Любэ и щэху закъуэр
2013-04-27
- Интернетым «щыпсэухэм» ялъагъуну Iэмал яIащ Урысей Федерацэм и посольствэу Лондон дэтым и «Россотрудничество» къудамэм къызэригъэпэща усэ пшыхьыр. «Адыгэ щIэсми сщIэркъым, ауэ ди пщыхьэщхьэр си анэдэлъхубзэмкIэ къызэIусхыну сыхуейт, — щIэсхэм закъыхуегъазэ адыгэ фащэкIэ утыку къихьа бзылъхугъэм, занщIэуи къыпещэ, — къызыгурымыIуэхэми а бзэм и дахагъыр зыхащIэну Iэмал хъарзынэ яIэщ».
- Апхуэдэу цIыхухэм захуэзыгъэза Бэлагъы Любэ «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ.
- Гу лъыфтэ! Феджэ!
- Фыхэплъэ!
-
— Ар илъэс 45-рэ сызэрырикъуам егъэщIылIа пщыхьэщхьэт. Илъэсым сызэрыпсэуар къэспщытэж щIыкIэу, гъэ къэс изогъэкIуэкI зы усэ пшыхь. Лондон щекIуэкIар хамэ къэрал щыпсэу тхакIуэхэм, усакIуэхэм, сурэтыщIхэм, композиторхэм защIэзыгъакъуэ «Россотрудничество» агентствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ утыку къихьа Iуэхущ. Дэнэ къэрал сыщыIэми, хабзэ схуэхъуауэ, «Сэ щэхуу усэ сотхыр адыгэбзэкIэ…» усэмкIэ пщыхьэщхьэр къызэIузох. Иджы ар франджыбзэкIи, нэмыцэбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, нэгъуэщIхэмкIи зэрадзэкIащ. Тыркум къыщыдагъэкIыну усэ тхылъ ягъэхьэзыр. Сытми, лэжьыгъэр къэувыIэркъым. Мы илъэс пшыхьхэр сыкъыщалъхуа махуэр згъэлъэпIэн щхьэкIэ сщIыуэ аракъым, зэ IуплъэгъуэкIэ апхуэдэфэ ятетми. Мы илъэсым нэхъыбэ е нэхъ мащIэ схузэфIэкIа нэгъабэрей илъэсым нэхърэ, жысIэу сызэупщIыжу, сщIар къэспщытэжу аращ. А махуэр къызэрыкIуэнур щыпщIэм деж, абыи нэхъ укъызэщIекъузэ улэжьэну. Ауэ усакIуэ ущыхъукIэ, мы гъэм усэ нэхъыбэ стхынщ жыпIэ хъуркъым. Алыхьым сызэрелъэIуар: «Мы илъэсым си музэр сщIыгъэгъу, IуумыгъэкIыж» — зэхихри къыздэщIыгъуащ. АдэкIи Алыхьым жыхуиIар хъунщ.
- — ЦIыхур мыбдежым щыусакIуэу, мобдеж щыщIэныгъэ лэжьакIуэу е щыунэгуащэу гуэшауэ псэуркъым — гъащIэм щихь къалэнхэр зэхэту, зэдэIэпыкъужу къызэдокIуэкI. ИтIани, «Бэлагъы Любэ мыращ» щыжаIэм и деж, дэтхэнэ цIэр нэхъ зэбгъэкIурэ?
- — УсакIуэ. Усэ зымытх зыри щыIэу си фIэщ хъуркъым, псоми ятх щыщIалэм и деж. Лъагъуныгъэ зыхэзымыщIа зыри дунейм тету къыщIэкIынкъыми, япэу а гурыщIэр зыгъэунэхуам и гур мэусэ. Ауэ усакIуэр зэи япэ лъагъуныгъэм хэкIыркъым. Гъатхэри си япэ лъагъуныгъэщ, нобэрей махуэри, пщэдейрей махуэри си япэ лъагъуныгъэщ. Сытым щыгъуи щIэрыщIэу гурыщIэр зыхыбощIэ. А гурыщIэм, шэч хэмылъу, уи псэр егъэлажьэ. Псэр щылажьэм и деж, абы къилъхур усэщ. Псэр гугъу щехьа зэманхэри щыIащ, ауэ, сыкIуэцIрыплъмэ, а си гум къипсэлъыкIыр, зэхэсх макъхэр, къыздикIар сымыщIэ гупсысэ хьэзырхэр, пщIыхьэпIэу е нахуапIэу къысхуэкIуэ усэхэр илъэс пщыкIухым сыщитам зэрыщытам хуэдэ дыдэу иджыри къокIуэ. Аращи, сыцIыхубз насыпыншэ дыдэу жыпIэфынукъым (мэдыхьэшх). Ухэт жыпIащи, сы-усакIуэщ.
