Упрофессорми уIэщыхъуэми цIыху узыщIыжыр уи цIыхугъэращ
2013-07-13
- Мы гъэмахуэм къыздихьа хъыбарыфIхэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым литературэ IэщIагъэхэм щыхурагъэджэну факультетыщIэ къызэрыщызэIуахыр. Абы и фIыгъэкIэ тхакIуэ, усакIуэ хъуну гукъыдэж зиIэ щIалэгъуалэм Мэзкуу нэс мыкIуэу Налшык щеджэну Iэмал яIэщ. КъудамэщIэм и унафэщI ЩауэцIыкIу Людмилэ «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэм хэт ныбжьыщIэхэм яхуэза нэужь, ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ.
- Мэзкуу еджакIуэ кIуэхэм
- къагъэзэжыркъым
-
— Сыт и щхьэусыгъуэр институтым факультетыщIэ къызэрыщызэIутхым? Республикэми Кавказ Ищхъэрэ псоми тхэным гукъыдэж хуэзыщI цIыхухэм я бжыгъэр куэдкIэ щынэхъыбэщ, псалъэм папщIэ, щIыкIи бжыгъэкIи нэхъ ин Вологдэ областым елъытауэ. Тхэным дихьэха щIалэгъуалэр литературэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтын папщIэ республикэм икIыу къыщамыгъэзэжыр нэхъыбэщ, апхуэдэурэ ди цIыхущхьэр тфIокIуэд. Ар зы лъэныкъуэ. Мыдрейуэ, дэтхэнэ еджапIэ нэхъыщхьэми хузэфIэкI ищIэну и къалэнщ, ди институтми имыгъэунэхуа къару гуэрхэр зэрыкъуэлъыр дэри зыхыдощIэри, мы IуэхущIэм дытегушхуащ. Сэ институтым сыщолажьэри езгъэлеинкIи хъунщ, ауэ щIэныгъэрылажьэ гуп зэгъэуIуа хъуам литературэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну щIэхъуэпсхэр гъуэгу тетшэфыну къысщохъу.
- Къэпщытэныгъэхэм я гугъу тщIымэ, япэрауэ, абы хохьэ напэкIуэцI пщыкIуий хъу литературэ лэжьыгъэ, усэн зыфIэфIхэм — сатыри 180-рэ. Бадзэуэгъуэм и 6-м езы къэпщытэныгъэхэр дублакIэщ: урысыбзэмрэ литературэмкIэ ЕГЭ-м къыщахьар зы. КъищынэмыщIауэ, щIэтIысхьэхэр сыхьэтиплIым и кIуэцIкIэ елэжьынущ «Си къуажэ», «Си еджапIэ», «ФIыуэ слъагъу тхакIуэ» жытIэу дгъэбелджыла тхыгъэхэм. Абыхэм пхыкIыфым щхьэхуэу егъэджакIуэхэр къепсэлъэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ къытфIэIуэхур ар иджыпсту зэрытхэракъым: и гупсысэкIэр, тхэным хуиIэ бгъэдыхьэкIэр, и зыужьыныгъэр здиунэтIыну зыхуей лъэныкъуэр. Ахэращ мыхьэнэ нэхъыщхьэ зиIэу щытынур.
- — ФакультетыщIэм фIыкIэ щогугъ анэдэлъхубзэкIэ дунейм къытехьэ тхыгъэхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъум иригузавэхэр. Кавказ Ищхъэрэ псор къызэщIэзыубыдэ фи институтым кавказыбзэ къомыр зы факультетым щыхузэгъэзэхуэну?
- — Мы илъэсыр япэ лъэбакъуэу аращи, зэкIэ урысыбзэмкIэщ къызэрыщIэддзэр, урысыбзэкIэ тхэхэм я закъуэщ къедгъэблагъэр, ауэ хуэмурэ дыхуэкIуэну къыщIэкIынщ лъэпкъыбзэхэми. Шэч хэлъкъым бзэр лъэпкъым упызыщIэ къуэпсхэм я нэхъ быдэу зэрыщытым. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэкъым. Ауэ бзэм и дежи къыщымынэу, зыгуэр зыхузэфIэкIын, гупсысэрэ щIэныгъэрэ зиIэ щIалэгъуалэр республикэм, къэгъазэ имыIэу, зэрикIым нэхъ дегъэгузавэ. Мы щIыпIэм ис лъэпкъхэм зэрахьэ хабзэхэм я фIыгъэкIэ, республикэм къинэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ тIэкIу нэхъ псэ узыншэ яIэу къызэтенэу пIэрэ жыдоIэри, догугъэ. Хэкум къытхуигъанэм хуэдиз къэдгъэнэныр ди къалэнщ, ахэр езыхэр нэхъ хъума хъун папщIэ.
