ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказ, уи къуршхэм сыщыпсэуатэм!

2013-04-17

  • ЕгъэджакIуэ, усакIуэ, журналист, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ… Къущхьэ Надим и IэщIагъэ къэс дуней щIэ­щыгъуэу къызэIуокI. ГъащIэм и къуэпс зэхуэмыдэхэр зыгъэунэхуа тхьэмадэр а къэралым мы зэманым щекIуэкI зауэр къэхъеин и пэкIэ Сирием и Чэнджэщэгъу Хасэм и унафэщIу лажьэрт. И Iэзагъри, и Iуэху еплъыкIэ узыншэри, и хьэлэ­лагъ­ри, и гущабагъри къыздихьри, Надим и унагъуэр и гъусэу Хэкум къэ­Iэп­хъуэжащ мазэ и пэкIэ. Нобэ ар «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ.
  •  
  • Iэпэм седзакъэу, хьэлъэ къысщохъу
  • ГъэпцIагъэ Iуэхум хэсха бэлыхьхэр.
  • Ныбжьу си гъусэщ сэ си гукъеуэр,
  • Дуней фIыцIагъэр къиин Iей къысщохъу.
  • Духыну пIэрэт мы ди гъащIэ жэщыр?
  • Тлъагъуну пIэрэт зэгуэрым дыгъэр?
  • СызыIуплъэ нэкIухэм гуауэр къаIуатэ,
  • ГуIэм къыхаш я псалъэмакъыр.
  • Кавказ лъапIэу си гур зэгуапэ!
  • Уэрщ си Iэзэгъуэри, сэ сыныпхуолIэ!
  • Уэрщ анэ дахэу дунейм щызиIэр,
  • Сэ сыпщIэхъуэпсу мафIэр къысщIонэ!
  • Тэрчым и псыхъуэшхуэм и макъыр къоIу,
  • Си гум и гъыбзэр си бгъэм къовыкI.
  • Iуащхьэмахуэ тету
  • ди Саусырыкъуэшхуэр
  • «ФыкъэкIуэж!» — жиIэу дэри къыдоджэ.
  • Ей, здэнут сэ нэщIу схьатэм си гъащIэр!
  • Здэнут згъэщIатэм гъащIэу къэнахэр,
  • Си псэм зигъэнщIу псэуныгъэ IэфIхэр,
  • Кавказ, уи къуршхэм сыщыпсэуатэм!
  • Кавказ, уи къуршхэм сыщыпсэуатэм!
  • Къущхьэ Надим

    КАВКАЗ зауэм я щIыпIэм ирихуахэм языхэзщ Абейкъуажэ (Урожайнэм) щыпсэуа Къущхьэ Мухьэмэтмырзэ и уна-гъуэр. ЩIалищыр — Аслъэн, Хьэмид, Хьид — зыщIигъуу япэ щIыкIэ Тырку Анадолэм Iэпхъуа унагъуэм етIуанэу зиIэтри, 1897 гъэм Джоланым хыхьэ Хъышние къуажэм щытIысащ. Абы къыщыхъуащ псалъапэ тхуэхъуа сатырхэр зи анэдэлъхубзэ къулейм къыIэпыхуа Къущхьэ Надим. Сыт ар Хэкум къэзышэжар? Сирием къыщыхъея хьэлэбэлыкъра? Нэхъ пасэу къиутIыпщыжу Хэкум изэгъэжа и щIалэхэра? Хьэмэрэ тхьэлъэIум хузэрахьа гукъабзагъыр зыщIэмыкI и усэбзэра? Сыт имыщхьэусыгъуэми, дэри ди насып кърихьэкIащ а лIы махуэр ди жылэм щыщ хъуныр, нобэрей IуэхукIэ и хъыбархэм езым и псалъалъэ купщIафIэмкIэ дедэIуэныр.

  •  
  • Дезэшащ…
  •  
  • — Адыгэм и щхьэ кърикIуа мы зауэ    къомым дигъэгумэщIурэ екIуэ­кIащ сыт щыгъуи. Зауэр фIыуэ тлъагъу­жыркъым. Дезэшащ.
