ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ щIэныгъэлI щыпкъэ Урыс Хьэталий къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу

2022-05-06

  • Лъэужь нэху
  • Адыгэбзэм зегъэужьыным, абы фIыкIэ хуэлэжьэным зи гъащIэ псор тыхь хуэзыщIахэм ящыщщ КъБР-м и щIэныгъэ, жылагъуэ, щэнхабзэ лэжьакIуэ, КъБКъУ-м и профессор, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Хьэталий Щыхьым и къуэр (1922 — 2004). Ар щIэныгъэлI Iэзэт, къэхутакIуэ гумызагъэт, егъэджакIуэ гъуэзэджэт, ущиякIуэ Iущт.
  • Хьэталий и лэжьыгъэ гъуэгуанэр къыщыщIидзар къыщалъхуа Нартан къуажэращ. Сыт хуэдэ IуэхуфIми и зэхэублакIуэу, пэрыту къэтэджа щIалэщIэр къуажэм щызэхэт комсомол организацэм и секретару щытащ зауэ илъэс гугъухэм, щIалэгъуалэм щапхъэ яхуэхъуу, лэжьыгъэм тригъэгушхуэу. Ди къэралым мамырыгъэр щытепщэ хъужа нэужь, щIэныгъэм зи нэ къыхуикI Урысыр 1946 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым щIэтIысхьащ икIи абы и факультетитI диплом плъыжькIэ къиухащ. Урысыбзэми анэдэлъхубзэми зэхуэдэу хуэIэзэ хъуа IэщIагъэлI щIалэм мурад ищIащ зэфIэкIыу иIэ псори и лъэпкъыбзэм и зыужьыныгъэм ирихьэлIэну. Аращ ар адыгэбзэ кафедрэм и ассистент щIэхъуари.
  • ЩIэныгъэ куу иIэу гу зылъата Хьэталий мыгувэу а кафедрэм егъэджакIуэ нэхъыжьу ягъэуващ. 1956 гъэм абы ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ и кандидат диссертацэр. Апхуэдэ дыдэу цIэрыIуэт абы и «Адыгэбзэ морфологие» доктор диссертацэри. Ар 1984 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ куржы академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым щыпхигъэкIауэ щытащ.
  • Хьэталий и гъащIэм щыщу илъэс 54-рэ университетым щрихьэкIащ. Абы щыщу 23-р кафедрэм и унафэщIу щытащ. Нобэ абы щылажьэхэм зэрыжаIэжымкIэ, Урысым и Iуэху зехьэкIэр кафедрэм и IэщIагъэлI дэтхэнэм дежкIи щапхъэт.
  •  КъБКъУ-м и профессор Тау Хьэзешэ жиIэу зэрыщытамкIэ, егъэджэныгъэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм къагъэсэбэп дэфтэрхэм я нэхъыбэр Хьэталийщ зэхэзылъхьар. КъинэмыщIауэ, ар еш имыIэу хуэлэжьащ ди къэкIуэнум, нэхъ щIалэхэр игъасэу, ядэIэпыкъуу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ Iуэхушхуэхэр ядилэжьу. Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, Хьэталий езым и щхьэ Iуэху зэрыдэкIыным зэи елIэлIакъым. Абы езым и цIэ жыжьэ игъэIуну хущIэкъуакъым, утыкухэм ихьэрейуэ икIи и ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьырейуэ щыттэкъым. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр лъэпкъ бзэщIэныгъэм зегъэужьынрат, ар адэкIэ зыгъэкIуэтэфын щIэныгъэлI IэкIуэлъакIуэ яужь къихъуэнырт.
  • Урыс Хьэталий хуэдэу псэ хьэлэлу зи лъэпкъым хуэлэжьа, лъэужь нэху къэзыгъэна цIыхухэм я цIэр бэм зэи ящыгъупщэркъым.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.
