дыщытепсэлъыхьынущ Португалием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм.
- Португалиер езыр ин дыдэу щымытми, и къалащхьэ Лиссабон цIыху мелуан ныкъуэм щIигъу щопсэу. Къэралыр къулейщ щхъуантIагъэкIэ, псэущхьэ хьэлэмэтхэри щыкуэдщ. Къапщтэмэ, абы и курыкупсэмрэ и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ псы Iуфэхэр мэзу йокIуэкI. Мелуан 200-м щIигъу иропсалъэ португалыбзэм, испаныбзэм ирагъэщхьым. Футбол, шхыныгъуэ IэфI дыдэ, шагъыр — мыхэрщ Португалиер дуней псом зэрыщыцIэрыIуэр.
- Зи гугъу тщIы щIыпIэ дахэм 2005 гъэ лъандэрэ щопсэу Щоджэн Ларисэ (Кыщпэк щыщщ). Ар иджыблагъэ лъагъунлъагъу къэкIуэжати, и гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ къыддэгуэшэну ди газетым къедгъэблэгъащ. Адыгэ бзылъхугъэр абы зэрыIэпхъуа щIыкIэм дыщыщIэупщIэм къыджиIащ и щхьэгъусэр (Бакъей Хьэчим, экономистщ) лэжьыгъэ IуэхукIэ Португалием щежьэм, езыри зэрыкIэлъыкIуар. «Адыгэр щыкуэдкъым мыбы, итIанэми, а мащIэр сыт хуэдэ IуэхукIи псоми къахэщу къысщохъу», — жеIэ Ларисэ. ЦIыхубзым етIуанэ унэ хуэхъуа Португалиер игу ирохь щекIуэкI хабзэкIи, лэжьыгъэкIи, щыпсэу цIыхухэмкIи, езы щIыналъэм и щIыуэпскIи. Хьэчимрэ Ларисэрэ я бын цIыкIуитIым — Самирэрэ Саидрэ — щыпсэу лъахэм щызекIуэ бзэр хуэм-хуэмурэ къагъэIурыщIэ.
- Ларисэ КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр къиухащ, дохутырщ, иджы и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Португалием. А псоми къадэхуэу, Ларисэ щолажьэ Лиссабон пэмыжыжьэу щыIэ Калдаш-да-Раинье къалэм и поликлиникэхэм ящыщ зым. «Португалием и тхыдэр сфIэгъэщIэгъуэнщ. Лиссабон быдапIэхэр, къэралым и блэкIам епха унэхэр, щIыпIэхэр щыгъунэжщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт мы къэралым дохутырхэм, щIэныгъэ зиIэхэм пщIэшхуэ зэрыщыхуащIыр. Абы и щхьэусыгъуэр, гу зэрылъыстащи, абыкIэ щыпсэухэм ящыщу илъэс 40 — 50 зи ныбжьхэм щIэныгъэ зиIэу яхэтыр зэрызакъуэтIакъуэрщ. Пэжщ, къэралым къыгурыIуэжа хуэдэщ а щыщIэныгъэр, щIалэгъуалэри щIэныгъэм нэхъ хуеIэ хъуащи, Португалием зиужьыну къыщIэкIынщ», — къыхегъэщ Ларисэ.
-
Ущыпсэуну Португалиер фIэтынш, а щIыналъэм есаи хуэдэщ, ауэ Ларисэ уздепсалъэм гу лъыботэ къыщалъхуа и Хэкум къызэрыхуэзэшыр. ЖиIэращ: «Си лъахэ сыкъыщыкIуэжкIэ зы-щызмыгъэнщIу къызэхызожыхь, псори зэщIэзгъэхьэфын си гугъэу…».
-
«АбыкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэм уахэт, я Iуэху ущыгъуазэ?» — деупщIащ Ларисэ. Дызэрыщымыгугъауи, хъыбарыфI зэхыдигъэхащ. Абы и ныбжьэгъущ Адыгейм икIауэ Лиссабон щыпсэу, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр зыгъасэ Мекъул ФатIимэ. Мекъулым Мейкъуапи аращ и лэжьыгъэу щыщытар — щIэблэр къэфэкIэм и щэхухэм хигъэгъуазэрт. Португалием кIуа нэужь, ар Лейрие щыIэ Academia da Danza еджапIэм зэманкIэ щылэжьащ. Иджы абы Лиссабон сабий къэфакIуэ гуп къыщызэригъэпэщри «De Leste» (КъуэкIыпIэм щыщхэр) фIищауэ мэлажьэ. ФатIимэ и ансамблым хэтщ адыги, урыси, таджики, азербайджан, молдован, украин лъэпкъхэм щыщи. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы цIыкIухэр лъэпкъ къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуегъасэ, ахэр утыку кърегъэхьэ. Гупым иджыри зэманышхуэ къимыкIуами, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьакIэщ. Славянхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэу Лиссабон щылажьэм къафэхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм ансамблым етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. УзыщыгуфIыкIынщ ФатIимэ ныбжьыщIэхэм ядигъэув кавказ къафэхэр куэдым ягу зэрырихьыр, ансамблыр зэхыхьэхэм, пшыхьхэм зэрырагъэблагъэр.
-
Ларисэ дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ФатIимэ мурадышхуэхэр иIэщ ансамблым зэрызригъэужьынум ехьэлIауэ. Адыгэ къафэм нэхъ тригъэщIэнут, ауэ фащэ зэрамыIэм къызэтрегъэувыIэ. Езым и мылъкукIэ зы фащэ иригъэдащ, арщхьэкIэ абыкIэ зэхуэс псоми укIуэн?! ЩIэгъэкъуэн иIамэ, адыгэр щымащIэ Португалиеми ди лъэпкъ щэнхабзэр къащригъэцIыхуфынут.
- Бзылъхугъэхэр нэгъуэщI къэрал щыпсэуми, къызыхэкIар зэращымыгъупщэр гуапэщ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.