ДзыхьмыщIхэ я къафэ
2013-08-15
- «Лъэпкъым и набдзэ» жыхуаIэхэм ящыщщ «Кабардинка» къэфакIуэ гупыр. Абы цIыху куэд щызэблэкIащ, Iэджи и къафэм щIапIыкIащ, къэралым и пщIэр иIэтащ. Апхуэдэ зэфIэкI гупым иIэнымкIэ я гуащIэ мымащIэу халъхьащ ди нэхъыжьыфIхэм, зи гур гъуазджэм етауэ къэгъуэгурыкIуахэм. Абыхэм ящыщщ ДзыхьмыщIхэ Къэралбийрэ Зарэрэ. Зэщхьэгъусэхэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ СССР-м, УФ-м щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм я ЩIыхь тхылъхэр. Ансамблыр зэрыщыIэ илъэс 80-м къриубыдэу, абы хэта цIыхуитIырщ Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр зратар, а тIум (япэу зыхуагъэфэщар Шэру Сонящ) языхэзщ Къэралбий — 1976 гъэрщ апхуэдэ пщIэ абы къыщыхуащIар. Зарэрэ Къэралбийрэ хэтащ Октябрь революцэр илъэс 60 щрикъум Москва щрагъэкIуэкIа зэхыхьэхэм.
- «Кабардинка»-р — ар ди гъащIэращ. Ди хабзэ, нэмыс, цIыхугъэ — псори къызыхэтхар аращ», — жаIэ зэщхьэгъусэхэм.
- ЩIэдзапIэ
-
— Сыту жыжьэ дыIэбэжын хуей! — къыщIедзэ Къэралбий. — 1961 гъэм «Искож» промышленнэ IуэхущIапIэм токарь-учетчикыу мазитIкIэ сыщылэжьауэ, къуажэмкIэ (Хьэтуейщ сызыщыщыр) згъэзэжащ. Къуажэ советым и тхьэмадэм фIыуэ сыкъицIыхурт, къафэм сызэрыцIыкIурэ сызэрыхэтым, сызэрыдихьэхым щыгъуазэти, ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI сищIащ. КъэфакIуэ гуп цIыкIу абы щыгъуэм къызэзгъэпэщри, увыпIэ хъарзынэхэр республикэ зэпеуэхэм къыщытхьу дылэжьащ, уеблэмэ аккордеон щIэрыпс къыщытхьэхуаи къэхъуауэ… 1963 гъэм къалэмкIэ сыкъэкIуэну сигу ислъхьат, зы щIэныгъэ гуэри зэзгъэгъуэтыну си мурад быдэти, Саратов сежьащ. АрщхьэкIэ экзаменхэм сыпэлъэщакъым, етIуанэу иужь сихьэри — аргуэру си баллхэр иримыкъуу сыкъыпыхуащ. Юрист IэщIагъэрт апхуэдизу сызыщIэбэныр.
- Къэралбий и Iуэхухэр щIызэтемыувэм зыфIи хэлът, зыхущIемыгъуэжын IэщIагъэр къыпэплъэрт абы. Лъэпкъ творчествэхэмкIэ республикэ унэм IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта Нэфлъашэ Мыхьмуд и цIыхугъэти, ечэнджэщыну абы и деж кIуат. «Уэ уи лэжьыгъэр здэщыIэр Къэбэрдей уэрамым тет 17-нэ унэрщ. КIуэ абы», — къыжреIэри къыщIегъэкIыж. «СокIуэ. Ещанэ къатым сыдокIуейри, пшынэ макъ къызэхызох, псыр къапыжу щIалитI-щыи къызолъагъу. КъызэрыщIэкIамкIэ, «Кабардинка» гупым зыщигъасэр арат. ФщIэ къыщIэкIынщ, а зэманым абы зэреджэу щытар Къафэмрэ уэрэдымкIэ ансамбылт. Нэхъ ипэIуэкIэ сэ сыхэтауэ щытащ ЩэнхабзэмкIэ Профсоюзхэм я унэм Ульбашевэ Эммэ щигъасэу щыта гупым. Абы къыхэкIкIи, сызыхыхьа щIалэгъуалэм си нэIуаси яхэту къыщIэкIат. ЦIыху телъыджэ Соттаев Къанщауэ къызбгъэдыхьэри, си Iуэхур зытетыр щыжесIэм, ансамблым и художественнэ унафэщI Ульбашев Мутай сыбгъэдишащ. Нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, гупым сыкъащтэн щхьэкIэ, си къэфэкIэр зрагъэлъэгъун хуейтэкъэ?! Сагъэуващ сыкъэфэну. Къыспагъэувар хэтыт? ЦIыхубз цIэрыIуэ, къэфакIуэшхуэ Шэру Сонят. Ар къыщыслъагъум, си лъакъуэхэр щIэкIэзызыхь хъуат. Иужьым Соня къызэпсалъэщ, сытригъэгушхуэри, сыкъэфащ, гупми сыхагъэхьащ», — жеIэ Къэралбий.