  •  
  • Дызэрыгушхуэ  гъуазэу диIэнущ
  • Лэжьыгъэ IуэхукIэ сэ куэдрэ сатетхыхьын хуей мэхъу Хэку зауэшхуэм и мафIэм зи сабиигъуэр илыпщIа ди хэкуэгъухэм. СымыгъэщIагъуэуи къанэркъым иджыри сабийуэ абыхэм къалъыкъуэкIа быдагъэмрэ гуащIэ инымрэ. Ахэр гъаблэми гъейми пэлъэщащ, пэлъэщащ усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил зэрыжиIащи, «псы зэкIэлъипкIамэ, Iэгъэбэгуу къикIыкIыну ятIэ унэ лъэгу» псэукIэми. Балигъ хъухэри IэщIагъэ зрагъэгъуэтащ, IэнатIэ пэрыувэхэри гурэ псэкIэ хуэлэжьащ Хэкум, цIыхубэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным. Абыхэм ящыщщ, хьэуэ, япэ сатырым хэтщ Урыс Хьэталий Щыхьым и къуэр, лъэпкъ бзэщIэныгъэмрэ педагогикэмрэ зегъэужьыным къыпхуэмылъытэным хуэдиз хэлъхьэныгъэ хуэзыщIар.
  •  
  • Ди щIэныгъэлIхэм ящыщу абы и закъуэщ адыгэбзэм и фонетикэми, лексикэми, морфологиеми, синтаксисми, стилистикэми, лъэпкъыбзэм и тхыдэми тетхыхьар. Пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэмрэ ехьэлIауэ абы адыгэбзэм хузэхилъхьа хабзэхэрщ ноби дызытетыр, и «Орфографическэ псалъалъэрщ» дыщытхэкIи гъуазэу диIэр. ИкIэщIыращи, щIэныгъэ монографиеми (6 мэхъу), еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ зэрырагъаджэ тхылъми, псалъалъэми 21-рэ къыдигъэкIащ Урысым, ди къэралым, хамэ хэгъэгухэм къыщыдэкI щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм статьяуэ 80-м щIигъу къытрыригъэдзащ.
  • Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, адыгэхэр зэуIуу щыпсэу Ставрополь крайми, Осетие Ищхъэрэ — Аланиеми, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ къэралхэми ехъулIэныгъэ яIэу щолажьэ Хьэталий и гъэсэнхэр. Абы и унафэ щIэту щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм кандидат, доктор лэжьыгъэхэу пщIы бжыгъэхэр ягъэхьэзы- ращ.
  • Иужь илъэсхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр къыщыхъуащ. Абы егъэджэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, гъэсэныгъэ Iуэхухэм ехьэлIауэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм заубгъуащ. Кафедрэм и зэхэтыкIэми, щылажьэхэм я бжыгъэми зихъуэжащ. Лъэпкъыбзэмрэ литературэмрэ хуеджэу ди деж къыщIэтIысхьэхэм иджы ядолажьэ егъэджакIуэ 15. НыбжьыщIэхэр гъэсэным, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэшэным хуэунэтIащ Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым и лэжьыгъэри (цIыхуи 3 мэхъу). Ауэ сыт хуэдэ Iуэху едмыгъэкIуэкIми, дызытетыр Урыс Хьэталий я пашэу ди нэхъыжьхэм тхухаша лъагъуэрщ. Ар иджырей зэманым екIу, бгъуфIэ щIынырщ ди къарур нэхъыбэу зэтхьэлIэри.
  • Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт. Ди деж хабзэфI зэрыщыхъуащи, дяпэ ита нэхъыжьхэр зэи зыщыдгъэгъупщэркъым: щIэх-щIэхыурэ дигу къыдогъэкIыж, я лэжьыгъэхэр студентхэм ядогъэцIыху, щIэныгъэ конференцхэр щедгъэкIуэкIкIэ, я IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ еджакIуэхэм доклад идогъэщI. Урыс Хьэталий къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъу гъэр хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и илъэс 90 юбилейм. Абы ехьэлIауэ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэм щекIуэкI махуэшхуэхэм еджагъэшхуэм и цIэр фIыкIэ къыщыдоIуэ. Апхуэдэу еджагъэшхуэм и цIэм епхауэ щытынущ накъыгъэ мазэм ди деж щекIуэкIыну студент конференцыр. Иджыблагъэ дэ КъБКъУ-м и ректорымрэ ЩIэныгъэ советымрэ делъэIуащ Налшык и уэрамыщIэхэм ящыщ зым Урыс Хьэталий и цIэр фIащын щхьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм зыхуагъэзэну. Ди мурадщ Урысым и цIэр зезыхьэ кабинет-аудиторие Социальнэ-гуманитар институтми къыщызэIутхыну. Еджагъэшхуэр къыщалъхуа накъыгъэ мазэм къриубыдэу езым и гъащIэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ теухуа радио-, теленэтынхэр ягъэхьэзыр. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм напэкIуэцI щхьэхуэ хухихащ «Адыгэ псалъэми».