- Си гъащIэм нэщэнэ куэд хэтщ, ипэкIэ слъагъуу иужькIэ къызгурыIуэжауэ. Си усэхэм упхыджыкIыу щытми, къэхъуну-къэщIэнур зэрымыщIэкIэ къэзмыгъэлъагъуэу мащIэщ къыхэпхынур. Си щхьэм кърикIуам къищынэмыщIауэ, ди республикэми Кавказ Ищхъэрэми къыщыхъуахэр илъэс пщыкIух фIэкIа сымыхъуу стха усэхэм къыщыхэбджыкI къохъу, тесIуам хуэдэу. Абыхэм и щхьэ течауэ сытепсэлъыхьу щытакъым иджыри къэс. Иджыри гу щылъамытэ щыIэщ. Лъыфтэ! Феджэ! Фыхэплъэ! ЩIэныгъэншагъэм, гунэфагъым къыхэкIыу усэхэм хужамыIапхъэ щызэхыуагъэх щыIэщ. Усэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, уи гур куууэ пхыплъу, щIэныгъэ убгъэдэлъу, зыхэпщIэу ущытын хуейщ. Усэр зытхам абы пкърилъхьа гупсысэм нэхърэ нэхъыбэ къеджэм къыщрихи щыIэщ, абы и псэр нэхъ куужу къыщIэкIыу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, усакIуэр зэпызыщIэ къару къудейщ, езым къыIэрыхьэр зыIэрыхьапхъэм деж нигъэсу. Езы усакIуэм дапхуэдэ зыхэщIэ иIэу щытми, абы итхар и кIэм нэс къыщыгумырыIуэж къохъу. Псалъэм папщIэ, илъэс пщыкIухым ситу згъэхьэзырауэ щыта тхылъ цIыкIум нобэ къызгурыIуэжа усэхэр итщ.
- МыусакIуэр тхэнукъым, напэ иIэмэ
-
— УсакIуэм дунейр зэрызыхищIэ щIыкIэр зи щIэщыгъуэр имыкI упщIэхэм ящыщщ. Цветаевэ Маринэ зэрыжиIамкIэ, усыгъэр къыщIигъэщIар цIыхум зыхищIэ, игъэунэхуа гурыщIэхэм ящыщу псалъэкIэ къэмыIуэтауэ зыри къэмынэн папщIэщ. Бещтокъуэ Хьэбас а упщIэм и жэуапыр къызэщIэубыдэгъуейщ жи, ауэ нэхъ гъунэгъуу сыбгъэдэкIуэтэнщ жыпIэмэ, усыгъэр диным и шыпхъу пэлъытэу къебж. Уэ уи еплъыкIэр сыт хуэдэ?
- — УсакIуэр и лъэпкъым и макъщ щыжыпIэм деж, ар удэпсэлъейуэ, мыдрей цIыхухэм захэпIэтыкI хуэдэу мэIу. Ауэ ар хэлъкъым абы. Цветаевэмрэ Бещтокъуэмрэ жаIахэр зэхэплъхьэмэ, тIуми я псалъэм си жэуапри ябгъуроувэ. Сэ стхыр, стхыну къызитыр си акъылым къищIыкIа гупсысэмрэ си акъылкIэ зэзгъэзэхуахэмрэ я закъуэкъым. Псэр зэIухауэ гъуэгуанэ тетщ. И бзэкIэ тхэ бзылъхугъэм и лъэпкъым къыжимыIэу къыздрихьэкI гупсысэр и псэм пхешри, дунейм къытрегъэхьэ. Ар Цветаевэм жыхуиIа псалъэм пэджэжу аращ. Гупсысэ къэнэн хуейкъым. Ситхьэлэу, къурмакъейм фIэлъу, си къалэмыр пэмылъэщу щыстхым деж, ар сыт зищIысыр, ар дауэ нэгъуэщI зыгуэрым зэрыгурызгъэIуэнур, сыт хуэдэ псалъэ къэзгъуэтынур?
