ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэр гъунэншэщ

2013-05-30

  • Белгород кооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ дэт университетым  (БУКЭП) и къудамэу Налшык щыIэ ­еджа­пIэм зэIущIэ дахэ щекIуэ­кIащ. Ар теу­хуат БУКЭП-р къызэрызэ­Iуах­­рэ мы гъэм илъэс 35-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща, Ерыскъы­хэкIхэмкIэ XII дунейпсо студент фестивалым. Университетым Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щригъэкIуэкI а фестивалым куэдкIэ къыщхьэщы­кIырт Налшык щыIэ къудамэм къызэригъэпэщар.
  •  
  • Институтым и егъэ­джа­кIуэ, социальнэ, щэнхабзэ-гъэсэныгъэ лэжьы­гъэмкIэ къудамэм и уна­фэщIым и къуэ­дзэ Хьэ­фIыцIэ Эльмирэ зэхиша зэIущIэр хухэхауэ щытащ адыгэ шхыныгъуэхэмрэ ахэр зэрапщэфI щIыкIэмрэ. Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI гъавэхэкIхэмрэ ерыскъыхэмрэ я гугъу щащIым, блэкIа­къым адыгэ гъащIэм хэлъ щхьэхуэ­ны­гъэхэмрэ зыми емыщхь адыгэ хабзэм и зэхэлъыкIэмрэ.
  • Къэбгъэлъагъуэмэ, Налшык КооперацэмкIэ дэт институтыр илъэс 12 хъуауэ БУКЭП-м и къудамэщ икIи лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Къэралым щаубзыхуа мардэм къигъэув къалэн псори нэсу ща­гъэзащIэ, IэнатIэм щIэуэ къыхыхьэ Iуэху бгъэдыхьэ­кIэхэр и чэзум зи лэжьы­гъэм хэзыпщэ, иджырей хъыбарегъащIэ технологиехэр Iэзэу къэзыгъэсэбэп институтым гулъытэ хэха хуещI щIалэгъуалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­псэу лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэм дегъэхьэхыным, гъэсэныгъэ тэмэм егъэгъуэ­тыным. Абы ипкъ иткIэ, ХьэфIыцIэ Эльмирэ игъэхьэзыра пшыхьым мыхьэнэшхуэ иIэт ныбжьыщIэхэм я лъэпкъ зэхэ­щIыкIым зегъэужьынымкIэ, щэнхабзэм хэгъэ­гъуэзэным­кIэ, игъащIэми адыгэм къы­декIуэкI, къэуат зыщIэлъ шхыныгъуэхэр зыхуэдэр, ахэр зэрапщэфIыр, Iэнэм зэрытрагъэувэм ехьэлIа хабзэхэр егъэщIэнымкIэ.
  • НыбжьыщIэхэм ягъэлъа­гъуэхэр къапщытэну фестивалым кърагъэблэгъащ Белгород дэт университетым и къудамэу Налшык щыIэм и унафэщIым и къуэ­дзэ, педагогикэ щIэны­гъэхэм я доктор, профессор Що­джэн ФатIимэт, кафедрэм и доцент Щомахуэ Розэ, Сатум, потребительскэ кооперацэм я лэжьа­кIуэхэм я профсоюзым и рескомым и Iэтащхьэ Бе­къалды Маритэ, институтым и юрист Къардэн Анатолэ сымэ.
  • Фестивалыр адыгэ джэгу дахэкIэ ныбжьыщIэхэм яублащ икIи кърихьэлIахэм фIэ­хъус гуапэкIэ зыхуа­гъэзащ.
  • Адыгэ ерыскъыхэкIхэм я гугъу ящIын къыщыщIа­дзар, дауи, куэд щIауэ ди лъэп­къым къыдекIуэкI нартыхум и дежщ. Абы къы­кIэлъыкIуэу ныбжьыщIэхэр тепсэлъы­хьащ Iэнэм къытехьэ шхыныгъуэхэр къызыхащIыкI гъавэм, хадэхэ­кIым, пхъэщхьэмыщхьэм, нэгъуэщIхэми. Лым, шэм, хьэжыгъэм къы­хэ­щIыкIа ерыскъыхэр нэ­хъыфIу ялъа­гъурт адыгэхэм. Абы пап­щIэ нартыху, гуэдз куэду ягъэкIыу зэрыщытар, жэм, мэл, джэдкъаз ягъэхъуу къызэрекIуэкIар ягу къа­гъэ­кIыжащ.