  • Сирием ис адыгэм зауэр нэхъ лейуэ къытехьэлъащ. Нэхъапэм Япэрей дуней зауэшхуэм хэтахэщ. КъыкIэлъыкIуэу ЕтIуанэрей дуней зауэшхуэм тIощIитIрэ плIы гъэм нэс щызэуащ. ИтIанэ тIощIитIрэ хы гъэм Палестинэ зауэр къыщыхъейм, Джоланым ис ди къуэшхэр зы адыгэ дзэшхуэу ираджэри, ахэращ зауэм и гуащIэгъуэм Iутар. Джоланым щыщ къуажэ пщыкIущ-пщыкIу­плIым хьэдэхэр къахьыж-щIалъхьэжу зауэ гуащIэ екIуэкIащ. 1967 гъэм, ­ещхьыркъабзэу, адыгэ къуажэхэр къызэтракъутэри, Iэпхъуэн хуей хъуахэщ.
  • Иджы нобэ мы къекIуэкIыр зауэш­хуэщ. Хьэлэбэлыкъышхуэ мэхъу. За­уэр щIыпIэ гуэрым, хэгъуэгу щхьэхуэм щекIуэкIрэ бийр IупщIу плъагъуу уе­зауэмэ, абдежым лIыхъужьыгъэ къэб­гъэлъэгъуну ухэтщ. Адыгэр апхуэдэ IуэхукIэ игъащIэми хуэмыхуакъым, дэтхэнэ бийми къимыкIуэту пэщIэты­фащ. Зэрыс хэгъуэгум и щIыхькIэ, «Сэ мыбы сыкъыщыхъуащи, си псэр къурмэн хуэсщIынущ», — жаIэу хахуэу зэуа­хэри ди мащIэкъым. Ауэ иджыпсту мы екIуэкIым лIыгъэ къыщыбгъэлъэгъуэну Iэмал щыIэкъым. Зауэм ухыхьэнущи, узэзэуэнур хэт? Къозэуэнури хэт? Езы къэрал кIуэцIым щокIуэкI псори.
  • Мы илъэс тIощIитI блэкIам адыгэр мамыру дисащ Сирием. Зы дзэ къыт­лъэIэсакъым. ФIыуэ дыкъалъагъурт мы зэман дызэрытми нэхъ япэкIи. Адыгэр лэжьакIуэщ, захуэщ, гу хьэлэлу ядопсэу. Арати, Сирием дызэрихьэрэ хьэрыпхэм зы махуэ закъуи ягу къыдэбгъа­къым. Мы зауэр къызэрежьэри абыхэм ягу къыщIыдэбгъэн длэжьакъым, щIы­пIэ гуэр зиддзэуи дакъыпэщIэувакъым. ЗыщIидмыдзар зы щхьэусыгъуэщ: хьэрыпхэр дэри ди къуэшщ. Ахэр зэзэуэну дыхуейкъым. Мы зауэр къызэрагъэхъеяри ди гуапэкъым, къезыхьэжьахэми дахуэарэзыкъым. ЦIыхухэр мыпхуэдэу кIуэдыпIэ ихуэну, уIэгъэ хъуну, пхъэрыну, куэшыну. Гугъуехьышхуэ, гугъуехьышхуэ щыхэтщ нобэ цIыхухэр Си­рием. Зауэр увыIэну, зэпсалъэу акъылэгъу зэдэхъуну, мамырыгъэ щыIэну ды­хуейщ.
  •  
  • ЛъэныкъуитIым я кум удешытIыхь
  •  
  • Ди щхьэр къэтщтэнщи, «мобы деуэнщ», «мыбы Iэщэр тедубыдэнщ» жытIэу апхуэдэ гупсысэ Сирием ис ­адыгэхэм диIэкъым. Захуагъэр акъылэгъу узэдэхъунращ. Узэхуэзэу, хэ­гъуэгу щIыбым щыIэ къэралышхуэхэм я Iуэху къыпхэмылъу узэпсэлъэну. Хьэрып къэралу а «демократие» жызыIэхэм япэ щIыкIэ езыхэм я деж щрыращI демократие, итIанэ Сирием къреIэбэхэ. Зым и жыIи емыдаIуэу, Сирие цIыхухэр езыхэр зэгурыреIуэ. Хамэ хэгъуэгухэм къраша зауэлIхэр ирырекIыж, езы хэ­гъуэгум исхэр псори зэхурыреси, губзыгъэу зрепсалъэ. «Мы хэгъуэгур мэ­кIуэд, къэралыр зэхокъутэ, мыпхуэдизыр псыхэкIуадэ мэхъу» жаIэу акъылэгъу зэдэхъун хуейщ. Я гупсысэхэр зэ­ра­хьэлIэу, дахэу гъащIэр зэрызэ­дагъэ­щIэ­­ным, Сириер ямыгуэшу, фэбжьрэ ла­жьэ­рэ къатемыхъуэу мамырыгъэкIэ зэ­ры­зэ­дэпсэуным елIэлIэн хуейхэщ. Ап­хуэ­дэущ дызэрыгупсысэр Сирием ис адыгэхэр.