  • Нэхъыщхьэращи, лъэпкъым, жылагъуэм псэемыблэжу яхуэлэжьа егъэджакIуэ-гъэсакIуэм, еджагъэшхуэ щыпкъэм и цIэр гуапэу ди гум илъынущ, бзэщIэныгъэм и дунейм къыхэбакъуэ дэтхэнэ ныбжьыщIэми абы и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр гъуазэу яIэнущ.
  • ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ,
  • КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и
  • кафедрэм и унафэщI, профессор.
  •  
  • ЛэжьакIуэ псэемыблэж
  • Я щIэныгъэкIэ хъарзынэу пэлъэщу адыгэбзэм хуезыгъаджэ IэщIагъэлI ди республикэм мымащIэу зэрисыр псом нэхърэ нэхъапэу икIи нэхъыбэу зи фIыщIэхэм ящыщщ Урыс Хьэталий. Абы и къалэнхэр зэпхауэ щытар езым иригъэдж предметхэм я закъуэтэкъым: адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и унафэщIу зэрыщыта илъэсипщI бжыгъэхэм абы и нэIэм щIэтащ адыгэ-урыс къудамэм щIэс студент псоми я егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхур тэмэму къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр. ЖыпIэ хъунущ а къулыкъур Хьэталий ипэкIи иужькIи апхуэдэу псэемыблэжу икIи ехъулIэныгъэ хэлъу зыми зэримыхьауэ.
  •  
  • Адыгэбзэми адыгэ лъэпкъми я пащхьэ Урысым щиIэ фIыщIэхэр абы и закъуэкъым. Хьэталий лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ бзэр зэрырагъэдж тхылъхэр зэхэгъэувэнымкIэ. Курыт школхэм я 6 — 9-нэ классхэм адыгэбзэр лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ зэрыщаджыр а щIэныгъэлI щыпкъэм и къалэмыпэм къыпыкIа тхылъхэмкIэщ. Аращ 1963 гъэм къыдэзыгъэкIар адыгэ пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэхэм я хабзэхэмрэ ятеухуа тхылъхэри псалъалъэ инри. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетхэм нобэр къыздэсым адыгэбзэр зэрыщаджыр Урыс Хьэталий итхауэ щыта тхылъиплIымкIэщ, синтаксисым, морфологием, бзэм и тхыдэм, стилистикэм ятеухуахэмкIэщ.
  • ИпэкIэ жысIа псоми къокI адыгэбзэр егъэджыным практикэ и лъэныкъуэкIэ хэлъхьэныгъэ нэхъ ин дыдэ хуэзыщIауэ диIэр Урыс Хьэталийуэ зэрыщытыр. Адыгэбзэм и псалъэ къэхъукIэхэм ятеухуауэ Хьэталий и къалэмыпэм къыпыкIауэ щыта тхылъышхуэр адыгэ бзэщIэныгъэм и классикэм щыщщ. Абы икъукIэ куууэ щызэпкърыхащ псалъэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщу зэIумыбзыгъэ куэд зыхэлъ плъыфэцIэхэр. Бзэм епха Iуэху къиинхэм зэи запыIуидзу щытакъым абы, дэтхэнэмкIи щIэныгъэ лъабжьэкIэ щIэгъэбыда и Iуэху еплъыкIэ иIэжт икIи ар пхигъэкIыфырт.
  • Мыпхуэдиз зыхузэфIэкIа, зи гуащIэ дэхуа цIыху щэджащэм пщIэуэ игъуэтыжар икъукIэ мащIэщ. УмыгъэщIэгъуэнкIи уризэгуэмыпынкIи Iэмал иIэкъым е егъэджэныгъэмкIэ, е щIэныгъэмкIэ республикэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэр лъамыгъэсу ар дунейм зэрехыжар. Акъыл зиIэ, и лъэпкъыр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ адыгэм и дежкIи нэрылъагъущ Урыс Хьэталий дэ къытхэкIа цIыху щэджащэхэм зэращыщыр.
  • БИЩIО Борис,
  • филологие щIэныгъэхэм я доктор,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар
  • къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым
  • адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
  • Щэрдан Iэбу, Шагъыр Амин, Урыс Хьэталий сымэ экзаменхэр къыIах.
    Нало Ахьмэдхъанрэ Балъкъэр Борисрэ и гъусэу.