- — ЗэрыжыпIэмкIэ, усакIуэр Iэмэпсымэщ, зи гурылъ къэзымыIуэтэф лъэпкъым и бзэщ, и псэщ?
- — Адыгэ лъэпкъым и псэм и Iущагъымрэ дахагъымрэ адыгэ усакIуэм и макъым къоIукI. Адыгэ усакIуэм и псэр зейр лъэпкъращ. Ар лIыкIуэу къагъэкIуащ, и лъэпкъым и псэр зэхихыу абы къиIукIыну. И зыхэщIэр, и гупсысэр, и тхыдэр. Гуащэнэ щхьэ сэ къысхуэкIуа? Абы сропагэ жысIэну сыхуейкъым, сронасыпыфIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ адрей дэтхэнэ зы усакIуэм нэхъри сынэхъыфIу зыкъэслъытэркъым. УсакIуэр усакIуэщ. УсакIуэ Iэзэ, усакIуэ дэгъуэ, усакIуэ Iущ, мопхуэдэ, мыпхуэдэ жаIэу газетым къыщытрадзэм и деж, ар щыуагъэу соплъ. «УсакIуэ» псалъэм псори хэлъщ. Абы эпитет хуейкъым.
-
— Дауэ-тIэ усэфIымрэ усэ Iеймрэ зэрызэхэбгъэкIынур?
- — УсакIуэм и напэмкIэ. МыусакIуэр, напэ иIэмэ, тхэнукъым.
- — Аращ езыр тхэнур! «Нобэ дыгъэ къопс, ар сыту фIы!» — а сатырыр хъуауэ къысщохъу, псалъэм папщIэ. Сызэрыщыуэр къызгурызыгъэIуэнур сыт?
- — А уи упщIэ бзаджэм и жэуапу Ахматовэ Аннэ и зы интервью сигу къэкIыжащ. ЕтIуанэу инфаркт хъуауэ сымаджэщым щIэлъ пэтрэ къеIэзэ дохутырым: «Аннэ Андреевнэ, сэри усэ сотхри, кхъыIэ, си усэм къедаIуэ», — къыжреIэ. ЕдэIуащ. «Ара?» «Аращ. УсэфI, дауэ къыпщыхъурэ?» — жиIэу къыщыхигъэзыхьым: «Хъарзынэщ», — жриIэжащ. «Стхыр усэфIрэ мыусэфIрэ къызэрысщIэнур дауэ?» — къоупщI дохутырыр аргуэру. Ахматовэр къыпыгуфIыкIри: «Уи усэхэр уфIэфI езым?» — жиIэри къеупщIащ. «Ауэ сытми сфIэфI!» «Усэ пэжу къэплъытэрэ?» «Ауэ сытми къэслъытэрэ!» «Адрейхэм дауэ къазэрыщыхъур?» — жиIэу щыщIэупщIэм: «Абыхэм мыхьэнэншэу къалъытэ», — жи. «Ар къыпфIэIуэхун хуейкъым, — жиIащ Ахматовэм. — Мис, уэ сэ сыбогъэхъуж, укъызоIэзэ, ар пэж?» «Пэжщ, ар сэращ». «Уи усэхэри уэра?» Дохутырыр щым хъуащ абдежым. «Мис а упщIэм жэуап ептыфмэ, мыдрей цIыхухэм жаIэм мыхьэнэ иIэн хуейкъым», — иухащ Ахматовэм. Быдэу уи фIэщ щIы: усэр хъуарэ мыхъуарэ зытхым нэхърэ нэхъыфIу зыщIэ дунейм теткъым.