  • Зы гупыр дзэм хэтщ, ар я IэщIагъэщи, мызэуэну хуиткъым: къэрал къулыкъу зыхьыр тетым и гъусэщ. Модрейхэми: «ФыкъакIуэ, дэ Iэщэ фэттынущ», — жаIэ. Адыгэр а зэпэщIэтыныгъэм хашэну дыхуейкъым. Ди тхьэмыщкIапIэ драмы­гъэ­сыжу, зауэм дыхалъэфэнкIэ дошынэ. Апхуэдэуи мэхъу, халъафэ. Псалъэм щхьэкIэ, Барикъэ, Бирхьэджэм, Мардж­сулътIан дыхьа зауэлIхэмрэ къэралым и дзэмрэ зозауэ. Топышэмрэ автоматышэхэмрэ хэт зытехуэр? Ди сабийхэм, ди бзылъхугъэхэм, ди нэхъыжьхэм, ди щIа­лэ­хэм — уIэгъэ мэхъу, я унэхэр якъутэ. Ара­щи, жылагъуэхэм къыдэмыкIыу хъур­къым, мэIэпхъуэ. ЛъэныкъуитIым я кум удешытIыхь.
  • Нэрыбгэ тIощIитI хыхьэу Сирием щыдиIэщ дыщызэчэнджэщ Хасэ. Дызэхуэсри дытепсэлъыхьащ Iуэхум. Унафэу тщIар мыращ. Iэщэ къатщтэу зауэ­зэрылIым дыхилъэфэну дыхуейкъым, ар­мырами адыгэм зауэ-банэм и гур ириудащ. Дызыхуейр мамырыгъэрэ цIыху­гъэрэщ. Iуэхум зыхедгъэлъафэ хъуну­къым, зэрытлъэкIкIэ адыгэр тхъумап­хъэщ.­ ЗылъэкIынум зауэм зыхримыгъэубыдэу щIыпIэм ирырекI. ЗылъэмыкIы­нум Iэщэ къатщтэу мыбы сригъусэт, мо­бы сыдэщIыгъут жытIэу дымыщхьэры­уэу, ди пIэ дивгъэс, мы лъэмыж гугъум тэмэму дивгъэкI. Дзэм хэтым и Iуэхур Iэмалыншэщ — къалэныр имыгъэзащIэу хъунукъым, уи лэжьыгъэщи узэуэнущ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, къэралым пэщIэтхэм яхэзэрыхьаи щыIэщ.
  •  
  • Адыгэхэр здэIэпхъуэр дэнэ?
  •  
  • Иджы мы зэман дызэрытым адыгэм  я IэпхъуэкIэр сыт зыхуэдэр? Барикъэ, Бирхьэджэм, МарджсулътIан, Хьомс хуэдэхэм дэсу лъэныкъуитI мафIэм дэкIуадэхэр Дамаск къэIэп­хъуащ. Дамаск дэсу а иужьрей илъэс тIо­щIитIым къызэтеувэжауэ жыхуэтIахэми удын къызытехуа яхэтщ.
