ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сабий зеиншэхэм гулъытэ хуащI

2013-04-13

  • Налшык дэт Иджырей Гуманитар Академием мэлыжьыхьым и 3-м щекIуэкIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зы­кIэлъымыплъыжхэмрэ зыхуей хуэгъэзэныр я нэIэм щIэту Урысей Федерацэм ит къэрал IуэхущIапIэхэм я унафэщI­хэмрэ я лэжьа­кIуэхэмрэ щызэпсэлъа «Зеиншагъэ къэмыгъэ­хъунымрэ адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэм унагъуэ къахуэлъы­хъуэ­нымрэ хуэунэтIа щIыналъэ системэхэр» зыфIаща телеконференц. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и къу­дамэ зэмылIэужьыгъуэхэм я Iэтащ­хьэхэр, зеиншэу къэна ныбжьыщIэхэр щапIыж сабий унэхэмрэ интернатхэмрэ я унафэщIхэр, гъэсакIуэхэр, егъэ­джакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
  •  
  • Урысей Федерацэм цIыхуу щыпсэур зэрыщыту къапщтэмэ, ди республикэм сабий зеиншэхэр куэдкIэ щынэхъ мащIэщ. Ауэ мы Iуэхум дэри дегъэгузавэ. Адрей щIыпIэхэми хуэдэу, иджыпсту ди республикэм псалъэмакъ щокIуэкI зеиншэу къэна сабийм и унафэр ар зыщыщ лIакъуэми егъэщIын хуейуэ. Сэри апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм срителъ­хьэщ. КъищынэмыщIауэ, лъэпкъ зэхуэсхэм къыщаIэтыфынущ езыхэм ящыщ щIалэгъуалэр къуейщIеиным демыгъэ­хьэхыным, фIым хуэущииным хуэгъэза Iуэхугъуэхэри, — жиIащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Жанатаев Сэлим.
  • Ар зэрегупсысымкIэ, сабийр зеиншэ мыгъэхъуныр нэхъ тыншщ, адэ-анэ зыкIэлъымыплъыж сабийхэм унагъуэ къахуэплъыхъуэжын нэхърэ.
  • — Иджыпсту ди къэралым псалъэмакъ куэд щокIуэкI сабий зеиншэхэр зыпIыжхэм мылъку нэхъыбэкIэ защIэгъэ­къуэн хуейуэ, — къыпещэ депутатым. — Езы сабийхэр къэзылъхуахэм ядэIэпыкъумэ мынэхъыфIу пIэрэт? Сыту жы­пIэмэ, языныкъуэхэм къалъхуахэр щIамыпIыжыфым и щхьэу­сыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ а унагъуэхэр мылъкурэ зыщIэсын унэкIэ къызэрызэмыгъэпэщар.
  • Мы зэманым республикэм и сабий унэхэмрэ интернатхэмрэ ныбжьыщIэ мини 2-м нэблагъэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу 380-р унагъуэ хуэныкъуэу къалъытэ. Къэрал хабзэм къызэригъэувымкIэ, дэтхэнэ зы сабий зеиншэми, и ныбжьыр илъэс 18-м нэмыс щIыкIэ, зыщыпсэун унэ къыхузэрагъэпэщауэ щытын хуейщ. А хабзэр ди республикэм зэрыща­гъэзащIэм и гугъу щищIым, Жанатаевым жиIащ:
  • — Дызэрыщыгъуазэщи, ди къэралым илъэс куэд щIауэ социальнэ псэупIэу щаухуэр мащIэ дыдэщ. Абы къыхэкIкIэ нэгъуэщI хэкIыпIэхэр къэтлъыхъуэн хуей мэхъу, икIи ар дэ хуэм-хуэмурэ къыдэхъулIэу къызолъытэ. Гъэ блэкIам и за­къуэ къриубыдэу сабий зеиншэу 118-рэ щIэдгъэтIысхьащ щыпсэу хъуну унэхэм. Ар, дауи, япэрей илъэсхэм тхузэ­фIэкIам нэхърэ нэхъыбэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм сабий зеиншэу республикэм ис псори 2015 гъэм ирихьэлIэу псэупIэ унэкIэ къызэригъэпэщыну къалэн зыхуигъэувыжащ.
  • Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.