- Хэку жьыбгъэм и мэр
- — Усэ птхыныр, ар тхылъым ибгъэзэгъэныр зы Iуэхущ, ар цIыхум яхэпхьэфыныр нэгъуэщI зыгуэрщ. Зым тхылъым къриджыкIыныр нэхъ къищтэмэ, адрейм зэхихмэ, нэхъ зыхищIэнкIи хъунущ. Сыт хуэдэ щIыкIэу усакIуэмрэ абы итхам еджэмрэ зэпыщIа зэрыхъур?
- — Мис а зэпыщIэныгъэращ сэ сыкъезыхужьэр. Аращ Хэкум сыкъэзыхьыжыр. ЦIыху мэжэлIам ещхьу, мо кхъухьлъатэм сыкъызэриувыкIыу жьыбгъэм и мэр нэгъуэщIу къысщIехьэ, нэгъуэщIу зыхызощIэ. А сыздэщыIэ, къыщыскIухь щIыпIэхэм и мэр нэхъ Iейуэ аракъым. Ауэ кхъухьлъатэм и бжэм сыкъиувыкIыу, си Хэкум и щIым сыкъыщытеувэм и деж, си нэпситIыр къожэх. И хьэуа дыдэм и мэр нэгъуэщIщ си дежкIэ, IэфIщ. Си тхылъхэр псори къэзыгъэщIыр а зыхэщIэращ. Ар апхуэдизу си псэм хохьэри, мис ар здызохьыр. Мыр усакIуэ псалъэу жысIэ хуэдэу къыпщремыхъу, мыр пэж дыдэщ. Ар спкърытщ, абы сропсэу. Зэзэмызэ, сигу щыхэщIхэм и деж, билет къызощэхури сыкъолъэтэж. А гухэщIыгъуэр зыгъэхъуж хущхъуэр си Хэкум и хьэуаращ. Мис абдежым къыщожьэ зэпыщIэныгъэр. Абы къищынэмыщIауэ, телевиденэм, радиом, мис мы газетым сыкъызэрыкIуэр. Иджы, Алыхьым и шыкуркIэ, ИнтернетымкIэ зэпхыныгъэшхуэ щыIэщи, цIыхухэм уи усэ гукIэ дощIэ, уи мыпхуэдэ усэр, уи мопхуэдэ усэр жаIэурэ къысхутопсэлъыхьри, сропсэу абыхэм къысхалъхьэ къарумкIэ.
-
Сэ сымытхэу сыпсэуфу щытамэ, сыпсэунут. Псалъэм папщIэ, Шемякиныр сурэт имыщIу псэуфынукъым. Лондон а «Россотрудничество»-м абы и гъэлъэгъуэныгъэ щыщыIэ тхьэмахуэм техуащ си усэ пщыхьэщхьэр, Шемякиным и сурэтхэр фIэлъу сыкъеджащ. Ар дапхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къызэрыбгъэлъэгъуэнур? Илъэс псом и кIуэцIым Шемякиным и Iуэхумрэ сысеймрэ щхьэ зэтехуа? Иджы а «мистицизм» жыхуаIэм, адыгэбзэкIэ къэгъуэт уэ а псалъэр иужькIэ, сытепсэлъыхьыну сыхуейщ. АкъылкIэ зедмыхьэ, къыдгурымыIуэ щэху, «подсознание» жыхуэтIэм ищIэнкIи хъунущ а хъыбарыр. ЩIэныгъэлI бэлыхьхэр щыIэщ, IуэрыIуатэ хъыбархэр къащыпу, бзэр къаIурыщэщу дахэу яIурылъу. Языхэзым къызжиIащ: «А уи «Сэтэней» поэмэр сэ игъащIэкIи къэсщтэнукъым, Сэтэней цIыху хуэдэу къалъхуу дунейм къытехьэу къыбогъэлъагъуэри». Сэтэней цIыху хуэдэу дунейм къызэрытехьэр къэпщтэн щхьэкIэ, щIэныгъэ убгъэдэлъын хуейщ. Сэтэней и образымрэ нарт тхыдэмрэ къыздикIар, абы лъабжьэ хуэхъур къэптIэщIын хуейщ. Сыт хуэдэбзэ хэплъыхьакIэ IуэрыIуатэр къыумыщыпыжауэ щытми, ар къыщежьэ тхыдэ щыIэщ. Ар езыхэми къагуроIуэ, мыбыкIи мобыкIи мыплъэу, а здэжэм фIэкI ямылъагъуу кIуэ щIэныгъэлIхэр, си щхьэкIэ, сфIэгуэныхьщ. УсакIуэм Сэтэней дунейм къытехьауэ щыжиIэм деж, ар къыздикIыр япэ щIыкIэ джы, къэлъыхъуэ, мыр мыбы щхьэ жиIэнкIэ хуей хъуа жыIи. Псом хуэмыдэу, ар зытха усакIуэм университет зытIущ къиухауэ, доктор лэжьыгъэ зытIущ къихьауэ, лекцэ, Тхьэм и шыкуркIэ, сыт хуэдэ университетми къыщитыфу щыщытым и деж. Ар къыщIыхуэкIуам зы мыхьэнэ гуэр иIэу къыщIэкIынщи, къащIэ, егупсыс.