  • Сэ сыщыпсэуа Къудсиер къэсщтэнщи, Тхьэр арэзы къахухъу, унэ лей зиIэ ­адыгэ щIалэхэм IэмалыншагъэкIэ къы­щIэп­хъуа псоми иратащ. Хасэми лъэ­кIын къигъэнакъым. Мохэр къыдэзышыжын гуп зэрагъэуIущ, ахъшэхэр къау-гъуейри, я шхыни, я хьэпшыпи лъагъэ­Iэсащ, дахэу я пIэ ирагъэзэгъахэщ. ­Адыгэ хасэхэмрэ щIалэхэмрэ зэдэIэ­пыкъужурэ зыщIагъэкъуащ лей зытехьа цIыхухэм. Уи щхьэр щапхъэу сыт щыгъуи уогъуэтыж — сызыщытхъужу аракъым, ауэ унищ сиIэт си щIалэм ейри хэтуи, абыхэм щIэлъыр зэрыщIэлъу Барикъэрэ Бирхьэджэмрэ къыдэкIахэм ястащ: «Зауэр увыIэу фи Iуэху зэтеувэжыху фыщыпсэу», — жысIэри. Си закъуэ­къым апхуэдэу зыщIар. Алыхьым и фIы­щIэщ апхуэдэ гукъэкI ищIу адыгэр къызэрызэтенар, Сирием исхэм ялъэкI къа­гъэ­накъым зыр адрейм дэIэпыкъун пап­щIэ.
  • Иорданием, Европэм е нэхъ жыжьи кIуэфынухэм, благъэ е мылъку гъэтIы­лъа зиIэхэм, яхэтщ апхуэдэ Iэмалхэр къэзыгъэсэбэпахэри. Иордание Хасэри хъарзынэу къапегъуэкIащ, Тхьэр арэзы къахухъу. Иорданием ис адыгэхэми фIыщIэшхуэ яхудощI.
  • Тыркум адыгэ хасэу щыIэхэм къа­кIуэр къедгъэблэгъэнущ жаIэу унафэ къащта нэужь, абы зы гуп кIуащ. Кхъухьым итIыс­хьэхэр ахъшэншэу нагъэсу Iуэхур дахэу зэтраублащ тыркум щыпсэу ди къуэшхэми. Нэсахэр къуажэхэм трагуэшащ. Иджы нэхъыбэж фыкъакIуэ жеIэри Тырку къэралым ешэ, шатырхэр ягъэувауэ.
  • Хэкум зэкIэ къэкIуар нэрыбгэ щитху-щих хуэдиз мэхъу. Ахэр зыгъэпсэ­хупIэ­хэм щIагъэтIысхьэри, зыхуей хуагъэзащ, иджыри ялъэкIымкIэ ядоIэпыкъу, Тхьэр арэзы къахухъу.
  • Гугъур сыт жыпIэмэ, кхъухьлъатэм, тхылъ гъэхьэзырыным ахъшэшхуэ то­кIуадэ. ЩIапIэ, машинэ, унэ зиIэхэм ящэфыркъым. Сабий зыплIытху уи гъусэу укъэкIуэн щыхъукIэ, мыбы укъэсын щхьэкIэ, Сирие ахъшэу мелуан ныкъуэ тохуэ. Дауи, укъэса нэужь, уи Хэкум и IэплIэ хуабэм зыкъыбодзэри, гугъуехьри нэхъ гъэкIуэгъуафIэщ. ЗанщIэу уэ узэрыхуейуэ Iуэхур хъурэ? ЦIыхур зы къуажэ, е зы унэ къыщIэкIыу нэгъуэщI унэ щIэтIысхьэмэ, гугъу йохь. Аращи, гугъуехь тIэкIу ялъагъуми, ар зыми щыщкъым, мы Хэкум исым гуапагъэу къыхуащIэмрэ дахэ дыдэу къазэрыпе­гъуэ­кIамрэ елъытауэ. Гу хуабагъэу ядэт­лъэгъуаращ ди гум илъыр. Ди Iыхьлыхэщ, ди лъэпкъщ, мыр ди адэжь Хэкущи, дропагэ. ЗыгъэпсэхупIэхэм къыщIэкIыу унэ зратаи, къэзыщэхуфаи яхэтхэщ.
