Мысост Вадим: КъызэрыгуэкIыу зыгуэр дунейм тетмэ, ар сэращ
2022-05-06
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэ Мысост Вадим мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу. «Уафэгъуагъуэ макъ» (Лохвицкий Михаил), «Псэлъыхъухэр» (Ержыб Мамий), «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» (КъардэнгъущI Зыра-мыку), «Тыргъэтауэ» (IутIыж Борис), «Унэ лъапIэ» (Ольмезов Мурадин) спектаклхэм, нэгъуэщIхэми роль гукъинэжхэр щызыгъэзэщIа Вадим лъэпкъ гъуазджэр зыгъэбжьыфIэхэм ящыщщ.
- «Театрыр си псэм щыщщ, арыншауэ сымыпсэу пэлъытэщ», — щыжеIэ Мысостым и махуэм ирихьэлIэу къеIытха интервьюм.
- — Вадим, артист ухъуну дауэ утегушхуат?
- — ТIыхъужь Алий, Къаздэхъу СулътIан сымэ сыкъыщалъхуа Зэрэгъыж къуажэ накIуэщ, артист хъуну зыхуагъэфащэхэр дыкъыхахщ, таурыхърэ усэрэ зэдгъащIэу Налшык дыщыкIуэн хуей махуэр къыджаIэри, кIуэжат. Ди адэр бжьахъуэти, бжьэ матэхэр иришажьэри, Джылахъ- стэней лъэныкъуэкIэ кIуауэ къэтти, си анэм Iуэхур зытетыр щыжесIэм, сиутIыпщын идакъым. ЖыхуаIа махуэр къэсу сыщымыкIуэм, ТIыхъужь Алий, Къаздэхъу СулътIан, Тхьэзэплъыж Ислъам сымэ ди унэ нэкIуащ, щхьэусыгъуэр зэхагъэкIыну. «Адэ иIэщи, унафэ зэрищIщ», — къажриIащ абыхэм ди анэм. Пщыхьэщхьэм ди адэр къэкIуэжу Iуэхур зытетыр щыхуэсIуатэм: «Зыми уемыдаIуэ, уи насып Тхьэм хилъхьэ», — псалъэ гуапэхэр къызжиIащ. Арати, актёрхэр щагъэхьэзыру Мэзкуу дэт еджапIэм, Щукиным и цIэр зезыхьэм, сыщIэтIысхьащ.
- Школым сыщыщIэс зэман лъандэрэ уэрэджыIакIуэ е артист сыхъуну сехъуапсэрти, ар къызэхъулIащ.
- Пщэдджыжьым жьыуэ театрым дыкъокIуэри, жэщ хъуху дыщыIэщ, унагъуэм, благъэ-Iыхьлым сызыхуейм хуэдиз гулъытэ схуетыркъым. Илъэс 30-м щIигъуауэ мыбы сыщыIэщ, си гъащIэ Iыхьи хэлъщ театрым, жысIэмэ, сыщыуэнукъым.
- — Уи IэщIагъэм игъуэт пщIэм елъытауэ ар къызэрыхэпхам ущыхущIегъуэж къэхъуа?
- -Театрым и лэжьакIуэм нэхърэ пшынэ еуэми, къафэми, уэрэд жызыIэми лэжьыгъэ нэхъ ягъуэт. Гугъу дехьу дыщIеджам мыхьэнэ иIэу пIэрэ, щыжысIи къохъу, пцIы хэмылъу. Сыт хуэдэ къэра- ли уэрэд щыжыпIэ, укъыщыфэ хъунущ икIи къодэIуэнущ, ауэ спектаклыр зэрыт-ха бзэр къыбгурымыIуэу уеплъыфынукъым.
- — Илъэс 30-р гъуэгуанэ цIыкIукъым, а пIалъэм къриубыдэу театрым щыбгъэзэщIа ролхэм ящыщу дэтхэнэр нэхъыфIу плъэгъуа? Уэ езым зыкъыщыпцIыхуж роль уиIа?
- — Театрым лэжьэн щыщIэздзагъащIэм нэхъыбэу лIыхъужь нэхъыщхьэхэмрэ цIыху уэимыншэ дыдэхэмрэ я ролт згъэзащIэр. ИужькIэ, режиссёрым сыбгъэдыхьэри, хьэл мыхъумыщIэ зыхэ- лъым и роль къызитыну селъэIуауэ щытащ. Роль псори лъапIэщ, нэхъ къызэрыгуэкIхэри сфIэфIу согъэзащIэ. Зыкъэзумысыжынщи, «мыр сыту сэщхь» хужысIэну зыри сиIакъым, сыщогугъ дяпэкIэ апхуэдэ згъэзэщIэну.