  • Къэуат зыщIэлъ ерыскъыр ягъэхьэзырамэ, унагъуэр зэхэтIысхьэрэ IэфIу зэдэшхэу зэрыщытам нэмыщIкIи, ны­бжьы­щIэхэм ящыгъупщакъым адыгэр хьэщIэхуэфIу къызэрыгъуэгурыкIуар. Ди лъэпкъым хьэщIэм хуищI пщIэр дэнэ щIыпIи зэрыщаIуатэр жаIа нэужь, ахэр мащIэу пщафIэу зэрыщымытар къыхагъэщащ. Сыт щыгъуи «къакIуэ и Iыхьэ» жиIэурэ унагъуэм щIэсым къадэхуэн хуэдэу пщафIэрт адыгэ унэгуащэр. Абы папщIэ лы шыуа, гъэ­гъупцIа сыт щы­гъуи иIэти, хьэщIэ къыхуэкIуа нэужь, унэгуащэм и пIастэр хьэзыр хъуху, дакъикъэ 15 — 20-кIэ ерыскъы IэфI зэмы­лIэужьыгъуэхэр зытет Iэнэ къиузэдырт. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ гъэхьэщIэкIэр уна­гъуэ хуэщIа-хуэмыщIакIэ зэхидзыртэкъым, я нэхъ къулейсызу къащыхъу унагъуэми хьэщIэу уихьамэ, яIэр пхузэблахырт.
  • НыбжьыщIэхэм жаIэ апхуэ­дэ хъыбархэм я щы­хьэтт фес­тивалыр щекIуэкI пэшым щегъэувэкIа Iэнэ­шхуэри. Студентхэм ягъэхьэзырат джэд лыбжьэ, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, джэш лыбжьэ, пIастэ, былымыл гъэва, бжьы­ныху шыпс, мэлыл гъэжьа, джэд гъэва, джэд гъэжьа, IэшрыI, ­кхъуей плъыжь, лэкъум, мэжаджэ, щIакхъуэ зэтеупIэ­щIыкI, дэлэн, зэкIэ­рыс, хьэлыуэ, тхъурыжь, махъ­сы­мэ… Уеблэмэ щхьэ­щIэ­лъэныкъуэ гъэвари нышу къытрагъэуват. А псори щагъэлъагъуэм, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ жаIэжащ ахэр зэрагъэхьэзырымрэ зи гъусэу Iэнэм яхьымрэ.
  • НыбжьыщIэхэр къеджащ адыгагъэм, лъэпкъым, ­адыгэ пщащэм теухуа усэхэм. Ап­хуэ­дэуи къыддэ­гъуэ­­гурыкIуэ псалъэжьхэри лъэныкъуэкIэ къагъэна­къым, апхуэдэу 100-м нэблагъэ зэпадзыжу студентхэм жаIащ. Утыкум ще­кIуэкI Iуэхум къыхашащ пэшым щIэсхэри, махуэхэм, мазэхэм я цIэхэр адыгэ­бзэкIэ жаIэурэ джэгу-зэпеуэ ира­гъэ­кIуэкIащ.
  • Фестивалым и кIэухым студент щIалэгъуалэм къагъэ­лъэ­гъуащ адыгэ хьэ­гъуэлIы­гъуэм и зы Iыхьэ — унэишэр. Адыгэ джэгумрэ уэредадэмрэ щызэхэу­хуэ­на а теплъэ­гъуэ дахэр пшы­хьым гуIэфI­тещIэж хуэ­хъуат.
  • Ялъэгъуа псоми арэзы зэрищIар, адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэр дахэу утыку къызэрырахьар жаIащ а псоми набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъа къэпщытакIуэ гупым щыщхэм.
  • — Iуэхур къызэзыгъэпэщахэми хэтахэми фIыщIэ фху­зощI, — жиIащ Щоджэн Фа­тIимэт. — Сыт щхьэкIэ жыпIэ­мэ, мыр и чэзу дыдэу къе­хьэжьа хъуащ. Адыгэ хабзэмрэ бзэмрэ цIыхухэм тIэкIу IэщIыб щащI мы зэманым ди сабийхэр абы зэрыщIэт­пIыкIыр икъукIэ хъарзынэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ныбжьыщIэхэр къэгъэнауэ, адэ-анэ куэдми къыбжаIэ­фынукъым нобэ цIыкIухэм зэхыдагъэха мазэхэм, махуэхэм адыгэбзэ­кIэ зэреджэр. Илъэс 32-рэ хъуауэ мы еджапIэм щылажьэ ХьэфIы­цIэ Эльмирэ къызэригъэпэща Iуэхум уасэ иIэкъым жыпIэкIэ ущыуэнукъым — дэ нобэ тлъэ­гъуащ цIыхухэм хуэм-хуэмурэ яIэщIэхуж, адыгэ­псэр зыхуэзэша теп­лъэ­гъуэхэр.