- — Уи щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ дыхэбгъэгъуэзамэ, еджакIуэхэри нэхъ тегушхуауэ ныфхуеблэгъэнт.
- — Сэ ди институтым гуманитар щIэныгъэхэм хиубыдэ жылагъуэ-экономикэ IэщIагъэхэм я кафедрэм сриунафэщIти, мы литературэ факультетыр къудамэ хуэдэу абы къыщызэIуахыу аращ. Абы нэмыщI, ди институтым литературэм и тхыдэр, и теориер, эстетикэр щызогъэдж. Илъэс бжыгъэ хъуауэ «Нартхэм» гъуазджэр къызэрыхэщым солэжь. Ар зыхуэбгъэдэфын щыIэкъым, дунейм и зэхэлъыкIэр къыбгурызыгъаIуэ лэжьыгъэщ «Нартхэр», нэхъ куууэ сыхэджыхьыху, абы шэч къытезмыхьэжу сохъу. Лосев Алексей, Бахтин Михаил сымэ хуэдэ щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм хуэдэ гуэр уеджа иужь, уогупсыс — дауэ абыхэм я тхылъхэм мыхьэнэншэ гуэр зэрагуэбгъэувэнур? «Нартхэм» я купщIэр нэгъэсауэ зыгурыбгъаIуэу цIыхухэм я пащхьэ къиплъхьэжыным жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ, схузэфIэкIыну пIэрэ жыуигъэIэу. Арауэ къыщIэкIынщ си иужьрей сатырыр нэтхыса зэкIэ щIэмыхъур.
- ДыкъызыхэкIахэм депцIыжмэ,
- сыт дэ къытхуэнэжыр?
- — Дыадыгэщ жыдоIэ дэ псоми, абы къикI псом демыгупсысу. Адыгэ хьэлщ нэгъэсауэ уIэбэныр, узыхыхьэ Iуэхур Iуэху пщIыфыныр. Иджыпсту цIыхухэр утыку итыкIэкIэ, мылъкукIэ, хыхьэхэкI IэзагъкIэ зэпоуэхэри, лъэпкъыр къыумыцIыхужу апхуэдэщ. Адыгэм я нэхъ лъагэм нэхъ лъахъшэу зиIыгът сыт щыгъуи: пщым и унэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэтэкъым. И цей нэгъунэ нэхъыфIтэкъым, кIуэ, шымрэ Iэщэмрэ и щхьэр къахъумэрти, а тIур нэхъ якъузырт, армыхъумэ, дунеягъэ хьэпшыпкIэ нэпсейуэ щытахэкъым дяпэ итахэр. Сэ си сабиигъуэми слъэгъуар ар дыдэращ.
- — Дэнэ ущыщ?
- — Къармэхьэблэ. Си адэ-анэр егъэджакIуэхэт. Тхылъ ди куэдт. Си дэлъхумрэ сэрэ урысыбзэкIэ дыпсэлъэну дыхэтти, ди адэшхуэм ар къытхуидэртэкъым. Унэ кIуэцIым адыгэбзэм къищынэмыщIа, щызэхихын и жагъуэт. ЗэхущытыкIэ дахэ ядэслъэгъуахэр сигу къинэжащ. Си анэшхуэм и адэ Абыдэ Шумахуэ Истамбыл университетыр къиухауэ щытащ, Къармэхьэблэ япэу еджапIэ къыщызэIузыхахэм ящыщщ, бзибл ищIэрт абы. ФIы щIэи, псым хэдзэ — арат и гъащIэ хабзэр. Архивышхуэ къыщIэнащ, зауэ зэманым нэмыцэхэм ящышынэри, пхъэм хагъэпщкIухьат, арщхьэкIэ дзыгъуэхэм яшхауэ къыщIэкIащ. Революцэ нэужьым къэкIуэжат и унагъуэр къыздищтэу ежьэжынуи, гъащIэ имыIэу къыщIэкIащ. Си адэмкIэ си адэшхуэм пщыхьэщхьэ къэс таурыхъ къыджиIэжырт, зыщIыпIи сыкъыщеджакъым сэ апхуэдэ.