- — Спектаклыр зыгъэув режиссёрым куэд дыдэ зэрелъытар зым и дежкIи щэхукъым. Уи артист зэфIэкIыр къызы- къууигъэхауэ къэплъытэу хэт сымэ я цIэ къипIуэнт?
- — Сызыдэлэжьахэм сызыгурымыIуэ къахэкIакъым. Режиссёрым и дуней еплъыкIэ иIэжщи, абы жиIэр бгъэзащIэмэ, утыншынущ. Режиссёр бэлыхьхэу Ерчэн Леонид, Теувэж СулътIан, Фырэ Руслан, Теувэжыкъуэ Владимир, Дэбагъуэ Роман сымэ садэлэжьащ.
- — Сыт хуэдэ цIыхуу зыкъэплъытэжрэ?
- — Нэхъ къызэрыгуэкIыу цIыху гуэр дунейм тетмэ, ар сэращ. ЦIыхум зэран сазэрыхуэмыхъун, си сэбэп зэрезгъэкIын яужь сит зэпытщ. Унагъуэм нэхърэ лэжьапIэм нэхъ сепхащ. Щэнхабзэм и пщIэмрэ къыпэкIуэмрэ зэрылъахъшэм къыхэкIыу, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри здэсхьын хуей мэхъу.
- — БгъэзащIэ ролыр цIыхухэм къазэрыщыхъуар псалъэншэуи гурыIуэгъуэ хъууэ къысщохъу. Сыт хуэдэ спектакль хуэныкъуэу къэплъытэрэ ди цIыхухэр?
- — Нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я зэхущытыкIэ гуемыIум уимыгъэгузэвэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дэнэ кIуа лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжу щыта хабзэхэр? МыхъумыщIагъэ зыщIэ ныбжьыщIэм и щыуагъэр ебгъэлъагъужыну яужь уихьэмэ, пхуэмыфащэ къуипэсынкIэ тIэу еплъынукъым. Бзэмрэ хабзэмрэ ныкъуэмэ, лъэпкъыр ибэ хъууэ къысщохъу. А Iуэхухэр нэхъыбэIуэрэ утыку къихьэн хуейуэ къызолъытэ.
- — Илъэс 55-рэ щрикъуам деж цIыхум псэун щIидзэу къалъытэ.
- — Къэзлэжьыныр къэзлэжьауэ, згъэзэщIэну ролхэр згъэзэщIауэ къэслъытэу, си гур згъэтIылъауэ схужыIэнукъым. Сызэрыджэгун хуейм и ныкъуэри къэзджэгуакъым. Си щIалэгъуэм сиIа гукъыдэжымрэ къарумрэ къахэмыхъуамэ, зыкIи нэхъ мащIэ хъуакъым.
- — Адыгэ унагъуэм илъыпхъэу къэплъытэ хабзэм и гугъу къытхуэпщIын?
- — Пасэ зэманым згъэзэжауэ къызыщыхъуни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ цIыхухъум и псалъэращ си унагъуэм щыунафэр. ЦIыхубзым зэречэнджэщыпхъэмкIэ сечэнджэщынущ, унафэр зылъэIэсхэм я Iуэху еплъыкIэри къыслъытэнущ, ауэ унафэ зыщIынур сэращ. Адэми анэми уна-фэ ящIыну яужь ихьэмэ, быныр гъэса хъунукъым. ЗэщхьэгъуситIым я зыр щымызахуэ къэхъуми, ар зэрыкъуэншар быным зэхебгъэх, абы и пащхьэ уи щхьэгъусэр щыбгъэлъахъшэ хъунукъым. Си унагъуэр апхуэдэ хабзэщ зытетыр.
- Мысост Вадимрэ и щхьэгъусэ Дэхъу Маритэрэ щIалищрэ зы хъыджэбзрэ зэдагъуэтащ, япхъу закъуэр унагъуэу ягъэтIысыжащ. ЩIалэ нэхъыжьым Санкт-Петербург дэт университетхэм я зым юрист IэщIагъэ щызэригъэгъуэтащ, курытыр АКъУ-м (Мейкъуапэ) IT технологиехэм щыхуоджэ, нэхъыщIэр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и музыкэ-кадет корпусым щоджэ.
- Вадим и махуэ лъапIэмкIэ дохъуэхъу! И унагъуэ дахэм узыншэу ящхьэщытыну ди гуапэщ, и ролыщIэхэмкIэ театреплъхэр иджыри куэдрэ дигъэгуфIэну дыщогугъ!
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.