  • Мыщхьэх  Iуэхубэ зэфIех
  • «Мыщхьэх Iуэхубэ зэфIех» псалъэжьыр зыхуэгъэзар Хьэталий хуэдэ лэжьакIуэшхуэхэрщ. Абы адыгэ бзэщIэныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм тхылъ зырыз тритхыхьын хузэфIэкIащ. Курыт еджапIэм щIэсхэр зэреджэн тхылъхэр тхын иуха нэужь, педколледжымрэ университетымрэ щеджэ студентхэми абыхэм щылажьэ егъэджакIуэхэми папщIэ лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы щыхьэт тохъуэ Хьэталий къыдигъэкIа тхылъхэм я бжыгъэр 20-м зэрынэсыр, дэтхэнэри адыгэ бзэщIэныгъэм и дежкIэ хэлъхьэныгъэшхуэу зэрыщытыр икIи абыхэм ящыщу 18-р адыгэбзэкIэ къызэрыдигъэкIар.
  •  
  • Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр зи псэм хэлъ IэщIагъэлIым студентхэр фIыуэ илъагъурт, зыгуэр зэзыгъэщIэну яужь итым сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи дэIэпыкъунут, щIэгъэкъуэн, чэнджэщэгъу хуэхъунут. ФIыуэ сощIэж Хьэталий и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъуауэ щыта накъыгъэ мазэр. Ар (езым имыщIэу) университетым щагъэлъэпIэну мурад ящIати, деканатымрэ кафедрэмрэ абы и къызэгъэпэщыныр си пщэм къыдалъхьат. Сэри профессорым и гъащIэ гъуэгуанэмрэ и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэмрэ ятеухуауэ доклад кIэщI стхат, ди студентхэми концерт программэ ягъэхьэзырат, Хьэталий къыдеджахэм, иригъэджахэм ящыщу цIыху цIэрыIуэ зыкъоми, газетхэм, радиом, телевиденэм, тхылъ тедзапIэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми щыщхэр къедгъэблэгъат. Илъэс куэдкIэ псэ хьэлэлу зэрылэжьамрэ адыгэ бзэщIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэмрэ щхьэкIэ щIыхь тхылърэ саугъэтрэ Урысым къратыну министерствэмрэ ректоратымрэ я лIыкIуэхэри кърихьэлIат. АрщхьэкIэ а махуэм ди мурадыр зи тхьэкIумэм къицырхъа Хьэталий апхуэдэ Iуэхум къыхыхьэн идакъым. Къыщалъхуа махуэу е нэгъуэщIу цIыху зэхуишэсэну зэи фIэфIакъым, езым зэхихыу щытхъу псалъэ зыгуэрым жиIэмэ, емыкIу гуэр зылэжьам ещхьу, укIытэрт, плъыжьу къызэщIэнэрт. Ар фэрыщIагъыу къилъытэрт, и лэжьыгъэм къыпэкIуэу къэралым кърит улахуэм деж щытхъурэ щIыхьу щыIэ псори щызэфIэкIын хуейуэ игъэуват.
  •  Си щхьэкIэ нобэр къыздэсым срогушхуэ апхуэдэ егъэджакIуэ щыпкъэм сригъэджауэ зэрыщытым, псалъэухам и ухуэкIэм хэлъ щэху псори зэрызигъэщIам, адыгэбзэм и мызакъуэуи, абхъаз-адыгэ бзэ гупым къакIуа гъуэгуанэм и тхыдэми куууэ сызэрыщигъэгъуэзам. Кафедрэм лэжьэн щыщIэздза илъэсхэми, студентхэм хуэдэу, Хьэталий къызэджэ лекцэ купщIафIэхэм, аудиторием сыщIыхьэурэ, седаIуэу щытащ. Лекцэ нэужьым сыбгъэдыхьэжурэ, зи гугъу ищIа бзэхабзэ Iуэхугъуэхэм дытепсэлъыхьыжырт. Хьэталий егъэджакIуэ ткIийт, ауэ, лекцэ нэужьым, езым уепсэлъэну тыншт. ЦIыху гъэщIэгъуэнт, псэлъэгъу гъуэзэджэт, языныкъуэхэм дежи уи фIэщ мыхъужу (псалъэ лей жимыIэу дунейм зэрытетым къыхэкIыу) дахэуи гушыIэфырт.