- — Езым зэхилъхьэу арат?
- — СщIэркъым, ахэр таурыхъ жьы дыдэхэт. Нобэ зы сыхьэт, пщэдей зы сыхьэт, апхуэдэурэ къыпищэрт, ауэ я зэхэлъыкIэр гъэщIэгъуэн дыдэт. Адыгэмрэ абыхэм я бийхэмрэ зэрызэхуэзэ-зэрызэбгъэдэкIыжхэр, ЦIыхухъу щыгъынкIэ захуапэу Къэбэрдейр къезыгъэла бзылъхугъэхэр — хэмыт щыIэтэкъым абыхэм. ГъэщIэгъуэну си адэшхуэм дэслъэгъуахэм ящыщт цIыхур къызыхэкIам мыхьэнэуэ иритыр. Зэгуэрым зы хъыджэбз цIыкIу ныбжьэгъу къысхуэхъуат.
- — Ар уи ныбжьэгъуу ара? — жиIэри къызэупщIащ.
- — НтIэ, ар хъыджэбзыфIщ,- жызоIэ.
- — Хъыджэбз цIыкIур фIы хъунщ, ауэ пасэ зэманым абы и зыгуэрым и зыгуэрыжым гъуанэдэууэ цIыху иукIауэ щытащ.
- «Хуэсакъ, — жыхуиIэт, — укъимыгъэпэжынри хэлъщ».
- Тутын ефэныр ягъэикIэртэкъэ а зэманым? Апхуэдэу щIалэ гуэр, дзэм къулыкъу щищIэри къигъэзэжауэ, тутын ефэ пэтрэ дадэ къыхуэзащ. ЩIалэм тутыныр игъэпщкIуа щхьэкIэ, Iугъуэр дэнэ пхьынт? «Къысхуэгъэгъу, дадэ», — жи. «Сыт къыпхуэзгъэгъунур, тIу?», — жиIэри, къыфIэмыIуэху нэпцIу блэкIащ, арщхьэкIэ и щхьэ хуэшхыдэжу гъунэгъуу блэкIа фызым иIуэтэжащ: «КъыпхуэщIэнукъым иджырей щIалэгъуалэм я Iуэхур, я пэшыныр я тутыным теткIуэу…».
- Адрей си адэшхуэр колхозым и унафэщIт. Диным щеныкъуэкъу зэманрати, Мэзкуу хьэщIэ гуэр къикIауэ ислъамыр куууэ щызэрахьэ унагъуэхэр къызэхикIухьырт. Ди адэшхуэм ар къримышэкIыу хъунутэкъым, ауэ нэмэз щIыгъуэр къэсыху, шыгур къигъэувыIэрти, абдеж дыдэм нэмэз щищIырт, ирегубгъуэ, иреуэрам. ХьэщIэм бысымыр игу дыхьэщати, абы и фIыгъэкIэ къуажэм лей щызэримыхьэу дэкIыжауэ жаIэж.
- Унэм щIэта жьэгур, мафIэм идз ныбжьхэр сощIэж. Адыгэ унэм ток уэздыгъэ щыщIамышэм гум зыщигъэпсэхуу щытащ. Жэщым нэху куэдыIуэ зэрыщыIэм унэм и IэфIым зыгуэр кIэричауэ къысфIощI.
- Апхуэдэ нэхъыжьхэм тIэкIунитIэ нэхъ мыхъуми сарещхьыну дауэ сыхэмытынрэт? Си анэшхуэр зэрылIыкIар пщIэрэ? «УкIытэм ихьащ», — жаIэ. 1943 гъэм ди адэшхуэр партизанхэм яхэтти, дэнэ здэщыIэр, жиIэри, адыгэ полицай унэм къэкIуащ, нэмыцэхэм я гъусэу. Жэуап щызэхимыхым, мо «адыгэлIым» нанэ зыкъытришэщIащ. Къеуакъым, ауэ апхуэдэ хабзэншагъэ зымылъэгъуам и лъыр дригъэуейри, абы илIыкIауэ щытащ.
