Къумыкъу Виктор и зи чэзу лъагапIэ
2013-07-27
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ Азие Курытым и футбол командэхэм ехъулIэны-гъэкIэ ядэлажьэ ди лъахэгъу Къумыкъу Виктор и зи чэзу лъагапIэр къищтащ — иджыри къэс зэи къэмыхъуауэ, Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах япэ Iыхьэр абы и гъэсэн Караганда и «Шахтёр»-м къызэринэкIащ.
- Курыт зэфIэкI фIэкIа Къэзахъстаным щызимыIэу щыта Караганда и «Шахтёр»-р нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа икIи и тренер нэхъыщхьэу щыта Къумыкъу Виктор зэман кIэщIым къриубыдэу пашэ ищIащ. Зэи къэмыхъуауэ 2011 гъэм ар къэралым и чемпион хъуащ, нэгъабэ а ехъулIэныгъэ иным къытригъэзэжащ. Арати, адыгэ щIалэм и гъэсэнхэм европэпсо утыку ихьэну Iэмал ягъуэтащ. 2012 гъэм Чемпионхэм я лигэм хэтынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм фIэкIыфакъым. ЗакъригъэщIащ апхуэдэ Iэзагъ иджыри зэрабгъэдэмылъым.
- Иджыблагъэ щIэзыдза зэхьэзэхуэм «Шахтёр»-м и цIэр фIыкIэ щыжригъэIащ. Абы япэу хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа Белоруссием и «БАТЭ» командэм илъэситI и пэкIэ Европэр зэригъэплъыжауэ щытащ, Мюнхен и «Бавария»-р и стадионым щыхигъащIэри. ГурыIуэгъуэт ар ныкъуэкъуэгъу лъэщу зэрыщытыр. АрщхьэкIэ Къумыкъум и гъэсэнхэр абы къигъэдзыхакъым икIи Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах и етIуанэ Iыхьэм хыхьэ зэIущIитIми «БАТЭ»-р бжыгъэ зэщхьэкIэ, 1:0-у, щыхагъащIэри адэкIэ кIуэтащ. КъыкIэлъыкIуэу «Шахтёр»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Баку и «Нефтчи»-м ефIэкIа Албанием и «Скендербеу» командэр. Шэч хэлъкъым адыгэ щIалэм и гъэсэнхэр абыи зэрыпэлъэщынум.
- Къэхъун Бэч.