-
Зарэ (КIуантIэхэ япхъущ, Тэрч къалэ щыщщ) япэ дыдэу «Кабардинка» къэфакIуэ гупыр щилъэгъуам илъэс 13 фIэкIа хъуатэкъым. Хъыджэбз цIыкIур ансамблым хэтхэм я къэфэкIэ-зыIыгъыкIэм занщIэу итхьэкъуат, ауэ и пщIыхьэпIи къыхэхуатэ- къым зэгуэр езыри абыхэм къахэхутэну. «Нэхъ сыщыцIыкIухэм пионерхэм я унэм секIуалIэу щытащ, иужькIэ культпросвет училищэм сыщеджащ. 1962 гъэм еджэныр къэдухыным илъэс ныкъуэ хуэдэ иIэжу, а зэманым республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн къэфакIуэ ныбжьыщIэ зытIущ дыкъыхишри, «Кабардинка»-м я гъусэу зыкъэдгъэлъэгъуэну Сыбырым дыкIуауэ щытащ. Гупым дыкъыхэнэжри илъэс 22-кIэ дыкъыщыфащ», — жеIэ Зарэ.
- «Арагъэнщ, дауи, зэщхьэгъусэхэр фыщызэрыцIыхуар?», — щыжыпIэкIэ, тIури гуапэу къыпогуфIыкI. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къафэм ахэр зыпищIащ. Япэ дыдэу Къэралбийрэ Зарэрэ къыщызэдэфащ «Къуажэм и къафэ»-м, «Ислъэмей»-р илъэс 17-кIэ утыку кърахьащ, псоми щIэдзапIэ хуэхъуауэ къэплъытэ хъунур я «ХьэгъуэлIыгъуэ къафэ»-рщ. Щауэмрэ нысащIэмрэ я къафэр, Ульбашев Мутай игъэувауэ щытар, абыхэм екIуу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуат. Абы еплъыну кърихьэлIахэм яхэтат Мэлбахъуэ Тимборэ, ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, республикэм и нэгъуэщI лIыщхьэхэ- ри.
- Зарэ и гукъэкIыж
- — Сэ Африкэм тIэу сыщыIащ. ФIы дыдэу сигу къинэжахэм ящыщщ ар. ЗгъэщIэгъуат абыкIэ щыIэхэм я псэукIэри щIыпIэм и телъыджагъри. А щIыналъэм япэу щыттыну концертым щIимыдзэ щIыкIэ, хъыбар къыдагъэщIат зыкъэдгъэлъагъуэрэ цIыхухэр Iэгу тхуемыуэмэ, дыкъэмыуIэбжьыну, абыкIэ апхуэдэ зэрыщыхабзэр. Дыкъафэри дыувыжауэ дыщытт, псори щымт, ауэ итIанэ и кIэ дыдэхэмкIэ къыщыщIидзэу Iэгу, лъэгу теуэ макъыр къэIуащ, кIуэ пэтми нэхъ лъэщ къэхъуу. Дигухэр къызэрыгъуэтыжауэ адэкIэ дыкъэфауэ щытащ. Мароккорат япэ дыдэу дыздэщыIари, сфIэгъэщIэгъуэнахэм ящыщщ абыхэм я цIыхубзхэр псори щIэхъумауэ уэрамхэм зэрыдэтыр… Иджыри сытыт тфIэхьэлэмэтар? Я щхъуантIагъэхэр, удз гъэгъахэр. ЕтIуанэу Африкэм щытедгъэзам, КIэш Федор, Гъэсашэ Наталье, сэ Госконцертым щIыгъуу дагъэкIуауэ арат.