  • Хьэталий бзэщIэныгъэм елэжьу, абы щыщ Iыхьэхэр студентхэмрэ аспирантхэмрэ куууэ яригъэджу щытами, лъэпкъ литературэми фIыуэ щыгъуазэт, адыгэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм кIэлъыплъу, и нэIэ тету апхуэдэт. Псалъэуха ухуэкIэ гъэщIэгъуэн гуэр абыхэм къагъэсэбэпамэ, занщIэу къыхитхыкIырт, псалъэхэм псалъэухам щаIэ зэкIэлъыкIуэкIэхэр зригъэлъагъурт, жыIэгъуэ е жыIэкIэщIэ гуэрхэм гу лъитамэ, карточкэ ищIырт, абы иIэ щхьэхуэныгъэхэр иубзыхурт, студентхэм я деж щызэпкърихырт. Псом хуэмыдэу, Хьэталий, къэрандащ иIыгъыу, щIиджыкIырт Къашыргъэ ХьэпащIэ, КIэрашэ Тембот, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я тхыгъэхэр, игу ирихьа псалъэуха щIэщыгъуэхэр щIитхъэрт, абыхэм щагъэува нагъыщэхэм кIэлъыплъырт. Куэдрэ жиIэрт Къашыргъэ ХьэпащIэ и тхыгъэхэм я бзэр къулейуэ, морфологие, синтаксис я лъэныкъуэкIэ шэрыуэу гъэпсауэ икIи апхуэдэ псалъэухахэр щапхъэу и тхылъхэм иритхэрти, бзэщIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм яIэ щхьэхуэныгъэхэр къигъэлъагъуэкIэрэ адыгэбзэм игъуэта зыужьыныгъэхэм тепсэлъыхьырт.
  • Урыс Хьэталий и IэдакъэщIэкI псори адыгэ бзэщIэныгъэм и щIэгъэкъуэн лъэщу щытми, «Адыгэбзэм и тхыдэ» лэжьыгъэр псоми ефIэкIыу щытщ. Шэч хэмылъу, ар апхуэдэу къытщызыгъэхъур адыгэ тхыбзэм и тхыдэм теухуауэ а зы лэжьыгъэм фIэкIа дызэримыIэрщ. А тхылъ щхьэпэм къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъ тхыдэмрэ бзэмрэ зэбгъэдэхыпIэ имыIэу зэрызэпыщIар, адыгэ тхыбзэр зэрызэфIэува щIыкIэр, ижь зэманым щыгъуэ тхыгъэ и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм я Iуэхур зыхуэдар, XIX, XX лIэщIыгъуэхэм адыгэбзэм хузэхалъхьа алфавитхэр, литературэбзэр зэрызэфIэувар, абы зэрызиужьар, орфоэпиемрэ орфографиемрэ я Iуэхугъуэу зэIубз хъуахэр, фонетикэм, лексикэм, морфологием, синтаксисым ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр, хамэ псалъэу адыгэбзэм къищтахэр, совет илъэсхэм бзэм къыхэхъукIа неологизмхэр, стилистикэм епха зэхъуэкIыныгъэхэр, н. къ.
  • Хьэталий и тхылъищым къыщигъэлъэгъуа, щызэпкъриха, къыщихута бзэм и налъэ гуэрхэм я щхьэфэ диIэбами, зы тхыгъэкIэ ахэр къызэрыпхуэмыIуэтэнур фIыуэ къыдгуроIуэ. Абы и дэтхэнэ тхылъми къэхутэныгъэ-лэжьыгъэ щхьэхуэ тетхыхьыпхъэщ, щIэныгъэлI Iэзэм адыгэ бзэщIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм и инагъыр, и сэбэпынагъыр зыхуэдизыр дяпэкIэ зыхэтщIэ зэпыту екIуэкIынущ, абы и лэжьыгъэфIхэм яIэ мыхьэнэр бзэщIэныгъэлIхэм, егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм я дежкIэ зыкIи къэмылъахъшэу. Къыдолъытэ абы и лэжьыгъэ псори зэуIу щIыжауэ къыдэгъэкIыжыпхъэу.
  • УНЭЛIОКЪУЭ Вячеслав,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.
  • Гъэсэнхэм я псалъэ
  • Куэд щыIэу къыщIэкIынкъым зыпэрыува IэнатIэм и мыхьэнэр и кIэм нэсу къыгурыIуэу, ар нэгъэсауэ илэжьын папщIэ, езым и щхьэм хуэгъэза фIыгъуэхэм зыхигъэкIыжыфу. Дэтхэнэри апхуэдэу щытынукъым, пэжу. БзэщIэныгъэр зэтезыгъэувахэм япэ зэритри, и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэшхуэ хилъхьэн зэрыхуейри фIыуэ къыгурыIуэрт абы. И щхьэм апхуэдиз къалэн щызыщIыжыр иригъаджэхэм ябгъэдилъхьэ щIэныгъэми ткIий дыдэут зэрыхущытыр. Зы студенти Хьэталий и экзаменым е зачетым блэкIынутэкъым иджын хуейр зримыгъэщIауэ, ар екIуу къимыIуэтэжыфу, щапхъэхэмкIэ щIимыгъэбыдэжыфу.
