ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апэнэс Астемыр: Си лъэпкъыр зыхуей- зыщыщIэхэр зыхызощIэ

2013-07-27

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэ­щIэ­щым къытхуеблэгъащ Урысейми республикэми фIыуэ щацIыху уэрэджыIа­кIуэ, къэфакIуэ, театрымрэ киномрэ я артист Апэнэс Астемыр, абы и лэ­жьэгъухэу режиссер Къалэ Муратрэ су­рэтыщI-сценограф Егоровэ Софиерэ.
  •  
  • — Астемыр, уи лэжьэгъухэри уи гъусэу редакцэм фыкъызэреблэгъар ди гуапэщ. Иджыпсту зи ужь уит лэ­жьыгъэхэм къытхутепсэлъыхьыт.
  • — Иджыблагъэ Москва концерт гукъинэж щыстащ. Абы къезгъэблэгъащ си ныбжьэгъухэр, къыздеджахэр, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, артист зэчиифIэхэр. Адыгэм и хабзэр, щэнхабзэр, къафэр, ди цIыху­хэм я хьэл-щэн дахэхэр къызыхэщ зэ­ныбжьэгъугъэм и концерт щIэщыгъуэ къы­дэхъулIауэ жыпIэ хъунущ. Абы зыкъ­ре­зыгъэхьэлIа журтхэми, куржыхэми, осетинхэми, урысхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми адыгэ уэрэдхэр къызэрыздыжаIар гуапэ сщыхъуащ. Макъамэм лъэпкъ зэхуэмыдэм щыщхэр дызэкъуегъэувэ, ди яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъри егъэбыдэ.
  • Концерт нэужьым адыгэбзэр зыджыну зы­фIэгъэщIэгъуэн хъуахэр мащIэкъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, «У адыгов обычай такой» уэрэдым хэт джэдлыбжьэ псалъэр зэ­хэзыха си ныбжьэгъур ар зищIысым щIэ­уп­­щIащ. Ар зэрыдилъэпкъ шхыныгъуэр жес­Iащ. ИужькIэ си анэм джэдлыбжьэ, пIас­тэ, лэкъум, нэгъуэщI ерыскъыхэкIхэр ип­щэфIщ, си ныбжьэгъухэр адыгэ хабзэм тету къедгъэблагъэри, дгъэхьэщIащ. Абыхэм ди шхыныгъуэхэр гурыхь ящыхъуащ.
  • Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я къуажэхэм, курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ кон­церт­хэр щыстащ. Щэнхабзэ и лъэны­къуэ­кIэ си лъэпкъыр зыхуей-зыщыщIэхэр зы­хы­­зо­щIэ. Налшык зэрызыкъыщызмыгъэ­лъа­­гъуэрэ илъэсий ирокъури, и чэзууэ къызо­лъы­тэ Москва щекIуэкIа концертыр къэсшэну. Ар жэпуэгъуэм и пэхэм иредгъэ­хьэлIэну тедухуащ. Концертым къыхэсшэнущ Москва щыщ артист 25-рэ.
  • Безруков Сергей и театрымрэ Эс­тра­дэм­кIэ театрымрэ иджыпсту сыщолажьэ. КъищынэмыщIауэ, зэныбжьэгъухэм ГИТИС-р къэдуха нэужь, дэр-дэру спектаклхэр дгъэ­у­вын щIэддзащ. Зэгуэрым абы зыху­зэ­фIэкI хьэрычэтыщIэ кърихьэлIэри, къыд­дэ­Iэпыкъуащ. Абы и фIыщIэкIэ, «Жив» щIа­лэгъуалэ театрыр 2010 гъэм къызэIут­хащ. Ар Москва и Правдэ уэрамым тетщ. Театрым и художественнэ унафэщIыр Урысейм щIыхь зиIэ и артист, ГИТИС-м дыщезыгъэджа Разуваев Максимщ.