- Мыхъун Iэджи къыщытщыщI къэхъуащ хамэ къэралхэм дыщыкIуэхэм. Руандэ (Африкэм) щыIэ ди посольствэр къыдэджат кино драгъэплъыну. Жыжьэтэкъым дыздэкIуэн хуейри, лъэсу гъуэгу дытеуващ. Сумкэ дахэ цIыкIу абы къыщысщэхуауэ сIыгъти, илъэс 13 зи ныбжьын щIалэ гуэр къыкъуэжщ, ар сIэщIиудри ежьэжауэ щытащ. Си насыпти, си дэфтэрхэр дэлъатэкъым. Посольствэм дыщынэсам къытщыщIам и гугъу щахуэтщIым, «Кабардинка»-м фи мылъкур ирикъункъым абы и лъыхъуакIуэ къызэдгъэпэщмэ», — къыджаIат.
- Сщымыгъупщэжхэм ящыщщ дыгъэгъазэм и 30 махуэу, Африкэм дыздэщыIэм, дыкъэмыфэжыфу дыгъэм дызэрисауэ щытари. Къапщтэмэ, экваторыр дэ щэ зэпыдупщIащ.
- Нигерием концерт щыттыну дыщыкIуэм, зыри хыумылъагъукIыу уэшхышхуэ къешхат, дызэрыс автобусыр къэувыIэри ар зэтеувыIэжыхуи дыпэплъауэ щытащ. Нэхъ хьэлэмэтыжрат: етIуанэ пщэдджыжьым дыгъэ зытридзэ джабэ нэкIум IэпэдэупIэ имыIэу шындырхъохэр еп-щIауэ тест, уэшхышхуэм зыкърагъэлауэ.
- ДыщэкI ФатIимэ ди пшынауэу, сэ щIалэ пщыкIутIым сахэту, «Къамэзауэ къафэ» дгъэзащIэу мазитIкIэ дыкъыщыфат Германием. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Лайферовэ Марцеллэ Къэбэрдейм къытхуеблэгъауэ щытащ. Ари ныбжьэгъу тхуэхъуауэ илъэс IэджэкIэ дызэнэIуасэу къекIуэкIащ. Сыту куэд щIа абы лъандэрэ.
- Сыкъызэралъхурэ
- сыкъэмыфауэ сщIэжыркъым
- — 1965 гъэм Москва и Кремль уардэунэм ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуауэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министру а зэманым щыта Фурцевэ Екатеринэ къыхигъэщат гупым и хорыр тIэкIу нэхъ зэрымахэр, ауэ къэфакIуэхэм я лъэщагъым шэч къызэрытримыхьэр. Ефэнды Джылахъстэн абы жиIам тету, хорыр радиом хигъэхьэжат. КъэфакIуэ гупым нэхъыфIхэр къыхашщ, нэгъуэщIхэри кърашалIэри, алъандэм гъуэгуанэфI къызэпичащ, «академическэ» цIэ лъапIэри и гуащIэм къыхуагъэфэщащ, — пещэ Къэралбий.
- Республикэм икIыу ар япэ дыдэу къэфакIуэ здэкIуар Сыбырырщ, Златоуст къалэрщ. 1967 гъэм комсомолым и ЦК-м и щIалэгъуалэ IуэхущIапIэхэмкIэ комитетым «Кабардинка»-м и цIыхуищ, Къуэдз Iэубэчыр, Асей Светланэ, ДзыхьмыщI Къэралбий, Суданым ягъэкIуауэ щытащ.
