Макъамэр зи псэм хэлъ Гуащэкъарэ
2013-03-06
- Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэм хеубыдэ Хьэжрэт Къэбэрдейр, иджы Къэрэшей-ШэрджэскIэ зэджэм и Iыхьэр, къыщыунэхуа зэманыр. «Къэбэрдейр IэмыщIэм илъщ, къэбэрдейхэр илъкъым», — щатхырт урыс генералхэм Мэзкуу ирагъэхь дэфтэрхэм. А щIыналъэм щыщт Япэ дунейпсо зауэм и зэманым етIуанэ Iэпхъуэгъуэр зи натIэ хъуа БырмамытI зэкъуэшищыр. Революцэ къэблагъэр фIым ущызымыгъэгугъ хъыбаркIэ уэркъ унагъуэм къыщыпежьэм, зэшитIым хуабэ уз къызэуэлIа я къуэшыр Къэбэрдейм къашэжри, езыхэр Хэкум икIащ, сымаджэр лIэмэ, ар щIалъхьэжыныр благъэхэм пщэрылъ хуащIри. Тыркум щытIысу иужькIэ Иорданиер хэкущIэ зыхуэхъуа БырмамытIхэ газетеджэхэм яцIыхупхъэщ къэралым и лIыкIуэу, пащтыхь Хъусен и щхьэхъумэхэм я Iэтащхьэу, Иордан дзэм и штабым и унафэщIу щыта БырмамытI Фоуаз и щапхъэмкIэ. Ауэ куэд щыгъуазэкъым Къэбэрдейм ис БырмамытIхэр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа зэкъуэшищым я зым, хуабэ узым къелам, къызэрытехъукIам. А лъэпкъ хьэлэмэтым щыщщ гъэ блэкIам илъэс тIощIиплI ирикъуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, нобэ ди хьэщIэ пшынауэ Iэзэ БырмамытI Гуащэкъарэ.
- ДэнэкIэ удаIуэми, «кIыритI-мыритIщ» я нэхъыбэр
-
Еуэщ-еуэри СэрмакъкIэ зэджэ адыгэ къуажэм зы хъыджэбз цIыкIу щыпсэут… пшынэ ирамыгъауэу. И шыпхъу нэхъыжьыр пшынауэ Iэзэт, ауэ а зэманым а IэщIагъэр куэдым зэрамыIэм къыхэкIыу, пшынауэхэр гугъу ехьырт, унэрыхьэ-унэрыкIыу гуфIэгъуэхэм къыщрашэкIыурэ. Унагъуэ ихьа и шыпхъур къыщашэжым жэщ псокIэ къуажэр къызэхэзыкIухьу пшынауэ зымыгъуэта адэм тхьэ иIуэри, ипхъу нэхъыжьыр пшынауэ ищIат. Ауэ иIуэтэжа нэужь, пшынауэу ущытыным пылъ гугъуехьым пхъу нэхъыщIэр щахъумэн мурадкIэ, иджы абы пшынэр фIагъэпщкIурт. АрщхьэкIэ, Iущым зэрыжиIащи, Iэзэм зебгъэужьыну ухуеймэ, Iэмал иумыт: хэлъэт зиIэм езым и гъуэгу къигъуэтыжынущ. Нэхъыжьхэр губгъуэм лэжьакIуэ щыIэху, школым къикIыжа хъыджэбз цIыкIум, ар ебланэ классым щIэс Гуащэкъарэт, пшынэ гъэпщкIуар къигъуэтырти, пшыналъэр къызэрихырт…
- БырмамытI Гуащэкъарэ:
- — Зы ноти сщIэркъым, игъащIэм нотэкIи сеуакъым. Адыгэ къафэмрэ нотэмрэ зэбийщ, гурыгъуазэкIэт Iэпэхэр къызэрысщтэр. Пэжщ, уэрэдыр хуейщ нотэ, ауэ къафэм и «псэр» пшынауэращ. Абы зыхимыщIэр, Iэпхъуамбэр и чэзум теппIытIэ къудей щхьэкIэ, пшынэм къикIынукъым.
- Гуащэкъарэ и пшынэ еуэкIэр хьэрфкIэ къыпхуэмыIуатэми, пшынэбзэ зэгъэзэхуар абы и псэлъэкIэм къыфIыхохьэ. Таурыхъым хэта хъыджэбзыфIым ещхьу, псэлъэху и Iупэхэм «удз гъэгъа е мывэ лъапIэ къаIэпоху».