  • — Театр зыбжанэм ущылэжьэну гугъу­къэ, Астемыр? Зыбгъэпсэхуну зэман бгъуэ­тыжрэ?
  • — А упщIэр куэдым къызат. ФIыуэ плъагъу IэнатIэм ущыпэрыткIэ гупсэху­гъуэ­рэ дэрэжэгъуэрэ ущигъащIэркъым. Арауэ къыщIэкIынущ лэжьыгъэм сы­щI­римыгъэшри. ИтIанэ, узыхэт гупми куэд ­елъытащ. Дызэкъуэту, зэгурыIуэ ди яку дэ­лъу апхуэдэщи, Iуэхухэри нэхъ мэкIуатэ.
  • Пщэдджыжьым сыхьэти 9-м щы­щIэ­дзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 18.00 пщIон­дэ пыухыкIауэ дылажьэркъым. Пщы­хьэ­щ­хьэм сыхьэт 19.00-м лэжьыгъэм иужь ди­­хьэн­кIи мэхъу е жэщым сыхьэт 12.00-м щIэ гуэрхэр ди щхьэм къыщихьэ щыIэщ. Сыхьэт бжыгъэ хэха, жэщ-махуэ дызэримы­Iэ­рагъэнщ куэдым дыщIыхунэсри. Щэнхабзэ IэнатIэ ущыпэрыткIэ, ущыжейм дежи гупсысэщIэхэр къоуш.
  • — Уи уэрэдхэр щызэхуэхьэса «Мелы­Iыч­хэм къралъэтыхь» альбомыщIэр иджыблагъэ къыдэбгъэкIащ. Абы и гугъу къытхуэщIыт.
  • — Альбомым уэрэд 16 хэзгъэхьащ. Абы хэ­хуащ нэхъапэм жысIахэри уэрэды­щIэ­хэри. Абы щыщу «Моя Кабарда», «Пусть летают ангелы», «Лианэ», «Алия», «Прости за то» уэрэдхэм я макъамэри псалъэри зытхар сэращ.
  • Си уэрэдхэм я нэхъыбэр адыгэм и хабзэ, щэнхабзэ, щыIэкIэ-псэукIэ, хьэл-щэн, гурыгъу-гурыщIэхэрщ зытеухуар. Лъэп­къым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр нэгъуэщIхэм я деж нэс­хьэ­сынырщ си къалэн нэхъыщхьэр зыхэслъагъуэр.
  • Дискыр дунейм къытехьэнымкIэ къыз­дэ­Iэпыкъуахэу Гъуэт Аслъэн, ЛIыбзу Ас­лъэн, Дудар Аслъэн, Хъупсырокъуэ Мурат, Къэбэрдей Эммэ, Щыхьмырзэ Ахьмэд, Сансий Му­рат, Щхьэгуэш Адэлбий, Новиковэ Еленэ, си адэ-анэм фIыщIэ яхузощI.
  • — Мурат, зыкъэдбгъэцIыхурэ, уи Iуэху­хэм укъытхутепсэлъыхьмэ ди гуа-          пэщ.