- — УсакIуэ куум и усэр хэти къыгурыIуэн хуэдэу зэрыщымытыр щэхукъым. Ауэ абы итхар зыгуригъэIуэну хэт пэтрэ, лъэпкъым щыщ нэрыбгэ щхьэхуэр лъагагъкIэ е кууагъкIэ здиIэтыфыну усакIуэм?
- — ЗдиIэтынущ. УсакIуэр зищIысу нетIэ жысIам адэкIэ къыпысщэнщи, и макъ, и зыхэщIэм къищынэмыщIа, щIэныгъэ щхьэхуэ гуэр егъуэт тхылъеджэм. ЛъэныкъуитI мэхъу ар. Япэрауэ, и лъэпкъым къыбгъэдэкIыр усакIуэм и псэм кIуэцIрокI, етIуанэрауэ — езым лъэпкъым ирет. А иритыр дэнэ къыздикIыр? Мис ар упщIэщ. Лъэпкъым и зыхэщIэкIэр усакIуэм и псэм щиузэщIым, нэгъуэщI щытыкIэ щритым деж, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэм я дежкIэ езыр къызыхэкIа лъэпкъым и макъщ а усакIуэр. Ауэ езым и лъэпкъым папщIэ усакIуэр шхыныгъуэщ. А усакIуэр зыхэщIэн, зыгурыгъэIуэн, джын хуейщ, ар къэбгъэсэбэпкIэрэ уи зэхэщIыкIым адэкIэ зебгъэIэту.
- Ди лъэпкъым и тхыдэр хьетхэм я деж къыщожьэ. Нарт эпосым илъэс минитI и ныбжьу къалъытэ. Иванов Всеволод 2005 гъэм щыхьэт къигъуэтащ хьетхэр зэрыпсалъэу щыта бзэмрэ нартыжьхэм я бзэмрэ зы къежьапIэ яIэу. Иджы а къомым укъриплъэу щытмэ, ярэби, къыбгурымыIуэну пIэрэ Сэтэней цIыхуитIым къалъхуауэ усакIуэм и тхыгъэм щIыхигъэувэнкIэ хъунур? Ар литературэ тхыгъэщ, усакIуэм и унафэщ абы щызекIуэр. Сэтэней къуэ иритын хуейщ лъэпкъым, Сосрыкъуэр. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, Сэтэней тхьэ бзылъхугъэу къалъытэ. А пэжитIым я зэхуакум къыдэщIыкIащ поэмэр. Зыми и жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ сигу къоуэ я гур зэIухауэ литературэ тхыгъэм зэрыхэмыплъэр. «Сэтэнейм и тхыдэм теухуа а тхылъым усакIуэм «Дыгъэм и гъуэгу» щIыфIищар сыту пIэрэ?» — жиIэу зыри щIэупщIэркъым.
- Сыт хуэдэ теплъэ
- иIэ усэм?