- Мис апхуэдэт адыгэ цIыхубзхэр. Къеуэн, и щхьэр щIихьауэ ягъэпсэун дэнэ къэна, плъагъурэ, и Iэр къиIэтати, модрейм и гум хуэхьакъым. Ар лъапIэ дыдэщ: цIыхухъур — цIыхухъуу, цIыхубзри — цIыхубзу щытыныр. Зыр адрейм емыгуауэу, мынэгъуэщIу. Си адэр хуабжьу псалъэу игъащIэм зэхэсхакъым. Ауэ къыщыщIыхьэм и деж псори шэжыпкъым хуэдэу дызэфIэтт. ДыкъызыхэкIахэм депцIыжмэ, сыт дэ къытхуэнэжыр?
- ТIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэр къэсащ, иIэ, дывгъэгупсысэ!
- — Зы зэхуэс къэмынэу, Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ зы псалъэуха-псалъэухаитI яфIыхызогъэувэ. ИрыращIэ сызэрыадыгэри, абы сызэрыригушхуэри, адыгэ тхыдэм и напэкIуэцI гуэрхэр хьэлъэу си гум зэрилъри. Кавказ зауэм куууэ си Iыхьлы хэкIуэдауэ сыщыгъуазэкъым, ауэ ар зыхызощIэ, согугъэ лъэпкъгъэкIуэдым теухуауэ унафэ гуэр ящIыну. Ар псоми ди зэхуэдэ гукъеуэщ. Хьэмэрэ иджырей адыгэ щIалэхэм лъэныкъуитI защIауэ зыр адрейм езэуэжмэ, дауэ ар къызэрысщыхъун хуейр?!
- Едгъэсэн хуейщ щIалэгъуалэр гупсысэу. Я щхьэ пщIэ хуащIыжу. Мы дуней зэхэзэрыхьам хэкIыпIэ къыщагъуэтыфу, я лъэпкъ нэмысри, хабзэри, щэнхабзэри ящIэжу. Дэтхэнэ лъэпкъми и цIыхущхьэр ихъумэжыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сыт къэбугъуеям и мыхьэнэр, ущымыIэжмэ. «Псэм и пэ — напэ» — ар дахэщ, шэч хэмылъу. Ауэ напэри зищIысыр пщIэуэ, уи щхьэр зэрыпхъумэнми иужь уитын хуейщ.
- — «Напэр» къызэрыбгурыIуэращ псори зэлъытар. ЩIыхь зыхэмылъым халъагъуэу арагъэнт.
- — Тхыдэм къыхощ напэри щIыхьри зыкъомкIэ пхэнжу къагурыIуэу зэрыщытар. Сыт нартхэр зытекIуэдэжар? ЦIыхуу щыIэм ятекIуэри Тхьэшхуэм зрапщытащ. Уэ уцIыху цIыкIущ, упэлъэщынукъым икIи къыпхуэгъунукъым. Сэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и Iуэху еплъыкIэхэр сфIэзахуэщ, аращ си диссертацэр зытеухуауэ щытари. Псори IупщIщ икIи гъащIэм екIуу хозагъэ. «Зэманым декIур лIыфIщ». «ЛIыхъур фыз дэубзэщи, лIыбзыр фыз дэуейщ». «СыщыщIалэм Iэщэ сIыгъащ, иджы бжьын сопщIэ». Дунеймрэ гъащIэмрэ зэпэплъытыфу щытын хуейщ. Дэ ди щIэныгъэлI хъарзынэхэм зыкъом зэхуахьэсащ, зыкъомым тепсэлъыхьащ, ауэ тIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэр къэсащ, «щIэныгъэ концепцэкIэ» зэджэм зихъуэжащ. ЩыIэр къэтIуэтэж къудей мыхъуу, тлъагъум къикIыр щызыгурыдгъэIуэн хуей лъэхъэнэм дынэсауэ къысщохъу иджы, иIэ, дывгъэгупсысэ!
- ИнтеллигенцэкIэ узэджэн диIэ?
- — Лъэпкъ гъащIэр ипэкIэ зымыгъэкIуатэр языныкъуэхэм дунеягъэ Iуэхухэм дызэрыдихьэхыIуам хуахь, адрейхэм — зэныкъуэкъун хьэлым. Уэ дауэ уеплърэ?