  • Щоджэн ФатIимэт къыхигъэщащ еджапIэм ще­кIуэкI факультатив дерсхэм адыгэ, балъкъэр хабзэхэр щадж сыхьэтхэр хэгъэхьэн зэры­хуейр.
  • Белгород кооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ дэт университетым и къудамэу Налшык щыIэм и уна­фэщI, педагогикэ щIэ­ны­гъэхэм я доктор, профессор Щоджэн Ахьмэд къыщыпсалъэм жиIащ Урысейм псэкупсэ тхьэмыщ­кIа­гъэр къыщылъыса мы лъэ­хъэнэм лъапIэныгъэ куэд зэрытфIэ­кIуэдар, ахэр къэгъэщIэрэ­щIэжынымкIэ еджапIэхэм къалэнышхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр.
  • — Нобэ екIуэкIа зэIущIэр ди еджапIэ нэхъыщхьэм — Белгород дэт университетым — и ­илъэс 35-р зэригъэ­лъапIэм хухэхащ, — жиIащ Щоджэным. — Апхуэдэ фестивалхэр иджы­псту абы и къудамэ псоми щокIуэкI. Иужь­кIэ, мэкъуауэ­гъуэм, а псори зэхыхьэнурэ Белгород къалэм махуэшхуэ щызэхаублэнущ. Ди къудамэм къыбгъэдэкIыу абы хэтынухэм мы гупыр хэгъэ­хьэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Сыту жыпIэмэ, нобэ дахэу, екIуу, купщIафIэу утыку кърахьащ адыгэм и дуней тетыкIэр, къыдекIуэкI хабзэхэр, псалъэ Iущхэр, щэнхабзэр, ерыскъы IэфIхэр.
  • Щоджэн Ахьмэд къы­хи­гъэ­­щащ егъэджэныгъэ мардэм къызэщIиубыдэ Iуэху­гъуэхэм нэмыщI, республикэм ис лъэпкъитIым я хабзэхэр студентхэм егъэ­джыным мы­хьэнэшхуэ зэ­риIэр. Абы папщIэ ХьэфIы­цIэ Эльмирэ хуэдэ, зи Iэна­тIэм хуэIэзэ егъэджакIуэ гъуэзэджэхэр зэраIэр къыхигъэщащ.
  • — Ди институтыр БУКЭП-м нэхърэ нэхъыжьщ, — къыпищащ адэкIэ уна­фэщIым. — ­Илъэс 48-рэ и пэкIэ егъэ­джэныгъэ Iуэхур кърахьэжьащ кооператив училищэу, итIанэ ПТУ, техникум  хъуащ, 2001 гъэ лъандэрэ БУКЭП-м и къу­дамэу Налшык щолажьэ, Урысей Федерацэм и экономикэ еджа­­пIэ нэхъыщхьэхэм я нэ­хъыфI­хэм хабжэу. Сы­зэ­реплъым­кIэ, абы и пщIэри, и лэ­жьы­гъэ­ри зыIэтхэм ящыщщ нобэ екIуэ­кIа фестивалым ­хуэ­­дэ­хэр.
  • КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм къыхагъэщащ жыджэру зыкъэзыгъэлъэгъуа студентхэу ЗыщIэж Заирэ, ТIатIым Каринэ, Ансыкъуэ Заринэ, Сэмэгу Анзор, Темырчы Мухьэмэд, Хэжь Аскэр сымэ.
  • ЕгъэджакIуэхэм я лэжьы­гъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэмрэ жэуаплыныгъэмрэ къэзы­гъэлъагъуэ, студент гъа­щIэр нэгузыужь, купщIафIэ зыщI фестиваль хъуащ ХьэфIыцIэ Эльмирэрэ абы и гъэсэнхэмрэ къызэрагъэпэща пшы­хьыр. Нэхъыщ­хьэращи, мы Iуэху щхьэпэм мыхьэнэшхуэ иIэщ къы­дэкIуэтей щIэблэр лъэп­къым и бын пэжу гъащIэм хэгъэувэнымкIэ, щIэныгъэм къыдэкIуэу гъэсэныгъэ яхэлъхьэнымкIэ, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету псэунымкIэ.
  •  
  • НэщIэпыджэ Замирэ.