- — УсакIуэм и гъащIэмрэ и усэмрэ сыт хуэдизкIэ зэпха? Уэ укъэзымыцIыхум уи усэр къищтэрэ къеджэмэ, птхар уэ узэрыхуейм хуэдэу нэгъэсауэ къыгурыIуэну?
- — УсакIуэм и псэм кIуэцIрыкIауэ образ къыщигъэувым деж, абы и хьэлым и мэ щоу. Сыт хуэдэ тхакIуэшхуи — Толстой Лев, КIыщокъуэ Алим, МэшбащIэ Исхьэкъ е Хемингуэй, Фицджеральд, Шекспир сымэ къапщтэмэ, ятхахэм езыхэм я цIыху щIыкIэм щыщ гуэр, шэч хэмылъу, пкърохьэ. Тхыгъэм поэмэ, роман хуэдэу зыщиукъуэдийм деж, а жысIэр нэхъ пэжыж мэхъу. Романыр дунейщ, планетэ щхьэхуэщ, поэмэри планетэ щхьэхуэщ, лIыхъужьхэр абы щопсэу, ар гъащIэщ. А гъащIэм езы усакIуэр е тхакIуэр хэмытмэ, а дунейр убзыхуа хъунукъым. Мис абы къыхэкIкIэ, тхылъеджэм и губзыгъагъ елъытакIэ, дауи, тхакIуэм и гур абы щызыхищIэнущ. Iэмал имыIэу мыр къэзгъуэтынщ жыпIэу яужь уихьэмэ, абы щыгъуэми уи лъакъуэр пкъутэжынкIи хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур куэду зэхэIуэнтIауэ щытщ, ар езыр планетэ, роман, дуней псо мэхъу. А зы цIыхум и кIуэцIкIэ цIыху дапхуэдиз щыпсэужыр, гъащIэ дапхуэдиз щызекIуэр, и акъылым гъащIэ дапщэ щызэблихыр?
- — Иджыпсту ди усыгъэм нэрымылъагъуу зэдауэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI усэм и теплъэм теухуауэ. Зы гупым совет зэманым и силлабо-тоническэ тхэкIэр (пычыгъуэхэмрэ хэIэтыкIыгъуэхэмрэ щызэгъэзэхуар) адыгэбзэм езэгъынкIэ Iэмал иIэкъым жаIэ. Мыдрейхэм пычыгъуэхэр зэхуэдизми, кIэух зэпэджэжым сатырыр ехулIэныр псалъэр къулейсыз зыщI Iэмалу къалъытэ. «Рифмэ хуейкъым жызыIэхэм щхьэр ягъэуз» жызыIэхэри щыIэщ. Нэхъыбэжым адыгэбзэм щынэхъ къарууфIэ макъ дэкIуашэхэр зэлъэIэсмэ, уэрэдыжьхэм ещхьу, нэхъ яфIэдахэщ. Уэ дауэ уеплърэ?
- — Сэ школым сымыкIуэ щIыкIэ усэ стхыуэ езгъэжьащ. Усэ стхыуэ сщIэрэт? Усэм и кIуэкIэм, «ритм» жыхуэтIэм сытеуIуэурэ седаIуэрт. Сэ музыкант унагъуэ сыкъыхэкIа? Хьэуэ. Сыкъуажэ хъыджэбз цIыкIут. Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, си къуэхэр классическэ музыкэм щIапIыкIа сабийхэщ, ауэ сэ Балъкъыпсымрэ Къармэхьэблэ жьыбгъэмрэ я макъамэращ сыкъызыхэхъукIар. Гупсысэ цIыкIу къысхуэкIуэхэр: «щынэ натIэ гъуджэ цIыкIу», «джэду цIыкIу» хуэдэхэр зэхэслъхьэрти, а гупсысэ къысхуэкIуам езым и ритм зэриIэжыр сфIэгъэщIэгъуэнт. Усэр, и теплъэр имыIэу, къакIуэркъым. Иджы нобэ силлабо-тоническэ хьэмэрэ тоническэ, ямб е хорей зэрыттхынур жыпIэу укъыщытIысым и дежи, абы теухуауэ узэдэуэнри дыхьэшхэнщ. А зэдауэм дихьэхыр усэ «зэхэзылъхьэхэращ». Си усэхэм ямби, хореи, силлабо-тоники, «усэ хужьи» къыщыбгъуэтыфынущ. Ар сэ къэзгупсыса, акъылкIэ зэзгъэпэща гуэркъым, зэрызэхэсхам хуэдэу, си тхьэкIумэм зэритам хуэдэу стхащ. Иджы хъыджэбзышхуэ сыхъуащи сытеуэжыркъым (мэдыхьэшх), ауэ зэхэсхыр сотхыф.