- 1968 гъэм Африкэ Ищхъэрэм и къэралиплI — Марокко, Алжир, Тунис, Ливие — зыщIагъэхьащ гупым. КъызэралъытэмкIэ, хамэ къэрал кIуэнымрэ ансамблым и пщIэмрэ зыщиIэт хъуар а зэманым тохуэ. Къэралбий и гукъэкIыжхэм хэтщ 1972 гъэм къэфакIуэ гупыр Австралием щыIэ Тасмание хытIыгум зэрыщыIар, абы зэрыщагъэхьэщIар. «Iэхъуэ къафэ» диIэти, ар 8, «Къафэ»-р 6 щыдгъэлъэгъуэжат абы къыдэлъэIуурэ, — къыддогуашэ Къэралбий. — Къызыщывгъэхъут, концерт нэужьым апхуэдизрэ иджыри утыку ущаIыгъыжыну. ДаутIыпщыну хуейтэкъым цIыхухэм, я тепкIэ макъыр уафэгъуагъуэм хуэдэу утыкумкIэ къакIуэрт… Дыздеблагъэ щIыпIэхэм къыщызэупщI щыIэт «сыт хуэдиз хъуауэ укъафэрэ», жаIэу. Согупсысри, сыкъызэралъхурэ сыкъэмыфауэ сщIэжыркъым».
- «Кабардинка»-р, Къэралбийрэ Зарэрэ хэту, Латин Америкэм и къэрал 11-м щыIащ. КъыкIэлъыкIуэу ЕвропэмкIэ: Германие, Польшэ, Чехославакие; мыдэкIэ — Иордание, Сирие, нэгъуэщI къэралхэми ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ.
- Къэралбий игу къегъэкIыж Доминикан Республикэм (Латин Америкэм) къэфакIуэ гупыр зэрыщыIар. «Совет Союзым и цIыху а щIыналъэм зэи имыхьауэ, дэ япэу дыкIуауэ щытащ. Абы дызышар Тайзлер Тамарэти, абы, хьэрычэтыщIэ зэкъуэшитIым дыкъыщыIахыжри, дыщылэжьауэ щытащ. Ди етIуанэ концертым зыкърагъэхьэ-лIат а республикэм и президент Хоакин Балагер, нэгъуэщI лIыщхьэ гуп. ИкъукIэ щытхъушхуэ къытхуищIауэ щытащ Iэтащхьэм. «Илъэс бжыгъэ хъарзынэ къэзгъэщIащи, мыпхуэдэ къэфакIуэ гупым зэи срихьэлIакъым. ЗэрыжаIэмкIэ, Совет Союзышхуэм зы къэралыгъуэ цIыкIуу ису аращ мыбы къэкIуа цIыхухэри, апхуэдэ гъуазджэ лъагэ яIэу къыщIэкIауэ ар сыту хьэлэмэт!», — жиIат Хоакин.
- Къэралбий къызэриIуэтэжымкIэ, «Кабардинка»-р Австралием щыкIуам Урысейм и лIыкIуэу абы щыIэм жиIэгъат: «ИлъэсиплIым къриубыдэу къэралитIым яку зэпыщIэныгъэ дэтлъхьам нэхъыбэ къэфакIуэ гупыр зэрыщыIа тхьэмахуитIым, яхузэфIэкIауэ къысщохъу».