- — Адыгэ тхыдэр зызыIэту къеIэбыхыж параболэм хуэдэу солъагъу. Щэн-къэщэхунми мылъку зэлъэфэлIэнми гущыкI щыхуэтщIыпа зэман диIащ адыгэм. Иджы дыкъеIэбыхыжащ. Жэбагъы дахэу жиIатэкъэ: псэм удэмылажьэ. Дэ псэм дыщыдэлажьэ зэманым и лъагапIэм дитщ иджыпсту, абы хуэкIуа дунейм зыдедгъэкIуну дыхэтщи. ДызыузэщIын къару дылъыхъуэххэркъым. ЦIыхум и бохъшэм и кууагъкIэ, и унэм и лъагагъкIэ, и машинэм и кIыхьагъкIэ уасэ хуэбгъэувмэ, уэ езыр зыри уримыщIысу аращ. Сыт хуэдэ хьэлхэрат пщIэ зыхуащIыр нэхъапэм? АкъылыфIагъым, псэлъэкIэ пщIэным, зэфIэнахэр зэбгъэкIужыфыным, щIэныгъэм, щэныфIагъым, цIыху узыщIыж мис апхуэдэ зэфIэкI гуэрхэм. Иджы псори нэгъуэщIщ. Адыгэхэм игъащIэм яхэлъа тэмакъкIыхьагъыр иджы зыри къафIэмыIуэхуным хуэкIуащ. ИнтеллигенцэкIэ узэджэн диIэкъым. ДиIэщ я Iуэхум хуэIэзэ, я къалэн, IэнатIэ фIыуэ езыхьэкI цIыху щыпкъэ гуп, ауэ Iуэху еплъыкIэ узыншэ пхызыгъэкIыфын гуп зэуIуа я акъыл зэтехуэу слъагъуркъым. Сэ жысIэркъым къэралым е унафэм пэщIэтын хуейуэ. Интеллигенцэр сытым дежи адрейхэм къахэщхьэхукI гуэрщ, абы ущIыщышынэн щыIэкъым. Зи гугъу сщIыр цIыхур тIэкIу и щхьэ Iуэхум блэплъыкIыфу щытын зэрыхуейр аращ. Е щIакхъуэ Iыхьэ къэлэжьыным къарууэ яIэр зэрыщыту ихьрэ?
- — «ИнтеллигентагъкIэ» узыщыгугъхэр езыр щыгъыныкъуэ-щыгъыныпхъу дымыхъуауэ узиIэ!
- — Щыгъынымрэ унэ зэлъыIухамрэ къызэрызыфIагъэщIым хуэдэу лъапIэкъым, губзыгъэу убгъэдыхьэмэ. Ахъшэ куэд тумыгъэкIуадэуи дахэу упсэуфынущ. Сэ хамэ къэралхэм сыкIуэн сфIэфIщ. НэгъуэщIыпIэ ущыIэным уи къэухьыр еузэщI, умыгъэунэхуа щIэ гуэр зыхыбощIэ. Абы гъащIэм мыхьэнэ зимыIэу хэтыр кIэрегъэхури, мыхьэнэ зиIэм нэхъ уолIэлIэф. Унэр екIуу зэлъыIупхын, уэкIуу щыгъын къыхэпхыфын щхьэкIэ, къыхэхыкIэм мыхьэнэ нэхъ иIэщ ахъшэм нэхърэ. Сыт соминипщI къэблэжьу сом мин щищкIэ джэдыгу къыщIэпщэхунур? Е сом мин тхущIкIэ бостей? Иджыпсту дэтхэнэ цIыхубз журнал къащти, ущIэжу щIыхуэ къэпщтэным утригъэгушхуэу апхуэдэщ. Зи щхьэ унафэ хуэзыщIыж цIыхум къежьэ псоми зыдригъэхьэхынукъым. Хъыджэбз цIыкIухэм зрырахуапэ Версаче и IэдакъэщIэкIхэмкIэ. Сэ сом щитхукIи сиIэщ вакъэ, сом мин щэщIкIи сиIэщ. Илъэс 12-мрэ 30-мрэ я зэхуакум уитхьэкъуу сощI щыгъын гуэрым, адэкIэ — уIуплъэмэ, ууейр псынщIэу къыхэпхрэ уежьэжу ущытын хуейщ.
