ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхылъым и ныбжьэгъу пэжхэр

2013-05-30

  •    КъыдэкIуэтей щIэблэр тхылъ еджэным ешэлIэжыным, цIыхум и зэхэ­щIы­кIыр егъэфIэкIуэнымкIэ абы и мыхьэнэр зэрыгъунапкъэншэр абыхэм къагурыгъэIуэным теухуауэ нобэ лэжьы­гъэшхуэ кърехьэлIэ «КъБР-м и щIэджыкIакIуэхэм я зэгухьэныгъэм».
  •  
  •    Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм и Ипщэ щIыналъэм а къалэн гугъур зи пщэ дэзылъхьэжа мыбыхэм фIэкIа нэгъуэщI зы IэнатIи зэры­щымыIэр. Илъэс куэд хъуауэ абы и унафэщI Шинкарёвэ Наталье зэрытхутепсэлъы­хьамкIэ, мы зэманым я нэIэ трагъэтщ зи тхылъ гъэтIы­лъы­гъэхэр мащIэ хъуа район, къуажэ библиотекэхэм. Илъэс къэс, хабзэ зэрыхъуам тету, абыхэм хурагъашэ «Библиотека новой русской классики» фIэщыгъэм щIэт серием хиу­быдэ тхылъхэр. Апхуэдэу сабий къыдэкIыгъуэ­хэмкIи ядоIэпыкъу. Мы зэгухьэныгъэр ялъоIэс ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэми.
  •    «Тхылъхэм етIуанэ гъащIэ егъэгъуэтын» Iуэхугъуэр щIэх-щIэхыурэ ира­гъэ­кIуэкI. Абы и лъэныкъуэкIэ, еджэныр фIыуэ зылъагъухэр чэн­джэщ­хэмкIэ зэдогуашэ, унэм тхылъ куэд щызиIэхэр библиотекэхэм япоIэбэ, Iей хъуа тхылъхэр зэрагъэпэщыж. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, щIэджыкIакIуэхэр нэхъ зэпыщIа хъум и мызакъуэу, зэпэубыдауэ щыт тхылъхэри къаIэрыхьэну Iэмал ягъуэт. Мы зэгухьэныгъэм Iуэхутхьэбзэ яхуещIэ къэралым и тхылъ тедзапIэ нэхъыфIхэм къыдагъэкI-      хэр пощткIэ цIыхум яIэры­гъэхьэным­кIэ.
  •    УнафэщIым къызэрыхигъэщамкIэ, мурадыфIхэри яIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ щIыпIэ-щIыпIэхэм рекламэ баннерхэр щыгъэувыныр. Ахэр нобэрей гъащIэм хэзагъэу икIи тхылъ еджэ щIалэгъуалэр зыщIэупщIэхэм сыткIи техуэу щытынущ.
  •  
  • Шэрэдж Дисэ.