Мазиблым — фэтэр 800
2013-08-27
- Къэбэрдей-Балъкъэрым статистикэмкIэ и IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2013 гъэм и щIышылэ — бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу республикэм ухуэныгъэ лэжьыгъэу сом меларди 2,7-м щIигъу щрагъэкIуэкIащ.
- 2012 гъэм и апхуэдэ зэманым елъытауэ ар проценти 101,6-рэ мэхъу.
- Псори зэхэту КъБР-м унагъуэ 802-рэ зыщIэтIысхьэжын псэупIэхэр щаухуащ. ЩIэуэ ящIа фэтэр псори метр зэбгъузэнатIэ мин 90,3-м нэблагъэ. Хьэзыр хъуа псэупIэхэм я нэхъыбапIэр, метр зэбгъузэнатIэ мин 72-р е яухуа псоми я процент 79,8-р, зы-щIар цIыху щхьэхуэхэрщ.
- КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и
- пресс-IуэхущIапIэ.