Куэд дыдэм егъэпIейтей
2013-07-27
- Иджыблагъэ Налшык щызэхэтащ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и зэIущIэ.
- Советым и Iэтащхьэ, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и унафэщI Емуз Нинэ къыхигъэщащ, ди республикэм лъэныкъуэ куэдкIэ ехъулIэныгъэфIхэр иIэ пэтми, зэфIэха мыхъуауэ районхэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэр, ахэр гъэзэкIуэжын папщIэ, къуажэдэсхэр жылагъуэ гъащIэм нэхъ жыджэру къыхэшэн зэрыхуейр. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу, Жылагъуэ советым и лэжьыгъэр нэхъыбэу районхэм яхуэунэтIауэ щытынущ. Абыхэм я мызакъуэу, щIыналъэхэм ядэлэжьапхъэщ республикэм щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри, ахэр 820-рэ мэхъу. Советым хэтхэм къызэралъытэмкIэ, гулъытэ щхьэхуэ хуэщIын хуейщ хъыбарегъащIэ IэнатIэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм, лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм ягъуэт зыужьыныгъэм. Мис а Iуэхугъуэхэм къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэм щытепсэлъыхьынущ Дзэлыкъуэ, Тэрч районхэм. ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я зыужьыныгъэм ехьэлIа зэIущIэр дызэрыт илъэсым и фокIадэ мазэм ирагъэкIуэкIынущ.
- «КъэтIэт псалъэмакъхэр зэпсэлъэныгъэ жыпхъэм иту, хабзэм тету едгъэкIуэкIыпхъэщ. Ди лэжьыгъэм и къалэн нэхъыщхьэр республикэм и унафэщIхэмрэ цIыхубэмрэ яку дэлъ зэхэщIыкIымрэ зэгурыIуэныгъэмрэ егъэфIэкIуэнырщ», — жиIащ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин.
- «Я унэтIыныгъэ елъытауэ, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр къыддэIэпыкъуурэ, дызыгъэпIейтей, кIуэтэхукIэ зызыубгъу терроризмэм, экстремизмэм дызэрыпэщIэтын Iэмалхэр дгъэбелджылын хуейщ, — къыхилъ-хьащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и граждан зэгухьэныгъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ Тэн Тимур. — IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр къыщытпщытэкIэ, къэрал программэхэм къари-кIуахэр къыщызэщIэткъуэжкIэ, блэдмыгъэкIIауэ, губзыгъэу псори къэтлъытэн хуейщ».
- Узыгъэгузавэхэм ящыщщ къыдэкIуэтей щIэблэр, псом хуэмыдэу илъэс 12-м щегъэжьауэ 17 ныбжьым итхэр. Я быным хуэфащэ гулъытэ хуащIыну адэ-анэр зэрыхущIэмыхьэм, ныбжьыщIэхэм я зэманыр сэбэпынагъ зыпылъ IуэхукIэ зэрамыгъэнщIыфым къыхокI ахэр щIэпхъаджагъэм дихьэх зэрыхъур. ЗэIущIэм хэтахэм ягъэбелджылащ мы гъэм зэлэжьыну я мурадхэр, унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр зи нэIэ щIэтыну комиссэхэр къызэрагъэпэщащ. Абы ящыщщ хъыбарегъащIэ IэнатIэм зегъэужьыныр, дин, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэныр, жылагъуэм и унафэ ищIыжыф хъуным зегъэужьыныр.
- Пщыгъуэш Iэсият.