Къанокъуэ Арсен: ХьэрычэтыщIэхэм зэран яхуэхъун хуейкъым
2013-07-10
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIа ещанэ пленар зэIущIэм республикэм и Iэтащхьэри кърихьэлIащ. ЗэIущIэр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ зыщегъэужьыным.
- Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан ищIа докладым къыщигъэлъэгъуащ хьэрычэт IэнатIэ мыиным зегъэужьынымкIэ зэран хъу Iуэхуу къэралым щыIэхэр. Абыхэм ящыщщ ахъшэ щIыхуэ къэщтэным пыщIа гугъуехьхэр, кредитхэм ахъшэшхуэ зэрыщхьэщатыкIыр, налогхэр зэрыиныр, IэнатIэ цIыкIухэм я продукцэр рынокым зэрыщызэблэгъэкIыгъуейр, IэщIагъэ нэс зиIэ лэжьакIуэхэр зэрымащIэр, апхуэдэу административнэ лъэпощхьэпохэри зэрымымащIэм. Къапщтэмэ, Пенсэ фондым халъхьэ взнос пыухыкIахэр 2013 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ зэращIам къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и закъуэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу мини 3,5-м щIигъум ягъэлажьэ IэнатIэхэр зэхуащIыжын хуей хъуащ.
- КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий тепсэлъыхьащ «2012 — 2015 гъэхэм КъБР-м хьэрычэт IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ зыщегъэужьыныр, абыхэм ядэIэпыкъуныр» республикэ программэ хэхар зэрагъэзащIэм. А программэр къащтэным япэкIэ, 2007 — 2012 гъэхэм, IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ къызэIузыха хьэрычэтыщIэхэм ядэIэпыкъуным бюджет ахъшэу сом 1 мелардрэ мелуан 340-рэ трагъэкIуэдащ, абы щыщу федеральнэ бюджетым сом мелуан 917,3-р къиутIыпщащ.
- Бизнес мыинымрэ курытымрэ я Iуэхухэр зэблэзыгъэкI закон лъабжьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщрагъэфIэкIуам и гугъу ищIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жаным Руслан.
- Пленар зэIущIэм апхуэдэу къыщыпсэлъащ ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Пархоменкэ Юлие, Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Темиржанов Махъты, прокуратурэм и следователь нэхъыжь Хъурэ Тимур, УФ-м и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Тутыкъу Мурат сымэ.
- Къанокъуэ Арсен зэIущIэм хэтахэм я пащхьэ къыщыщыпсалъэм къыхигъэщхьэхукIащ хьэрычэт IэнатIэ мыинхэм зегъэужьыныр экономикэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр икIи республикэм и унафэщIхэм абы гулъытэ хэха зэрыхуащIыр. «Нэгъабэ Урысейр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм хыхьащ икIи къэралым и экономикэр хабзэщIэхэм езэгъыу зэтедгъэувэн папщIэ илъэси 7 диIэу аращ. Ди республикэм и экономикэм и лъабжьэр, ар къыдэзыхыжыну дызыщыгугъыр мэкъумэш хозяйствэрщ. Мы IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ, псом хуэмыдэу жыг хадэхэр гъэкIыным зиужьащ. Сэ шэч къытесхьэркъым пхъэщхьэмыщхьэ къехьэлIэнымкIэ къэралым пэрыт увыпIэ зэрыщыдубыдынум. Абы папщIэ ди деж щыхасэну жыгыщIэхэр дэтхэнэми еврэу 6 еттурэ Италием къидмышу ди питомникхэм щыдгъэкIын хуейщ еврэу 2 нэхъыбэ тедмыгъэкIуадэу», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
- Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм и хабзэхэр нэхъ зэран зыхуэхъункIэ хъунур къуажэ лэжьакIуэхэрщ. Абы къыхэкIыу властым и органхэм я къалэнщ мэкъумэшыщIэхэм я зэфIэкIыр къэIэтыным гулъытэ хэха хуащIыну. «Дэтхэнэ зэпеуэми щынэхъыщхьэр цIыхум и егугъуныгъэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр ижь-ижьыж лъандэрэ гуащIафIэщ, емызэшщ, икIи дэ ди къалэныр абыхэм дадэIэпыкъунырщ»,- къыхигъэщхьэхукIащ Къанокъуэ Арсен.
- Республикэм и Iэтащхьэм бизнесымкIэ лэжьакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэр къыхуриджащ хьэрычэтыщIэхэм я лъэIухэмрэ тхьэусыхафэхэмрэ нэхъ куууэ хэплъэну. «Иджыпсту хьэрычэтыщIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ я лэжьыгъэр тыншкъым. А IэнатIэхэр къызэзыгъэпэщыфхэм лIыгъэ зэрахьэу къэплъытэ хъунущ. Абыхэм я Iуэхур административнэ лъэпощхьэпохэми, кредитхэр икъукIэ зэрылъапIэми къалъахъэ. Абы къыхэкIыу бизнесым и лэжьакIуэхэм зэран яхуэхъун хуейкъым. Дэ абыхэм дяпэкIи зэрытхузэфIэкIкIэ защIэдгъэкъуэнущ», — и псалъэр щиухым къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и Iэтащхьэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.