  •  
  • Хэкур абы ис цIыхухэращ
  •  
  • Мазибл и пэкIэ си къуэр    къэз­гъэкIуащ, и щхьэгъусэр и гъусэу, цIыкIуищ яIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм щIэсурэ Анзор и цIэу щIалэ гуэр къэкIуащ жи. «Уи шынэхъыщIэр си ныбжьэгъуащ, мыбы ущIэсыну си гум идэркъым. Си шыпхъум унэ лей иIэщи, абы фыщыпсэунщ», — жиIэри къыщIишащ. НэхъыщIэр Налшык щеджат. Бзэм хуе­джа нэужь, дизайнымкIэ колледжыр къиухри, Сирием нэкIуэжащ, иужькIэ Сауд Хьэрыпым кIуауэ илъэс зыхыбл хъуауэ абы щолажьэ. Иджы нэхъыжьми лэжьыгъэ къыхуагъуэтащ, кIуэ, и IэщIагъэкъым зэрылажьэр, ауэ нобэ мыр си Iуэхут мыр си Iуэхутэкъым жыпIэну апхуэдэ зэманкъым — ерыскъыщ, уепэ­гэкI хъунукъым. Уи сабий ппIыжу уи Хэку уисыжыну хуеймэ, Iумпэм умыщIу дэтхэнэ IэщIагъэми урилэжьапхъэщ.
  • И Iуэхур щызэтеувэм, фэри фыкъа­кIуэ жиIэри и анэм дэрэ дыкъишащ.
  • КъэкIуэжахэм я унэцIэхэр «Адыгэ псалъэм» къытрадзауи тщIакъым. Абы къраджыкIри, Къущхьэхэ ящыщ къэпсэлъащ, ди телефон номерыр къагъуэтри. Тхьэр арэзы къахухъу. КъакIуэхэри: «Уэ удикъуэшщ, укъызэрыкIуэжам ды­щогуфIыкI. Нобэ гузэвэгъуэм укъы­хэ­кIащи, дыбдэIэпыкъуну дыхуейт, сыт нэхъ ухуэныкъуэ?» — жаIащ. Си гур къи­лъэтыкIащ, зеиншэ къабзэу сызэрыщымытыр зыхэсщIащ. Лъэпкъ сиIэщ, абы сыкъыхыхьэжащ, жысIэри сыгуфIащ. «Тхьэр арэзы къыфхухъу, — яжесIащ. — Зэхэсхар къызэрысщымыхъуа щыIэ­къым. Урысыбзэ иджыри зэзгъэ­щIа­къыми, мы си тхылъ зезгъэкIуэнухэмкIэ щIэгъэкъуэн фыкъысхуэхъутэм, си гуапэт», — щыжысIэм: «Ар Iуэху сытми», — жа­Iащ. Зы щIалэрэ зы машинэрэ махуэ къэс къагъакIуэм, си щхьэгъусэмрэ сэрэ драгъэтIысхьэм ОВИР-м дашэурэ, иджыри къэс шылъэгум хуэдэу хуэму кIуа ди тхылъ Iуэхум пкIэн щIидзэри, къыт­Iэрыхьапхъэр махуэ зыбжанэм къыда­ты­жащ.
  • КъищынэмыщIауэ, мо хьэуа зэблэ­хъу­ным къыхэкIауэ, си щхьэгъусэр къы­зэрыкIуэрэ псчэрт. Мыр мыхъун Iуэ­хущ, жаIэри сымаджэщым зыпащIэри, дохутыр къыхуагъуэтащ, абы яшэри дахэу къеплъхэщ, хущхъуэхэри къратри, иджы тэмэму зиужьыжащ. Узыншагъэм япэ зы дзэ щыIэкъым жаIэркъэ.
  • Абы и ужькIэ лъэпкъым и нэхъыжьыр щысу срагъэблагъэри: «Иджы унэ уэд­гъэ­лъагъунущ, — жаIащ. — Налшыки щы­диIэщ, Нартани щыдиIэщ». Къущхьэ Ахьмэд жаIэу Нартан ди къуэш гуэр дэсти, унэ хъарзынэ дигъэлъэгъуащ. «Мы­бы си адэрэ си анэрэ щIэсащ, дунейм ехыжахэщи, фи Iуэху зэтеувэху фы­щIэс», — жиIэри а унэр къыдитащ, щIэлъ­ри щIэтри и гъусэу. Абы сэрэ си щхьэ-гъусэмрэ дыIэпхъуэну зыдогъэхьэзыр.
  • Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ, абы хуабагъэу, дахагъэу щыплъа­гъуращ. Сэ ахэращ щыслъэгъуар.
  • Епсэлъар ЧЭРИМ Марянэщ.
  • Сурэтыр Мамий Руслан трихащ.