ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Усэхэр

2013-09-07

  • Ди анэм деж
  •  
  • ЖыIэмыдаIуэу, шэчыгъуейуэ
  • Бгырыс унагъуэм сыкъыщыхъут,
  • Ущие псалъэ къызжепIамэ,
  • Укъызэгиеу сэ къысщыхъут.
  •  
  • КIуащ илъэс Iэджэ. ЛIыпIэ сохьэ,
  • СлъокI гъащIэм ткIийуэ сэ зескун.
  • Ауэ сихьам иджы уи пащхьэ
  • Сабий цIыкIу хуэдэ сохъу Iэнкун.
  •  
  • Ди закъуэщ нобэ уэрэ сэрэ,
  • СыбзыщIкъым си гур зэрыхэщI.
  • Зи сабиигъуэу си щхьэ тхъуари
  • Уи куэщIым, мамэ, щызогъэщI.
  •  
  • Зэи хущIыхьэгъуэ къызамыту
  • Iуэху Iэджэм IипщIкIэ сэ саIыгъщ.
  • Къыплъысыр мащIэщ къуэ гулъытэу,
  • Ар жэщи махуи си гурыгъущ.
  •  
  • ГъащIэ хъыринэм сисщи сещIэу,
  • ПпэIэщIэ сыхъуу куэдрэ къохъу,
  • Дакъикъэ гуэрхэм сигу уиху сфIэщIу
  • СыкъоскIэ, си щхьэм си гур щIогъу.
  •  
  • Уэ угумащIэу, губгъэныншэу
  • Сыт щыгъуи хуэдэу укъызоплъ.
  • Уощатэ мащIэу, плъэмыкIыжу
  • Нэбжьыцым нэпсыр къыпфIыхоплъ.
  •  
  • Вагъуэр уафэгум щылыдауэ
  • Еух и гъащIэр — йожыр ар,
  • Уи щIалэ цIыкIур къэкIуэжауэ
  • Уи куэщI ирелъхьэ и щхьэ тхъуар.
  • ЗэзыдзэкIар ТХЬЭГЪЭЗИТ Зуберщ.
  •  
  • Кърухэр
  •  
  • Сэ къыщысфIэщI къысхуохуэр
  •  сэлэт лIыфIхэу
  • Къинахэр лъы пцIам губгъуэ ириIам,
  • Псэр зыщIата я лъахэхэм щIамылъхьэу,
  • Кърухэу ихьэжауэ уэгу ущIам.
  •  
  • Иджыри къэс, апщыгъуэм къыщIадзауэ,
  • ЗыдагъэцIыхуу ахэм къат я макъ.
  • ДиплъэхукIэ уэгум, армырауэ пIэрэ
  • ДыщIэнэщхъейр зэфIэнэу ди тэмакъ?
  •  
  • Мис ноби, пщыхьэщхьэпэм и лъэхъэнэу
  • Солъагъур зэрыпхыкIыр кърухэр пшэм.
  • Итщ ахэр уэгум лIыгъэм и нэщэнэу,
  • Я гъащIэр ещхьу я псэр щата гъэм.
  •  
  • Итщ уэгум, итщ кърухэр езэшауэ,
  • Нэсами махуэр, зым зимыгъэпсэху.
  • А сатыр кIуэм, щIыпIэ нэщI гуэр къэнауэ,
  • Ар сызэрейр сфIощI ахэм къысхуаIуэху.
  •  
  • Къэсынщи пIалъэр, сэри къру гупым
  • СащIыгъуу ахъшэм уэгум силъэтэнщ.
  • Бзу макъкIэ сыздэщыIэм сыкъеджыхыу,
  • ЩIым сэ къытезна псоми сывэджэнщ.
  • ЗэзыдзэкIар НЭХУЩ Мухьэмэдщ.
  •  
  • Нэпс ткIуэпс
  •  
  • КIуащ БетIал и фэеплъу
  • «Си нэпс, щхьэ ухэт уэ си напэр тепхыну?
  • Бгырысым и нэпс
  • щигъэлъагъуэ къэхъуа?!
  • Е пфIэщIрэ си гуауэр
  • нэхъ мащIэ пхуэщIыну?
  • Хуэхьынкъым ар, жыпIэу,
  • сэ уигу къысщIэгъуа?
  •  
  • Дэ нобэ щIэтлъхьэжым
  • тыншакъым и гъащIэр,
  • Ар куэдрэ хэхуащ гузэвэгъуэ, бэлыхь.
  • ИтIани къэхъуакъым
  • ар цIыхухэм къыщащIэ, —
  • И нэпсыр игъэпщкIути, ихъумэрт и щIыхь».
  •  
  • Жэуапыр щэху дыдэу къетыжыр
  • нэпс ткIуэпсым:
  • «Гу слъатэу сэ цIыхухэм, къэпхьынум
  •  емыкIу.
  • ЯжеIэ абыхэм ялъагъур мынэпсу,
  • АтIэ пшэм къыхэхуу къехауэ
  • ткIуэпс цIыкIу».
  •  
  • ЗэзыдзэкIар КЪАГЪЫРМЭС Борисщ.