- Нэхъыжьхэр щыпсалъэм и деж я зэманыгъуэр къэзымыгъэзэжын фIыгъуэу уи нэгу къыщIагъэхьэ. Нэхъыбэм ар къызыхэкIыр лъэхъэнэжьыр щIалэгъуэ блэкIам и дамыгъэ зэрыхъур арагъэнщ. Сыт-тIэ Гуащэкъарэ «и зэманым» щыIауэ иджы щымыIэжыр? Пшынэ? Къафэ? Хьэуэ. Иджы пасэм ящIэу щымыта къафэжьхэри къагъуэтыжащ, щIалэгъуалэми адыгагъэм зратауэ къэфэнри, пшынэ еуэнри, уэрэд жыIэнри я щIасэщ. Ауэ…
-
— Иджырей къафэхэри уэрэдхэри дэ щыгъуэ щыIахэм зэи ялъэщIыхьэнукъым. Ар езы зэманым къиша Iуэхущ. Мис нобэ мывэ бдзымэ, пшынауэм е уэрэджыIакIуэм техуэнущ, ауэ щыхъукIэ Нэхущ Чэриму щыIэр зыщ. ДэнэкIэ удаIуэми, кIыритI-мыритIщ я нэхъыбэр.
- Дамэ стетамэ, сылъэтэнт
- Гуащэкъарэ и щIалэгъуэр иджы тхыдэ хъужащ. «Къэбэрдей народыр езым и псэм фIэфIу» Урысейм гуэтт, республикэм лъэпкъым и фIэщIыгъэр зэрихьэрт, IуэхущIапIэхэр зэрылажьэри дэфтэрхэр зэрызекIуэри адыгэбзэт …урысыбзэр нэгъэсауэ зэрамыщIэм къыхэкIыу.
- — 1950 гъэращ сэ «Кабардинка» ансамблым сыкъыщащтар. Иджы зэпеуэ ирагъэкIуэкI, абы щыгъуэм къэпщытакIуэхэм ущIашэурэ щхьэхуэу къодаIуэрт. Сэ къызэдэIуахэм Къашыргъэ КIурацэ яхэст. «Мыр бутIыпщыж хъунукъым», — жаIэри, етIуанэ махуэм сыкIуэну унафэ къысхуащIащ, нэгъуэщI зы пшынауэ яIэти, ар IуагъэкIыжащ. КIурацэ пшынэ бэлыхь иIыгът, сэри зи пIэкIэ сыкъащтам ейр къысIэщIалъхьэри: «Иджы мыбы еуэт, иджы — адрейм» жиIэурэ, КIурацэ макъамэр иришажьэу, сэ абы сыкIэлъеуэурэ зыкъомым сригъэсащ. ФIыщIэр сыт щхьэкIэ гъэкIуэдын хуей, КIурацэ къаруушхуэ къыстригъэкIуэдащ, и лэжьыгъэшхуи схэлъщ. Iэпхъуамбэ курытыр хэзгъэхьэфыртэкъым сыщеуэкIэ, арати, и щхьэгъусэри езыри къызэлIэлIащ: «А уи Iэпхъуамбэ цIыкIур хэмыхьэу хъунукъым», — жаIэурэ. А гъуагъуиплIрат адыгэ пшынэу щыIэр, Iэпэ пщыкIух е пщыкIуий хъууэ. Иныкъуэхэм Къэзан кърашырт, ауэ пшынащIэ Iэзэхэри щыIэт.
- «Кабардинкар» къэунэхуагъащIэти, тIысыпIэ къахуэмынэжу цIыхухэр концертхэм къекIуалIэрт. Совет зэманыр лэжьакIуэм ейтэкъэ: «Iэщыхъуэхэм я махуэт» хьэмэрэ «Нартыху-гъэкIхэм я махуэт» — сыкъызэращтэрэ махуищ фIэкIа дэмыкIауэ, Къашыргъэ КIурацэ сымаджэ мэхъу. Репетицэ сагъэщIри арэзы хъуахэщ, етIуанэ махуэм сыкIуэну къызжаIащ, арщхьэкIэ концертым сызэрыхэтын бостей сиIэтэкъым. И чэзум сыкъакIуэри: «Сэ бостей сиIэкъым», — жысIэри сакъыхуэуващ. «Умыгузавэ, КIурацэ и фащэр къыпхуэтхьащ», — къызжаIащ. КIурацэрэ сэрэ дызэхуэдизти, схуэфIыпсу схуэкIуащ и бостейр, и пшынэри къысIэщIалъхьащ. Пшынэ уеуэныр — зы, къэфакIуэм зыкъыбдригъэкIуфын хуэдэу, къафэр къибгъэкIыныр — етIуанэ. Концертыр щиухам, дамэ стетамэ, сылъэтэнт, апхуэдизкIэ си гур хэхъуэрт, сыщымыуэу зэрезгъэкIуэкIыфам щхьэкIи.
- Нэхущ уджыр
-
Телефоныр къемыжьэ щIыкIэ, гухэлърэ хъыбаррэ зэIэпыхын къалэныр уэрэдхэмрэ письмохэмрэ ягъэзащIэу щытащ. «Къызэпсалъэ, телефонкIэ къызэпсалъэ»,- мэлъаIуэ совет зэманым цIэрыIуэу щыта уэрэдхэм ящыщ зыр. «Смс» къысхуегъэхь!»,-жеIэ нобэрей уэрэджыIакIуэм. Ауэ дунейр иджыри «кIапсэкIэ щызэпамыщIа» зэманым щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я гурылъхэр зэрызэлъэIэсыр уэрэдрэ къафэкIэт.
