ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи пщIэр лъагэ ЗэкIуий Урысхъан

2013-06-08

  • Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ Iэ­на­тIэри езыгъэфIакIуэ, лэжьыгъэри зыхуей хуэзэу зэфIэзых, зи дуней тетыкIэкIи гупсысэкIэкIи пэрыт цIыхум жылагъуэм дапщэщи пщIэ лъагэ щиIэщ. Апхуэдэу къалъытэ Ерокъуэ къуажэм щыщ ЗэкIуий Урысхъан Аслъэн и къуэр.
  •  
  • ЗэкIуий Урысхъан и щIалэгъуэм.

    ЗэкIуийм и сабиигъуэри и   щIалэгъуэри къэралым и тхыдэм щыщ лъэхъэнэ гугъухэм хиубыдащ. Ахэр ирихьэлIащ лIэ­щIы­гъуэ блэкIам и 30-40 гъэхэу псэукIэщIэм и лъабжьэр щагъэтIылъамрэ Хэку зауэш­хуэм и илъэс лыгъейхэмрэ. Апхуэдэ гугъуехьхэм и гур ираудыфакъым щIалэщIэм. Къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, абы егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ икIи адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэдкIэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щригъэджащ. ИужькIэ Урысхъан щылэжьащ консервхэр ща­щIу Ерокъуэ дэт заводым и хъумапIэм и унафэщIу. ЦIыху пэжым зыпэра­гъэувэ дэтхэнэ IэнатIэри жэуаплыныгъэ пылъу ирихьэкIащ, жылэр къыхуэарэзыуэ.

  • Лэжьыгъэм щIапIыкIа, ар псэ хьэлэлу езыхьэкIыу щыта цIыхур зэи Iуэхуншэу пхущысынукъым. И ныбжь нэсу пенсэ кIуа нэужьи, цIыхум яхэту, щIэблэр иущийуэ еса Урысхъан я къуажэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ. Хабзэ, нэмысышхуэ зыхэлъ нэхъыжьыфIыр яхуэнабдзэгубдзаплъэщ щIалэгъуалэм, абыхэм я дуней еплъыкIэмрэ гупсысэкIэмрэ зыщегъэгъуазэ, чэнджэщ Iущхэр, ущие пэжхэр ярет.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъуфIщ Урысхъан. Зы илъэси къанэркъым абы ди газетым Iэ щIимыдзу, абы къиIэт жылагъуэ Iуэхухэм хэмылIыфIыхьу. Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Урысхъан къихьэхуауэ щытащ газетым Iэ тезыдзэхэм пап­щIэ ягъэува саугъэт нэхъыщхьэр — телевизорыр. Абы щыгъуэ а нэхъыжьы­фIыр къедгъэблэгъауэ щытащ «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым икIи нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуат.
  •  ЗэкIуийм унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтщ. Абырэ и щхьэгъусэ Люсэрэ бынищ зэдапIащ, дэтхэнэри гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Мурат, Аринэ, Альбинэ сымэ зэрыпсэун IэщIагъэ, щIэныгъэ яIэщ, унагъуэ щхьэхуэ хъужахэу, я нэ­хъыжьыфIхэр ягъэгушхуэ.
  • Урысхъан и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 80 ирикъуащ. НэхъыжьыфIым, ущия­кIуэ нэсым, чэнджэщэгъу Iущым дохъуэхъу и узыншагъэрэ и гуащIэрэ мы­кIуэщIу, бы­ным, абыхэм я щIэблэм я насыпым и псэр игъэнэхурэ и гум ехуэбылIэу, и щхьэгъусэмрэ езымрэ зэкъуэмыхуу куэдрэ зэдэпсэуну. Дэрэжэгъуэрэ гу­къы­дэжрэ я куэду, гуауэр япэIэщIэу, я дунейр дахэу, я пщIэр лъагэу, я унагъуэ жьэгур мыужьыхыу къащIэхъуэ щIэблэм куэдрэ Тхьэм ящхьэщигъэт.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.