  • — Си адэ-анэр Налшык щопсэу. Москва ГИТИС-р къыщызухащ. Иджы абы сыкъэ­науэ сыщолажьэ. Республикэм икIа щIа­лэ­хэр, Къэбэрдокъуэ Мурати Бэрбэч Аскэри къытхэту, дызэрыIыгъщ. Зы щIына­лъэм икIауэ Москва щыIэхэр дызэрызэ­ры­щIэр куэд и уасэщ. Астемыррэ  сэ­рэ ды­зэ­до­­лажьэ. Немирович-Данченкэ Владимир, Ста­ниславский Константин сымэ я цIэхэр зе­зы­хьэ театрхэм сыщылэжьащ. Иджы «Жив» щIа­лэгъуалэ театрым сыщыIэщ. Театр про­ект­хэм я зэпеуэхэм дыхохьэ, щIэхэм дытегушхуэурэ ди зэфIэкIхэм доплъыж. Къэбгъэлъагъуэмэ, иджыблагъэ Санкт-Петербург щекIуэкIа зэхьэзэхуэм дыхэтащ. Америкэм и режиссер икIи къэфакIуэ цIэрыIуэ Уоррен Карлайл «Чаплин» мюзиклыр егъэув. Москварэ Санкт-Петербургрэ зэфIэкI зиIэ и артистхэр Чаплин Чарли и ролым папщIэ зэпеуащ. А зэхьэзэхуэм Астемыр нэхъыфIу къыщалъытэри, роль нэ­хъыщхьэр къылъагъэсащи, текIуэныгъэр ди лэжьыгъэм къыпэкIуа ехъулIэ­ныгъэфIу къы­долъытэ. Дэри дыкъэзыщIэ ди лъэпкъэгъухэри абы дрогушхуэ, дрогуфIэ. Къапщтэмэ, ди щIыналъэм нэхърэ Москва IуэхущIэхэмрэ лэжьыгъэщIэхэмрэ нэхъ ущытегушхуэфу, зыщупщытыфу апхуэдэщ.
  • «Пэжщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэ­уар нэ­гъуэщIщ, мыбы зыщыбгъэпсэхун хуейуэ аращ», — къыхохьэ псалъэмакъым хъы­джэбз хьэщIэ Егоровэ Софие.
  • — Софие, Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы япэу укъакIуэу ара? Ди къалэмрэ цIыхухэмрэ дауэ къыпщыхъурэ?
  • — Кином, театрым теухуа проектхэм щIэх-щIэхыурэ сыхохьэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Владикавкази лэжьыгъэ IуэхукIэ сыкъэкIуэну къысхуихуащ, спектакль щыдгъэувым. Кисловодск дэс си ныбжьэгъуми я деж сри­гъэблагъэри сыщыIащ. Ауэ мы щIы­пIэм япэу сыкъакIуэу аращ. Къэбэрдей-Балъ­къэрым, Кавказ Ищхъэрэм никIа щIа­лэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ГИТИС-м къыщыздеджащ. Абыхэм щIыналъэм щызе­кIуэ хабзэ дахэхэм я гугъу ящIу мызэ-мы­тIэу зэхэсхащ. Ахэр гъэщIэгъуэн сщы­хъуащ икIи сыдахьэхащ. «У адыгов обычай такой», «Бэдынокъуэ» уэрэдхэр игъэ­за­щIэурэ Астемыр къыщыфэкIэ лъэпкъ ха­бзэр, щIыналъэм ибгхэр, и щIыуэпс къулейр си нэгу къы­щIы­хьэрти, си нэкIэ зэз­гъэ­­лъагъуну сыщIэ­хъуэп­сырт. Иджы ар къы­зэ­­ры­зэхъулIар гуапэ сщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэми лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм дыщыIащ. Кавказым исхэм хьэ­щIэхэр зэрагъэлъапIэр, псалъэкIэ мы­хъуу, зыхэс­щIащ. Урысейм хуэмыдэу, мы­бы цIыхухъу­хэм цIыхубзым пщIэ хэха зэ­ры­­щыхуащIми гу лъыстащ. Псом хуэмыдэу фи лъэпкъ шхы­ныгъуэхэр гурыхь сщы­хъуащ. Къэнэжыр ахэр зэрапщэфIыр зэз­гъэ­щIэнырщ. Фи адыгэбзэр-щэ? Бзэ хьэлэ­мэ­­ты­щэщ. Зэ­кIэ зэзгъэщIа псалъэ за­къуэ­тIа­­­къуэм иджыри къыхэзгъэхъуэну си мурадщ.
  • — Ди упщIэхэм жэуап къызэрефтам папщIэ фIыщIэ фхудощI. Республикэм фы­къакIуэмэ, иджыри редакцэм фыкъыдогъэблагъэ. ЗэфIэкIрэ ехъу­лIэ­ныгъэрэ фиIэну ди гуапэщ.
  •  Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
  •  Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.