- — Щыгъын къыхэхыкIэми ущыуэм ущIегъуэжурэщ зэрызебгъасэр. ИтIанэ япэ Iэбэгъуэм хуиту гупсысэфыр гъащIэм лъэ быдэкIэ щыува гуэрщ, сыт жаIэн, дауэ къащыхъун жимыIэу?
- — Шэч хэлъкъым. Ди теплъэр дунейм «сэ сымыпхуэдэщ» жытIэу зыкъызэредгъэлъагъу Iэмалщ. Сэ си щхьэ пщIэ хузощIыж, уэри къысхуэщI жыпIэу аращ. КIагуэ зэфIэтхъа гуэр щытIагъи автобусым итIысхьэт. ТIощIрэ пщIэрэ къоIунщIынщ. Теплъэ нэсыр укъэзыхъумэ афэ джанэщ, Iэмэпсымэщ, дунейр къомыбгъэрыкIуэн хуэдэу. Аращ зыхуэпэкIэм и мыхьэнэр. Ауэ цIыхухъухэм ягу ирихьын папщIэ бзылъхугъэм дахэу зихуэпэн хуейщ, зэрыжаIэм сеувалIэркъым. Уи кууагъым е чэнжагъым и тепхъуэу аращ щыгъыныр. ЕкIуу утыку ихьэфу дэтхэнэ хъыджэбз цIыкIури егъэсэн хуейщ.
- — «ЦIыхухэм яхэгъуэщэн папщIэ» — жаIэ хабзэщ.
- — Абы уфIэкIыжу, «ФIыкIэ уакъызэрыхэщын», жыпIэми хъунущ. ФIыкIэ уакъыхэщу, ауэ укъызыфIэмыщIыжу: уи пщIэр лъагэрэ уи щхьэр лъахъшэу. Аращ цIыхукIэ узэджэнур, сэ сызэреплъымкIэ. Иджыпсту адэ-анэхэм я быныр гугъуехь псоми щахъумэну хэтщ. ЕджапIэр къаух, зэ «къэмыпщIэнтIауэ». ЩIалэ цIыкIур, псалъэм папщIэ, щIыIэми хуабэми исын, ешын хуейщ. Зэ иремыхъу зыгуэр, ирезауэ, треуж. Хъыджэбз цIыкIум Iуэху щIэкIэ, IэбэкIэ егъэщIэн хуейщ. ЦIыхубзращ унагъуэр зыухуэр. Ди зэманым ухуозэ «Дэ «дэIэпыкъуэгъу» диIэщи, икIи дыпщэфIэжыркъым, унагъуэ Iуэхуи къытлъысыжыркъым», — жызыIэ унэгуащэхэм. Сэ насыпышхуэу къызолъытэ уи унагъуэр уи IэкIэ бгъэшхэжыныр: шхыным Iэпкълъэпкъыр зэригъэлажьэм нэмыщI, метафизикэ гуэри хэлъщ, ар зыпщэфIми зэрапщэфI щIыкIэми куэд иIыгъщ.
- ЦIыхубзым цIыхухъум
- зригъэхъуэжыфынущ
- — Сыт хуэдиз хъыджэбзыфI плъагъурэ, гулъытэ нэс игъуэтмэ, зиузэщIыну хьэзыру. ЩIалэм хъыджэбзыфI и натIэ хъумэ, и насып къикIауэ аращ. Ар щIыжысIэр щIалэм хъыджэбзыр хуэгъэсэжынукъыми аращ. Фэ гуэр зытригъэлъэдэнурэ, зэрыщыту къэнэнущ, ауэ цIыхубз губзыгъэм цIыхухъум зригъэхъуэжыфынущ.
- — Ар цIыхубз Iуэху еплъыкIэмэ-щэ?
- — АпхуэдэнкIи мэхъу.
- — ЩIэныгъэлIхэм зэрабжымкIэ, адэ-анэм ягурэ я щхьэрэ щызэтемылъым и деж я сабийхэри гъащIэм щыщтэу, я щхьэ зэрахьэу къонэ.