- Нэхущ уджыр ирагъажьэ,
- ЗэIэпэгъухэри йоуджэкI.
- Уэ зым си нэр птедиями,
- НэгъуэщI щIалэхэмкIэ усфIоплъэкI.
- Дыздэуджу дыздытетым
- Собзэрабзэурэ узошэкI,
- Си хъуэрыбзэхэм уемыдаIуэурэ,
- НэгъуэщI щIалэхэмкIэ усфIоплъэкI.
- Си гум къеуэу лъагъуныгъэм
- СыщIэупщIэурэ сыпхуоплъэкI.
- Жэуапыншэу сыкъогъанэри,
- НэгъуэщI щIалэхэмкIэ усфIоплъэкI.
- Уэ упагэмэ, сыерыщкъэ,
- Ерыщагъри къызобэкI.
- Лъагъуныгъэ уэзгъэщIынкъэ,
- НэгъуэщI щIалэхэмкIэ уемыплъэкI.
- ФIыщэ Iейурэ услъэгъуащ…
- Мы уэрэдым и псалъэхэри и макъамэри зэхэзылъхьа ДыщэкI Залымхъан Гуащэкъарэ зэрыдэпсэуар илъэс закъуэщ. Мылицэм хэт щIалэм усэбзэри макъамэри хуэжыIэщIэу а зэманым зыри щыгъуазэтэкъым. Уэрэд зыхилъхьар радиом ихьри, абы и унафэщIым елъэIуащ Гуащэкъарэ иригъэдэIуэну.
- — «КхъыIэ, къомыт радиомкIэ!» — селъэIуащ редакторым. «Дауэ къызэрызмытынур, сэ езым къызолъыхъуэ мыпхуэдэ уэрэд!» — жиIэри, сызытригъэхьакъым.
- Шууищэ щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым
- Дуней псом тегуэша адыгэ лъэпкъым зи лъабжьэр щыукъуэдия БырмамытIхэ зэпэIэщIэ ищIарэ нэхъ гъунэгъу зэхуищIыжарэ жыIэгъуейщ, Гуащэкъарэ и къуэпсыр здынэса къэралхэм уащыхэплъэкIэ. Абы хеубыдэ и къуэрылъху хъыджэбзыр щыпсэу Иорданиери, и пхъурылъху пщащэм и насып къыщигъуэта Америкэри. Ахэр зыхэхуа хамэ къэрал адыгэ унагъуэхэр сыт щыгъуи хьэзырщ анэшхуэ цIэрыIуэр ирагъэблэгъэну. Ар икIи Гуащэкъарэ мызэ-мытIэу къехъулIащ — Иорданием Къатхэ я деж, Чыгъэдухэ я деж Нью-Джерси штатым мызэ-мытIэу щыIащ. Хэкум Гуащэкъарэ зэм и пхъум деж Налшык, зэм и къуэм деж Къармэхьэблэ щожьыщхьэ махуэ. «Адыгэ унагъуэжьу допсэу, шууищэ щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым», — и псалъэ къэс егъэблагъэр щIагъыбзэу щIэту мэуэршэр Гуащэкъарэ. Ауэ нобэ пшынэм нэхърэ игу нэхъ дыхьэр зэчырхэращ.
-
— Уи гур арэзы зытехъуа гъащIэ дахэ къущитакIэ, узэрылIэжынур щыпщIэкIэ, уи жьы хъугъуэм нэхъ узэлIэлIапхъэр муслъымэныгъэращ. Жэщи махуи зэчыр седэIуэнт!
- Политикэ лъэхъэнэ куэдым пхыкIа, хамэ къэрал зыбжанэм адыгэ псэукIэм щыхэплъэну Iэмал зиIа Гуащэкъарэ къыджиIащ нобэрей Iуэху зехьэкIэр къызэрыщыхъури:
- — СыщыщIалэми иужьыIуэкIи сыщыIащ къэрал куэдым, адыгэ псоми я псэукIэм сеплъащи, нобэ адыгэм и Iуэхур дэкIыу сэ схужыIэнукъым. ЗыщIыпIи щыщIагъуэкъым. Ауэ фIым ущымыгугъмэ, улIа пэлъытэщи, фIым щыгугъыпхъэщ, нэхъыфIыр Тхьэм къыхуищIэ дэнэкIэ щыIэ адыгэми. Алыхьу дыкъэзыгъэщIам сыт и лъэныкъуэкIи ди лъэпкъыр иригъэфIакIуэ, пщэдейрей махуэм фIыкIэ IущIэн Тхьэм дищI.
- Чэрим Марьянэ.