- Усэр фIырэ мыфIрэ дауэ къызэрыпщIэнур? Усэм къеджи, зы дакъикъэ нэхъ мыхъуми сыщымарэт жыуигъэIэмэ, абы щыгъуэ усэр фIыуэ къыщIэкIынщ. Акъылым иIэщ хьэл гупсысэу, даIуэу, зэхихыфу. ТхьэкIумэракъым зэхэзыхыр, псэращ. Зэхэпхар къыппкърыхьэрэ уи кIуэцIым зыгуэр къыщигъэхъумэ, а усакIуэм и етIуанэ усэри, ещанэри къащти еджэ. Зыри къимыгъэхъуауэ щытмэ, уемыджэ.
- «Си яужь дыдэ
- лъагъуныгъэ»
- — «Сызыгъэсар Балъкъ и макъамэращ» жыпIа щхьэкIэ, уи щIалэхэми а жьым щыщ къащIимыхуауэ пхужыIэну къыщIэкIынкъым.
- — СхужыIэнукъым, Тхьэр арэзы къыпхухъу (мэдыхьэшх).
- — ЩIалэ цIыкIухэм, псом хуэмыдэу, нэхъыжьым, я ехъулIэныгъэхэм жыжьэу доплъ, дрогушхуэ — дыдейхэщ, ауэ нэхъ гъунэгъуу тцIыхунуи ди гуапэт.
- — Алим Лондон и консерваторие нэхъыщхьэ дыдэм, «Royal College of Music» жыхуаIэм, мы илъэсым щIэтIысхьащ. Тхьэмахуэ кIуам «Элизабет холл» гъэлъэгъуапIэм пащтыхь унагъуэр щIэсу концерт ятащ езыр щеджэ школым я симфоническэ оркестрым. Алим концертмейстеру яхэтащ, скрипкэ пажэу сыхьэтитIкIэ концертыр зэрихьащ. Иужьрейуэ нэхъ дызыщыгуфIыкIхэм ящыщщ Инджылызым къыбгъэдэкIыу Японием и Хиросимэ къалэм мэлыжьыхьым и 28-м ягъэкIуэну къызэрыхахар. Джонсон Борис, Лондон и Iэтащхьэм, мамырыгъэм къыхуезыджэ тхыгъэ къритынурэ, ар лIыкIуэхэм я гъусэу Хиросимэ и унафэщIым Iэригъэхьэну пщэрылъ къыщащIынущ.
- НэхъыщIэ Къазбэч «Харроу» жыхуаIэ етIуанэ школым щIэтIысхьащ. Уинстон Черчилль, Иорданием я пащтыхь Хъусейн, Индием я Ганди — цIыхушхуэ куэд щеджауэ апхуэдэ школ цIэрыIуэщ ар.