- — Абы и щапхъэ гъунэжщ. Гуащэ-нысэ зэхущытыкIэм еплъ. Гуащэм щхьэ щыгъупщэжрэ езыр нысэу щытыху гугъу зэрехьар? Нэхъ Iэзэж Iуэхум хуэхъуауэ нысащIэм и фэр ирех. УхэмыIэбэмэ нэхъыфI сыт щыIэ? Уэ пфIэфIт уи гуащэр уи унагъуэ Iуэхум къыхэIэбэну? Щхьэ а щыуагъэ дыдэр пщIэн хуей? Гъасэ уи къуэр тэмэму: и анэми лей къытримыгъэхьэу, и унагъуэри хуэхъумэжу. Сэ сызэреплъымкIэ, щIалэм и щхьэгъусэм къызэрыщхьэщыжыфын акъыл имыIэмэ, ар зыщихъумэр и анэ дыдэрауи ирехъу, къыщIишэн щыIэкъым. Анэр анэщ, ар гурыIуэгъуэщ, ауэ езыми унагъуэ хъуну къалэн и пщэ дэлъщ: «Мамэ, умыгузавэ, дэ зэхэдгъэкIыжынщ». Ар жиIэфу щытын хуейщ. НысащIэри ардыдэращ. Абы къыхэкIыу унагъуэщIэр щхьэхуэу псэумэ нэхъыфIу къызолъытэ. Мыхъурэ — тэмакъкIыхьагъ, цIыху хэтыкIэ Iэзагъ, Iэсагъ! Хъыджэбзым цIыхухъум зэрыхущытыпхъэр, «къэгъэпцIэкIэр» ищIэн хуейщ. Ауэ арэзы щIыгъуейр, цIыхухъум пщIэ хуэзымыщIыр унагъуэ иухуэну хуэмыхьэзыру аращ.
- Гугъу Iей йохь нобэ ди цIыхубзхэр. ЦIыхухъум цIыхубзым Iуэху куэд къыхуригъэкIуэтэкIащ. Лъэпкъри, унэри, сабийхэри, лэжьыгъэри здихьын хуейуэ и къалэнщ. Ар тыншкъым, ауэ а псор къохъулIэным пщIэшхуэ пылъщ. БыныфI къызэхъулIэри апхуэдэ цIыхубз зэщIэкъуа зи унэгуащэрщ.
- Ноби цIыхубзхэр я закъуэ йоIэ, сабийхэр идогъаджэ, идогъашэ жаIэри, ауэ мылъкум деж псори щиухыу къазэрафIэщIыр щыуагъэщ. Пэжщ, тхъэжу теткъым ахэр бэзэрым щIымахуи гъэмахуи, абыхэм яхуэшхыдэхэри згъэзахуэркъым. Ауэ цIыхухъухэр унэм щIэсми мэхъу! ЦIыхубз губзыгъэм и лIым и пщIэр иIэтыну хэтщ сыт щыгъуи, езым зигъэлъахъшэу. Сыт къахуэнэр «адыгэлIхэм?» Тет а лъагапIэм укъемыхуэхыу. Нэхъ къуажэ тхьэмыщкIэ дыдэр къащти, щIы къеIыпхыу ущылажьэ мыхъун щIыпIэ щыIэкъым. Хьэуэ, зэрылIыфIым и щыхьэту ефэн хуейщ! Нобэр къыздэсым зы цIыху насыпыфIэ ищIакъым фадэ ефэным. Фадэ пщэнри наркотик пщэнри зэпэжыжьэу къысщыхъуркъым. Иджыпсту зыгуэрым ипхъу «аркъэ хъаныкъуэм» Iэрыхьамэ, дуней фIыгъуэр къеуэлIауэ ябж. Абы насыпыфIэ урихъуфыну пIэрэ, нэгъуэщI цIыху насыпыншэ зыщIым?
- Нэхъыбэ къуитамэ, уи фIыщIэри нэхъ ину щытын хуейщ. ФIыщIэ зыщIыфращ гъуэгу захуэм темыкIыр. Упрофессорми, уIэщыхъуэми — цIыху узыщIыжыр уи цIыхугъэращ. Сыт хуэдиз Iэмал щыIэ узэлэжьыжыну нобэ? Гупсысэ, еджэ, лъыхъуэ, зыкIэлъыплъыж, укъызыфIэмыщIыж.
- Епсэлъар Чэрим Марянэщ.