  • Нобэ къэс ди еджакIуэхэм яIэщIэлъа тхылъхэр зытхар Урыс Хьэталийщ. Иджыпсту къыдэкIыжхэми лъабжьэ яхуэхъури ахэращ.
  • Урыс Хьэталий зи цIэр лIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъым и тхыдэм хэмыкIуэдыкIыжын цIыху зырызхэм ящыщщ.
  • ЕЗАУЭ Мадинэ,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.
  •  
  • * * *
  • Урыс Хьэталий сыт щыгъуи ущиякIуэ Iущу диIащ. БзэщIэныгъэм и дунейм дыхэзышари ар IэщIагъэ зэрытхуэхъуари зи фIыщIэр аращ. Хьэталий псэемыблэжу бзэр джыным, зегъэужьыным зэрелэжьар ноби щапхъэу къытхуэнащ. Бзэр фIыуэ тлъагъуну, дыхуэсакъыну дыкъыхуриджэрт Хьэталий. Ар дэ зэи тщыгъупщэркъым.
  • ХЪУТIЭЖЬ Заудин,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.
  •  
  • * * *
  • Урыс Хьэталий бзэщIэныгъэм, егъэджэныгъэм ехьэлIауэ лэжьыгъэ куэд иIэщ. Адыгэбзэм и макъхэм къыщыщIэдзауэ стилистикэмкIэ иухыжу ар здынэмыса къэнакъым. Зы цIыхум дежкIэ а лэжьыгъэхэр къызэрымыкIуэу куэдщ. ЕгъэджакIуэ ткIийуэ щытами, студентхэм абы зэи лей ятригъэхьэр-тэкъым, зымащIэ гуэр- кIэ ныбжьыщIэм и щIэныгъэм хигъэхъуэфыну гу лъитамэ, Iэмал имыIэу абы «къыпкърыкIыну» псор зэхигъэкIыпхъэу игъэувырт.
  • КЪАРДЭН Мусадин,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.
  •  
  • * * *
  • Лъэпкъ тхыбзэм зи цIэр хэзытха щIэныгъэлIхэм ящыщ зыщ хьилмышхуэ зыбгъэдэлъа, анэдэлъхубзэр зи Iэпэгъуу псэуа, щIэблэм а бзэм и къэхъукIэ дахэмрэ и IэфIымрэ бгъэдэлъхьэным зи гуащIэ ин езыхьэлIа Урыс Хьэталий. Абы сыт щыгъуи и къалэн нэхъыщхьэу къилъытэрт студентхэм щIэныгъэ етыныр. «ЕгъэджакIуэу улэжьэн папщIэ, уэ езым щIэныгъэ куу уиIэн хуейщ», — жиIэрейт еджагъэшхуэ щэджащэм.
  • Хьэталий и лэжьэкIар, и дуней тетыкIар ар зыцIыхуу щыта псоми ноби щапхъэу диIэщ.
  • ШЫГЪУШЭ Джульетэ,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.
  •  
  • * * *
  • Лъэпкъ бзэщIэныгъэм и узэщIакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ Урыс Хьэталий. ЩIэныгъэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэмкIэ зы лIэщIыгъуэм къриубыдэу лъэпкъыр зэрыгушхуэну кърит, къызэрыхуэупсэ цIыху зырызхэм ящыщщ ар жыпIэмэ, егъэлея хъуну си гугъэкъым. Лъэпкъым щIэин хуэхъун лъэужь дахэ къигъэнащ. Игури и напэри къабзэу, и IэнатIэм хуэпэжу зыгуэр бгъэдэтамэ, ар Хьэталийщ. Апхуэдэущ дэ ар зэрытцIыхуу щытар.
  • ЦIыхур гъуэгу щытеувэкIэ, абы япэу къыщрихьэлIэм куэд елъытащ. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ си насып къикIауэ къызолъытэ: Хьэталий сригъэджащ, иужьыIуэкIи сыдэлэжьащ.
  • ХЬЭЩХЪУЭЖЬ Заретэ,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.