- — УсакIуэ IэзагъкIэ уеджэми, гъащIэр къызэхъулIа бзылъхугъэ жыпIэми, нэхъ укъыхэзыгъэщ хьэлхэм ящыщщ уи хъуреягъкIэ епщIэкIа насыпыр зэрыпхъумэжыфыр. УсакIуэм япэ лъагъуныгъэм деж тхэн къыщыщIедзэ жыбоIэ, ауэ «Си яужь дыдэ лъагъуныгъэ» усэр уэрэд дахащэу кърахьэкI…
- — ЦIыхур цIыху зыщIыр и гур фIыуэ илъагъуну зэригъэсэфращ. ФIыуэ щыплъагъум деж, лъагъуныгъэр уи гум илъмэ, уи псэм хэлъмэ, абы и жэуапым къимыгъэзэнкIэ зы Iэмал щыIэкъым. Уи сабийм, фIыуэ плъагъу цIыхухъум, уи адэ-анэм, уи ныбжьэгъум а лъагъуныгъэр ет, къыпхуащIэжынум упэмыплъэу. Уэ езым зыхэпщIэ лъагъуныгъэм пэжу бгъэдэт. Сэ си «щэхур» аращ — си лъагъуныгъэрщ. Си щхьэгъусэ Къандур Мухьэдин Тыркум къилъэтыкIри нэлъэтащ си усыгъэ пщыхьэщхьэм. Абы теухуа усэ сыкъоджэ щыжысIэм, укIытащ. Ауэ сэ абы сигъэукIытэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур цIыху зыщIыр лъагъуныгъэращ. «Усэ нэхъыфIыр иджыри пхуэстхакъым, си псэ» — аращ нобэр къыздэсым сыкъызыхуеджэр. Лъагъуныгъэ зыкIуэцIымылъыр тхьэмыщкIэщ. Усэ къостынщ къытебдзэну, лъагъуныгъэ зыпкърымыт Iэпкълъэпкъыр, ар зыхэзымыщIэ цIыхур зищIысым теухуауэ. БзаджагъкIэ, дыджагъкIэ, гуащIагъкIэ зыри къэпхьынукъым. Лъагъуныгъэм къимыхьыр нэгъуэщI зыми къихьынукъым…
- Гугъущ мыпхуэдэ псалъэхэр езышэжьа цIыхур зэпыбудыну. Аращи, зэкIэ зыщIыпIи къытемыхуауэ Любэ тыгъэ къытхуищIа усэмкIэ ди хьэщIэщыбжэр зэхудощIыж.
- Бегъымбар хужь
- 1
- Лъагъуныгъэ зэрымылъ
- Iэпкълъэпкъыр нэщIщ…
- Лъагъуныгъэр — ар Псэщ, маджэ…
- Езым хуэдэ къелъыхъуэ!
- НэпцIщ
- Мы дунейр, угъу(ы)сэншэ наджэм.
- Езым хуэдэ здэщыIэр пшэрщ!
- Уафэ щIыхур щыздызэгуэкIырщ.
- КъысхуэзыщIхэм иджыри пщIэ,
- Сэ я пащхьэм мы си гур къыщочэ.
- Йощэщэхри, абыхэм къащып,
- ЗэщIаблэжыр аргуэру щIэрыщIэу,
- КърахьэкIыр ящIауэ нып.
- Мис апхуэдэурэ сыкъагъэщIыжу!
- 2
- Си псэр изотри дунейм,
- Ар пIащIащэу зэIытхъыгъуафIэщ.
- Ауэ аращ Къэбэрдейм
- КъигъэщIыфыр иджы усакIуэу!
- Сэ ныжэбэ уэращ сызейр,
- СыппэIэщIэуэ си Хэку закъуэ,
- Си Бегъымбарыр хейщ,
- КъыздэщIыгъущ емызэш-пагэу.
- Си Бегъымбарыр хужьщ,
- Си Псэр иузэщI защIэу.
- Си илъэсхэм къызатми ныбжь,
- Си гур ныбжьыншэ гуакIуэщ!
- Си уэрэдри уэ къурегугъу!
- Си гъуэгуанэри щIатхар усакIуэт!
- Си гур зейми къысхурегъэгъу
- Нэпс зытIущыр… Зы ягъи кIакъым!
- Сэ си гъащIэр къызэхъулIащ,
- Си уэрэдыр ешэщIри жыжьэу,
- Ар зыгуэркIэ ныплъэIэсам,
- Къыпэджэжи — зыкъэзгъащIэ.
- Ауэ, пщIэрэ, мы си гур зейм —
- Сэ мэскъалкIэ сыщимыгъауэ!
- Дыщэ щхьэц фIыцIэр хейщ,
- Дыщэ хужьу иджы зилами!
- Епсэлъар
- ЧЭРИМ Марианнэщ.