ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Вагъуэиж

2013-09-07

  • Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэм и гъащIэр ещхьт ва­гъуэижым — махуэ 257-рэщ ар Хэку зауэш­хуэм зэрыхэтар. Дэфтэрхэм яхъумащ абы сы­хьэ­тихым къриубыдэу и тан­кымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэ­ры­хьэным ар зэрыхэлIы­фIыхьар…
  • Совет Союзым и ЛIы­хъужь Къардэн Къэбард теухуауэ щыIэ тхылъхэр ма­щIэщ. Ауэ абыхэм Ау­шыджэр щыщ адыгэ­лIыр къахощ Хэкум и бын пэжу, шынэ зы­мыщIэ танкисту, ны­бжьэ­гъуфIу, цIыху хьэлэлу, сыт и лъэны­къуэ­кIи щапхъэу. Ап­хуэ­дэу ар щыдолъагъу, къэ­бгъэ­лъагъуэ­мэ, урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Гарин Фабиян и тхы­лъым, 1963 гъэм Москва къы­­щыдэкIам, «Танкым телъ удз гъэ­гъахэр» зыфIи­щам. Абы къы­хэтхащ мы пычыгъуэ цIыкIур.
  •  
  • * * *
  • — Ныбжьэгъу Къардэн, уэ нэ­хъыфIу зыкъэдгъэ­цIыхут, — жиIащ Боровицкэм.
  • ЩIым щыс сэлэтхэм къа­хэтэджыкIащ щIалэ къуэгъу, зи нэкIур дыгъэм къамылыфэу ижьар. Нэрылъагъут ар зэры­пIей­­тейр. КIэщI дыдэуи къи­Iуэ­тащ Кавказ къуршыжьхэм я лъапэм къызэрыщалъхуар, мэлыхъуэу зэрылэжьар, къалэшхуэ илъа­гъуну, еджэну зэрыщIэ­хъуэп­сар.
  • — СыноупщIыну сыхуейт, — къэIуащ Кульдин и ма­къыр. — Уи сыт Совет Союзым и ЛIы­хъужь хъуа Къардэн Къубатий?
  • — Си къуэшщ, — жиIащ щэхуу Къэбард.
  • Сэлэтхэр нэ гуапэкIэ ­еплъащ я ныбжьэгъум. Комбатым жи­Iэ­н­Iауэ хэтащ. Ауэ а напIэзыпIэм макъ лъагэкIэ зыгуэр къэджащ:
  • — ПсынщIэу фи машинэхэм фитIысхьэж!
  • Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэ­мы­кIыу зауэм и мафIэр щIэры­щIэу къызэщIэ­нащ… Танкищэхэр, кхъухьлъатищэхэр, топищэхэр зэщIэгъуа­хъуэрт. МафIэм исырт машинэхэр, псэупIэ унэхэр, шыгу зэщIэщIа­­хэр, цIыху куэд. Пшагъуэмрэ Iугъуэмрэ зэхэтым ярейуэ, зэуапIэр кIыфI хъуат, шэ зэмыфэгъу зелъатэхэр къыхэлыдыкIыу… Бийр зы ки­лометркIи къэкIуэтэфа­къым. ИхъуреягъкIэ щып­лъагъурт нэмыцэ сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я хьэдэхэр, мафIэ бзийр зыщ­хьэщыт танкхэр…
  • Къардэн Къэбард егупсысырт бийм ебгъэрыкIуэу, я быдапIэр зэрызэ­пхитхъы­ным, адрей танкхэм гъуэгу зэрахуищIы­ным. Машинэр зыгъакIуэр старшина Трохинт. Къардэным и танкым и ужь итт Дегтярев, Бондарь сымэ зи унафэщIхэри… Бийм ди танк­хэр здикIыну и гугъэр ищхъэрэ лъэ­ны­къуэмкIэти, абыкIэ зыщагъэбыдат, фIыуи загъэхьэ­зырат. Ар къыгурыIуэри, Трохиным унафэ хуищIащ шоссем текIыу губгъуэ гъуэгумкIэ игъэшыну. Дегтярев, Бондарь сыми къа­щIащ Къардэныр зы­ху­щIэ­къур. Ди танкхэр, лъэгумкIэ яунэтIри, къуажэм  дэ­мыхьэу, къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ екIуэкIащ, зыкъагъазэри, къызэдилъащ.
  • — Гъуэжькуийм хуэдэу, — кIиящ Къэбард, Трохиным зыхуигъазэри, — бийм дыто­уэри, хьэбэсабэ дощI!
  • Къуажэм къызэрыдэхутэу къа­лъэгъуащ ищхъэрэ лъэны­къуэмкIэ загъэзауэ танкищ щыту. Къардэныр еуэри, зым Iугъуэ фIыцIэр къыщхьэщыуващ. Дегтярев игъэсащ етIуа­нэ­рей танкыр. Ещанэм зыкъигъэзэну хэтащ, ауэ хунэсакъым. Абыи техуащ Къэбард и топышэр.
  • Абдежым лъэныкъуэкIэ къы­къуэкIащ «Фердинанд» зыбжанэ. Къардэным и танкым къытелъэлъащ топышэр. Матюшкиныр уIэгъэ хьэлъэ хъуат, ауэ абы хузэ­­­­­фIэкIащ топыр иузэдыну. Къэбард и Iэр къиIэтри, къыхэ­щэ­Iу­кIащ — лъыпсыр къыпыжырт…
  • — Къызэт бронебойнэр! — еджащ­ ар Матюшкиным.
  • Ауэ абы зыкъигъэхъеижыфыртэкъым. И къару псори зыхилъхьэри, топышэр къ­и­щ­тащ, ерагъыу топыр иузэдри, нэмыцэ танкым еуащ. Матюшкиным иужькIэ джэлащ Зайцевыр. Трохиным, адэ-мы­дэкIэ зригъэгъазэурэ, гъуа­нэу блы зиIэ хъуа танкыр япэкIэ игъакIуэрт. Къардэным, къару телъыджэ ­гуэр­хэр къыхыхьэжауэ, топыр иузэдурэ игъауэрт.
  • Еянэрей топышэр къыщыте­хуэм, Къэбард и нэхэр щыункIы­фIыкIащ, псэкIэ зыхищIащ и гур удыным зэгуиудауэ лъыр уэру зэрыщIэжыр… А напIэзыпIэм къызэхихащ Бочковскэм и танкхэри къызэрысар, фашистхэр зэрикIуэтыр…
  • Бийм зэуэныр щигъэтри, гъэру зыкъитащ. Къуажэдэсхэр гъуа­нэпщIанэ хъуа совет танкым деж щызэхуэсащ. УкIыгъэ хъуа сэ­лэтиплIыр къыщрахым, фызыжьхэр, сабийхэр зэщIэгъуэ­гащ…
  • Мыгувэу ди танкхэр япэкIэ кIуэтащ. Бийр икIуэ­ты­жырт…
  •  
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.