- — Суданым дыщыIэу, — жеIэ Къэралбий, — концерт нэужьым зыдгъэпсэхурт. Посольствэм щыщ цIыху гуэр къытхуокIуэри къыджеIэ адыгэ щIалэ Хъутатхэ Джэмал и деж дызэрыригъэблагъэр. Дыздаша пщIантIэ мыиным и куэбжэпэм я кIэрахъуэр гъэпкIауэ щIалитI щытт. Ар сыт хьэлэмэтт, адыгэ щIалэ деж апхуэдэ щыплъагъуну! Деблэгъа нэужь, цIыхубз фIыцIэм сабий игъэбэяууэ щыту, абы нэгъуэщI зы цIыхубзи бгъэдэту даIуощIэ. «Сэлам алейкум», — жиIэри къытпежьащ езы Джэмали. Iэджэ гъэщIэгъуэн дыщIигъэдэIуат а лIым. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Иорданием и лIыкIуэу Суданым щыIэу арат. ИкъукIэ цIыхушхуэт абы и къуэш нэхъыжьри — генералт. ИужькIи дыхуэзэжащ Джэмал. Абы щыгъуэми екIурэ ещхьу дигъэхьэщIат. Къэбгъэлъагъуэмэ, а зэманым Иорданием и лIыкIуэу къэрал псоми щыIэм я процент 50-р адыгэу жаIэрт.
- Сирием ныбжьэгъу щызиIэщ зэман куэд лъандэрэ дызэрыщIэу, уеблэмэ къуэш дызэрыгъэхъуауэ. Ар а къэралым дыщыкIуам щыгъуэ, абы щыIэ Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу тщIыгъуауэ арат. Езэш имыIэу къытхэтт ар сыт щыгъуи. Идрис Мухьэмэд-Яшар — арат зэреджэр. Абы Сирием щигъэлажьэрт къэфакIуэ ансамбль, Африкэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, нэгъуэщI щIыпIэхэми зыкъыщагъэлъагъуэу. ЗэманкIэ зи гугъу сщIыр 1969 гъэм хуозэ. Къуэш схуэхъуа Мухьэмэд-Яшар Къэбэрдейми къакIуэри мазэкIэ щыIауэ щытащ, и къэфэкIэм хигъахъуэу. Иджыпсту ар Сирием щекIуэкI зауэм къыхэнащ. Дэфтэрхэри иIэт икIи къэкIуэжыфынут, ауэ и шыпхъу закъуэмрэ анэмрэ къигъанэ хъунутэкъым.
- Зи гугъу тщIы цIыхухэри щIыпIэхэри къызэрытцIыхуар зи фIыщIэр «Кабардинка» ансамблращи, ар ди дежкIэ лъапIэщ».
-
-
-
- Унагъуэ насып
- Аракъэ гъащIэм щынэхъыщхьэр?! А насыпыр ДзыхьмыщIхэ я унагъуэм илъын папщIэ, зытетыр адыгэ хабзэрщ. «ЗэрытлъэкIкIэ, абы дебакъуэкъым, нэхъыжьым пщIэ худиIэу, нэхъыщIэр зэрыдгъэгушхуэным, зэрыдущииным дытету аращ», — дыщIегъу Къэралбий.
- Адэ-анэр гъуазджэм и курыкупсэм хэтауэ, и фIыпIэр нэсу зыхащIэу щыщыткIэ, къыщIэхъуэ щIэблэри дихьэх хабзэщ абы. Къэралбийрэ Зарэрэ япхъу нэхъыжьым бухгалтер IэщIагъэр къыхихами, я щIалэр — Аслъэн, «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и балетмейстерщ, нэхъыщIэ Данэ «Балкария» къэфакIуэ гупым и пшынауэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Данэ щеджэм щыгъуэ лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ Санкт-Петербург щекIуэкIауэ щыта зэпеуэм (цIыху 1053-рэ хэтат) и лауреат зэрыхъуар. КъинэмыщIауэ, я нысэри илъэс куэд хъуауэ «Кабардинка» ансамблым хэтщ, нэхъыжьыфIхэм я къуэ- рылъху-пхъурылъхухэми къафэ гъуазджэр я хамэкъым. «Ди щIэблэрщ дызыгъэгушхуэри плъапIэу диIэри», — жаIэ зэщхьэгъусэхэм.
- Зытхыжар
- БАГЪЭТЫР Луизэщ.